Джэху Элинэ и ехъулIэныгъэ

Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт, ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм, и гъэсэн Джэху Элинэ пашэ щыхъуащ къэралпсо зэпеуэм.

Мы махуэхэм зэхалъхьэжащ «Нева-Арт» продюсер IуэхущIапIэмрэ «Арт-Проект» социальнэ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэмрэ къызэрагъэпэща «Урысейр - сабийхэм я нэкIэ-2020» урысейпсо зэпеуэм кърикIуахэр. Адыгэшым тесу бгылъэ щIыпIэм ит щауэр Джэху Элинэ къыщигъэлъэгъуа «Си лъахэ» лэжьыгъэр абы нэхъыфIу къыщалъытащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, зэхьэзэхуэм и хабзэм тету, пашэу зы фIэкIа къызэрыхамыхар. Адрейхэм унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм саугъэтхэр щыхуагъэфэщащ.
«Элинэ илъэситху зэрыхъурэ ди школым къокIуэ. Ар зи мурад зэзыгъэхъулIэф хъыджэбз губзыгъэщ икIи щабэщ. Мы зэпеуэм ипэкIи республикэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэми ар куэдрэ щытекIуащ», - жеIэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI КIуж Ритэ.
«Урысейр - сабийхэм я нэкIэ» зэпеуэ-гъэлъэ­гъуэныгъэм художественнэ школхэм екIуалIэ, илъэси 7-м къыщыщIэдзауэ 17 хъухэм я лэжьыгъэхэр хагъэхьэ. Выставкэр «Урысейм и удз ­гъагъэхэр» дунейпсо щэнхабзэ фестивалым и программэм щыщ зы Iыхьэщ. Зэхьэзэхуэр я нэIэм щIэтщ зи IэнатIэм фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэхэмрэ гъуазджэм и лэжьакIуэхэмрэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм я сабий сурэтхэр выставкэм хагъэхьэну къыхэзыххэр. Илъэс блэкIахэм апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Прагэ, Венэ, Милан, Хельсинки, Братиславэ, Минск, Афины, Марибор, Мюнхен, Белград къалэхэм. Выставкэм хагъэхьэ лэжьыгъэхэр жанр, сурэтыщI гъуазджэм и техникэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщу къыхах.
Хабзэ хъуауэ, пашэныгъэр зыубыдахэр зэпеуэр щекIуэкIыну къэралым гъэ къэс щохьэщIэ. Абы гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуех, мастер-класс ирегъэкIуэкI, къалэм и музей нэхъыфIхэм, сурэтыщIхэм я лъэщапIэхэри хэту, зыщеплъыхь.
Выставкэм, къищынэмыщIауэ, хагъэхьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и еджакIуэ Дыджэ Алан и «Къафэ» лэжьыгъэри.
Джэху Элинэ и гъусэу иджыри ныбжьыщIищ - Тхьэгъэпс Ислъам, Мамбэт Алим, ПщыукI Ислъам сымэ ирагъэблэгъащ мыгувэу Москва щекIуэкIыну «Урысейм и сурэтыщI ныбжьыщIэ» зэпеуэм и Iыхьэм.

 

Чылар Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
Поделиться: