Мэрем пшыхь

Дыгъужь бын
(Дадэ и хъыбархэм ящыщщ)

Мэрем пщыхьэщхьэм Дадэ и гурыфI къикIри дигъэтхъэжащ: IэфIыкIэ куэду къытхуищэхури, хьэблэ щIалэ цIыкIум къытхуигуэшащ. ИужькIэ дызэхигъэтIысхьэри, таурыхърэ хъыбаркIэ зыдигъэтIыжащ. Мы хъыбарыр а пщыхьэщхьэм Дадэ къыджиIахэм ящыщ зыщи, фыкъеджэ, фигу ирихьмэ, фымыбзыщI.
… ТIэ, си адэшхуэм сригъусэу гъэмахуэ гуэрым уэтэрым сытест Iэпыдзлъэпыдзу. Мэлыхъуэхэм зэпымычу дыгъужь бын и гугъу ящIырт. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр ди пщыIэм и гъунэгъу дыдэу къэтIысат.
- КъэукIын хуейщ, армыхъумэ, псэупIэ къыдатынкъым, - жиIащ мэлыхъуэхэм ящыщ зым. АрщхьэкIэ лэгъупэжьым идакъым.
- Хьэуэ, дыгъужьхэри хьэхэм хуэдэу губзыгъэщ, уеблэмэ хьэхэм нэхърэ нэхъ губзыгъэщ, ахэр щыпсэум и гъунэгъуу зэи щыщакIуэркъым. ЩыщэкIуэн дэнэ къэна, Iэмал ягъуэту нэгъуэщI дыгъужьи щагъэщэкIуэнукъым. Сэ абы фIыуэ сыщыгъуазэщ!
Лэгъупэжьым и псалъэм зыри падзыжакъым.
Махуэ гуэрым си адэшхуэм сэрэ ди закъуэу пщыIэм дыкъытенат. Ди пщэдджыжь Iуэхухэри зэфIэдгъэкIати, хуабжьу сызэшырт. Абы гу лъитэри,  Дадэ жиIащ:
- НакIуэ, ПIытIыкъ, ди гъунэгъу дыгъужь шыр цIыкIухэр зэрыджэгур уэзгъэлъагъунщ!
Сэ дуней гуфIэгъуэр сиIэу Дадэ и ужьым ситу дежьащ.
- Мо Iуащхьэ папцIэшхуэр плъагъурэ? - зыкъригъэзэкIащ абы си дежкIэ. - Мис абы и лъабжьэм щIэсщ ди дыгъужьхэр.
- Ди гъунэгъубзэщ, - жысIащ сэ.
- Ди гъунэгъубзэщ, - арэзы хъуащ Дадэ. - Ухуеймэ, гъунэгъу Iыхьэ яхуэхь!
Дэ гъуэгум дэддзыхри, Iуащхьэшхуэм жыжьэу къыпэткIухьу щIэддзащ. Апхуэдэу щIэтщIым сегупсысу дыздэкIуэм, Дадэ къэпсэлъащ:
- Зыщумыгъэгъупщэ, ПIытIыкъ, дыгъужьхэр мэкIэ бзаджэщ. ЗанщIэу дыкIуамэ, жьыр ди щIыбагъымкIэ къоуэри, дыкъащIэнурэ, загъэпщкIунут, иджы дыкъамыщIэу гъунэгъу дыдэу декIуэлIэфынущ.
Куэдыщэ дымыкIуу, мывэшхуэ гуэрым и къуагъым дыкъуэтIысхьащ.
- Дежьэнщ, ахэр мыгувэу къикIынущ гъуэм, зыри жумыIэу щыс, - унафэ къысхуищIащ си адэшхуэм, дыгъэм еплъурэ.
Пэж дыдэу куэдрэ дызэпагъэплъакъым дыгъужь шырхэм. Ахэр я анэм и гъусэу тафэм къытехутащ. Шырхэр тху хъурт, гъэщIэгъуэн гуэрури джэгухэрт. Я джэгукIэр зыкъомкIи ди пщыIэм тес хьэпшырхэм я джэгукIэм ещхьт, ауэ къызгурымыIуэ гуэрхэри хэлът. Дыгъужь анэжьыр и лъакъуэхэр щIиукъуэдиикIауэ щыст, и шырхэр зэрыджэгум кIэлъыплъу, зэзэмызи и дзэлыфэр яхуитIу.
- ЗэрыщэкIуэнум хуегъасэ, - къызэIущэщащ Дадэ, и закъуэрыуэ фочыр мывэм ириупсейуэрэ.
- КхъыIэ, Дадэ, уемыуэ, - селъэIуащ сэ си адэшхуэм.
- Iэу, ПIытыкъ, дауэ сеуэн! Гуэныхькъэ тхьэмыщкIэхэр, я дыгъужь папэр яукIауэ, адэншэу къохъу.
И бынхэр зэрыджэгум зыкъомрэ кIэлъыплъа нэужь, дыгъужь анэжьыр къэтэджри, хуэмурэ IукIри, здэкIуари сымылъагъуу бзэхащ.
Сэ сызэгупсысыр къищIа хуэдэ, Дадэ жиIащ:
- И бын цIыкIухэм яшхын къахуихьыну щакIуэ ежьащ.
… Бжьыхьэр къихьауэ ди пщыIэм дыгъужьхэр къытеуэри, зы щынэ бэгъуа яхьащ. Ар я жагъуэ хъуауэ чэтыр къыздаплъыхьым, лэгъупэжьым жиIащ:
- Мы ныжэбэ ди хьэщIахэр дыгъужь щIалэщ, шэч хэмылъу, ди гъунэгъухэр арагъэнущ.
- Сыт щхьэкIэ, дыгъужьхэр я гъунэгъуу щымыщакIуэу жызыIар уэракъэ? - щIэупщIащ мэлыхъуэхэм ящыщ зы.
- Ахэр иджыри щIалэщ, хабзэр ящIэркъым, - и фIэщыпэу жиIащ лэгъупэжьым.
А махуэ дыдэм Дадэ сэрэ аргуэру дыкIуащ дыгъужь быным я деж. Япэрей мывэжьым дыкъуэтIысхьауэ дыздыкъуэсым, дэ тлъэгъуар телъыджэщ. Дыгъужь анэжьым и шыр цIыкIухэр дзапэкIэ къищтэурэ хыфIидзэрт, едзакъэурэ игъэпщIэурт. ПщIэнтэкъым ахэр езым и быну.
- Хьым, - къыпыгуфIыкIащ Дадэ, - ныжэбэ къахьа щынэм щхьэкIэ ешхыдэу аращ и шырхэм! Ешхыдэ уэ, дыгъужьыжь, ешхыдэ!

Журт Биберд.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Удз гъэгъа
Апхуэдизу уелIалIэу, уахуэнэхъуеиншэу си псэм и губгъуэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэ къомыр щхьэи щыбгъэкIат, я къуэпси, я лъэдакъи, я жэпкъи, я купкъи зэрызэщIыгъуу къиптхъыжу нэгъуэщIым ахэр саугъэт щахуэпщIыжынум? Ауэ уэ пщIэххэркъым икIи зыкIи ущыгъуазэркъым псынэпс къабзэм хэбэукIыу хэхъукIа а удз гъэгъахэм гур зыгъэфI, зыгъафIэ мэ гуакIуэ гуэри къазэрыпимыхыжыр - къинащ ахэр си пкъым, къыщынащ си деж игъащIэ псокIэ уи фэеплъу. ПщIэрэ, щIэх дыдэ гъуэлэнущ сакIэлъыIэбэурэ, сакIэлъыпыхьэурэ степхыжу уежьэжа а гъэгъахэм я къапщIий телъыджащэхэр. ГъащIэ мащIэ дыдэщ абыхэм къапэплъэр - си нэпс шыугъэу ятелъэдам псынщIащэу щIигъэлIэнущ я пкъыр, щIиудынущ я лъэр. Хьэуэ, буныкъум къыщымынэу, ныкъуэдыкъуэу къэбгъэна си гум къыпхуэкIыу аракъым Iей гуэри. Ар хуейкъым уэ гъащIэм и дахапIэ дыдэр къыплъысыну фIэкIа. Къыпхуохъуапсэ насыпым и курыхыр, и уэрыпIэр толъкъуну къыбжьэхидзэну. Ауэ, лIо сыбгъэщIэнур - схуэшыIакъым, схуэубыдакъым си нэпс?!
Хэт и гугъэнт, теплъэкъукI лъэпкъ уимыIэу, IэфIагърэ гуапагъкIэ упсыхь зэпыту апхуэдиз зэманкIэ, нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэми ярейуэ, къэбгъэкIа, къэбгъэхъуа удз дахэ къомым зэуэ лъапсэрыхыр къахуэбгъэкIуэжыну, уIэгъэ тебдзам ухуемыплъэкIыжу IэплIакIуэу зэщIэпкъуэу уежьэжыну?! Ауэ, итIани, си гур пхуэмыгъуэщ, пхуэпIейтейщ - сыхуейкъым си нэпс схуэмышыIам и зэран гуэри къокIыну. Сигу къикIэзызыкIым мы дуней псор зэрыщIиупскIэр зыхыумыщIэу къанэркъым уэ, дауи. Абыи сегъэгумэщI, сытошыныхь удз гъэгъа тхьэмпэхэр игъуэ нэмысу къыпигъэлъэлъыжынкIэ, къудамэ джафэхэр уи IэмыщIэм къринэнкIэ. Си деж гурыфIыгъуэу къыщыбнар зы закъуэщ - епэрымэ гуакIуэу си Iэпкълъэпкъ псом къинарщ, мащIэ-куэдми, сыпсэуху сыкъэзымыбгынэнурщ, щIы IэнэщIу къэбгъэна си псэр банэ кIыпIэм хуэкIуэныр ауи хуэзымыдэнурщ.

Уахътыншэ

ГъащIэр зэзгъэщхьыр тхылъышхуэ гуэрщ, езы цIыхум итхыжрэ къыдигъэкIыжу. Ауэ ар хьэзыр, нэщIыса щыхъур дунейм уи щIыб къыщыхуэбгъазэрщ, иужьрей точкэр щыбгъэувыр уи гъащIэ Iыхьэр щыбух дакъикъэрщ. Ди Тхьэшхуэрщ редактор нэхъыщхьэу а тхылъым хуэувыр, абы иIэнкIэ хъуну сюжетри зи IэмыщIэ илъыр аращ.
Сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэнщIауэ къыщIидзынуми, псэр зыгъэжабзэ, гур зыгъэгъу теплъэгъуэхэм уащыхуэзэнуми, таурыхъ хьэлэмэтыщэу и кIыхьагъкIэ щIэбджыкIынуми е нэпс шыугъэкIэ напэкIуэцI куэд бгъэнщIынуми - зыкъомкIэ зэлъытар тхылъыр зытхырщ.
Нэмытхыса хъуа тхылъым и напэкIуэцIхэм дерс къызыхахын ирагъуатэрэ упэмылъэщу пфIызэрадзэкIмэ, тIэунейрэ уи кIэн къикIащ. Аращ дэтхэнэ зы авторми и хъуэпсапIэр. НэхъыбэжкIэ Алыхьым и нэфIыр къыщыпщыхуар тхылъыр къахуэбгъанэрэ уэ ущамыгъуэтыжым деж абы и напэкIуэцIхэм ириплъэж, щIэзыджыкIыж, уи цIэр фIыкIэ зыгъэIу уи ужь къинамэщ. Апхуэдэ тхылъ щхьэпэ дунейм къытезынэ цIыхум и псэр Уахътыншэщ, и IэдакъэщIэкIымрэ и гуащIэдэкIымрэ лIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъым къыдокIуэкI, и акъылыр иригъэлажьэу, и дуней гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ къыщыхуэхъуу.

Жамбэч Рабия.

ГушыIэ
ДэкIуэтей, си цеижь

Хъуэжэ и ныбжьэгъу гуэрым къишауэ хьэблэм джэгушхуэ щащIырт. «Ди хьэблэжь джэгущ», - жиIэри, Хъуэжэ мэз къызэрикIыжа щыгъынхэмкIэ гуфIэгъуэр зиIэм я деж кIуащ.
И сэламым жэуап щIагъуэ щимыгъуэтыжым, къеблагъи къыщыжрамыIэм, къэкIуэжри щыгъын нэхъыфIыIуэу иIэр щитIэгъащ, хьэзыр Iупэхухэр къызыхэцIуукI цей фIыцIэ дахэр трилъхьэжри, джэгум игъэзэжащ.
Хъуэжэ джэгум щIыхьэу: «Сэлам алейкум!» - щыжиIэм:
- Уалейкум сэлам, Хъуэжэ, къеблагъэ! КъыдэкIуэтей жьантIэмкIэ, - зыжьэу къэIуащ.
- КIуэ, дэкIуэтей, си цеижь, дыхьэ жьантIэмкIэ, уэращ мыбыхэм щIыхь зыхуащIыр, армыхъумэ, нетIэ сыкъыщыкIуам зыри къызжаIакъым! - жиIэу и цеикIэм екъуу уващ Хъуэжэ.

Сэ насып сиIэт, армыхъумэ…

- Уэлэхьи, Хьэжбий, нобэ сыщIэфлъхьэж пэтам, - жиIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум щыхуэзам.
- Сыту, Iэгъу? Къэхъуар сыт?
- Насып уиIэмэ, сыт хэлъ, армыхъумэ нобэ сэ къэплъагъур метрибгъу зи кIыхьагъ пкIэлъейм сыкъехуэхащ, ауэ…
- Е зиунагъуэрэ, абы дауэ укъела-тIэ? - Хьэжбий гузавэу и ныбжьэгъур щызэпиплъыхьым:
- Аракъэ-тIэ, «ауэ» жыхуэсIэр. Сэ насыпыжьыр сиIэти, етIуанэ теувапIэм дежщ сыкъыщехуэхар, - жиIащ Дизыкъуажэ.

Жылау Нурбий.
ЖыIэгъуэхэр
Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ

Нэпсейм псым хэлъ мывэхэри сысейщи, фемыIусэ жиIэурэ, псыхъуэр къижыхьырт.
Сыт хуэдэ псалъэми чэзу иIэщ.
Псори ебгъэджэну ухуежьэмэ, емыкIу къэпхьынщ, псоми я деж зыгуэр къыщыпщIэну ухэтмэ, акъыл къыхэпхынщ.
ЦIыхум и дуней тетыкIэр зэлъытар къыхалъхьа гъэсэныгъэрщ.
Иджырей зэманым пIэщIэкIам хуэдизщ къыпIэщIалъхьэжынур.
Акъыл зиIэми, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъми, къулыкъу зыIыгъми цIыхугъэ ябгъэдэмылъмэ, мыхьэнэ иIэкъым.
Хъарбызым и теплъэмкIэ и кур зыхуэдэр къыпхуэщIэнукъым.
Уи быныр къодыгъуэжмэ, хэт и деж тхьэусыхакIуэ укIуэн?
Гужьеяр губжьам нэхърэ нэхъ Iеижщ.
Къэзыщэхум псори фIэлъапIэщи, зыщэм псори фIэпудщ.
Уи мыIуэху зепхуэн нэхърэ нэхъ Iуэху тынш щыIэкъым.
Лъагъуныгъэри жьыгъэри икъукIэ гъэпщкIугъуейщ.
БынкIэ гуныкъуэгъуэ зимыIэм фIыгъуэ псори Тхьэм къыбгъэдилъхьащ.
Ер вы бжьакъуэм къикIыу жаIэ щхьэкIэ, ар къызэрыкIыр цIыху псалъэрщ.
Делэм и бэлыхьыр губзыгъэм егъэв.
ГъащIэм и IэфIагъым хуэдизи и дыджагъщ.
Ахъшэ и куэд щхьэкIэ, бохъшэ къыхуэщэхуртэкъым.
Мывэ хъурейр уи япэкIэ бгъэжэн хуей хъумэ, нэхъ цIыкIуу къыхэх, ухущIегъуэжынкъым.
Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ - акъыл зыбгъэдэлъ.
Лъагъуныгъэр гъащIэм и фощ.

КIурашын Алий.

Тхыгъэ кIэщIхэр
МыIэрысейхэр

Жыг хадэ гуэрым итт мыIэрысей. Пэжу, нэгъуэщI мыIэрысей куэди итт абы, ауэ мыр адрейхэм къахэщырт: лъагэт, лъащIабгъуэт, и къудамэ гъумхэр лъэщу шэщIат, езым къыпыкIэр зэфэзэщу мыIэрысэ хэплъыхьат, ин защIэт, плъыжь-гъуэжьыфэ хъужауэ, пшхы пэтми, зумыгъэнщIу IэфIт.
Хадэм хэт имыхьами, и нэр тенауэ еплъырт мыIэрысей гъуэзэджэм. А жыгым и хъыбар зымыщIи истэкъым мы куейм.
Апхуэдэурэ илъэс куэд дэкIащ. Жьы хъуащ мыIэрысейр, итIанэ, гъужыпащ. Зейхэм сыт ящIэнт, я жагъуэ пэтми, ар ирамыупщIыкIыу хъуакъым. Ауэ абы и лъабжьэм къыкIэщIэкIат жыгыщIэ цIыкIу. «Дауи, мыри, къызыкIэщIэжам ещхьу, жыгыфI хъуну къыщIэкIынщ», - жаIэри, хуэсакъыу къагъэхъуу хуежьащ.
И пIалъэр къэсри, къэгъэгъащ жыгыщIэр. ИтIанэ мыIэрыси къыпыкIащ.
ГуфIэрт жыгыр зейхэр. Ауэ куэд дэмыкIыу гузавэу щIадзащ абыхэм: мыIэрысэхэр ин хъуртэкъым - мым хуэдэу жьгъейт. Къыпачу щедзакъэм,  зыIуплъхьэнкIэ Iэмал имыIэу дыджу къыщIэкIащ. Хэт ищIэрэ, гъитI-щы дэкIмэ, нэхъыфI хъуну пIэрэ, жаIэри, занщIэу ираупщIыкIакъым. Я гугъащ жыгыщIэм зихъуэжыну. Я фIэщ хъуртэкъым япэрей мыIэрысейм ещхь ар мыхъужыну. АрщхьэкIэ щыуахэщ. Илъэсищи, илъэситхуи дэкIа пэтми, жыгым къыпыкIэр зэрыжьгъейт, зэрыдыджт. ИтIани ираупщIыкIакъым ар: сыт хуэдэу щымытми, къызыкIэщIэжам и фэеплъти, нэгъуэщI мыIэрысэ лъэпкъыгъуэфI дадзэжри, хадэм къранащ. Тхьэм ещIэ иужькIэ ар зэрыхъуар…

Жырымрэ гъущIымрэ

ГъущIым жырым жриIэрт: «Дэ тIури дыкъызыхэкIар зыщ икIи дызэщхьщ. АтIэ, сыт уэ нэхъ лейуэ ущIагъэлъапIэр? Захуагъэкъым ар».
Абы и жэуапу жырым жиIащ: «Пэжщ, дэ дыкъызыхахар зыщ икIи дызэщхьщ. Ауэ сэ джатэ къысхащIыкI, уэ къыпхащIыкIыр къыдырым щIалъхьэ налщ».

Хьэрэм имыгъэкIуэну

«Мы уи тэрэзэр тэмэму зэтеухуакъым, щIалэ», - жраIати, яхуэукIытакъым: «Фи дежкIэ хьэрэм нэзмыгъэкIуэну аращ, армыхъуамэ, абы къысхудидзэнум зыкIи сыхуейкъым», - жиIэри.

Зыщигъэгъупщэркъым

ПIэм хэлъ адэ сымаджэм и къуэм жриIэрт: «Си Iуэхур щIагъуэкъым, си щIалэ. Нэхъыбэрэ къыщIыхьэ».
«Сыт жыпIэр, дадэ! Уэлэхьи, уи пенсэр къыщыпхуахь махуэр къысхуэмыгъэс ухуейм!» - жиIащ «къуэ гумащIэм».

Къагъырмэс Борис.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ