ЗЭШЫПХЪУИБЛ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 25-м итщ).

Данэху унэр къыщилъэскIэ хъыданищ IэщIэлъу плъагъумэ,
«ЗэрищIынур сщIарэт», - жыпIэу, куэдрэ умыгъэщIагъуэ.

Унэлъэгур зэщIепхъанкIэ, къабзэ дыдэуи къелъэс,
Псыф ищIар егъэгъущыжри, игъэлыду йотIысэх.

Махуэр макIуэ, гъащIэр макIуэ, Данэху хьэлъакъуиплIу щысщ.
«Гумызагъэщ» къыхужаIэ, щытхъури ищIэри фIэфIыпсщ.

«Сыхуэмей си гъащIэ тIэкIур щызгъэкIуэну унэ лъэгум», -
(Ар жызыIэм и цIэр тщIэкъым, къатщIэмэ, фызэдгъэжьэнкъым)

ЗэмыщхьынкIи мэхъу зэшыпхъухэр, хьэлыр щхьэж Тхьэм зэрыритщ,
НатIэм итым псэр дихьэхмэ, уехъулIэнкIэ ущхьэхуитщ.

Хъыджэбзихым я гугъу тщIакIэщ, ди хъыбарым къыпыдощэ,
Иджы адрей къэнэжахэр фэдгъэцIыхумэ нэхъ къыдощтэ.

Къэрэгъулщ зэреджэр адэм, и лIыфIыгъуэу ныбжь курытщ,
Хадэ ещIэ, Iэщ зэрехуэ, джэд гъэшхэным и ужь итщ.

Анэр нэгъуэщI лъэпкъыу пIэрэ? КIуэ, Iурылъыр адыгэбзэщ.
Я унагъуэ зэи дихьакъым, дэ нэхъ тцIыхур я хъыджэбзхэрщ.

«И анэ еплъи…» жаIэ куэдрэ, бзэр щыбэлэрыгъ плъэгъуа?
Пхъуих зыгъасэ цIыхубз Iущым и ебланэрейщ Кубра.
 
НэхъыжьитIыр, адэм ещхьу, хъыджэбз хьэлэл гуфIэрилэщ,
Вари жьари пхузэблахри, къыбдэхуахэр уи гъуэмылэщ.

ЦIыхур цIыкIухукIэ гу лъотэ хьэл нэхъыщхьэу зыхилъхьам -
Ахэм я ужь ит Iэкуандэ анэм ещхьу «бегъымбарщ»:

ПсалъитI я щхьэ зэтричкъым, Iуэху имыIэу гу лъыптэнкъым,
Къэгубжьам жэуап ириту зэхэпхыху, дунейр къутэнкъым.

Сыт нэхъ лейуэ анэм хэлъыр укIэлъигъэплъыжу пхъум?
ФIылъагъукIэ-ныкъуэкъуэкIэр уагъэфIэхукIэ пхуэгъэпщкIунщ.

Ауэ зэ, зэ закъуэ дыдэ «екIуэтэкI» зэрыжраIэу,
НаIуэ къохъу а хьэндырабгъуэм и дамитIым я гъунапкъэр.

Зэшыпхъуиблым я адэшхуэр Щамым къызэрикIыжар

Удзым ещхьщ бзылъхугъэ лъэпкъыр - е уи хущхъуэщ е уи щхъухьщ,
Лъатэм нэс мыхъун къэкIыгъэр зэбгъэцIыхумэ, нэхъыфIщ.

ЦIыхур и щхьэ хуигъэдэныр щэн нэхъыщхьэу зыхэмылъым
И пэж дыди и пцIырыпцIи зэIыпщIэным щхьэпэ пылъкъым.

Пуду зыти зытегъакIуэ - ГущIэгъубэр къыпхуэнэнщ,
БгъэдэмылъкIэ ущыгугъмэ, хуэпщIэфынур бгъэгувэнщ.

ТIэкIу кIыхьыIуэу къедгъэкIуэкIми, тхужымыIэ псалъэ закъуэр -
Пхъум цIыхугъэ бгъэдэплъхьэфмэ, адрей псори зэрефIакIуэрщ.

Хэт, щытхъупсым щымысхьыжу, зыхужаIэр «цIыхубз нэс»?
«Ещхь Тхьэм сищI!» хужыпIэфыну хъыджэбзыфI фи къуажэм дэс?

Спартэ хэкум щэныфIагъкIэ щыцIэрыIуэт зы бзылъхугъэ,
И хъыбарыр пщым щыхуахьым, яхуигъэщIэгъуа уи гугъэ:

«А зи гугъу къысхуэфщIым хэлъмэ гъэсэныгъэ гъэлъэпIа,
Дэфлъэгъуахэр, лIым къыфIэкIыу, хамэм щхьэ ищIэн хуея?»

Аращ анэхэм дыщIеплъыр, пщащэ цIыкIухэм дащIелIалIэр,
ЦIыхубз щыпкъэр лIы Iущ блыщIым яхуегъадэ ЛIыкIуэ лъапIэм.

ФIым хущIэкъум гур фIэкIуэдкъым, асу лъапIэр куууэ щIэлъщ,
КIадэр къуагъэлъыхъуэ, гугъэ зыхуащI псори щыIэ гуэрщ.

Иджы мы унагъуэ дахэм хуэмурэ девгъэкIуэталIи,
ЖыдывгъэIэт Къэрэгъул и щуIэгъэфIым дэтлъэгъуахэр.

Япэу сыщыхуэзэм, сэри ар бзэмыIуу къысфIэщIат,
И щхьэм ешэкIа IэлъэщIми тIэкIу гуитIщхьитIу сыIуплъат.

А лъэхъэнэм «хъэрахъафэ» птемытыныр тIэкIу шынагъуэт,
Нэмэз зыщI нэIуасэ пхуэхъумэ, хабзэхъумэм игу ежалIэт.

Куэдрэ щхьэрыуэн ныбжьыщIэр - делэм и гъуэмылэр пэшхщ,
Ущызыгъэуэн къыпхуэтмэ, диным ещэм ечэнджэщ.

Блэ зэуа аркъэным щощтэ - хэзмыщIыкIым сыт и лажьэ,
Зэлъахэгъухэр зэрыукIмэ, пыIэ дэзыдзейри мащIэ?

Ауэ я нэхъыжь дзыхь хуащIу, цIыкIухэм зэупщIын яIэху,
ФIэщхъуныгъэ я гум илъу, гъащIэм дахэу щызокIуэф.

Нихьмэт сабий IэплIэтесу Щамым къикIыжат унагъуэр,
Хэкум къыщалъхуакъым, ауэ адыгэбзэщ зэрыпсалъэр.

СССР-р зэпкърыхуу хабзэр тIэкIу къыщытIэсхъам,
Хамэ щIыпIэ ис адыгэм къэкIуэжыпIэ игъуэтат.
 
Урысыбзэм уфIэмыкIмэ, ущымыгъуэзэнкIи хъунущ
Илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щхьэдэха ди тхыдэ гугъум.

Пщащэм и адэм и адэшхуэрт хэкур зрагъэбгынар,
Урысейр Кавказым щихьэм, егъэзыгъэкIэ Iэпхъуат.

Нобэ АдыгейкIэ зэджэр Шэрджэсейм и зы къутахуэщ,
Къэбэрдейми фIы щIихакъым хэку зэгуэкIым кърикIуахэм.

Шэм къелахэр Тыркум яхури, къэнам пэжыр щабзыщIащ,
ЩIыи, шыи, Iэщи, фащи къэзакъ гупым зэщIакъуащ.

Урыс зи цIэр бгъэкъуэншэну, цIыхугъэншэ къахэкIамэ?
Мис, езыхэри тэтэрхэм илъэс щищкIэ яIыгъакъэ?

ЛIэщIыгъуитIкIэ дикIуэтами, дэри зэ ди кIэн къикIынщ.
Ди щхьэхуещэ удэфахэм Истамбыл къуагъэщтэжынщ.

Хэкум дису хэку долъыхъуэ, тэрмэшыбзэр шэпэIудзу,
Гум зыхищIэм цIэ иIэжкъым - уфIэфIыхукIэ зыгъэгусэ.

Нихьмэт деж къэдгъэзэжынщи, и адэр тхыдэм тепсэлъыхьт,
Анэращи - жэщым жейуэ умыщIэн къурIэн Iыхьлыт.

Хьэл зырыз зимыIэ щыIэ - щабэщ Щамым къикIыжахэр,
Хьэрып хабзи ядэплъагъукъым, адыгэжьу къэнэжахэщ.

Уи къэрали еныкъуэкъукъым, я бын егъэпIыж къудей,
Адэжь хэкум муслъымэну ибгъэсыжмэ, арщ зыхуейр.

Сытми, адэм Налшык къалэ унэ къыщыхуэмыщэхуу,
Къуажэ пхыдза гуэр мэIэпхъуэ, Къэрэгъулхэ я гъунэгъуу.

Махуэр макIуэ, гъащIэр макIуэ, унагъуитIри хьэщIэхуэфIщ.
Хэт зи жагъуэр, къыкъуэкIамэ благъэ щIызэхуэхъун Iуэху?

Мис апхуэдэу зэфIоувэ Къэрэгъулым и жьэгу пащхьэр,
Щамым IэплIэкIэ кърахри къратауэ Нихьмэт-гуащэ.
 
«Хьэршым щатх, нэчыхьхэр» жаIэ, мы хъыбарри ди щыхьэтщ -
Алыхь талэм къуипэсынур фIыуэ плъагъум игу къегъэкI.

Пэжыр зи нэрыгъ цIыху Iущым лъагъуныгъэр Iэщэ ищIкъым,
ЗэпсэгъуитIыр зэхуэIэфIмэ, мэхъу сабийхэр лъагъугъуафIэ.

ГуфIэнэпсым уиуфэнщIмэ, ар зи фIыщIэм ущысхьынщ,
Уи фор тхъукIэ зэIыпхыныр пщэрылъ закъуэу урикъунщ.

ЦIыху хьэрэмыгъэншэт щIалэр, щымыIэж жыхуаIэм хуэдэу,
Нихьмэт хы щIагъ къыщалъхуами, IэщIэкIынтэкъым и гуэгъум.
 
Щхьэж къытехуэм зыдигъэшмэ, дэнэ щIыпIи щрепсэу,
«Зыми имыхьэлъэ ихькъым» хабзэм тетщ ди гъащIэ псор.

«IэлъэщI телът щыцIыкIум?» - жаIэ. - ЕджакIуэху зытрилъхьакъым,
Ауэ пIэщхъагъ зэригъуэтрэ, щхьэпцIэу унэм къыщIэкIакъым.
 
НэхъыжьитIми екIупсу я щхьэцышхуэхэр ягъэпщкIу,
«Чупэ-чупскIэ» къеджэ гупыр трагъахуэу я тэмакъ.

Дакъикъэ зытхухщ я зэхуакур Мыгъэзэшрэ Нэгурэшрэ,
Зыр адрейм и гъуджэ хуэдэщ, плъагъумэ, нэхэр къодэIуэжкъым.
 
«Сэращ захуэр» жыпIэу, Iэпэ зыхуебгъэшиину тынш?
Ауэ щыхъукIэ, анэш-нанэ и ущиер я гум илъщ:

«Уи насып утеплъэкъукIмэ, уи щхьэ ухуэшхыдэжынкъэ?
Псэгъу хуэхъунур зыгъэпэжым хэти и нэ зыщIиIункъым».

Нэгум щIэтым кIэлъыхъуапсэ гуащэ цIыкIухэм ягу ипсыхьт,
IэфI гуэр ипщэфIт, яригъэшхыху нартхэм яхутепсэлъыхьт.

ДэбгъэхуIа мыхъуну лъапIэщ уи унагъуэм щекIуэкI дерсхэр,
Дауэ гукъэкI зэрыратыр сытми хуэIэижь хъыджэбзхэм?

Бын зыгъуэта псори анэщ, ауэ щыIэщ анэ нэс,
Уи Iуэху зэримыхуэ хуэдэу, и пщэрылъыр нэзыгъэс.

Щабэу псалъэу, Iэсэу Iэбэу, щапхъэр жиIэм ипэ ищу,
«Хъуакъым-щIакъым»-кIэрэ быныр хамэгу зыщIхэм ящымыщу.

Ухигъадэу гу лъумытэу, уифI зыхэлъым утехуэнт,
Уи бзэр щыуэмэ, «зэхихкъым», Iэр щыуамэ, «нэфщ» жыпIэнт.

ТкIиягъ гуэри, шэч хэмылъу, щыщхьэпэнущ гъэсэныгъэм,
Iуэху ищIэфмэ, дэгъуэ хуэдэщ, ауэ хьэлкIэ щхьэ цIыху гугъу ар?

Псэгъэхъужхэм ятхыр пщIэрэ: «Фи сабийхэр фIыуэ флъагъу!
И гум нэсу ямыгъэфIам къыпкърыкIкъым гухуабагъ».

Псэм хуэбгъадэр гум къеуамэ, дыгъи мази къыкъуэкIыжкъым,
Зэт зэрыгубжьар и анэр, мис-тIэ, зыми дзыхь хуищIыжкъым.

Зым щымыщIэ сабиишхуэм ехъулIа къэс и жагъуэгъущ:
Имеижыр иутIыпщыфкъым, кхъуей IэщIэлъу мывэ йогъу.

«Нихьмэт хуэдэ анэр мащIэщ», - дотхри, куэдым къытхуадэнкъым,
Ауэ Мэчэм дэта псори хьэжы хъуауэ тхужыIэнкъым.

Къэрэгъул хьэщIэ къыхуокIуэ

Иджы лъэпкъ бзэ хъугъуэфIыгъуэм гуныкъуэгъуэ къыхуэдмыхьу,
АдэкIэ зи гугъу къэтщIынум дыхэвгъаплъэ тэмакъкIыхьу.

Дэ Къэрэгъул ипхъу гъэфIэнырщ мы хъыбарыр щIетшэжьар.
Нэхъыжьихри хъыджэбзыфIхэщ, яхуэмыдэ ди Кубрар

«Дахэщ, Iущщ, щэныфIэщ» жыпIэу, щытхъур тIукIэ бгъэбэгъуэжми,
КъыпIэщIинэм бзагуэ уещIри, пхуэмыIуатэм мащIэщ хэщIыр.

ЩабэрыкIуэу къэтэджынщи, Iэсэлъасэу пэщэщэнщ,
Адэ-анэм ялъагъунум и псэ IэфIыр кIэрищIэнщ.

«Дауэ пIэрэ ар зэрищIыр?» Интернетым къыщылъыхъуэ:
«Шэч зыхэмылъ лъагъуныгъэм и нэщэнэ угъурлыхэр».

Щэхуу лэгъунлейм мэкIуасэ, мис, хьэжыгъэ еухуэнщI,
Тхъурымбейм хилъхьэн джэдыкIэ къыщелъыхъуэ я джэдэщ.

Шыгъу хыумыдзэ, тхъу хыумылъхьэ, андез пIыгъыу еувалIэ:
«ФIыуэ тлъагъухэр тщигъэгъупщэу къыдэлIалIэ Алыхь лъапIэ!

ТхуэщI ди ерыскъы зыхэлъыр Уэ дыппызыщIэн лъэмыж,
Уэ ппэIэщIэ дызыщI псори ди гум тыншу егъэутIыпщ!»

Япэрей тхьэлъэIухэр фщIэжрэ? ИлъэсиплI дэкIащ алъандэм...
Къэтэджар къемыжьэ щIыкIэ, Кубра пщIантIэр зэщIепхъанкIэ.
 
Жэми мэли и къалэнкъым, ауэ хадэм ихьэрейщ,
Пщэдджыжьышхэм хэзэгъэну хадэхэкIхэр Iэнэм ехь.

Зэшыпхъу цIыкIухэм я пщэрылъхэр Iыхьэ-Iыхьэу яугуэшауэ,
Нэху зэрыщу, хэт мэлъасэ, хэт мэжьыщIэ, хэт мэпщафIэ.

Бжьыхьэ пасэм пщIэн бгъуэтынкъэ, цIыху къебгъэблэгъэнри Iуэхущ -
Захуэ Къэрэгъул и джэдхэр щIэупщIэшхуэкIэ ящэху.

Нобэ икIи бэзэр махуэщ, зэтIолъхуэныкъуитIри щыIэщ,
Ауэ тIэкIу нэщхъейщ унагъуэр, зыми зыри хужымыIэу.

Нихьмэт нэпс къыхуэнэжакъым, и анэшхэр Димэшкъ дэсщ,
Щамыр изыхыж зауэшхуэм гузэвэгъуэ къалъегъэс.

Захуи къуанши къыпхуэмыщIэу, лъэныкъуитI зэрищIыкIауэ,
ЗэфIу къэуша цIыхубэр дыгъэр къухьэжыху зозауэ.

Нихьмэт и анэдэлъхум и къуэр хьэрып армэм дзэпщу хэтщ.
«Хахуэщ» къыхужаIэ, ауэ зызыхуигъэлIэжыр хэт?

Дзэри Iэщэри сэбэпкъым, Алыхь талэм игу къобгъамэ,
Зэлъэпкъэгъухэр зэтокIуадэ, бийм Iэжьэгъу закъыхуищIауэ.

Хэкум тыншу укIуэжыфтэмэ, адыгэр гъуэгу техьэнт.
Чыристан къэрал фIырыфIкIэ муслъымэн ирагъэхьэн?

Тхылъ уимыIэу, бзэр умыщIэу … ЛъэпкъгъэкIуэдыр къозыщIылIэм
Уи лъапсэжь укъесылIэжу и пщIыхьэпIи къыхэмыхуэу…
 
Муса и анэм уремыщхьмэ, лIыгъэ къызэкъуэхыгъуейщ,
Тхьэм щыгугъхэращ ахърэтри дунеягъэри зызейр.

Я пщIэр лъагэу, я щхьэр тыншу щыхьэрышхуэм щыпсэуахэм
Лъы ящIэтым и хьэтыркIэ хэку мыцIыхум къаунэтIахэт.

Хамэ щIыпIэр дзыхьщIыгъуэджэщ, минрэ уреадыгэжь,
ГъащIэм и кIыхьагъкIэ уеIэу, къэбгъуэтарэт зы дурэш.

Нихьмэт и адэр къыщежьэжым, Iэджи кърапэст дзыусхэм,
Ауэ псыдзэм укъелыну Нухь и кхъухьым уимытIысхьэу?

Мис-тIэ, зауэ къэхъеящи, иджы къыкIэлъохъуэпсэж,
Къэрэгъули, гур дыхэщIу, и щыкъущIалэр фIэпсэкIуэдщ.

Адэ-анэм я гукъеуэ уIуплъэныр сыту гуауэ,
ГъащIэм IэфIу щIэлъыр здэкIуэр къыпхуэмыщIэу укъегъанэ.

Асыхьэтым телефоным и уэзджынэр зэрощэщ:
Налшык кхъухьлъатэ тедзапIэм Уэлид къызэрысыр пэж?

Дыгъэ къуилъэфар уафэгум къихьэжа нэхъей щIэрыщIэу,
Псэ къыхыхьэжащ унагъуэм, цIыкIуи ини нэжэгужэу.

«Дакъикъитхум къриубыдэу хьэзыр хъуфыр хъыджэбзыфIщ,
«СопщэфIэф» жызыIэм Iэнэр хуэмурэ кърегъэув!»

Ар унафэу, Къэрэгъулым и «Тхъуэжьейр» къызэщIегъаплъэ,
Мыгъэзэшрэ Нэгурэшрэ щыгъын зэщхькIэ зыкъахуапэ.

Уэлид къэбэрдей адыгэщ, и щхьэгъусэр бжьэдыгъу лъэпкъщ,
Ди бзэм и къудамэ къомыр ахэм фIыуэ зэхагъэкI.

Ауэ я щIалэ цIыкIуитIым адыгэбзэ яIурылъкъым,
Хьэрыпыбзэм укъыфIэкIмэ, нэхъ яцIыхур инджылызырщ.

Дауэ зэрызэпсэлъэнур? ЗэIыхьлыхэр бзэ щыщIэн?
Залъытэжмэ адыгэу, дэнэ кIуэн? ЗрагъэщIэнщ!

Уэлид и унагъуэр кърагъэблагъэ

Къэрэгъул и гупкIэм дису дежьэн кхъухьлъатэ тедзапIэм?
Хьэмэ, Iэнэм яхьыр тлъагъуу, ядэтIыгъын лэгъупы-IэмпIэр?

Ищхьэ къатым тет Iэкуандэ хьэщIэ къакIуэхэм я щIыхькIэ
Пэш нэщIитIыр зэлъыIуехри зэрехъуэкI тепIэн-щIэлъынхэр.

Iэдииху лы хэкIкIэ Iэзэщ, мэл IэщIэлъхьи зыгъэпсэху,
Абы лъэщIэмыхьэ фIэщIу, хугур зэIепщIыкI Данэху.

Iэдиихурэ Данэхурэ япщэфIа зэ зыIухуахэр
Ягу зэбгъэн ямыгъуэтыжу къызэрынэр зэхэфхакъэ?

Кубра адэ-анэм щIыгъуу нэхъыжьитIым ябгъурысщ,
ГъэщIэгъуэну зэтехуахэр зи «Iэмырым» йогупсыс.

«Тхъурымбейри мис» щыжиIэм, Уэлид и уэзджынэ макъым
Махуэр къызэригъэдзэкIри, я IэфракIэ къагъэшакъым.

Здигъэзэнум егупсысу и пIэ ижыхьа Кубра,
«Уэ пщIар куэдщ, ди гъусэу накIуэ», - анэм жиIэу зэхихащ.

Зыхуеиххэри арати, адэр къыщыпыгуфIыкIым,
«Едэ» жеIэри зехуапэ, лъэгум щIыр щIэкIэрэхъукIыу.

Ар еджакIуэ цIыкIущ иджыри, ауэ пщIантIэм къыдэкIыху,
Пщэдэлъ дахэ зытрепхъуэ, зригъэкIури бостей кIыхьщ.

Шыпхъу нэхъыжьхэм къратыжхэм хоIэзэщIыхь, ипкъ хуегъакIуэ,
МыщIагъуэкIэ, пщащэр щэнкIэ жьэрыIэзэ Iэпэзадэм.

Iэдиихурэ Данэхурэ я зэхуакум дэт Нуржан
«Нурэщ» псори къызэреджэр, илъэс тIощIым нэблэгъэнщ.

Арат Данэху и лъэсэкIэ нэгъэсар зыфIэкIыхьлIыхьыр,
Зрилъэфыхьын и хьэлкъым, псынщIэу мыхъур фIэкъабылкъым.

Нурэ егъэджакIуэ хъунущ, инджылызым и псэ хэлъщ,
БзэщIэныгъэ институтым и ещанэ курсым щIэсщ.

СыткIэ ар зэрыхэувэр мы унагъуэм къафIэIуэхум?
Пщащэр бэзэр цIыкIум макIуэ, хъуржынышхуэр и Iэпэгъуу.

Нурэ «псэгъэтынш» хужаIэ, цIыкIуи ини и ныбжьэгъущ,
Уи гум уи щхьэр фIэкIуэдамэ, щIы а пщащэр уэршэрэгъу.

ЗэшыпхъуиплIым къажыхьыхукIэ, Налшык къалэ дывгъэIэпхъуи,
Къэрэгъул и хьэщIэпежьэр зэрекIуэкIым дыхэвгъаплъэ.

Уэлид дауэ мы гъуэгуанэм хъыбарыншэу къытехьа?
ИпэжыпIэкIэ, щIалэфIым АдыгеймкIэ иунэтIат.

Ауэ Щамым къиIэпхъукIхэм я Iуэху зезыгъакIуэ ДАХ-ым
Тхылъхэр хузэригъэпэщу Къэбэрдейм щригъэблагъэм,

Хэкужь хэдэ ищIу, дауэ закъытригъэхьэлъэнт?
Налшык дэт зыгъэпсэхупIэм щыпсэунри игу техуэнт,

Ауэ благъэр щIыбым дэсу къыпхуидэну Къэрэгъулым,
Нихьмэт и гур зэрыхэщIым и унэшхуэм щыкIэлъыплъу.

Пэжращи, Хэку ухуеймэ, уи кхъухьлъатэри къэсынщ,
АдыгэщIым гур хуэзэшмэ, щхьэусыгъуэ къэбгъуэтынщ.

ЕТIУАНЭ IЫХЬЭ

Уэзиррэ РэIисрэ адыгэбзэ зрагъащIэ

Бжьыхьэр къалэм къэсыпакъым. Жыгхэм щхьэкIэхэр щIаупскIэ,
Дыгъэм щыгугъыж щымыIэу, зыкъахуапэ щIыIэрысхэм.

Гъэ еджэгъуэм щIидзэжакIэщ, Кубра еджапIэщIэм щIэсщ,
Хьэрыпыбзэр щадж къудамэм и иужьрей илъэсщ.

ЗэрыфщIэжщи, Щамым къикIхэр къыщрагъэблагъэ махуэм
Къыщызэхэднат унагъуэр, зэрыхущIэмыхьэр тлъагъури.

Илъэс дапщэ кIуауэ пIэрэ? ГъащIэм Iэджи зэрехъуэкI,
Уэлид Къэрэгъул и хьэщIэу мазэ бжыгъэ гуэри блокI.

ЗэкIуэлIам япэгъунэгъуу унэ пуд къащыпэщIэхуэм,
Къуажэдэс псэукIэм щIедзэ Щамыр зыхъума зауэлIым.

Хэти и плIэрылъ и хьэлъэщ - е къыпхохъуэ, е уопшын.
Хэку ухуеймэ, пфIэмыфI гуэри къыпхуихуэнкъэ щыпшэчын.

ЩIыналъэщIэм гугъу ущехьми, ар зи уасэр уи къэкIуэнурщ,
Сыт хузэмыгъэзэхуэнур Тхьэм и щIасэ муслъымэным?!
 
Къуэш хуэхъуам зыщIигъэкъуэнкIэ Къэрэгъул чэнджэщ иумыт -
Уэлид, дамэтелъ темылъми, лэжьыгъэщIэм зрепщыт.

ПхъащIэ Iэзэу щыта адэм и IэщIагъэр къищтэжауэ,
Iэнэ-шэнтхэр зэпкърелъхьэ ифIэщыпэу дихьэхауэ.

И щхьэгъусэм, Димэшкъ дэт сабий еджапIэм щылэжьам,
КъурIэныбзэ ярегъащIэ я гъунэгъуу къепщIэкIам.

Унэгуащэ зэкIэлъыкIуэм и шыгъу-пIасти, и IэфIыкIи
Хьэблэм IукIэ щызэрахьэ, ирагъэхын ягу пымыкIыу.

Ауэ тхъапэр зэкъуэшитIырщ - зэшыпхъуиблыр я бысымщ,
Уэзирщ и цIэр я нэхъыжьым, тIощIрэ зырэ и ныбжьынщ.

Ахэм зэ фахэзгъэплъарэт - дэлъху зимыIэ пщащэ жанхэм
Гу лъатэнкIэ загъэпсэхукъым я анэш ахъырзэманхэм.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: