Ар нэгъуэщIу псэуфынукъым

Зауэм и бынхэр

И ныбжьыр фIыуэ зэрыхэкIуэтам къыхэкIыу ды­жьыныгъуэу зи щхьэцыр къетхъуха а цIыхубзыр мы зэманым уэрамым куэдрэ къыдыхьэркъым, уеблэмэ унэми къыщIэкIыжыфыркъым. Ауэ зэIущIэ гуэрхэм, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэблагъэмэ, «хьэуэ» Iуэхум къыхимыгъэкIыу макIуэ, здэкIуэм нэсыхукIи къыхуэзэ псоми сэлам гуапэ кърах, и узыншагъэм къыщIоупщIэ. Ар имыцIыхуу Тэрч къалэ дэнэ къэна, щIыналъэ псом зыри искъым. Зрагъэблагъэ зэхыхьэхэм псалъэмакъ щхьэпэ щрегъэкIуэкI, чэнджэщ купщIафIэхэр къыщыхелъхьэ.
Зи гугъу сщIы цIыхубзыр пщIэрэ щIыхьрэ къэзылэжьа, куэдым фIы дыдэу яцIыху БжэIумых Лолэ Хьэжысмел и пхъурщ. Абы теухуауэ куэд ятхащ газетхэм икIи радиокIи къатащ, ауэ сыт хуэдиз хужыпIэми лей хъунукъым, хэт и дежкIи щапхъэщи. Лолэ уепсэлъылIэныр, и гукъэкIыжхэм уедаIуэу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. И хьэлым, и зэпIэзэрытагъым, и бзэ IэфIагъым уетхьэкъу. Щабэу, гум ехуэбылIэ псалъэхэр къыхихыу, Iэдэбу, уэ ущыпсалъэм дежи гупсэхуу къодаIуэу уи пащхьэм ис цIыхубзым плъэмыкIыу пщIэ лей хубощI, нэхъыбэрэ сыхуэзарэт, сыбгъэдэсарэт жыпIэу укъыбгъэдокIыж. Езым и унэр хьэщIэкIуапIэщи, бжэ Iумых сщIэркъым, я бжэр зэIуха зэпытщ.
Лолэ и ныбжьыр илъэс 13-м нэсатэкъым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр 1942 гъэм Тэрч къалэм щынэсам. Я унагъуэр Абейкъуажэ цIыкIу ягъэIэпхъуати, унэр ихъумэну ар къагъэнат. Сыт ихъумэфынт сабийм, ауэ зыгуэр пщIантIэм дэмысым унэр хьэлэч ящIынкIи хъунут. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэм кърадзых шэкъэуэжхэм зыщахъумэн щхьэкIэ, щIыунэ къатIауэ зэрыхьэблэу ист. Нобэми и нэгу щIэтщ абы щыгъуэм илъэгъуа гузэвэгъуэр, шынагъуэ зыхэтар.
Хэкум къытеуа бийм къыдищIылIа зауэзэрылIым и закъуэтэкъым Лолэ и сабиигъуэр кIэщIу езыгъэухар. Абы хэтт и адэр лажьэ имыIэу дашу 1943 гъэм зэрагъэтIысари. IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэфIэкI ин къыщигъэлъагъуэу, унафэщIу пэрыта цIыху еншэ БжэIумых Чэтыкъуэ и къуэ Хьэжысмел куэдым яцIыхурт, пщIэшхуэ хуащIырт. Ар чырбыш заводым, МТС-м щылэжьащ, щIэуэ яухуа Акъбащ ГЭС-м и япэ унафэщIу щытащ. ЗанщIэу лэжьапIэм Iуашри дашат ар, унэми Iуамыгъэхьэжу. И лъапсэми къакIуэхэри, унэм щIэлъыр цырыцу зэIащIат, дурэшплIэрэш къамыгъанэу псори зэрадзэкIыу. Сыт хуэдэ тхылъымпIэ къапэщIэхуэми, зэраныгъэ лъэпкъ имыIэми, зэщIакъуэрт. Лажьэу зыпэрыса стIолышхуэ нэгъунэ щIашат. Хьэжысмел илъэси 7 къытралъхьэри, Коми АССР-м тезырыр щрихьэкIащ. Анэм ипIын хуейуэ абы щыгъуэ къыхуэнат хъыджэбзитIрэ зэтIолъхуэныкъуэ щIалитIрэ. Мылъкуу яIэр трахауэ, унэ зыщIэсымкIи къедауэ щыхъум, благъэ-Iыхьлыхэм ахъшэ хузэхадзэри, кърагъэгъэнат.
Унагъуэм я нэхъыжь Лолэ абдежщ сабиигъуэ дахэм щыпыкIар. Яшхын зэрамыIэм къулейсыз ищIа щIалэ цIыкIуитIым я зыр дунейм ехыжащ. Унагъуэм зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэн щхьэкIэ, 1945 гъэм Лолэ пощтым лэжьэн щыщIидзащ. Сыт хуэдиз пудыгъэ кърапэсрэт абы щыгъуэ «къэралым и бийм и бынхэм». Ауэ унагъуэм ис псоми я гур ягъэбыдэри, зыми зы псалъэ дыджи памыдзыжу, загъэтэмакъкIыхьу екIуэкIахэщ. ЛэжьыгъэкIэ дагъуэ зыхуебгъэщI зэрымыхъунур къыгурыIуэу пэрытт Лолэ IэнатIэм. Сыт хуэдэу бэшэчу ущытын хуейт, къыумылэжьа къущапэсым деж уигу тебгъэхуэн щхьэкIэ? Щылажьэ пощтым къахуэкIуэ посылкэхэр поездым кърахырти, лъэсу къахьырт, сыт хуэдиз хьэлъагъ е куэдагъ мыхъуми. Гъуэгум къащытеуэу яIыгъыр трамыхын щхьэкIэ, кIэрахъуэ къратауэ яIыгът, и гъэуэнми хуагъэсауэ. Зэгуэрым ар къигъэсэбэпынуи къыхуихуат Лолэ, бзаджащIэхэр къащыпэувым. КIэрахъуэр зэрыдригъэуейуэ, псори шынэри бзэхыжат.
Хьэжысмел унагъуэм къахыхьэжу яIуэтэжа нэужь, хуиту бэуэжахэт, я псэукIэри кудкIэ нэхъ тынш хъужат. КПСС-м и 20-нэ съездым иужькIэ Лолэ и адэр хей ящIыжри, партми хагъэхьэжыну къыжраIат, ауэ Хьэжысмел идакъым. Хуэмыфащэу кърапэсам игу зэщигъэуат. Езыр дунейм ехыжауэщ хей зэращIыжа тхылъыр унагъуэм къыщихьар. А зэманым ирихьэлIэу Лолэ машинисткэу райфинотделым щылажьэрт. Псэ хьэлэлкIэ и IэнатIэм бгъэдэту есати, къэлэн къыщащIыр сыт щыгъуи дагъуэншэу игъэзащIэрт. Зи унафэ щIэтхэри къыхуэарэзыт. И IэщIагъэм фIы дыдэу хищIыкIырти, къелъэIуурэ тхыгъэ гурхэр трырагъадзэрт, и къалэн нэхъыщхьэм къыдэкIуэу. Езыри хьэуэ жымыIэжти, къелъэIуар игъэщIэхъуртэкъым. ИкIи дыгъэгъазэ мазэу, район комсомол конференц ягъэхьэзыру абы я дэфтэрхэр яхутридзэну къыщелъэIум, сыт щыгъуи хуэдэу, япэщIэкIуэтащ. АпхуэдизкIэ къызыхуэтыншэу икIи псынщIэу яхуищIат къыщIелъэIуа псори, ягу ирихьри, машинисткэу райкомым ирагъэблэгъащ. Зэман дэкIри, учётымкIэ секторым, иужькIэ отделым и унафэщI ящIри лэжьащ, комсомолым япэм хамыгъэхьэну къыпаубыдауэ щытами.
Абдежым Лолэ къыгурыIуащ и еджэным пимыщэ зэрымыхъунур. ИкIи пщыхьэщхьэеджэу классиблыр къиухщ, къыкIэлъыкIуэу курыт еджапIэм и экзаменыр экстернэу итри, курыт щIэныгъэ зригъэгъуэтащ. И щIэныгъэм хигъэхъуэным ар тезыгъэгушхуар а зэманым комсомолым и обкомым щылажьэу щыта Сэбэншы Розэщ.
И къарурэ зэфIэкIрэ щымысхьу лажьэ хъыджэбзым гулъытэ хуащIри, 1957 гъэм Мэзкуу щекIуэкIыну ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалыр къызэзыгъэпэщхэм яхэтыну ягъэкIуащ. Лолэ абы и щыпэкIуэтэкъым. Ут Плъыжьым щекIуэкIа пионер парадым иджыри школым щеджэу хэтат и жыджэрагъым щхьэкIэ къыхуагъэфащэри. Къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къикIа ныбжьыщIэхэр щызэхуашэсат абы. Фестивалыр зэфIэкIа нэужь, ар гъэхьэзырыным, егъэкIуэкIыным хэтахэм я штабыр зэрыщыту, Лоли яхэту, комсомолым и путёвкэкIэ ВЛКСМ-м и ЦК-м и зыгъэпсэхупIэ унэм ягъэкIуауэ щытащ. Абы щызэтрагъэха сурэтхэм ящыщ зыр, артист цIэрыIуэу Матвеев Евгенийрэ Румянцевэ Надеждэрэ я гъусэу, нобэми ехъумэ. ЖыIэн хуейщ нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэ куэдми Лолэ зэраIущIар.
Сэ абы къызжиIэжащ Лановой Василий, Быстрицкая Элинэ, Этуш Владимир, Тихонов Вячеслав, Бондарчук Фёдор, Бернес Марк, нэгъуэщIхэми зэрахуэзар игу зэримыхужыр.
- Тихоновым вальс сыкъыдэфащ, Асиашвили Симон сэ схуитха усэхэм къысхуеджащ, Быстрицкэм и щхьэгъусэм бзиихум къыпаха фо хэлъу шей сригъэфащ. ВЛКСМ-м и ЦК-м я зыгъэпсэхупIэ унэм Iэджэрэ сыщыIати, сыкIуэху Iэмал имыIэу творческэ цIыху цIэрыIуэхэм сарихьэлIэрт. Сэ сытым щыгъуи сфIэфIт зэIущIэшхуэхэм сыхэтыну. Лановойр Тэрч къалэ къыщыкIуам, Кавказым и усакIуэ Лермонтовым и фэеплъ къалэм къыщызэIуахырт, сыкъицIыхужри, гуапэу сэлам къызихат, къысщIэупщIат, дыздэуэршэрат, дызэрызэхуэзауэ щытар дигу къэдгъэкIыжу. Апхуэдэт «Тэрч къалэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэр зыфIаща Этуш си хуэзэкIари, - игу къегъэкIыж Лолэ.
ЦIыхугъэ и куэдщ БжэIумыхым, гъащIэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щрихьэлIахэу. Ахэр зэхуотхэ, телефонкIэ зэрощIэ, Iэмал щагъуэтми, зэхуозэ. Ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ныбжьэгъу куэд щиIэщ. Псэуху игу имыхужыну Лолэ къыхуэнащ 1962 гъэм Чехословакием зэрыкIуауэ щытари. ЦIыхуипщI хъууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм яхэтт усакIуэхэу Зумакуловэ Танзилярэ Къэжэр Пётррэ. Ахэр щыкIуар гъэ еджэгъуэщIэр щыщIидзэжым ирихьэлIати, еджапIэхэм яшащ я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщар ирагъэлъагъуну. Езанэ - еплIанэ классхэм щIэс сабийхэр зэреджэ тхылъхэр пщIэншэу еджапIэхэм иратырти, ягъэщIагъуэрт, апхуэдэ гулъытэ еджакIуэхэм зэрыхуащIыр. Прагэ ирагъэлъэгъуащ, и щIыпIэ Iэджэхэм къыщакIухьауэ, цIыхухэм я псэукIэхэм щыгъуазэ защIауэ къэкIуэжахэт.
ЖыпIэнурамэ, гъащIэм и курыкупсэм хэту и комсомолыгъуэр ирихьэкIащ Лолэ, гукъинэж щыхъун куэди а зэманым къриубыдэу илъэгъуащ. Тэрч къалэкIэм щыIэ стадионым и гъунэгъу паркым жыг щыхэзысахэм зэрахэтар, Дей къуажэм кIуэ гъуэгум егъэтIысэкIа жыгхэр зэрыхисар и нэгум щIэтщ иджыри. Ар щIалэгъуалэ Iуэхухэм хэт къудейтэкъым, атIэ псоми я къызэгъэпэщакIуэ жыджэрт, я пашэт, сыткIи щапхъэ хъурт. Комсомолым и обкомым и секретару лэжьа Зумакулов Борисрэ абырэ зы анэ къилъхуам хуэдэу зэхуэхъуахэщи, дэнэ щызэрихьэлIэми зэхуэгуапэу куэд ягу къагъэкIыж. Комсомол лэжьыгъэм теухуауэ Борис къыдигъэкIа тхылъыр псом япэу тыгъэ зыхуищIар Лолэщ.
Еленэ, аращ Лолэ и цIэр паспортым зэритыр. ЦIыху ткIиифэ тету, техьэулеикI имыIэу лэжьыгъэм зэрыпэрытыр арагъэнт, я гурылъхэр наIуэ къащIыну куэдым къыщIрамыкур. Ауэ зы махуэ гуэрым райисполкомым и унафэщIым и отчётнэ докладыр къелъэIуауэ трагъадзэу абы и деж къыщIыхьащ щIалэщIэ гуэр. СыхьэтищкIэ щхьэкъэмыIэту лэжьа пщащэм емызэшу пэплъа нэужь, Лолэ унэм нигъэсыжыну зэрыхуейр къыжриIащ. Гъуэгум здытетым зыкъызэкъуихри, щIалэм занщIэу жиIащ: «Лолэ, узэпсалъэ щIалэ уимыIэмэ, къыздэкIуэ». Аращ хэлъари.
Сыхьэтищ фIэкIа зэрымылъэгъуауэ я гур зэ­кIэрыпщIащ икIи Уэзрокъуэ Борисрэ абырэ я хьэгъуэ­лIыгъуэр тхьэмахуитIым къриубыдэу къыдахри, унагъуэ дахэ яухуащ. Илъэс 42-рэ зэдэпсэуати, псалъэ жагъуэ зэжраIэн дэнэ къэна, гукъанэ зэхуащIу е нэщхъкIэ зыр адрейм еплъу къэхъуакъым. Я псэр зы чысэм илъу зэдэпсэуащ а тIур. Унагъуэм Борис и псалъэрат щынэхъыщхьэр, зыми абы пэрыуэнуи игу къэкIыртэкъым. Псоми ящIэрт ар Iуэхум фIы дыдэу егупсысауэ тэмэму унафэ къызэрищтэнур. Я хьэлкIи, я теплъэкIи, я цIыху щIыкIэкIи зэмыщхь куэд а тIум яхэлъами, хъарзынэу зэгурыIуэу зэдэпсэуахэщ, насыпыфIэу гъащIэр ягъэкIуащ.
Я хъыджэбзитIри зэдапIащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ: Тамарэ сабий садым музыкэмкIэ цIыкIухэм щадолажьэ, Лилэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш унивеситетым егъэджакIуэ нэхъыжьу щыIэщ. ТIуми я цIэр фIыкIэ жаIэу, щытхъу къалэжьу апхуэдэхэщ, я анэм хуэдэу ахэри гъащIэм жыджэру хэтщ, зэрагъэсар апхуэдэущи.
- Апхуэдизу лэжьыгъэм куууэ пэрыта фи анэм и гулъытэ фыхуэныкъуа хъунщ, нэхъыбэрэ къывбгъэдэсыну зэрыхущIэмыхьэм щхьэкIэ гукъанэ хуэфщIу, - жысIэу Тамарэ щыжесIэм жэуапу къызитар мыращ:
- Дэ сыт щыгъуи зыхэтщIэу щытащ ди анэм къытхуиIэ лъагъуныгъэр, дызыхуей дыхуэмыныкъуэным яужь зэритыр. А щытлъагъу зэман мащIэми къыдэлыжу дрикъурт абы къытхуищI гулъытэмрэ хуабагъымрэ.
- И дуней тетыкIэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, цIыхум яхуиIэ щытыкIэмкIэ дигъэсащ мамэ, - къыхохьэ псалъэмакъым Лилэ. - ПсалъэкIэтэкъым дэ дызэрагъасэр ди адэ-анэм, атIэ езыхэм ядэтлъагъу щапхъэрт, къытхуаIэ лъагъуныгъэрт, я лэжьэкIэрт.
Сыт хуэдэ къэлэн и пщэ къралъхьэми, псэемыблэжу зыгъэзащIэ БжэIумых Лолэ партым и райкомым и унафэкIэ 1965 гъэм район ЗАГС-м ягъэуври, IэнатIэ мытыншыр, ауэ жауаплъыныгъэшхуэ зыпылъыр, илъэс 32-кIэ ирихьэкIащ. Махуэ къэс и лэжьыгъэм нэхъ куууэ хэгъуазэу, зригъэубгъуу, иригъэфIакIуэу екIуэкIащ. Дэтхэнэ зы тхылъымпIэ кIапэри нэсауэ зыхуей хуэзэу ятхырт. Ар сабий къалъхуам, унагъуэщIэ къэунэхуам, дунейм ехыжам ятеухуами. Зэрыша ныбжьыщIэхэм я нэчыхьыр гукъинэж ящыхъун хуэдэу ехьэжьауэ ирагъэкIуэкIырт Iыхьлыхэри, ныбжьэгъухэри, хьэгъуэлIыгъуэм къекIуэлIа адрейхэри хэту. Къыщыхъуа щыIэщ зи нэчыхьыр зэгуэр итхахэм я бын, абыхэм я быныжхэми щахуитха.
Лолэ хуабжьу и жагъуэ хъурт унагъуэр щызэтекъутэжым. Куэдрэ епсалъэрт зи щIалэгъуэхэм зыщIэгупсысыкIыжыну, зэгурыIуэжыну. Апхуэдэу щымыхъум, сабиймрэ анэмрэ я сэбэп зыхэлъыр япэ иригъэщырт. Лэжьыгъэ IуэхукIэ Прибалт республикэхэм щыкIуам, Лолэ фIэгъэщIэгъуэн хъуат абы я ЗАГС унафэщIхэр псори зэрыцIыхухъур. Ар, дауи, фIэтэмэмтэкъым, мы Iуэхур цIыхубзым нэхъ хуэгъэшэрыуэну къыфIэщIырти. ТхылъымпIэ лIэужьыгъуэу мы IуэхущIапIэм щызекIуэхэр апхуэдизкIэ зэгъэпэщауэ щигъэтти, адрей щIыналъэхэм къикIыурэ къыкIэлъыплъхэрт. Ахэр тэмэму зэхэхауэ, щхьэж и гъэтIылъыпIэ иIэжу, хуей хъумэ тыншу къэбгъуэтыфыну щигъэтт.
Лолэ сэбэпышхуэ къыхуэхъурт РСФСР-м юстицэмкIэ и курсхэр 1974 гъэм Москва къызэрыщиухар. ЦIыхухэр зыщIэупщIэ дэтхэнэ зы дэфтэрри дакъикъэ бжыгъэкIэ къигъуэтырти, я зэманыр имыгъэкIуэду яритырт.
Илъэс куэд и пэкIэ зрихьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэрыхъуа дыдэм хуэдэу нобэ къыбжиIэжыфынущ Лолэ, и псэм щыщ Iыхьэ хилъхьащи, а илэжьам гупсэхугъуэ къритащи. Абы и лэжьыгъэм нобэкIэ пызыщэ Былымыхь Риммэ зыпэрыува IэнатIэр тыншу ирихьэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу БжэIумыхым зэтес ищIа дэфтэрхэр, ахэр фIыуэ, зэхэхауэ, щхьэж и телъхьэпIэ иIэжу зэрыщытыр. Риммэ жеIэ:
- Сэ си лэжьыгъэ мытыншым сызэрыпэрыувэ лъандэрэ, сытригъэгушхуэу, сызыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэм щыгъуазэ сищIу, абыхэм сазэрыпэлъэщыну щIыкIэр къызжиIэу Лолэ нобэми и нэIэ къыстетщ. Псалъэ гуапэ куэд къызжиIащ, си упщIэхэм жэуап нэгъэса сытым дежи къарет. Лэжьыгъэм и гъэпсыкIэм фIыуэ щыгъуазэ сищIащ. Лолэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр щIэгъэкъуэн къызощI, сэри щIэ гуэрхэр къызолъыхъуэ. Си нэхъыжьыфIыр зэрызмыгъэукIытэным сыт щыгъуи иужь ситщ.
Илъэс зыбжанэ и пэкIэ БжэIумых Лолэ IэнатIэм къыпэрыкIами, псэуфыркъым жылагъуэ гъащIэм и курыкупсэм хэмыту, щIыналъэм, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм фIэгъэщIэгъуэну кIэлъымыплъу. Илъэс куэдкIэ ар хэтащ Ветеранхэм я советым и комиссэм, абы и унафэщIуи щытащ. Нобэми пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ Советым.
Сэ Iэджэрэ сыхуеблэгъащ Лолэ икIи фIы дыдэу сощIэ хьэщIэм абы хуищI пщIэмрэ щIыхьымрэ, гуапагъ къыбгъэдэкIыр мызэ-мытIэу зыхэсщIащ. Ерыскъы Iэнэм сыбгъэдэсу и гукъэкIыж бейхэм седэIуащ, и библиотекэ къулейм сыхэплъащ. Абы щыщ куэдыр Лолэ къратауэ, къезытам и Iэр щIэдзауэ зэрыщытми гу лъыстащ. Ауэ езыми игу ирихьауэ зы тхылъ блимыгъэкIыу къищэхуурэ зэхуихьэсащ. И уней библиотекэм щыщу тхылъ минитIым щIигъу къалэм дэт курыт еджапIэхэм языхэзым иритащ. Иджыри сытым дежи ядэгуэшэну хьэзырщ тхылъ зыфIэфI дэтхэнэми.
Куэд зыгъащIэм куэд елъагъу, куэди и гуащIэм докI. А псори лъэужьыншэ хъуркъым. Щытхъурэ фIыщIэкIэ гъэнщIа тхылъ куэд иIэщ Лолэ и лэжьыгъэфIым къыпэкIуауэ. Ахэр къеббжэкIын къудейм щIыпIэшхуэ иубыдынущ, ауэ языныкъуэхэм и цIэ къисIуэну сыхуейщ: КъБР-м и Правительствэм и фIыщIэ тхылъыр, КъБР-м и Министрхэм я кабинетым и ЩIыхь тхылъыр, Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ветеранхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщIхэри. Нэхъыбэжщ дамыгъэ лъапIэу иIэри: «За доблестный труд в ВОВ», «Лениныр илъэсищэ щрикъум и щIыхькIэ», «ГуащIэдэкIым и ветеран»,  ТекIуэныгъэшхуэр илъэс 55, 60, 65, 70 щрикъум, КПРФ-р илъэс 90, 100 щрикъум, «Зауэм и бынхэр» медалхэр, комсомолыр илъэси 100 щрикъум къыдагъэкIа фIыщIэ орденыр, тылым и лэжьакIуэ цIэр. Апхуэдэу ДОСААФ-р - илъэс 85-рэ, Ветеранхэм я советыр илъэс 20, 25, 30 щрикъум къыдагъэкIа медалхэр иIэщ. «Тэрч къалэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр зэрехьэ.
Сэ сыхуейт илъэс 90-м ебэкъуа БжэIумых (Уэзрокъуэ) Лолэ иджыри и узыншагъэм кIэрымыхуу, и жыджэрагъым хэмыщIу илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну, гукъыдэж иIэу къытхэтыну.

ДЭЦЫРХЪУЕЙ Мусэрбий, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт.
Поделиться: