ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭРОлимп Джэгухэр ягъэIэпхъуэ Дунейм кIуэ пэтми нэхъри зыщызыубгъу узыфэм - коронавирусым - цIыхухэм къахуихь ныкъусаныгъэхэм, зэхуэмыхъуныгъэхэм иджыри зы къахэхъуащ. Токио мы гъэм щекIуэкIын хуейуэ щыта Олимп Джэгухэр зэрагъэIэпхъуэм теухуа унафэ къащтащ гъатхэпэм и 24-м. ЦIыху мелуанхэм - спортсменхэми абыхэм я зэфIэкIхэм еплъыну хуейхэми - къахуэмыгъэсу зыпэплъа а спорт махуэшхуэхэр дызыхуэкIуэ 2021 гъэрщ щрагъэкIуэкIынур. ДУНЕЙПСО Олимп Комитетым и унафэщI Бах Томасрэ Японием и премьер-министр Абэ Синдзорэ зэрызэгурыIуам арэзы техъуащ Токио щекIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм я къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI Ёсирэ Мори, къэралым Олимп джэгухэмкIэ и министр Сейкэ Хасимотэ, Токио и Iэтащхьэ Эрикэ Коике сымэ, нэгъуэщI къулыкъущIэхэри. Абыхэм къыхагъэщащ COVID-19 вирусым и зэранкIэ дунейм къыщыхъуа щытыкIэм икъукIэ зэригъэгузавэр икIи Олимпиадэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыр хъуами, ар ягъэIэпхъуэныр зэрыIэмалыншэр. УФ-м гуэдзыр щIыдагъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыхъуащ Зы тхьэмахуэ зэхуакум къриубыдэу гуэдз тонным и уасэр сом минкIэ щыдэкIуеящ Урысейм - сом мин 13,3-рэ хуозэ иджыпсту. Ар щIыдагъэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ зэкIэ. Апхуэдэ нэхъапэм къэмыхъуауэ аращ экономистхэм жаIэр. КъызыхэкIари, долларымрэ еврэмрэ хэхъуэу, сомым и пщIэр зэрехуэхарщ. ДУНЕЙПСО сату щIыпIэхэми щыдэуеящ иужьрей зэманым гуэдз уасэр. А щытыкIэр къалъытауэ, гъавэр хамэ къэралхэм езыщэжхэм ар къызэращэху уасэри къаIэтащ. Гъавэ зиIэ дэтхэнэри иджыпсту хущIэкъунущ фейдэ нэхъыбэ къыпэкIуэу ар зэрыригъэкIыным. Урысей мэкъумэшыщIэхэри яужь итщ я гуэдзыр зэращэным: абыхэм сэгъуэр зэрызэфIагъэкIын мылъку зэрагъэпэщын, апхуэдэуи хъумапIэхэр къаунэщIын хуейщ, гъавэщIэр къаIэрыхьэмэ щIагъэзэгъэн хуэдэу. Нобэ ♦Театрым и дунейпсо махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 12, жэщым градуси 3 - 5 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ:
Поделиться:
Читать также:
27.03.2024 - 15:00 →
НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 →
НОБЭ
25.03.2024 - 12:10 →
Пащтыхьхэм я хэкIыпIэхэр
25.03.2024 - 12:07 →
НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 →
Псым и махуэ
|