Махуэ 14-кIэ яхъумэнущ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и ОМОН-м пэрыуващ СПИД-мрэ уз зэрыцIалэхэм ебэнынымкIэ республикэ центрым и щIыпIэм жылагъуэ хабзэр щыхъумэным.

Махуэ 14-м къриубыдэу росгвардейцхэм плъыр къалэныр ирахьэкIынущ медицинэ IуэхущIапIэм жылагъуэ хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къыщызэгъэпэщын папщIэ. Профилактикэ, эпидемием пэщIэт Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIым къыхэкIыу плъыр къалэныр щрахьэкIыну пIалъэм хабзэхъумэхэр къызэрагъэпэщащ медицинэ нэкIуIупхъуэхэмрэ нэгъуэщI щызыхъумэхэмкIэ.

Полицэм и майор ЛЫКЪУЭЖЬ Маринэ,Росгвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
Поделиться: