Медаль зэмылIэужьыгъуэхэр зыIэрагъэхьэШэшэн Iэмал дэщIыгъущ и гъэсакIуэ ГъуэплъащIэ ТIэхьиррэ Олимп чемпион Къардэн Муратрэ.
Алыдж-урым бэнэкIэ Нэзрэн къалэм дэт «Магас» спорт уардэунэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Урысейм и ЛIыхъужь Калиматов Алихъан фэеплъ хуащIа зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа зи ныбжьыр илъэс 18-м нэблагъэ спортсмен 400-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абы медаль зэхуэмыдэхэр къыщахьащ. Килограмм 80-м нэблагъэхэм я гупым щыбэна Щомахуэ Альбиян кIэух зэIущIэм къыщыхигъэщIащ Башкирием щыщ Амриев Алан икIи дыжьын медалыр къылъысащ. Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Ульбашев Iэдэмрэ (кг 45-рэ) Шэшэн Iэмалрэ (кг 65-рэ).
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
|