Лий Ланэ и зэфIэкI

Хъыбар гуапэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Лий Ланэ пашэ щыхъуащ щIалэгъуалэ къэрал политикэ унэтIыныгъэм и лэжьакIуэ нэхъыфIхэр къыщыхах урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм.

ЩэкIуэгъуэм и 30-м щыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 2 пщIондэ Москва къалэм щекIуэкIащ щIалэгъуалэ къэрал политикэ унэтIыныгъэм и лэжьакIуэ пашэхэр къыхэхынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм. Зэпеуэр къыхэзылъхьахэм я къалэныр хуэунэтIауэ щытащ нэхъыфIхэр къэхутэным, абыхэм зегъэужьыным икIи ядэIэпыкъуным, я IэщIагъэм и пщIэм хэгъэ­хъуэным.
Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэ ­60-м щыщ щIалэгъуалэ 200. Апхуэдэхэт щIыпIэ гъэзэщIакIуэ властхэм я органхэу абыхэм я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм щIалэгъуалэ къэрал политикэ щызыгъэзащIэ унафэщIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ.
Зэпеуэм хэтхэм жыджэру зыкъагъэлъэгъуащ. Ахэр я щIыналъэм и цIэкIэ утыку къихьащ икIи щIалэгъуалэ политикэ унэтIыныгъэм ехьэлIауэ езыхэм ягъэхьэзырыжа программэхэр ягъэлъэгъуащ.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщу а зэпеуэм хэтащ икIи абы пашэ щыхъуащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэ Лий Ланэ. ЩIалэгъуалэ къэрал политикэ унэтIыныгъэм и IэщIагъэлI нэхъыфI урысейпсо зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм пашэ зэрыщыхъуам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъымрэ статуэткэрэ абы къыхуагъэфэщащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм и щIыналъэхэм икIа щIалэгъуалэм адыгэ фащэ екIу зыщыгъыу утыку зыкъыщызыгъэлъэгъуа ди хэкуэгъу хъыджэбз жыджэрыр и зыIыгъыкIэ дахэмрэ и щэнымкIэ къазэрыхэщар. Лий Ланэ и ехъулIэныгъэхэм дрогушхуэ икIи абы и зэфIэкIхэм дяпэкIи хигъэхъуэну ди гуапэщ.

Бжьыхьэ Розэ.
Поделиться: