Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№40-ПП
2020 гъэм гъатхэпэм и 17-м  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт, мылъку зэхэлъу щыт унэхэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжын щыхуейр убзыхуным теухуа хабзэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2016 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, абы и 3-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьауэ:
«3. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь М. А.»
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт, мылъку зэхэлъу щыт унэхэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжын щыхуейр убзыхуным теухуа хабзэр къэщтэнымкIэ Комиссэм, ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа унафэмкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Унэжокъуэ А. Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и архитектор нэхъыщхьэр (Комиссэм и унафэщIщ)
Мэкъуашэ А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
АкIэжь М. М. – Аруан муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Ахъсорэ А. Г. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм псэупIэ хозяйствэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Алъхъэс А. А. - Тэрч муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Кожухов К. В. - Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Хьэгъундокъуэ А. Б. - «ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ щегъэкIуэкIынымкIэ щIыналъэ центр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр правленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
б) Ашэбокъуэ А. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр» (зэгурыIуауэ);
в) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Гъэсашэ Ж. С., Мэзло Р. Б., Молочков А. В., Ожогинэ Н. Ф., Устэ М. А., Хъущт А. А., Чимаев Т. Ж. сымэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться: