Си щIылъэ, фIыуэ узолъагъу

Мо уэшхыр и щхьэ зэрыхуит!
Къыщошх, хуейм, къуршым,
Хуеймэ - тафэм,
Ар къошх, хуейм, махуэ,
Хуейм - махуитI…
Аращ укъыщалъхуамэ уафэм!

Бэлыхь щIым къыщалъхуахэр хэтщ.
Мес, псыежэхым, дэтщи нэпкъым,
И гъащIэр ехь хузауэ и пкъыр.
Лъэпощхьэпохэри и куэдщ:

Зэм къыпоувыр къыр мывэжьыр,
Зэм къыпогъуэлъыр жыг къэуар.
Зым къыпежыхь, зыр здрехьэжьэ…
Ещхьщ цIыхуми и псэукIэм ар.

Си плъапIэм, семыхьауэ гугъу,
ЛъэIэскъым зэи си Iэр. Ауэ,
НэгъуэщI тыншыпIэ сыхуэмейуэ,
Си щIылъэ, фIыуэ узолъагъу!

Насып

Гуауэу Iэджэ щыслъэгъуами гъащIэм,
ЗыIуэтэжхэм ящыщ зы сыхъуащ.
Нобэ махуэм сэ хузощIыр фIыщIэ, -
И гур икъукIэ абы къысщIэгъуащ.

Сызыпэплъэу сеша насып иным
Иджы хъунущ IэплIэшхуэ есшэкI.
Ауэ щхьэ и пащхьэм сит Iэнкуну?
Хъуам си натIэ къытесхьэжрэ шэч?

АпхуэдизкIэ сесакъым гуфIэгъуи,
Къысщохъуж сэ пщIыхь IэфIым сыхэт.
Къеблэгъа дыгъэшхуэм си унагъуэм
СыIуплъэну, натIэр схуэмыIэт.

Къэзгъуэтащи япэу насып лъапIэр –
СфIэбзэхыжмэ, жысIэу согуIэж…
Щыщыта зэманыр ар си плъапIэу,
Си псэр нэхъ тыншауэ си гугъэжщ.

ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.

Зумакуловэ Танзиля
Поделиться:

Читать также: