Рио-де-Жанейрэ телъыджэ щытщыхъуахэр

Дунейпсо зэхуэсышхуэ щыхъукIэ, дауи, абы телъыджэ куэд къыщохъу. Апхуэдэхэр цIыху мелуанхэм ягу къонэ, илъэс IэджэкIэ тепсэлъыхьыжрэ дэрэжэгъуэ къариту. ИлъэсиплI ипэкIэ Бразилием щызэхэта гъэмахуэ Олимпиадэри къэхъукъащIэ хьэлэмэтхэмкIэ къулеящ.

Абыхэм, псом япэрауэ, ящыщщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ Фелпс Майкл Рио-де-Жанейрэ дыщэ медалу 5-рэ зы дыжьынрэ къыщихьу и олимп чемпионыгъэхэр 23-м зэрынигъэсар. Ар къызыщыбгъэхъун къудейуэ гугъущ. Пасэрей алыдж лIы цIэрыIуэ Родосский Леонид илъэс 2172-рэ и пэкIэ 12-рэ Олимп чемпион зэрыхъуам ар ефIэкIыжащ, и закъуэу епщыкIущанэу текIуэныгъэр псым есынымкIэ зэпеуэхэм щызыIэригъэхьэри (адрейхэр США-м и командэ къыхэхам дэщIыгъуу къихьащ).
Метри 100-мрэ 200-мрэ къыщызэдэжэкIэ Ямайкэм щыщ Болт Усейн къылъыщIыхьэн илъэс зыбжанэ хъуауэ щыIэкъым. Рио-де-Жанейрэ ар иджыри зэ наIуэ ящищIащ, нэхъапэм иIа олимп дыщэ медалитхум аргуэру 3 къыхигъахъуэри.
Фиджи хытIыгу цIыкIум и регбистхэр Олимп чемпион хъуну хуэзыгъэфэщар мащIэ дыдэщ. Инджылызым, Ирландием, Австралием, ЮАР-м я спортсмен лъэщхэр къызэбнэкIыу япэ увыпIэр бубыдыну хуабжьу Iуэху гугъущ. Абы телъыджэу пэлъэщащ Фиджим къикIахэр.
Иорданием щыщ Абугъэуш Ахьмэд а къэралыгъуэм игъащIэм щыяпэу олимп медаль къыхуихьащ. ИкIи занщIэу дыщэ! КъуэкIыпIэм къыщежьа тхэквондом апхуэдизу хьэрыпхэм я деж зыщиужьауэ нэхъапэм зыщIар закъуэтIакъуэщ.  Ахьмэд и фIыгъэкIэ иджы псори абы щыгъуазэщ.
Узытепсэлъыхь хъун нэгъуэщI куэди Бразилием щыIащ. Абыхэм мызэ-мытIэу къытрагъэзэжурэ я гугъу ящI. АрщхьэкIэ игъащIэкIэ ди гум IэфIу дрипагэу илъынущ тхыдэм хыхьа псыгуэнсу щIалэм и лIыгъэр. Олимп лъагапIэм нэсыным зы мащIэ дыдэ иIэжу къызэтрагъэувыIами, Джэду Iэниуар Рио-де-Жанейрэ зэрыщыбэна щIыкIэм иджыри къэс цIыхухэр топсэлъыхь. Абы и дыжьын медалыр дыщэ куэдым ирагъэфIэкIащ IэщIагъэлIхэми, спортсменхэми, бэнэкIэ хуитым дихьэххэми…
2016 гъэм Бразилием щекIуэкIыну гъэмахуэ Олимпиадэм кIуэнухэр кIэухыу щызэхагъэкIа Урысей Федерацэм и чемпионатри Iэниуар къехъулIащ. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм адыгэ щIалэм псори щытридзащ. Финал зэIущIэм абы къыщыпэщIэуващ иужьрей Олимп Джэгухэм жэз медалыр къыщызыхьа, дуней псом щэнейрэ и чемпион ЦIаргуш Денис. А тIум я зэныкъуэкъуныгъэр гуащIэ зэрыхъунум шэч хэлътэкъым.
ЗэIущIэр иухыным секундищ фIэкIа имыIэжу бжыгъэр 2:2-т. Абдежым Джэду Iэниуар, зэрихабзэу, напIэзыпIэм зыкъызэкъуихри, и хьэрхуэрэгъур идзащ икIи иджыри баллищ къилэжьри, 5:2-уэ текIуащ. Ар къэралым и чемпион хъуащ икIи дыщэ медалымрэ саугъэту доллар минипщIрэ къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Псыгуэнсу къуажэм щыщ Джэду Iэниуар Бразилием щызэхэтыну Олимп Джэгухэм зэрыкIуэнур пасэу зэхэкIащ.
Америкэ Ипщэм ди лъахэгъум фIы дыдэу, псэемыблэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Олимпиадэр иухыным зы махуэ иIэжущ ар утыку къыщихьар икIи 2016 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 19-м и мэрем пщыхьэщхьэм адыгэ лIыхъужь цIэрыIуэхэм иджыри зы къахэхъуащ. Ар Джэду Iэниуарщ. Рио-де-Жанейрэ дыщэ медалыр къыщылъымысами, дуней псор абы и лIыгъэм итхьэкъуащ икIи щытхъу псалъэ куэд къилэжьащ.
 Ди республикэм и къалащхьэм щыIэ ЗэгурыIуэныгъэм и утыкумрэ Iэниуар къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэм дэт Спорткомплексымрэ телевизорышхуэхэр щагъэувауэ цIыху минхэр эфир занщIэкIэ ар зэрыбанэм кIэлъыплъырт. Псори пIейтейрт, я гурыщIэхэр ямыбзыщIу утыку кърахьэрт.
Джэдум япэу къыпэщIэхуа Абдурахманов Бекзод зэхьэзэхуэм урихыхьэну хьэрхуэрэгъу хъарзынэт. Iэниуар узбек щIалэм зэрелIэлIэща щыIэкъым икIи 10:5-уэ текIуащ. Нэрылъагъут абы и къарур зэрызэригъэзахуэр икIи бэнэныгъэ нэхъ гуащIэхэр дяпэкIэ къызэрыпэщылъыр къызэрыгурыIуэр.
АдэкIэ, пасэу ирагъэкIуэкIа пхъэидзэм ипкъ иткIэ, Джэду Iэниуар пэщIэтын хуейт нэхъапэм къыхэзыгъэщIауэ щыта, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм я чемпион, дуней псом щэнейрэ щытекIуа, Дунейпсо Кубокыр тIэунейрэ къэзыхьа Барроуз Джордан. США-м и бэнакIуэр мы спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр наIуэт икIи зыри темыкIуэфыну куэдым къащыхъурт. Джэду Iэниуаррэ абырэ я зэпэщIэтыныгъэм сыт хуэдэ зэхьэзэхуэми и кIэухыр игъэдэхэфынут. АрщхьэкIэ ахэр финалым и Iыхьэ плIанэм щызэхуэзат икIи тIум языр текIуэтын хуейт.
ЗэпэщIэтыныгъэр хуабжьу зэрыгуащIэнур япэ дакъикъэм къигъэлъэгъуащ: Барроуз къещхьэфэуэну зыкъыщишэщIым, Джэдур абы етIыркъри, алэрыбгъум ирихуащ. БэнакIуитIым я зэплъыкIэм уигъэшынэжырт, зыр адрейм IэщIэукIэну къыпфIигъэщIу. ТIуми быдэу епсалъэщ икIи дагъуэ яхуищIри, судьям адэкIэ бэнэныгъэм пригъэщащ.
Iэниуар и ныкъуэкъуэгъу цIэрыIуэм къыпимыкIуэт дэнэ къэна, ар зэхэзехуэн ищIат. Джордан Iэнкун хъуати, нэхъыбэу зэлIалIэр зэрызихъумэжынрат. АрщхьэкIэ абы къехъулIэр мащIэт. Хуэм-хуэмурэ Джэдур 3:0-у япэ щищам, текIуэныгъэр зэрыгъунэгъу дыдэр псоми зыхащIащ. Ауэ угуфIэну иджыри пасэIуэт. Ар наIуэ къытщищIащ Барроуз - абы и Олимп чемпионыгъэр фIырыфIкIэ игъэтIылъынутэкъым. Мис бжыгъэр 3:2 хъуащ. Къэнэжа секундхэр дыпIащIэурэ къыпыдобжыкI. Iэниуари и къару къызэрихькIэ зиIыгъщ. Тху, плIы, щы, тIу, зы… текIуэныгъэ! Джэду Iэниуар хигъэщIащ дуней псом щэнейрэ щынэхъыфIа, Олимп чемпион Барроуз Джордан. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэщ, ауэ абдежми укъыщызэтеувыIэ хъунукъым.
Финалым хуэзышэ гъуэгур Iэниуар хуабжьу къехьэлъэкIащ. Азербайджаным щыщ Гасанов ДжэбрэIил дунейм щынэхъ лъэщхэм ящымыщми, Барроуз хуабжьу иригъэша Джэдур хигъэзыхьащ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр щиухам ар 4:0-у япэ ищат.
БэнакIуэ куэд щыIэкъым апхуэдизу къефIэкIыу щIэзыдза и хьэрхуэрэгъур иужькIэ иригъэкIуэтыжыфу. Джэдур а закъуэтIакъуэм ящыщщ. КъыкIэлъыкIуэ дакъикъищым абы бжыгъэр 5:4-м нигъэсри, финалым хэтыну хуитыныгъэ къихьащ. АрщхьэкIэ Гасановым къаруушхуэ дыдэ зэрытригъэкIуэдар нэрылъагъут. КъищынэмыщIауэ, Iэниуар и нэщIащэр зэгуэудауэ къыфIыщиуд лъыр щIэх-щIэхыурэ ягъэувыIэн хуей хъурт.
КIэух зэIущIэм зыхуигъэхьэзырыну Джэдум сыхьэт зытIущ иIэт. А зэманыр трагъэкIуэдащ игъуэта фэбжьхэр пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми ягъэундэрэщхъуэным. Ди дохутырхэм ар хъарзынэу яхузэфIэкIа хуэдэт.
Финалым къыщыпэщIэува Язданишариати Хьэсэн Ираным щыщт. БэнэкIэм а къэралым ижь-ижьыж лъандэрэ гулъытэ хэха щегъуэт икIи абы япэ ирагъэщ спорт лIэужьыгъуэ щыIэкъым. Дауи, гурыIуэгъуэт а зэпэщIэтыныгъэр тынш зэрымыхъунур.
И къарур зэрыгъуэтыжауэ икIи и узыншагъэр мащIэу зэфIагъэувэжауэ Джэду Iэниуар кIэух зэIущIэм къихьащ. Абы къыгурыIуэрт псынщIэ-псынщIэу и хьэрхуэрэгъур хигъэщIэн зэрыхуейр, армыхъумэ и фэбжьхэм зыкърагъэщIэнут. 6:0-у япэ щищам зы шэчи къытетхьэжыртэкъым адыгэ щIалэр чемпион зэрыхъунум. АрщхьэкIэ адэкIэ къэхъуам дигу къигъэкIыжащ илъэс мин ипэкIэ ди лъэпкъым къылъыкъуэкIа Iуэхугъуэ гуузыр.
ЕпщыкIузанэ лIэщIыгъуэм (1022 гъэм) урысыпщ Мстислав адыгэхэр дыкъызытехъукIыжа зыхьхэмрэ кIэсэгъухэмрэ я щIыр къизэуну ежьащ. Зы лъы ткIуэпс къащIэмынэжыхукIэ зи Хэкур зыхъумэжыну хьэзыр ди адэжьхэр абыхэм къапэуващ. Дзэхэм зыщызраупсейм, адыгэхэм я пашэ Ридадэ къыхилъхьащ, зэбийхэм ящыщ зырыз зэрагъэбэну, текIуам и лъэныкъуэм зэзауэри ихьауэ къалъытэну. Абы щыгъуэми зэгурыIуащ Iэщэ къамыгъэсэбэпу я къарурэ зэфIэкIкIэ зэныкъуэкъуну.
Лъэныкъуэхэр арэзы хъури, я дзэпщхэр зэпагъэуващ. Ридадэрэ Мстиславрэ куэдрэ зэрызехьащ. Хуэм-хуэмурэ наIуэ хъурт адыгэпщыр зэрытегуплIэр икIи мыгувэу ар зэрытекIуэнур. Зи къарур щIэкI Мстислав, нэгъуэщI хэкIыпIэ имыгъуэтыжу, и гъуэншэдж тхьэIум щигъэпщкIуа къамэ кIэщIыр къызэкъуихри, зыми гу лъамытэу, Ридадэ хиIуащ. УIэгъэ хьэлъэ хъуам мыгувэу и къарур кIуэсащ икIи хьэдэу къытехуащ…
… Фэбжьыр зыхуэзэ щIыпIэр зылъагъу Язданишариати зэрымыщIэ хуэдэурэ абы жьэхэуэрт. ИкIи лъым аргуэру къыщригъэудыжащ. ЗэIущIэр зэпагъэури, дохутырхэм къеджащ. Дыдейхэр Джэдум бгъэдагъэхьэртэкъым. Пасэу ягъэува хабзэмкIэ, утыку ит бэнакIуэхэм еIэзэр абы хухаха дохутырхэрщ. Зыкъомрэ елIалIэри, лъыр къызэтрагъэувыIащ. Бэнэн щIадзэжри, аргуэрыжьт. Иджыри мызэ-мытIэу зэпагъэун хуей хъуащ. Лъыр ямыгъэувыIэмэ, бэнэныгъэр щагъэтынурэ, хьэрхуэрэгъум текIуэныгъэр иратынут.
Дохутырхэр къеIэзауэ къыщихьэжам, Iэниуар лъыгъажэшхуэ хэтауэ фIэкIа пщIэнтэкъым. И нэхэр къызэрыщIэщ щымыIэу и щхьэри и пщэри къепхэкIат, бэуапIэрэ гупсысапIэрэ кърамыту.
ЛIыгъэу иIэр зэхилъхьэри, абы бэнэныгъэм пищащ. АрщхьэкIэ и къарухэр щIэкI зэпытт. Ираным щыщ бэнакIуэр а щытыкIэм нэхъри къытригъэгушхуэрт икIи хуэм-хуэмурэ бжыгъэр 6:4-м нэсащ. Къэнэжар секунд бжыгъэт.
Зи нэхэр къыщхьэрипхъуэ Джэду Iэниуар Язданишариати Хьэсэн къызэщIиубыдащ. Ахэр лIэн-къэнэну зоныкъуэкъу. ЗэIущIэр еух, ауэ абы зы мэскъалкIэ япэ иту перс щIалэм аргуэру очкоитI судьям кърет.
Бжыгъэр 6:6 хъуащ. ЗэрытемыгъэкIуа хуэдэщ, арщхьэкIэ спорт бэнэкIэм езым и хабзэ иIэжщ: бжыгъэр щызэхуэдэм и деж иужьу очко къэзыхьар япэ ирагъэщ. А щIыкIэм тету Ираным къикIам япэ увыпIэр лъысащ. Лъыпсыр къызыпыж Iэниуар къыIэрыхьар дыжьын медалращ, ауэ IэщIагъэлIхэми абы кIэлъыплъахэми къызэралъытамкIэ, ар дыщэ куэдым нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
- Дыжьынмэ, дыжьынщ, - и щхьэр къыхуэмыIэту жиIащ Джэду Iэниуар зэхьэзэхуэ нэужьым. – Узыр къысфIэIуэхуртэкъым, си фэр изыхар щIэх-щIэхыурэ зэIущIэр къызэрагъэувыIэрт. Сэ сыкъыздэкIуар дэнэми сщIэрт икIи си хъуэпсапIэр дыщэрат. АрщхьэкIэ гъащIэм сытри къыщохъу.
Джэду Iэниуар и лIыгъэр здынэсыр дуней псом щалъэгъуащ. Ар Iэтауэ и Хэкум къыщрагъэблэгъэжащ икIи Олимп чемпионхэм яхуэфащэ пщIэри игъуэтащ. Дыщыгугъащ адэкIи абы дигъэгуфIэну, арщхьэкIэ Рио-де-Жанейрэ къызэрикIыжрэ псыгуэнсу щIалэр щыбанэ алэрыбгъум къихьэжакъым, зэ закъуэ коммерцэ зэхьэзэхуэм Ираным зэрыщыхэтар къыумылъытэмэ.

Зи олимп чемпионыгъэхэр 23-м нэзыгъэса Фелпс Майкл.

Дунейм щынэхъ жэр дыдэ Болт Усейн.


Иорданием и гъащIэм япэу олимп медаль къыхуэзыхьа Абугъэуш Ахьмэд.


Фиджи хытIыгум и регбистхэм я гуфIэгъуэр гъунэншэщ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: