Амыкъуэ

ЩIыпIэцIэхэр

А цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэ Iуфэм къеуалIэ Сочэ, Шахэ, Бзыч псыхъуэхэм я къежьапIэхэр зэхэзыгуэшыкI шытхымрэ ар зэрызэхэт Iуащхьэхэм я нэхъ уардэмрэ (метр 1918-рэ и лъагагъщ).

ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, пычыгъуитIу зэхэтщ: «Амы»-рэ «къуэ»-уэ. «Амы» («Аму») Iыхьэм и къежьэкIэ хъуар мыгурыIуэгъуэ дыдэми, языныкъуэ лъахэхутэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар щытащ лIакъуэцIэу е цIыхухъу гуэрым зэреджэу. ЕтIуанэ Iыхьэр, дауи, нэхъ зэхэгъэкIыгъуафIэщ - ар шытхитIым я зэхуаку дэт лъапэрытым е тIуащIэм хужаIэ псалъэщ. Аращи, а лъэныкъуэмкIэ дыкъыщеплъмэ, щIыпIэцIэр «Амы и къуэ» жыIэкIэм хуэтхьыпхъэщ. (Твердый Александр. «Топонимический словарь Кавказа», 2011 гъэ).
ЩIыпIэцIэм и къежьэкIэ хъуам теухуауэ нэгъуэщI еплъыкIи щыIэщ. Лъахэдж емызэшыж Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и тхылъ купщIафIэм къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, мы зэманым турист кIуапIэ хъуа Iуащхьэм и цIэр къытехъукIагъэнущ адыгэхэм абы хужаIэу щыта «мэкъумыгъу» псалъэм.
Мы лъагапIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI фIэщыгъи зэрыщыIэр къыщыхегъэщ Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъ гъуэзэджэм. Ар дызытепсэлъыхь бгым адыгэхэр зэреджэу щыта «Адакъэ зэуапIэ» (жыг гуэрэн зытет Iуащхьэхэр зи хэщIапIэ мэз джэдхэращ зи гугъу ищIыр) жыIэгъуэрщ.

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: