«КъызыхэкIыр къахуэмыщIэ»

Махуи 100-м щIигъуащ «къызыхэкIыр къахуэмыщIэ пневмониер» (COVID-19-р) Китайм къызэрыщыхъейрэ. Абы лъандэрэ вирус гущIэгъуншэм дуней псор зэщIицIэлащ. ПIалъэ кIэщIым ­къриубыдэу коронавирусым зэхъуэ­кIыныгъэ куэд къыщихьащ дуней псом. НобэкIэ COVID-19-р къызэуэлIа сымаджэхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэблэгъащ, цIыху мини 120-м щIигъу илIы­кIащ.
Дэтхэнэ къэралми иджыпсту щынэхъыщхьэр а уз зэрыцIалэм земыгъэубгъунырщ, абы къыхэкIыу псом япэу ­сабийхэр, школакIуэхэр, студентхэр яутIыпщащ. НыбжьыщIэ мелард 1,4-рэ егъэджэныгъэ Iуэхум пэIэщIэ щы­хъуащ дунейм, цIыху куэд дыдэ хэхъуэншэу къэнащ, языныкъуэ къэралхэм я узыншагъэр щахъумэ IэнатIэм, дунейпсо экономикэм я лъэр щIиудащ, цIыху цIыкIум я гъащIэм зригъэхъуэжащ. ИджыкIэ зэрымыцIэлэн папщIэ къэралхэм щагъэува жыпхъэхэр нэхъ ткIий ящI, иныкъуэхэм ягъэмащIэ, зи Iуэху нэхъыфIхэм хуэм-хуэмурэ трахыж.
Дэтхэнэми и къалэн нэхъыщхьэр зыщ - цIыху нэхъыбэ кърагъэлыфын папщIэ эпидемием и зыубгъукIэр нэхъ тIасхъэ щIынырщ. Абы папщIэ щIыпIэ псоми къыщагъэсэбэп Iэмалхэм я нэхъыбэр зэщхьщ, щхьэж и Iуэху зыIутым теухуауэ хэкIыпIэщIэхэри къагупсыс.
Гу лъумытэу къанэркъым, псори зэкъуэувэу уз бзаджэм текIуэну зэры­хуейм. Лъэпкъ, къэрал, дунейпсо зэ­къуэтыныгъэрщ пандемием укъезыгъэлыфынур. Ар жаIэ дохутырхэми, щIэ­ныгъэлIхэми, политикхэми, журналистхэми.
Дэтхэнэ къэралри бэлыхь хэзыдза коронавирусыр зылъэмыIэсрэ имыгъэгузавэрэ дунейм тету къыщIэкIынкъым. Хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэ­хэри пэщIэтщ вирусым, псори дызэрыт щытыкIэр гугъущ икIи шынагъуэщ, арщхьэкIэ щхьэж щыпсэу къэралым, хэгъэгум елъытауэ и Iуэхур нэхъ тыншщ е нэхъ хьэлъэщ. Тыркум, Нидерландхэм, Германием, Израилым, Канадэм, Америкэ Штат Зэгуэтхэм, Иорданием, Чехием, Франджым, Инджылызым щыпсэу ди нэхъыжьыфIхэмрэ ди ныбжьэгъу­хэмрэ мы махуэхэм ИнтернеткIэ дащIэупщIащ, къытщIэупщIащ, я Iуэху зыIутымкIэ къыддэгуэшащ.

 

 

 

 

 

 

 

 

Къущхьэ Догъэн ­(Тырку, Истамбыл):
- Тыркум иджыри къэс коронавирус уз зэрыцIалэр пкъры­ту гурыщхъуэ хуащIу цIыху мин 443-м тест ирагъэтащ. Абыхэм ящыщу мин ­65-р сымаджэу къахутащ. ЦIыху 1403-рэ илIы­кIащ вирусым. ЦIыху ­2020-р хъужри, сымаджэ­щым къыщIатхы­кIыжащ.
Хуабжьу ди жагъуэ хъуащ сымаджэщым медсестрауэ щылажьэ адыгэ хъыджэбз цIыкIу узыр ­къеуалIэу зэрилIыкIар. А пщащэм фIэкIа ди лъэп­къэгъухэм ящыщ вирусым ихьауэ зэхэсхакъым. Си благъэхэм, си ныбжьэгъу­хэм ящыщ дохутырхэм ­коронавирусыр къызэуэлIа яхэтщ, ауэ ахэр хъужащ.
Къэралым щыщыIэ щы­тыкIэм и гугъу пщIымэ, унафэ щыIэщ зи ныбжьыр илъэс 20-м нэмысахэмрэ илъэс 65-м фIэкIахэмрэ уэ­рамым къытехьэ мыхъуну. Ар хъарзынэу ягъэзащIэ, псом хуэмыдэу адыгэхэм жэ­уаплыныгъэ яхэлъщ. АбыкIэ ди щхьэ дыщытхъуж хъунущ. Къи­щынэмыщIауэ, дохутырхэм сытым дежи дыкъыхураджэ къабзагъэм дытетыну, ди Iэхэр ттхьэщIыну. Ди лъэпкъэгъухэр нэхъ я щхьэ егугъужу щытщ, абыи и фIагъ къыдэкIыу согугъэ.
Дызыхэхуа бэлыхьым хэ­щIыныгъэ димыIэу ды­-къы­хэкIын папщIэ, унэм ды­щIэсын хуейуэ аращ. Сэри къыхузоджэ псори абы тетыну. Мы махуэхэм, унэм щIэс­хэм я зэш тезгъэун мурадкIэ, пшынэ макъыр щIэту уэ­рэд жысIэу Интернетым ­къислъхьати, дэни щы­зэб­грыкIащ, къы­щIэупщIэр куэд хъуащ. Абы къыхэкIыу иджы пщы­хьэщхьитI-щым зы уэрэ­дыжь яхузоутIыпщ, я гум жьы дезгъэхуну, я гукъы­дэжыр къэсIэтыну. Ар дя­пэкIи езгъэкIуэкIынущ, хэкум зэрынэсари си гуапэ хъуащ. Адыгэхэм зыгуэркIэ сахуэщхьэпэмэ, гуапэ лей сщыхъунущ!

*   *   *

 

 

 

 

 

 

 

 

Хьэткъуэ Фатхьи (Нидерландхэр, Амстердам):
- Дунейм къыщекIуэкI уз зэрыцIалэм иубыд къэралхэм я бжыгъэм махуэ къэс къыхохъуэ, сымаджэхэри нэ­хъыбэ хъу зэпытщ. Нидерландхэм епщыкIузанэ увы­пIэр яIыгъщ. Ди къэралым щызэрыцIэлахэм я бжыгъэр мин 28-м нэблэгъащ. ЛIэныгъэ щымыIэн, цIыху гъащIэр яхъумэн папщIэ къэрал унафэщIхэм ялъэкI къа­гъанэркъым. ЦIыхухэр зытетын хуей жыпхъэхэр телевизоркIэ къат, зэрызытхъу­мэжыпхъэм дыщагъэгъуа­зэ. Си щхьэкIэ си фIэщ мэхъу цIыхухэр Iуву зэхуэ­мысмэ, зэрыцIали зэры­щымыIэнур. АбыкIэ икъукIэ IэмалыфIщ унэм ущIэ­сы­ныр. Сэ си унэ сисыжщ, тхьэ­махуэм зэ сыщIэкIыу аращ. Си ныбжьэгъухэм, цIы­хугъэхэм ящыщу сымаджэ хъуа зэхэсхакъым, псори зэрызы­кIэлъыплъы­жы­ным иужь итщ.
Мэлыжьыхьым и 4-м хэкум сынэкIуэжыну билетхэр къэсщэхуауэ къежьащ мы емынэр. Си мурадхэр къызэпиудащ. Тхьэм жиIэмэ, гъэмахуэкIэм сынэкIуэжынущ, си адэжь лъахэм зыщысплъыхьыну. Илъэсым зэ-тIэу Налшык, Мейкъуапэ зэзмыгъэлъагъуу хъуркъым. Коронавирусым ягъэкIэ мызы­гъуэгукIэ къызэхъулIакъым. Тхьэм жиIэмэ, ари кIуэ­дыжынщи, ди гъуэгухэр хуиту зэIуахыжынщ.

*   *   *

 

 

 

 

 

 

 

 

Къумыкъу Уэхьбий (Гер­мание, Берлин):
- Китайм къыщежьа мы уз зэрыцIалэр, адрей къэралхэми хуэдэу, япэщIыкIэ щIагъуэ дыдэу кърамыдзэу щытащ. Ауэ Германиеми къы­щысым, тхьэмахуищ ипэ унафэ ящIри, псом япэу университетхэр, школхэр, сабий гъэсапIэхэр яутIыпщащ. Шха­пIэ, щхьэцщIэщапIэ хуэ­­дэхэри зэхуащIауэ, Iэмал имыIэу лэжьэн хуейхэр я IэнатIэхэм пэрытщ.
Сэ университетым техникэ Iуэхум ехьэлIауэ сыщолажьэ.япэщIыкIэ концерт щекIуэкI пэшыр зэхуа­щIащ, итIанэ цIыху 50 нэхъыбэ зыщIэс семинархэр трахащ, итIанэ студент тIощI нэхъыбэ къы­щIэ­мы­хьэу ящIащ, адэкIэ зэ­хуащIыпащ. Иджыпсту псори онлайн лэжьэкIэм дытету аращ. Сипхъу Жанеи и щIэ­ныгъэр щыхигъахъуэ университетыр апхуэдэщи, унэм щIэсу йоджэ.
Адрей къэралхэми хуэдэу, карантиным нэхъ дыкъригъэлыну щагъэуващ Германиеми, унэм дыщIэсыныр унафэу тхуащIащи, абы дытетщ. Пэжщ, къалэхэм, жы­лэхэм щыщыIэ щытыкIэм елъытауэ, хабзэ щхьэхуэхэр щыIэщ. Иджыпсту МюнхенкIэ Iуэхур щынэхъ хьэлъэщ, сымаджэхэми коронавирусым илIыкIхэми я бжыгъэр щынэхъыбэщ. Берлин тIэкIу щынэхъ мащIэщи, пар­кым къыщызыкIухьхэри щэхуакIуэ кIуэхэри уолъагъу. Хьэуа къабзэкIэ дыбэуэн, ди лъакъуэм лъы илъэдэн папщIэ, махуэм зэ дыщIокI, цIыху зытхухыурэ узэхэмыувэмэ, хабзэм и хъумакIуэхэми зыри къыбжаIэнукъым. НэкIуIупхъуэ зыIулъи  зыIу­мы­лъи уэрамым дэтщ.
Къапщтэмэ, нэмыцэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр хуабжьу лъэрыхьщи, пэ­лъэщыфыну согугъэ пандемием. ЗэрыцIалIэ щы­Iэми, узым зыIэщIилъхьа яхэт­ми, фIым дыщогугъ, зэ­кIэ апхуэдэ гужьеигъуэ дыхэ­хуакъым. Уеблэмэ гугъэ щы­Iэщ, дызыхуэкIуэ тхьэмахуэм жыпхъэхэм ящыщ зыкъом Iуахыжыну, IуэхущIапIэхэм лэжьэн щIрагъэ­дзэжыну. ЗэкIэ хьэры­чэ­ты­щIэ Iуэху мащIэхэмрэ ку­ры­тым­рэ къызэтрагъэувыIащ, ауэ абыхэм къэралым хъарзынэу защIегъа­къуэ. Ди щIалэм фитнес-клуб егъэ­лажьэри, Iуэхум нэхъ хызо­щIыкI. ЦIыхуитхум нэс зыгъэлажьэ хьэры­чэты­щIэхэм мазэ къэс еврэ мини 9 ират, цIыхуипщIым нэс зыгъэла­жьэхэм - еврэ мин 15. IуэхущIапIэ нэхъ ин зиIэхэм процент темыхьэу кредит ират.
Мы махуэхэм, фэ фы­зэ­рыщыгъуазэщи, нэмыцэхэм IутIыжым ехьэлIа махуэшхуэхэр ягъэлъапIэ, псори къаутIыпщащ, дэсхэщ. Иджы хуэдэращ гъэ къэс Адыгэ щэнхабзэм и дуней­псо фестивалыр щызэхэт­шэр, ауэ, ди жагъуэ зэ­рыхъун­щи, ар мы гъэм екIуэкIынукъым.
Iуэхур гугъуми, нэхъы­фIым дыщыгугъынращ къыт­хуэнэжыр. Дэ ди цIыхугъэу, ди ныбжьэгъуу, ди Iэгъуэблагъэм щыпсэухэм ящыщу зэкIэ зы адыги сымаджэ хъуауэ зэхэтхакъыми, абы дрогуфIэ. ХэкумкIэ щыIэ хъыбархэми дакIэ­лъоплъ. Псори Тхьэм дыкъи­хъумэ!

*   *   *

 

 

 

 

 

 

 

 

Нэпсо Закарие (Израиль, Кфар-Камэ):
- Кфар-Камэ дэсхэми Израилым адыгэу исми къабгъэдэкIыу хэкужьым исхэм сэлам гуапэ язох, сащIоупщIэ. Зэман гугъущ иджыпсту дызыхэпсэукIыр, псоми зытхъумэжыныр, ди щхьэ, ди унагъуэ дыхуэсакъы­жы­ныр ди фарзщ. Тхьэм и фIы­щIэкIэ, Израилым ис адыгэ­хэм зэкIэ къыджьэхэуакъым уз Iейр.
Журт къэралыгъуэм и IэнатIэхэм я процент 30-ращ иджыпсту ла­жьэр, адрейхэр псори яутIып­щауэ унэм щIагъэсщ, зэрымыцIэлэн папщIэ. ЦIы­ху Iув щызэхуэс Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIыркъым, еджапIэхэр зэхуа­щIащ, Iэмал имыIэу лэжьэн хуей IуэхущIапIэхэращ зи бжэр зэIухар.
Дызэрыс къэралым и унафэщIхэм жаIэр къы­зыхуэтыншэу догъэзащIэ. Коронавирусым зимыубгъун папщIэ щIапхъэу дохутырхэм къагъэувхэм дытетщ.
Кфар-Камэ жылэм дэс псоми ди нэIэ ятетщ жыс­Iэмэ, пцIы супсынукъым. Дэтхэнэ зыри хабзэм тету мэпсэу. Зыгуэр хуэныкъуэ зыри дэскъым жылэм. Ныбжь­ зиIэхэм, сабий цIыкIу зэрыс унагъуэхэм зыхуейхэр яхудощIэ, щIалэгъуалэ гуп IуэхутхьэбзащIэу зэхуэсащи, хэт дежи нос.
ЗэкIэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым, иджыпсту зэрекIуэ­кIым хуэдэу иухтэмэ, хъар­зынэт. Абы щхьэкIэ дэ тху­зэфIэкI къэдгъэнэнукъым. Тхьэм гущIэгъу къытхуищIыну долъэIу.

*   *   *

 

 

 

 

 

 

 

КIэдыкIуей Батыр (США, Нью-Йорк):
- Коронавирусым нэхъ шынагъуэу зыщиубгъу къэралхэм япэ ищащ Америкэр. Сэ сыщыпсэу Нью-Йорк гузэвэгъуэшхуэщ къыщекIуэкIыр. Сымаджэ хъур апхуэдизкIэ куэдщи, сымаджэщхэм щIэхуэркъым, зэрагъэбауэ аппаратхэр яхури­къуркъым, вирусыр хьэлъэу къызэуа­лIэу илIыкIхэр куэд дыдэщ.
Си ныбжьэгъу адыгэ щIалэ ХьэкIурынэ Абдулыхь, медицинэмкIэ факультетыр ­къиухауэ, мы илъэсым сымаджэщым лэжьыгъэм и пIалъэ щызригъащIэу аращ. Ар жэщи-махуи зэрылажьэр солъагъу, хуабжьу гугъуе­хьышхуэ хэтщ дохутырхэр.
Адыгэхэр щымащIэщ Нью-Йорк. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур Нью-Джерси штатырщ, абы и Iэгъуэблагъэ къалэ цIыкIухэращи, зыкIэлъыплъыжыну, цIыху Iув яхэмыхьэну нэхъ Iэмал яIэщи, я Iуэхур апхуэдэу шынагъуэ дыдэкъым. ИкIи я нэхъыбэр унэ лъапсэ дэсщи, къыщIэкIыу я Iэпкълъэп­къым зрагъэукъуэдий мэхъу­ри, ари гурыфIыгъуэщ абыхэм я дежкIэ.
ЦIыхуитI сымаджэ хъуауэ зэ­хэсхащ, лIа зыри яхэткъым, Тхьэм и шыкуркIэ.
Си адэ-анэр щыпсэу Калифорние штатми Iуэхур щы­щIагъуэкъым, абыи щыкуэдщ зэрыцIэлахэр. Адыгэ унагъуэ 500 хуэдиз дэсщ Калифорнием, псори зэрощIэхэ, зэдоIэпыкъуж. Дэ­кIын хуей хъумэ, хуэсакъыу захуапэ, нэкIуIупхъуэхэр зы­Iуалъхьэри, я Iуэху зэфIагъэкI. Си лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм деж зыщахъумэжыфри, Алы­хьым шыкур хузощI.
Сэ Нью-Йорк щыслъагъур гузэвэгъуэшхуэщ. ЦIыху ме­л­уанибл лэжьапIэншэ щыхъуащ къэралым. Ауэ унэм щIэсу лажьэ куэди щыIэщ. Сэри компьютеркIэ унэм сыщылажьэу аращ. ЗэкIэ шхынкIэ, мылъкукIэ гузавэ щыIэкъым, къэралыр дэ­Iэпыкъуэгъу мэхъу, вирусращ цIыху цIыкIур зытекIуа­дэр.
ЗэрагъэхъыбарымкIэ, накъыгъэм и пэщIэдзэм, ику­хэм Iуэхур нэхъыфI хъужыну жаIэ, Дэнэ щIыпIи щекIуэкI мы мыхъумыщIэр щIэх тщхьэщыкIыну, ди лъэп­къэгъу­хэр дуней мамыр щыпсэуну аращ Алыхьым сы­зэрелъэIур.

*   *   *

 

 

 

 

ПщыхьэщIэ Симэ (Иор­дание, Амман):
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, Иорданиеми къэсащ коронавирусыр. ЦIыхухэр, шэч хэмылъу, егъэ­гузавэ. Гъатхэпэм и ­16-м щегъэжьауэ карантин дагъэкIуащ, Iуэху­щIа­пIэ псори зэхуащIащ, шхын зыгъэхьэзыр, зыщэ­хэм фIэкIа къэмынэу. Пщэдджыжьым сыхьэтыр 10-м щегъэжьауэ сыхьэти 6 хъуху, тыкуэным укIуэ хъунущ, ари унагъуэм щыщу зы щIэкIын хуейуэ аращ. Къалэхэр зэ­хуэщIащ. МашинэкIэ зы­щIы­пIэ укIуэнумэ, Iэмал имыIэу зебгъэтхын хуейщ, хуитыныгъэ ­къузэратам щыхьэт техъуэ картэ пIыгъ­мэ, уежьэ хъуну аращ, армыхъумэ, штрафу доллар 250-рэ уагъэтынущ, машинэри птрахынущ.
Къапщтэмэ, цIыхухэр жы­IэдаIуэщ, унэм щы­щIэсын хуейм щIэсщ, щыщIэкI хъунухэм щIокI. Сыхьэт 48-кIэ, махуитIкIэ, зы цIыху щыщIамыгъэкIаи къытхуихуащ.
ЛIыжь-фызыжь зи закъуэ къэна, уигу зыщIэузын щыIэкъым Иорданием. Сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ, Кавказым ис­хэм­ ещхьщ абыкIэ хьэ­рып­хэр, адэ-анэр, адэшхуэ-анэ­ш­хуэр IэщIыб ящIы­р­къым. Псоми якIэлъыплъын яIэщ, я бынхэм я гъусэу мэпсэури, зыхуей хуозэ.
ЗэрыжаIэмкIэ, тхьэма­хуи­тI­кIэ, вирус къызыпкърыхьа зыри къытхэмыкIмэ, карантиныр трахыжынущ, къалэ гъуэгухэр зэIуахыжынущ. Мэлыжьыхьым и 24-м нэщI мазэм щIедзэ, ар муслъы­мэнхэм я дежкIэ Iуэхушхуэщи, псори Тхьэм йолъэIу, ап­щIондэху мы бэлыхьыр кIуэ­дыну. Тхьэм жиIэмэ, къы­дэхъулIэ­нщ нэщI мазэри зы­хуей хуэ­зэу етхьэкIыну, гугъуехьын­шэу дынэщIыну.
Коронавирусыр хуабэм щы­шынэу жаIэ, ди дежкIэ иджыпсту градус 24 - 25-рэ щыIэурэ йокIуэкIри, арагъэнщ зыщIыщимыуб­гъу­щэр,­ дя­пэкIи нэхъ хуабэ хъууэ­рэ кIуэнуращи, нэхъы­фIым ды­щыгугъынщ.

*   *   *

 

 

 

 

СтIащ Орфан (Канадэ, Ватерло):
- Вирусыр Канадэм къы­зэрысрэ тхьэмахуиплI мэхъу.­ Ди къэралми занщIэу еджапIэхэмрэ лэжьапIэ­хэмрэ щызэхуащIащ. ЦIыху зэхыхьэ щыIэкъым, зри­хьэлIэхэри зэпэIэщIэу фIэкIа зэпсалъэркъым. Школа­кIуэ­хэм я гъатхэ зыгъэпсэху­гъуэр иуха нэужь, онлайн еджэныгъэм техьащ, университетхэри абы хуэкIуащи, илъэсым и кIэ хъуху апхуэдэу еджэнурэ, экза­мен­хэри онлайну ятынущ.
НобэкIэ къапщтэмэ, Канадэм щыпсэу цIыху мин ­20-м нэблагъэм COVID-19-р япкърыту къалъытащ, абы­хэм ящыщу нэрыбгэ 600 дунейм ехыжащ.
Сэ сызэрыщыгъуазэм­кIэ, уз­ къызыпкърыхьахэми илIы­­кIахэми зэкIэ адыгэ яхэткъым, Тхьэм и шыкуркIэ. Алыхьым дыщы­гугъынщ хэщIыныгъэншэу гугъуе­хьыр къызэднэкIыну.
Канадэм адыгэу нэрыбгэ 600 хуэдиз исщ, псори дызэрощIэ, щIэх-щIэхыурэ ды­зопсалъэ, мызыгъуэгукIэ я Iуэхур тэмэмщ.
*   *   *

 

 

 

 

 

Темыр Мурат (Чехие, ­Прагэ):
- Коронавирусыр Чехием къыщагъэувыIауэ жаIэ Iэ­щIагъэлIхэм. НобэкIэ ар зыпкърыт сымаджэхэм я бжыгъэр 5500-м щхьэдэхащ,­ илIыкIахэр 100-м щIигъуащ. Зы мазэм щIигъуауэ къы­зэрымыкIуэ щытыкIэм итщ къэралыр, зэхэзекIуэр къы­зэтрагъэувыIащ. Иджыпс­ту лажьэр ерыскъыщапIэ­хэм­рэ хущхъуэщапIэ­хэмрэщ. Дя­пэкIэ нэхъ хуит къащIы­жыну догугъэ.
Къэралым и гъунапкъэхэр зэхуэщIащ. Уэрамхэм, цIыху зэблэкIыпIэхэм нэкIуIупхъуэ пIумылъу утехьэ хъунукъым. Ар пIумылъмэ, тезыру еврэ 800-м нэс къыптралъхьэнущ, карантиным къигъэув хабзэхэм ящыщ къызэпыбудамэ, еврэ миным щIигъу уагъэтынущ. Апхуэдэ щапхъэхэри щыIэщ. Хабзэ ткIийм тету мэпсэу Чехиер, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэ­ралым щагъэнэхъапэр цIыху гъащIэр хъумэнращ.

*   *   *

 

 

 

 

 

 

 

Лу Иринэ (Франджы, Париж):
- Франджым гъатхэпэм и 17-м щыщIэдзауэ карантин щокIуэкI. Блыщхьэ кIуам ди къэралым и президент Макрон Эммануэль цIыху­хэм захуигъэзащ икIи карантиныр накъыгъэм и 11 пщIондэ зэрекIуэкIынур жиIащ.
COVID-19-р зыпкърытхэр, сымаджэ хьэлъэхэр щыкуэдщ Франджым, реанимацэхэм цIыхухэр щIэхуэ­жыркъым. Иджыпсту тест зыхуащIыр дагъуэ зиIэ бзылъхугъэхэмрэ сымаджэ хьэлъэ дыдэхэмрэщ. Адрей псоми терапевтым видео­зэпыщIэныгъэкIэ зыхуа­гъазэу аращ.
ЦIыхум илажьэхэмкIэ коронавирус пкърыту терапевтым къихутамэ, COVID-19 Iуэху­щIапIэм щрегъэтхри, махуэ къэс къэпсалъэурэ уи узыншагъэм къыкIэлъоплъ. Сымаджэщым ущашэр умы­бэуэфу хьэлъэ дыдэ ухъумэщ.
Унэм ущIэкIыну ущыхуитыр формуляр къыдэпхмэщ, ар Iэмалыншэ мыхъуауэ ­къуатыркъым. Хьэуам ухэтыну ухуеймэ, уи унэм зы километр нэхърэ нэхъ жыжьэ уIумыкIыу зы сыхьэткIэ къэпкIухь хъунущ.
Си благъэ щIалэ мы махуэхэм егъэсымаджэ коронавирусым, си лэжьэгъухэм ящыщ зыбжанэ илIыкIащ. Париж Iуэхур щынэхъ хьэлъэ щхьэкIэ, адрей къалэхэм, щIыналъэм нэхъ зыщахъу­мэжыфу жаIэ, сымаджэр щынэхъ мащIэщ. Карантиным и мардэхэм ткIийуэ тетщ франджыхэр, дэ ма­зэм къриубыдэу тIэу ды­щIэкIауэ аращ унэм. Ди щхьэр тхъумэжын, IэнатIэ гугъуехьым пэрыт дохутырхэм дадэIэпыкъун хуейуэ аращ унэм дыщIэмыкIыу.

*   *   *

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Айдемыр (Ныбэжь) Таи­сэ (Инджылыз, Лондон):
- Коронавирус уз зэрыцIалэм къэрал куэд бэлыхь хи­дзащ, дэтхэнэми зэрызыщиужьыр нобэкIэ зэщхькъым. Инджылызыр къапщтэмэ, къэрал унафэщIхэр япэ махуэм щегъэжьауэ иужь ихьащ я цIыхухэр COVID-19-м емыгъэубыдыным, иужь­кIэ, Iэмал зэриIэкIэ, цIыху нэхъ мащIэ фIэкIа емыгъэцIэлэным елэжьащ. Ауэ эпидемие Iэу­бы­ды­пIэн­шэм закъригъэцIыхуащ инджылызхэми, сымаджэ ­хъуа­хэм я бжыгъэмкIэ, мы къэ­ралым етхуанэ увыпIэ  щиIыгъщ  дунейм.
Дауэ мыхъуми, цIыхухэр, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу, пандемием пэщIэтщ. Ар тегъэчыныхьауэ жысIэфынущ махуэ къэс слъагъум, зэхэс­хым теухуауэ. Гузэвэххи гужьеигъуи ядэслъэгъуакъым зыми. Къэралым карантин щагъэуващ, ауэ цIыхухэр унэм щIэс зэпыткъым. Iэмал имыIэу лэжьэн хуей IуэхущIапIэхэр къагъанэри, адрейхэр зэхуащIащ, зэштегъэупIи, шхапIи, парки  лажьэркъым. Ауэ къэрал кIуэцIым кхъухьлъатэхэм къыщалъэтыхь, мафIэгу­хэр, автобусхэр щызокIуэ. Пэжщ абыхэм цIыху куэд ису плъагъунукъым, ауэ Iэмалыншэу Iуэху къы­зылъыкъуэкIхэм зэфIагъэкIыну Iэмал ягъуэт.
Инджылызхэм спортым мыхьэнэшхуэ ират. Абы къыхэкIыу, зи щIалэгъуи нэхъыжьыIуи къажыхьу, я Iэпкъ­лъэпкъым зрагъэу­къуэдийуэ щIыпIэ хэхахэм куэду щыболъагъу, хьэхэр кърашэкIыу, хьэуа къабзэкIэ бауэу уарохьэлIэ.
Сэ си щхьэ IуэхукIэ сы­щыдэкI, тыкуэным щэхуа­кIуэ сыщыкIуэ щIэх-щIэ­хыу­рэ къысхуохуэри, гу зылъыс­таращ: инджылызхэр ­хаб­зэм тет, хуабжьу зы­хуэ­сакъыж лъэпкъщ икIи егъэ­леяуэ зэхуэгуапэщ, пщIэ зэхуащI. НэкIуIупхъуэ­хэр яIулъу къакIухь. Тыкуэным псори зэуэ щIыхьэкъым, зыры­зыххэу фIэкIа, чэзум пэп­лъэхэр щIыбым дэту аращ, метр тIурытI я зэхуакуу. Ауэ щыхъукIи, гужьеяи, тэмакъ­кIэ­щIи, нэщхъыци урихьэ­лIэнукъым, щы­тыкIэ гугъур зытрамыгъэ­хьэлъэу зэ­хуэгуфIэу, зэхуэгумащIэу щхьэ­щэ зэхуащIу ап­хуэ­дэхэщ.
ТелевизорымкIэ къит хъыбархэм тепщIыхьмэ, нобэкIэ Инджылызым щызэрыцIалэхэм я бжыгъэм хэщIу щIидзащи, абы ирогуфIэ. Накъыгъэр къэсыху гуны­къуэгъуэр ящхьэщыкIыну мэгугъэри, цIыхухэр ­нэхъ нэжэгужэ къищIауэ къысщохъу.
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: