Тыркум щыщ хэхэсхэм къахэкIа иужь олимп чемпионхэр

Лондонрэ Хельсинкирэ 1948, 1952 гъэхэм щызэхэта гъэмахуэ Олимп Джэгухэм ехъулIэныгъэ инхэр щызыIэрызыгъэхьа Догу (ГъукIэ) Яшар, Бильге Газанфер, Жандемыр (Гугъэж) Адыл, Ючел (Бидэныкъуэ) Теуфикъ сымэ къакIэлъыкIуащ Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидрэ (1956 гъэ) Аталай (Нагъуэ) Мыхьмудрэ (1968 гъэ) я текIуэныгъэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэхэс адыгэхэм ар я иужьрей олимп чемпионхэщ.
XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щыщIэдзауэ Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхута адыгэхэр ­къуажэ щхьэхуэу тIысхэрт, я бзэ, я хабзэ, я зэхэтыкIэ яхъумэфын папщIэ. Гуауэр зэдагуэшырт, гуфIэгъуэр зэдаIэтырт. Дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыт щыгъуи хэтт адыгэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI шыгъажэмрэ бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щIэдзапIэ хуэхъуащ Олимп джэгухэми дуней псоми я чемпион, абыхэм я медаль лIэужьыгъуэ псори зыIэрызыгъэхьа Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид.
Тыркум хыхьэ Хьэм-озю щIыпIэм щетIысэха Ущхъуэхэ я убых унагъуэм 1934 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 20-м къыщалъхуащ адыгэ псори иужькIэ дызэрыгушхуа Хьэмид. Тырку унэцIэу абы зэрихьащ Къаплъэныр икIи апхуэдэущ цIэрыIуэ зэрыхъуари. МащIэт зыщIэр ар ди лъэпкъэгъуу. ИужькIэщ, къэрал гъунапкъэхэр нэхъ зэIуахыу, щхьэж зыщыщыр къиулъэпхъэщыж щыхъуаращ, убых хъыжьэм и хъыбар Хэкужьым къыщысар.
ЩIалэ дыдэу Хьэмид бэнэкIэ хуитым хыхьащ. Абы ирихьэлIэу лъэпкъ бэнэкIэм хуабжьу хуэIэзэ хъуат икIи текIуэныгъэ куэд зыIэригъэхьат. Езыр лъагэт, бжьыфIэт, къарут икIи, алэрыбгъум хуабжьу щыерыщти, игъэкIуэтыгъуейт. И ныбжьыр илъэс тIощIым иту Тыркум и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Абы ухэхуэну хуабжьу гугъут, ди лъэпкъэгъу Олимп чемпион Догу (ГъукIэ) Яшар я пашэу бэнакIуэ лъэщ куэд щызэхуэсати. АрщхьэкIэ Хьэмид абыхэм фIы дыдэу яхэзэгъащ. Нэхъыжьхэм ар бэнэкIэ Iэмал гъузэджэхэм хуагъэсащ икIи текIуэныгъэ инхэм трагъэгушхуащ.
Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид Тыркум и командэ къыхэхам щыхагъэхьам ирихьэлIэу абы и бэнакIуэхэр дунейпсо утыкум мащIэу къыщрагъэкIуэтат икIи тепщэныгъэр IэщIахат. Убых щIалэщIэр ящыщт ар зэфIэзыгъэувэжыну зыщыгугъхэм. ИкIи 1955 гъэм къэралым и чемпион щыхъуам зыгъэщIэгъуар мащIэщ, ящIэрт Хьэмид Iуэхугъуэшхуэхэм къызэрыхуигъэщIар. АрщхьэкIэ, щIэх-щIэхыурэ зэхьэзэхуэ инхэм ягъакIуэурэ, и зэфIэкIыр къапщытэрт. Даниеми, Польшэми, Швециеми, Иранми щытекIуауэ абы къигъэзэжащ. ИтIанэщ Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид щыжраIар Австралием и Мельбурн къалэм щызэхэтыну XVI Олимп Джэгухэм зыхуигъэхьэзырыну. Дэтхэнэ зы спортсменми хуэдэу, зэхьэзэхуэшхуэм  хэтыну щIэхъуэпс убых щIалэм нэхъ ерыщыжу зигъасэу хуежьащ. Ар махуэми жэщми алэрыбгъум къытемыкIым хуэдэт, и Iэзагъым хигъахъуэрэ зэфIэкIым зригъэужьу.
1956 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 22-м XVI Олимп Джэгухэм щIадзащ. Ар къыщызэIуахым Тырку къэралыгъуэм и ныпыр Мельбурн и стадион абрагъуэм щыкIуэцIрихыну пщIэ хуащIащ, гупым я пашэу ягъэува, убых бэнакIуэ ахъырзэман Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид. Ар дэтхэнэ спортсменри хуабжьу зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэт.
Хьэмид алыдж-урым бэнэкIэмкIи бэнэкIэ хуитымкIи Тыркум и командэ къыхэхам хэтт икIи ехъулIэныгъэфIхэр тIуми щиIэт. Къапщтэмэ, Олимпиадэм и пэ къихуэ илъэсым Германием и Карлсруэ къалэм щекIуэкIа алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым жэз медалыр къыщихьат. БэнэкIэ хуитымкIэ апхуэдэ лъагапIэм нэмысыфами, Къаплъэным и гъэсакIуэ цIэрыIуэ Атик Джелал ар къыхригъэхащ Мельбурн кIуэну зыщагъэхьэзырым. ИкIи щигъэуакъым.
Австралием щызэхэта Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуи­тымкIэ килограмм 87-м щIигъу зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм адыгэ щIалэм къыщыпэщIэтащ Совет Союзым икIа Выхристюк, хэгъэрейхэм ящыщ Мичел, Болгарием и лIыкIуэ Мехмедовыр. Дэтхэнэ зыри хуабжьу лъэрызехьэт икIи Iэзэт. АрщхьэкIэ Олимп лъагапIэр зыхухахар зырат. Ар Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмидт. Абы и хьэрхуэрэгъу псори лъэныкъуэ иригъэзащ икIи и ефIэкIыныгъэм зыми шэч къытрыригъэхьакъым. Мельбурн и дыщэ медалыр ди лъэпкъэгъум и пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ къилэжьащ икIи дэтхэнэ адыгэри дызэрыгушхуэщ.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Истамбыл щекIуэкIа дунейпсо чемпионатми хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэт Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид и деж къищынэмыщIауэ, тырку бэнакIуэ псоми я дежкIэ. Австралием щыIа Олимп Джэгухэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ бжьыпэр зыубыдыжа щIалэхэм а тепщэныгъэр я Хэкум щыщIагъэбыдэжын хуейт. Армырамэ, иджыри къэс яIа ехъулIэныгъэ псори ящыгъупщэжынурэ, щIым щыщ ящIыжыфынут.
Убых щIалэр къызэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ. Выхристюк дригъэкIуэкIа япэ зэIущIэр узыIэпызышэт, зэи имыухыну ущIэхъуэпсу. Хьэмид и совет хьэрхуэрэгъум дахэу ефIэкIащ. Ардыдэр къапэплъэрт иужькIэ абы къыпэувахэу Швейцарием щыщ Видмаррэ поляк абрагъуэ Сосновскэмрэ. Финал ныкъуэм Къаплъэным щыхигъэщIащ Болгарием къикIа Мехмедовыр. Ар къабзэу тридзэри, дыщэм щыщIэбэныну кIэух Iыхьэм кIуащ. Абы къыщыпэщIэуващ нэмыцэ пелуан Дитрих.
Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид и зэфIэкI лъагэмрэ Iэзагъ инымрэ финалым къыщигъэлъэгъуащ. Аращ дыщэ медалыр зыIэригъыхьэу Олимп чемпионыгъэм ЩIы хъурейм зэрынэхъ лъэщыр щIыщIигъужыфари. Зэхьэзэхуэр щекIуэкI спорт уардэунэм и щхьэр трачыным хуэдэу, кърихьэлIахэр зэрыгъэкIийт, дэрэжэгъуэм зэщIищтауэ. Хьэмид и текIуэныгъэм лъэпкъ, къэрал мыхьэнэшхуэ иратат. Тыркум и премьер-министрыр щыту адыгэ щIалэм Iэгу хуеуэрт, цIыхубэм я гухэхъуэр гъунапкъэншэт. ИужькIэ ди лъэпкъэгъум фIащащ «тырку къаплъэн» цIэр икIи нобэми абыкIэ куэдым къацIыху.
Италием и къалащхьэ Рим 1960 гъэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм къыщыхэжаныкIахэм ящыщ зыщ ар. Иджыри и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэр нэхъапэм ерыщу къыпэщIэта Мехмедовыр, Дзарасовыр, Дитрих сымэт. Зэхьэзэхуэм и кIэухым белджылы хъуащ дыщэм хэт щIэбэнынуми. Ахэр Къаплъэныр, Дзарасовыр, Дитрих сымэт. НэхъыфIхэм яхэхуатэкъым Хьэмид дунейпсо зэпеуэм къыщыхэзыгъэщIа Мехмедовыр.
Абы щыгъуэм кIэух зэIущIэм бэнакIуищ хэту щытащ икIи зыр адрейм зэрыпэщIэтам кърикIуахэр зэхалъхьэжырти, увыпIэ нэхъыфIищыр ягуэшырт. Финалым и япэ зэпэщIэтыныгъэм Къаплъэным Дитрих хигъэщIащ, арщхьэкIэ ди лъэпкъэгъум Дзарасовым балл бжыгъэхэмкIэ къыщытекIуащ. Совет бэнакIуэмрэ нэмыцэмрэ я зэIущIэм елъытат Хьэмид къылъысыну увыпIэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Дитрих Дзарасовыр къабзэу тридзащ икIи Олимп лъагапIэр къылъысащ. Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид етIуанэ, Дзарасовыр ещанэ хъуащ.
АдэкIэ «жэз лъэхъэнэм» щIидзащ. Хьэмид ещанэ увыпIэхэр къыщихьащ бэнэкIэ хуитымкIи алыдж-урым бэнэкIэмкIи 1963 гъэм зыхэта дунейпсо чемпионатхэм. Иужь кIэух дамыгъэр щигъэувыжащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым Токио щекIуэкIа Олимп Джэгухэм. Абы ирихьэлIэу зи ныбжьыр илъэс щэщIым щIигъуа бэнакIуэм хузэфIэкIащ ещанэ увыпIэр зыIэригъэхьэн.
Олимп Джэгухэми дунейпсо чемпионатхэми я медаль лIэужьыгъуэ псори зыхуагъэфэща Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид спортым и вагъуэ нэхъ цIухэм ящыщ зыуэ бэнэныр щигъэтащ.
«Адыгэр сыт щыгъуи япэ итыпхъэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту и гъащIэр ихьащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейми Олимп Джэгухэми я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд. Тыркум къыщалъхуа икIи щыпсэуа шапсыгъ щIалэм зэи игу ихуакъым къызыхэкIа лъэпкъымрэ адэжь Хэкумрэ.
Мэхьмуд и адэшхуэр шапсыгът, анэшхуэр - къэбэрдейт. Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ адэжь Хэкур 1893 гъэм ирагъэбгынащ икIи я Нагъуэ унэцIэр зыхэхуа тыркухэм АталайкIэ ирагъэхъуэжащ. Арат и натIэр Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхута дэтхэнэ зы хэхэсми. Абыхэм сабийуэ къыздаша Ибрэхьим и ныбжьыр илъэсибл ирикъуа къудейми, фIы дыдэу и гум къинащ Кавказым и къуршыщхьэ тхъуахэр, тенджыз ФIыцIэ Iуфэ зэщIэгъагъэр, зэрыпхъуакIуэхэм къращIылIа лъапсэрых зауэр. Хэкур залымыгъэкIэ уагъэбгынэфынущ, уи унэцIэр уагъэхъуэжыфынущ, укъызыхэкIа лъэпкъри уагъэбзыщIыфынущ, ауэ гум илъыр зыми къыхуихынукъым. Ибрэхьим и унагъуэм щызекIуэр адыгэ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэт, зэрыщыпсалъэр анэдэлъхубзэрт. Аращ зыщIипIыкIари Тыркум и Чоракъ щIыпIэм 1934 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 30-м къыщыхуалъхуа, дуней псом иужькIэ цIэрыIуэ щыхъуа и къуэ Мэхьмуди.
Хамэ щIыпIэ къыщыхъуа дэтхэнэ зыми хуэдэу, абы и гъащIэ гъуэгур езым иубзыхужащ, гугъуехьымрэ хьэзабымрэ къапимыкIуэту. Iэмалыншагъым къыхилъхьа ерыщагъымрэ бэшэчагъымрэ Мэхьмуд и ехъулIэныгъэ инхэм я лъабжьэ быдэ хъуащ икIи Олимп лъагапIэм нашэсащ.
И ныбжьыр илъэс тIощIым щIигъухукIэ Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд зыщигъэсар щалъхуа щIыпIэращ. Дзэм ираджа иужькIэ, хуабжьу и насып къикIащ: Европэм и чемпион Жандемыр (Гугъэжь) Адыл и гупым хэхуащ. БэнакIуэ цIэрыIуэм и лъэпкъэгъур (езыри шапсыгът) адрейхэм къахигъэщхьэхукIащ икIи и зэфIэкI, Iэзагъэ псори бгъэдилъхьэну хущIэкъуащ. «Догу (ГъукIэ) Яшар игъэсащ Жандемыр (Гугъэжь) Адыл, иужьым сэ сигъэсэжащ, - жиIэрт Мэхьмуд. – Яшар тIуми куэд дигъэщIащ, аращ ди егъэджакIуэ нэхъыщхьэу щытар. Сэ иужькIэ згъэсэжахэми, адыгэ бэнакIуэ Iэджэ спортым къыхашащ икIи ди пщIэр лъагэу яIэтащ».
Гу лъытапхъэщ мы Iуэхугъуэм: Тыркум къыщыхъуа адыгэ сабийхэр куэдрэ я нэIэ щIэхуэрт бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Европэми, дунейми, Олимпиадэхэми ехъулIэныгъэшхуэхэр щаIауэ, иужькIэ тренер IэнатIэм пэрыува ди лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэрымыгъэгъуащэу зэрыIыгът, зэрыгъэгушхуэрт, текIуэныгъэхэм хуэкIуэрт.
 Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд япэ ехъулIэныгъэ иныр щызыIэригъэхьар и ныбжьыр илъэс тIощIрэ тхурэ ирикъуа иужькIэщ. 1959 гъэм ар Тыркум и чемпион хъуащ. Ущыпсэу къэралым ущытекIуэныр апхуэдэу мыехъулIэныгъэ инуи къызыщыхъун щыIэщ. АрщхьэкIэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым а лъэхъэнэм Тыркур бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дуней псом щытепщэу зэрыщытар. ИкIи абы и гуп къыхэхам ухэхуэныр хуабжьу нэхъ гугъут, хамэ къэрал куэдым къикIахэр къыздрихьэлIа зэхьэзэхуэхэм ущытекIуэн нэхърэ. Тыркум щытепщэр дуней псоми щылъэщынут. Нэхъыщхьэр абы и гуп къыхэхам хэхуэнырт, къэралым узэрыщынэхъыфIыр къэгъэлъэгъуауэ.
1959 гъэм щыщIэдзауэ Мэхьмуд хузэIуха хъуащ дунейпсо ехъулIэныгъэхэм я бжэр. Тыркум и командэ къыхэхам и щIыхьыр ихъумэу а илъэсым ар щытекIуащ Бейрут щызэхэта ЩIыкурытых тенджыз Iуфэм Iус къэралхэм я зэпеуэм. Абы «олимпиадэ цIыкIукIэ» еджэрт. ИужькIэ а ехъулIэныгъэм къытригъэзэжащ. Щэнейрэ бжьыпэр щиубыдащ Балкан джэгухэм, тIэунейрэ Европэм и вице-чемпион хъуащ. Апхуэдиз текIуэныгъэм игъащIэ псокIэ ирипагэну ирикъунут дэтхэнэ зы бэнакIуэри. АрщхьэкIэ Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд нэхъыбэжыр и плъапIэт, ауэ лIы нэсу щыпсыхьар ахэращ.
Олимп чемпионыгъэм щIэбэныну Мэхьмуд Iэмал хъарзынэ къыхукъуэкIащ 1964 гъэм. Тыркум и командэ къыхэхам хэту ар ягъэкIуат Японием и къалащхьэм. АрщхьэкIэ XVIII Олимп Джэгухэр абы къехъулIакъым.
А зэманым бэнакIуэхэм я зэпеуэр зэрекIуэкIыр иджыпстурейхэм хуэдэутэкъым. Зэхьэзэхуэм къриубыдэу къуэдыуэ баллих къэзыхьар абы къыхагъэкIырт: очко бжыгъэкIэ текIуам - зы балл, зэрытемыгъэкIуамэ - баллитI, очко бжыгъэкIэ къыхагъэщIамэ - баллищ, къабзэу традзамэ - баллиплI къуэдыуэ хуагъэувырт. Къабзэу текIуам и закъуэт зыкIи зэмытхьэкъур. Мэхьмуд зыхэта килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бэнакIуэ тIощIрэ тIурэ кърихьэлIат. ЯпэщIыкIэ абы очко бжыгъэкIэ хигъэщIащ илъэс ипэкIэ къефIэкIа Совет Союзым щыщ Бериашвили Заурбег. АдэкIэ ятекIуащ Алыджым къикIа Иоанидис Стефанос, Пакистаным и лIыкIуэ Башир Мухьэммэд, Аргентинэм щыщ Варио Карлос. Абыхэм псоми ефIэкIа пэтми, къабзэу тридзар зырати, къуэдыуэ баллищ иIэ хъуащ. Японием къикIа Хориути Ивао къыщытекIуэм, зэхьэзэхуэм къыхагъэкIащ. Аргуэрыжьти, медалхэм пэгъуэнэгъу дыдэ хъуами, Iыхьэншэу къэнащ.
Токио щекIуэкIа Олимп Джэгухэмрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым Инджылызым щыIа дунейпсо чемпионатымрэ дерс гъуэзэджэ къыхихащ Мэхьмуд. Зэпеуэ къэс килограммих-блы кIэрызыгъэхун хуей хъу бэнакIуэм и къарур абы щIилъэсыкIырт икIи мурад ищIащ нэхъ хьэлъэхэм я зэпеуэм хэтыну. Арати, дунейпсо зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьа пэтми, килограмм 78-м нэсхэм яхыхьащ. Абы иужькIэщ текIуэныгъэ нэхъ инхэр щызыIэригъэхьар.
Япэр къыщехъулIар 1966 гъэм США-м щыIа дунейпсо чемпионатращ. И хьэлъагъым «езэуэн» хуэмей Мэхьмуд зэпIэзэрыту зэхьэзэхуэм ирихьэлIащ. И хьэрхуэрэгъухэм яхэтт хэгъэрейхэм ящыщ Кауфман, Ираным икIа Техами, Японием и лIыкIуэ Ватанабэ. АрщхьэкIэ, абыхэм къадэкIуэу бэнакIуитху хигъащIэри, адыгэ щIалэр финалым нэсащ. Иджы дыщэ медалыр зыIэригъэхьэн папщIэ къызэринэкIын хуейт дуней псом тIэунейрэ и чемпион совет пелуан гъуэзэджэ Сагарадзе Гурам.
Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд зэрызэпIэзэрытт. И хьэрхуэрэгъу лъэщым къыпикIуэтыну абы зигъэхьэзыртэкъым. КъищынэмыщIауэ, ищIэрт а тIум я зэпэщIэтыныгъэм кърикIуэм зэрелъытар езыхэр зи пашэ Тыркумрэ Совет Союзымрэ я командэ къыхэхахэм гуп зэпеуэм хэт бжьыпэр щиубыдынуми. Ар къигъэдзыхакъым кIэух зэпеуэм ирихьэлIэу температурэ лъагэ иIэ зэрыхъуам. Дохутырхэм къыпаубыдами, ар алэрыбгъум къихьащ. ИкIи псоми наIуэ ящищIащ дуней псом абы хуэдэ зэрытемытыр – дыщэ медалымрэ чемпионыгъэмрэ зыIэригъэхьащ.
КъыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэр Олимп Джэгухэм зыхуэгъэхьэзырыным хухихащ. Ар Мексикэм кIуащ, и ныбжьыр илъэс 34-рэ хъуами, и къарумрэ зэфIэкIымрэ хуабжьу къигъэгугъэу. ЗэкIэлъхьэужьу абы хигъэщIащ США-м, Италием, Кореем, Ираным, Монголием я бэнакIуэ лъэщхэр икIи финалым нэсащ. КIэух зэIущIэм къыщыпэщIэтт Франджым икIа Робен Даниел. Ар хуабжьу бэнакIуэ щIыкIейт, ауэ абыи Iэмал къыхуигъуэтащ адыгэ щIалэм: зэрыщIадзэу ебгъэрыкIуэныгъэ зэкIэлъхьэужь лъэщхэр трикъутэри, Iэнкун ищIащ. АдэкIэ дыщэ медалымрэ Олимп лъагапIэмрэ къыпэплъэрт!
Дуней псоми Олимп Джэгухэми я чемпион, Тыркум и чемпионатым пщыкIутхурэ щытекIуа Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд абы иужькIэ бэнэныр щигъэтащ икIи щIэблэр а спорт лIэужьыгъуэ телъыджэм хуигъасэ хъуащ. Илъэс пщыкIутхукIэ пэрытащ а IэнатIэм икIи щIалэщIэ куэд чемпионыгъэм хуэзышэ гъуэгум тригъэуващ. Абыхэм ди лъэпкъэгъу Iэджи яхэтащ икIи дэтхэнэми жриIэ хабзэт: «Уэ уадыгэщ икIи сыт щыгъуи япэ уитыпхъэщ». Аращ езыри и гъащIэм зытетар.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Мельбурн щытекIуа Къаплъэн ­(Ущхъуэ) Хьэмид.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Хэхэсхэм къахэкIа иужь олимп чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: