Граф Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр

 

Адыгэхьэ. Сурэтыр 1903 гъэм ящIащ.

Мы сурэтыр 1903 гъэм Друри У. Д. и Iэдакъэ­щIэ­кIыу къыдэкIа «Инджы­лыз хьэ лъэпкъхэр» тхы­лъым щыщ пычыгъуэщ.

14-нэ Iыхьэ: Орловым и адыгэ мэлыхъуэхьэр (The Circassian Orloff Wol­fhound). ЩакIуэхьэхэм я щапхъэ гъэщIэгъуэнхэм язщ Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр. Абы теухуауэ куэдым дыщымыгъуазэми, мы тлъагъум и теплъэ бжьыфIэр, и къарур, и псынщIагъыр абы гулъытэ зэрыхуэфащэм щыхьэт тохъуэ. Илъэс пщыкIубл ипэкIэ Абджыпс Сэрейм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм хэтауэ щытащ мы хьэ лъэпкъым и щапхъэ гуа­кIуэхэм язу Замбако М. и Домовой зи цIэр.
Ар хьэ дахащэт. Быдэу, лъагэу, и IэпкълъэпкъкIэ лъэщу, и теплъэкIэ мащIэу Дирхаундым (шотланд ща­кIуэхьэм) ещхьу, абы нэхърэ тIэкIу нэхъ лъахъшэу. И фэр плъыжь-гъуабжа­фэт, цы хъарзыни, хуэIуву, тету. Хьэр континентым щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэ куэдым щытекIуат, езыри нэхъапэм текIуэныгъэ къэ­зыхьа хьэхэм къатехъукIат. (АдэкIэ хьэм и Iэпкълъэп­къым и инагъ-лъагагъыр къребжэкI). Домовой зей езы Замбако зэрыжиIэмкIэ: «Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр Сы­быр хьэджа­фэм и лъэпкъэгъущ, ауэ езыр хэзыгъэщ­хьэхукI гуэр­хэри бгъэ­дэлъщ. Псалъэм папщIэ, и цым, ипщэрей псэущхьэ­хэм зэ­рахабзэу, мыIувыщэу и пкъыр щIеуфэ, цым и кIыхьагъыр дюймитI хъуми аращ. И плIэ лъа­къуитIыр, и щхьэмрэ и куэхэмрэ, и тхы лъабжьэр нэхъ бэлацэщ. И бгъэмрэ и пщэмрэ цыр нэхъ Iуву къытелъщ, пщэдэлъ дэ­лъым хуэдэу. Адыгэ мэлыхъуэхьэм и ­лъакъуэхэр нэхъ зэхуэдэщ икIи нэхъ кIыхьщ, сы­бы­рыхьэм ейм нэхърэ, и щхьэр нэхъ кIэщIщ, и натIэри апхуэдэу лъахъшэкъым, абы къы­хэкIыу и нитIыр нэхъ хуиту маплъэ. ФэкIэ гъуэщ е фIыцIэщ. Мы хьэджафэр сыбы­ры­хьэм елъытауэ ­нэхъ жэрщ, нэхъ гъэсауи къыщIэкIынщ, ауэ тIури ­зибгъэгъусэну фIыщ. Уэркъ хьэл зэрахэлъымрэ я ­теплъэ дахащэмрэ я фIыгъэкIэ мы­быхэм уи хьэ­щIэщри уи унэ щIыхьэпIэри ягъэ­щIэ­ра­щIэ.
Замбако иджыри зэрыжиIэмкIэ, хьэм и фэм и ­гугъу пщIымэ, ар сыт щыгъуи фIыцIафэщ. Нэхъы­бэм гъуэщ е фIыцIэщ, и джабэхэм, и ныбэм е лъакъуэхэм гъуэплъ IэпапIэхэр щыхэт къохъу, гъуэжьыфэ е хужь къыщIэлъадэу.
Адыгэхьэр зезыхуэ гуэрхэм жаIэ ар сыбыр ща­кIуэхьэр арауэ, ипщэ лъэ­ныкъуэкIэ зэрашам и теп­лъэмрэ и щытыкIэмрэ ­яхъуэжа къудейуэ. Ауэ ар хуэгъэфэщэныгъэ къудейщ. Сыбыр хьэджафэри адыгэ мэлыхъуэхьэри дэ ди Дирхаундымрэ Грейхаундымрэ (инджылыз мэлыхъуэхьэ) яхэтыжу псори пасэм щыIа зы хьэ лъэп­къым къытехъукIам нэхъ ещхьщ. Грейхаундым теу­хуа пасэрей кельт лъэпкъ хъыбарыжьым ар псоми я къежьапIэу пIэрэ жыуе­гъэIэ.

 

ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ.
Поделиться: