Адыгэ литературэм и къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэн

Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романым теухуауэ

«Хьет!» жегъэIэ!» псалъэхэр дуней тетыкIэ дахэм дыкъыхуезы­джэу, абы къы­дэкIуэу, цIыхугъэм ­ды­те­мыкIынымкIэ унафэу къытхуэзыгъэна лъэпкъыр, дауи, хуэ­мы­хуа­къым. «Хьет!» жегъэIэ!» къыж­раIамэ, «фIагъкIэ псоми ятекIуэ, лIыгъэ зехьэ» жиIэу къызыгурыIуэ щIэблэ зыгъэсар, дауи, ныбжь зиIэ лъэпкъщ. Ар хьэтхэм я деж къыщежьэу нобэ «адыгэ» фIэ­щыгъэр игъуэ­тыху, сытым зи­хъуэжами, и лъа­пIэныгъэ ­нэхъыщхьэхэр ихъу­мэ­жу къэ­гъуэгурыкIуа лъэп­къращ.

Сыт хуэдэ лъэхъэнэми лъэпкъ нэ­щэ­нэхэм хэкIакъым хэкур фIыуэ лъа­гъуныр, ар хъу­мэ­жыным хуэ­хьэ­зы­рыныр, нэхъыжьым пщIэ хуэ­щIы­ныр, быныр зэпэщу гъэсэныр, ныбжьэгъум хуэпэжыныр. Адыгэ къэралыгъуэ щыIахэм тету яIам къалэн ­нэхъыщхьэу къадэгъуэгуры­кIуащ ­хэкур бийм щыхъу­мэныр, гъунапкъэхэр гъэ­быдэныр, къалъыса щIы кIапэм зегъэуб­гъуныр. Аращ хьэт лъэпкъым и щытыкIари. Гугъэ­зэгъэгъуэщ а дуней жыжьэм и ­щэ­хухэм щыщ «къыт­хуэ­зыгъэп­сэу­жын» ди тхакIуэхэм къазэрыхэкIар. Зи ­гугъу сщIыну сызыхуейр Фырэ-Къаны­къуэ Анфисэ и роман «Хьэтхэр» аращ. Романым щытлъагъур ­пащ­тыхь унагъуэмрэ дзэпщхэмрэ я щы­IэкIар, зэхущытыкIар, зыхущIэкъуа-зы­щIэ­хъуэпсахэр, ар къехъу­лIэным халъхьэ Iэмалхэращ, лъэпкъыр зэи зыхэмыкIа зауэм къызэрыгуэкI зауэлIхэр бжыгъэншэрэ кIуэ­дыкIейуэ зэ­ры­хэкIуадэр, текIуэныгъэ къахьамэ, пащ­ты­хьыр абы нэхъ­ри ин ирихъуауэ къызэ­ре­кIуэ­лIэжыр ди нэгу щыщIигъэкI напэ­кIуэцIхэм дыщрохьэлIэ.
Романыр тхыдэм зэрыпэгъунэ­гъурат нэхъ тегъэщIапIэ сщIынур. Ар къыщожьэ и фIэщыгъэм - «Хьэмтетыгъуэ». Хьэтхэм я пащ­тыхь Мы­вэ­тIалэ зэпымычу мысырхэм пэщIэтын хуейуэ, и хъуреягъкIэ щыIэ ­щIыналъэхэр къизэууэрэ и щIым зригъэуб­гъуу и гъащIэр ихьауэ, иджы и жьыхъугъуэм зэригъэпэща къэралыгъуэр къызы­хуигъэнэн зэримы­Iэм иринэщхъейуэ дыщ­рохьэлIэ тхы­лъым. Ар хуеят зи псантхуэр мыу­зыншэ и къуэ ТIэшуб лъэныкъуэ ­ири­гъэзу, пщыгъуэр и къуэш нэхъыщIэ ­Хьэ­ту­силэ иритыну, ауэ, тхы­лъыр игъэ­хьэ­зырами, пщызэ­хуэсым щыжиIэну хунэмысауэ дунейм ехыжащ. ТIэшуб илъэсиблкIэ къэралыр IэщIэлъауэ, Хьэтусилэ хузэ­фIэ­кIащ абы пщыгъуэр къыIэщIихы­жыну. Абдеж къыщыщIэдзауэщ Хьэт къэралыгъуэм зыужьыныгъэш­хуэ щи­гъуэтар, щихьэмтетыгъуар.
Романым и къыщIэдзапIэм къы­щыхощ хьэтхэм я къалэр мывэ ­блын лъагэхэмкIэ ­къещIэкIауэ, мывэ аслъэнхэр хъумакIуэу ­къалэ дыхьэпIэм Iусу. А блынхэр зэрыщIар ауэ къы­зэ­рыгуэкI мывэтэкъым, дауэ къа­Iэта икIи зэтралъхьэфа, жыуигъэIэу, мы­вэ абрагъуэт. Хьэтхэм мы­вэм къы­­хащIыкIырт тхьэхэм, псэущхьэхэм, цIыхухэм я сурэт. Ухуэ­ныгъэм къыщагъэсэбэпыну тонн 15 зи хьэлъагъ мывэм елэжьыфхэрт, ­къа­­­Iу­щIыхьыфырт, траIущIыкIы­фырт. Къы­рым унэ хащIыхьырт, инагъкIэ Iуэхум хуэкIуэ закъуэмэ, мывэ абрагъуэхэм я щхьэфэр захуэ ящIырти, унэ тращIыхьырт. Мы­вэм зыхуейр къыхащIыкIыныр хьэтхэм ­я дежкIэ бэлыхь зыпыщIа Iуэхутэкъым. Абыхэм зэтралъхьэфа мывэ блынхэр но­бэми ягъэщIагъуэ, апхуэдизкIэ зэхуэгъэ­кIуауэ, зэгъэ­къуауэ зэтелъщи.
Хьэтхэм гъущIым къыхэщIыкIа Iэщэ ­къагъэсэбэпу щIадзат, гъуап­лъэ лъэхъэнэр икIырт. Ар къыхощыж Фырэ-Къаныкъуэм и­ ­романым: «Хьэт къэралыгъуэм къарууэ ­иIэр хуэ­куэстэгухэр къызэгъэп­эщы­ным­рэ дэщI­хэр, афэ джанэхэр нэхъ ­быдэ щIынымрэ ­хуиунэтIащ. АбыкIэ я кIэн къикIауэ жыпIэ хъунут хьэтхэм - мысырхэр гъущIым ири­лэжьэ­фыртэкъыми, афэ джанэ яхуэщIыр­тэкъым. Хьэтхэм куэд щIауэ яхъу­мэрт ­гъущIым зэрелэжьым и щ­э­хухэр». Ахэращ гъущIым Iэщэ къыхащIыкIыу япэ дыдэ ­езыгъэжьар, ахэрат гъущI зэрагъавэм и Iэмалыр къэзыщIар. Абы и щэхур хэIущIыIу щыхъуар Хьэт къэралыгъуэр лъэ­лъэжа нэужьщ.
УмыгъэщIагъуэу къанэркъым ­Хьэт къэ­ралыгъуэм щызекIуа хабзэхэм ящыщу тхыдэ тхылъхэм къы­ща­гъуэтыжу щIэныгъэ­ры­ла­жьэ­хэм щыгъуазэ дызыхуащIыжар «Хьэтхэр» романым убгъуауэ къызэ­ры­хэщыжыр. ТхакIуэр, дауи, а зэман жыжьэм куууэ хы­хьащ, абы къыщыхъуа-къыщыщIа псори «и фэм иригъэкIащ», гурэ псэкIэ «яхэтащ», ап­хуэдэу «нэрылъагъуу» хьэт лIы­хъужь­­хэр ди нэгу къыщыщIигъэувэфкIэ.
«Хьэтейм зэи зыри щыпалъэртэкъым, ­щаукIыртэкъым, къуаншагъэ ялэжьами. АтIэ, тезыркIэ зэфIэкIырт Iуэхур: ахъшэшхуэ ирагъэтырт е лэжьыгъэ хьэлъэ гуэр ­хуагъэфащэрт» - щыжеIэ романым.
Iеймрэ фIымрэ, пэжымрэ пцIым­рэ зэ­хэгъэкIыным мыхьэнэшхуэ ­иратырт хьэт-хэм. НэгъуэщIым лей езыхар къэгъазэ имыIэу ягъэ­къуаншэрт, я фIэщ хъурт илэжьа ­къуаншагъэм пэкIуэу Тхьэм и нэлат къылъысыну, ауэ абы лъыщIэж ирамы­щIылIэныр IуэхуфIу щыIэм я нэхъыщхьэу ­хабзэ щыIэт. Щапхъэу къэтхь хъунущ Те­лепину пщым и псалъэу тхыдэ тхылъхэм ­ихуар: «ЖиIащ пщы Телепину езыр зыу­кIыну хуея бийхэм щхьэкIэ: «Ирепсэу ахэр, ирефэ, ирешхэ. Телепину абы­хэм Iей лъэпкъ якIэлъызэрихьэнукъым. Сэ аращ сытым ­дежи жысIэр: сэ лей къызэзыхахэм есхы­жыну сыхущIэкъуркъым». ЗэпэщIэуваитIым щыщу текIуэр щIытекIуэр пэжыр абы и лъэныкъуэм зэрыщыIэр арауэ къалъытэрт. Ари зы гуп­сысэкIэ хьэлэмэтт. Зы­теуэ щIыналъэхэми хабзэ гуэр хэлъу бгъэ­дэувэрт хьэтхэр: щыпсэу лъэпкъхэм ­зы­къатмэ, щхьэхуимыт ящIырт, ауэ яукIыртэкъым, псэууэ къагъанэрт. Зыкъы­пэ­щIа­сэмэ, зауэ гуащIэ иращIылIэрт, щысхь­рабгъу хэ­мылъу.
Хьэтусилэ и гъащIэр романым къыз­э­рыхэщыжым куэдкIэ тохуэ. Богазкей дэфтэр хъумапIэм и къе­кIуэкIыкIар езым итхыжауэ тхылъ щIэлъщ. Ар апхуэдизкIэ зэгъэ­кIуауэ, дахэу итхыжащи, абы къеджэжа щIэныгъэ­ры­лажьэхэм ягъэ­щIа­гъуэу жаIэ: мыпхуэдэ тхэкIэ, ­псалъэ къэгъэ­сэ­бэпыкIэ зиIа лъэп­къым екIуу зэфIэува ли­тературэ зэраIам шэч хэлъкъым.
Хьэтусилэ щысабийм сымаджэ­рилэу зэ­рыщытари, шыхъуэ къалэныр зэриIари, Iэштэр и тхьэунэм ирату къызэрыщыхъуари пэжым тетщ. Хьэт къэралыгъуэм и ­ищ­хъэрэ къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ щIыналъэхэм я унафэщIу ягъэу­ва Хьэтуси­лэ и гъунэгъу къашкъэ лъэпкъыр дарэгъу ­къищIын хузэ­фIэкIати, пащтыхь хъууэ зэ­уэ­ным щыхыхьам, ахэр къыкъуэуват. Амурру пщыгъуэм и пащтыхьу ­фирхьэуным дзыхь зыхуищI Вындэшынэ тригъэуват, ауэ ар ­­хьэтхэм яубыдри щхьэхуимыт ящIауэ, ­Хьэкъмыс къагъэкIуат, Хьэтусилэ и нэIэ тету игъэпсэун хуейуэ. Жыжьэ плъэ цIыхути, ар зы зэман къызэ­ры­хуэсэбэпыжынур ­къы­гурыIуэри, ­гъунэгъу зыхуищIат, езым и пхъур абы щхьэгъусэу иритащ, Вындэшынэ и пхъур нысэ ищIащ. Пэжуи, пщыгъуэр иу­быдынымкIэ сэбэпыш­хуэ къыхуэхъуат ­Вындэшынэ, ауэ езыри хилъэфакъым - и пщы­гъуэу щ­ыта Амуррэ хьэт щIыналъэ ­хъуа­гъэххэти, къыIэщIилъхьэжат. Хьэтусилэ и фIыжыIэгъухэр къызэщIиIэтэу ТIэшуб тридзари, пщыгъуэр езым иубыдари пэжым тетщ. Абы хузэфIэкIащ МывэтIалэ и ­къуэ ТIэшуб тридзу щIыпIэ жыжьэ игъэ­Iэп­хъуэну, езыр пащтыхь тахътэм итIысхьэну.
МывэтIалэ пащтыхь ахъырзэмант, ауэ зекIуэ жыжьэхэм къэтыху и ­хэкум щыщ Iыхьэ, Хьэтуссэ къалэри хиубыдэу, къашкъэхэм яубыдати, арат къалащхьэр щIигъэIэпхъуар. Иджы а лъэпкъыр Хьэтусилэ и лъэныкъуэ къищIыфати, арагъэнущ ухуэ­ныгъэхэр иригъэкIуэкIыу къыщIигъэ­щIэ­­рэщIэжыфар. Хьэкъмыс щыIа и IуэхущIапIэри псэупIэри абы къихьыжри къалащхьэ ищIыжащ. Мис апхуэдэу къэхъунум ­егуп­сыс, абы елъытауэ зи чэзу Iуэхур зэфIэзых цIыхуу тхыдэми къыхощ, романми къыщыгъэлъэгъуэжащ а пащты­хьыр. ­ЗауэлIхэр Iэщэ-фащэкIэ зэ­щIэу­зэдэн, бийм зэрефIэкIын Iэ­щэщIэ къэгупсысын, зауэ ­IэнатIэм щыIухьэнум, бийр хигъэщIэн папщIэ къэсэбэпыну Iущыгъэ-бзаджагъэу ­хилъхьэнур къэгъуэтын, махуэщIэ къэхъуамэ, и къалэн игъэзащIэу и щIыналъэр ­къы­зэхикIухьын, цIыхухэм тыгъэхэр яхуищIу, я фIы­щIэ къилэжьу - аращ а пащтыхьым и ­гъащIэр зытеухуауэ щытар.
Романым узригъэгупсысхэм ящыщщ пащ­тыхь унагъуэм къралъ­хуэ сабийхэм насы­пыфIэ къазэ­ры­хэ­мыкIыр. Псом хуэмыдэу пхъухэм я гъащIэм езыхэм, куэдми мащIэми, унафэ тращIыхьыжыфыркъым. А зэман жы­жьэу Хьэт къэралыгъуэр щыщыIами а Iуэхур нэ­гъуэщIакъым. Ар хыдолъагъу Хьэ­тусилэрэ Дэдейрэ я бынхэм. Япхъу курыт Нэптерэ и дахагъыр Iуплъэр зыхьэхущ. Балигъ хъуа хъыджэбзым гухэлъ хуищIащ Хьэ­тусилэ зи вакъуэ адэ Алэдамэ. Ар мэуэт ­пщы унагъуэм къыхэкIами, ­хъунщIакIуэу тенджызым тетхэм ­къаубыдри, хьэтхэм пщылIу къра­щащи, и лIыгъи, цIыхугъи, ­уна­гъуэм яхуиIэ пэжы­ныгъэри пэлъэ­щынукъым Хьэ­тусилэ и пхъур къриты­ным. Пщыгъуэм лъа­гъуныгъэ ищIэр­къым, ищIэр фейдэщи, Хьэ­тусилэ дежкIэ фейдэт ипхъу тхьэIухудыр Рамзес II иритрэ яку илъ зэныкъуэкъу кIэн­шэр игъэувыIэмэ. ТхыдэмкIэ зыдгъа­зэмэ, а ­зэманым хьэтхэр нэхъыбэу къэзыгъэ­гузавэр Ащыр къэралыгъуэрат (Ассирие). Ащырым ипщ Сэлмэ­нэсэр Ермэлы бгы­лъэ­хэм куууэ къы­хыхьэрт, Евфрат аузым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ хьэтыщIхэм къы­щы­хуеIэу. Хьэтусилэ Митанейм ипщ Шаттуару II дэIэпыкъурт, Сэлмэнэсэр абы и ­щIы­налъэм щыхигъащIэмэ, езым деж къэ­сынутэкъыми, ауэ текIуар Сэлмэнэсэрщ. Абы Ащы­рыр зэтрикъутауэ Къаркъэмыш къы­зэрыхуеIэм игъэпсынщIащ хьэтхэр мысырхэм гурыIуэжыныр, Бабы­лейм (Ва­вилон) яхуиIа пыщIэныгъэр зэтрауб­лэжыныр. Хьэт къэралы­гъуэр зейхэм ­къа­хуэнэжыным Iэмал хэлъхьэн хуейт. ­Мис а щытыкIэ гу­гъум ит Хьэтусилэщ Фырэ-Къаны­къуэ Анфисэ пщызэхуэсым къы­щигъэпсэлъар. Абы жиIар къэрал унафэщI гупсысэ зыхэлъщ, уи гур зыгъэузыр нэхъыбэми: «...Тхыдэм къытхуигъэгъунукъым, къэралы­гъуэр Рамзес еттмэ. Хы Курытри ­тенджыз ФIыцIэри хуит хуэхъунущ итIанэ. Аращи, фирхьэуныр благъэ сщIырэ фIыкIэ сыгурыIуэмэ, си ­лъахэр бэIутIэIум ­щыс­хъумэнущ. Мардэ икIыпIэщ мы Iуэхур, си ныбжьэгъухэ. Сыхуейщ мыбдеж ­къе­кIуэлIахэр псори Мысырым сутIыпщыну лIыкIуэхэм фахэтыну. Нэптерэ Мысырым фшэуэ, фирхьэуным зэгурыIуэныгъэ еф­щIы­лIэу, хъыбарыфIхэр къысхуэфхьу фы­къекIуэлIэжыну. Аращ си унафэр. Тхуэ­фIыну!»
Я гъащIэм и унафэ езыхэм зэ­ра­мы­щIыжынум щIапIыкIырт пщыпхъухэр. Зы­хуейм зэрырамытынур, лъагъуныгъэм ­ихьми, зыри абы елъы­тауэ зэрыщымытынур пасэу ­гурагъаIуэрт. Романым къыхощ Хьэтусилэ ипхъухэм ар фIыуэ зэрап­къ­­рыхьар: «… Мес, Къейшэху и щхьэгъусэр ди адэм и ныбжьщ. УдэкIуэн хуейщ жаIа- ти, «хъунщ» жиIэу и щхьэр игъэщхъа ­мы­хъумэ, зы псалъэ къыфIигъэкIакъым. Аращ дэри къытпэщылъыр. Ар пщып­хъухэм ди зэхуэдэ гукъеуэщ, ди лъагъуныгъэ щэхур ди гум ибэмпIыхьу ди гъащIэр тхьынущ, - нэщ­хъей къэхъужащ Нэптерэ.
- Умынэщхъей, си шыпхъу дахэ, си гур уогъэуз, - Нэптерэ и Iэблэр Тэшмий еубыд …»
СыткIэ ящIэнт зэшыпхъуитIри апхуэдэ дыдэу ныбжь зиIэ Рамзес II илъэсий я зэхуакуу щхьэгъусэу ира­ты­ну…
Аратэкъэ ахэр къэзылъхуа анэм и Iуэхури зэрыщытар?
Зи гурылъыр къыхуэзыIуэта ипхъу Нэптерэ егъэIущ Дэдей: «Сэри фи адэр сцIы­хуакъым сыкъыдэкIуэн ипэ. Сыкъратын ипэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ. Сэри сиIащ лъа­гъуныгъэ щэху, - и набдзэ лъэныкъуэр ­дришейри, щхьэгъубжэм дэплъащ гуа­щэр. - Ауэ, плъагъурэ, Хьэтусилэ фIы­уэ слъэ­гъуащ, сызэгуэуду сы­къратами. Ар езы цIыхухъум елъы­тауэ аращ, фIыуэ плъа­гъунрэ пхуэ­мылъагъунрэ. Фи адэр цIыху ­щабэт, хьэлэлт, къысщысхьырт, сыкъыгу­рыIуэрт. Плъагъурэ, езыми куэд и нэгу щIэкIат, куэд игъэвати, фIым и уасэр ищIэрт. Арати, и цIыхуфIагъымкIэ, и щабагъымкIэ, и щытыкIэ дахэмкIэ сыкъыдихьэхащ».
Ауэ Дэдей хуэдэу, къэралыгъуэм и къэкIуэным тращIыхьурэ имы­цIы­хуххам, имылъэгъуам ират псоми я гъащIэм лъа­гъуныгъэ къыхыхьэртэкъым. Пщыгъуэм и фейдэм текIуэдахэм я щапхъэу романым ­къы­щыгъэлъэгъуащ ТIэшуб и щхьэгъусэ Зэнзей. Ар зыIут IэнатIэр гугъэбэгщ: «ТIэшуб и жэщгъуэлъхэр къриджауэ, хэт жызум къыжьэдилъ­хьэу, хэт къедэхащIэу, хэти санэплъ къыхуригъахъуэу зэхэст, дунеижьым къыщыхъур къафIэмыIуэхуу. Зэнзей пщыр илъагъуну къыщы­щIы­хьэм, абы къригубжьащ:
- ФыщIэкIыт зэрыщыту! - жиIэри, бжэб­лыпкъым къиуващ.
ЦIыхубзхэр абы хуеплъэкIырт,­ пы­гу­фIыкIыу  щIэнакIэу.
- ФыщIэкI, жысIакъэ?! - Зэнзей и макъым зыщригъэIэтым, ТIэшуб и щхьэр ищIащ, «фыкIуэ» жыхуиIэу…»
Урысым «дахэу укъамылъхуу, насыпыфIэу укъалъхутэм» жы­хуиIэм хуэдэщ пщы­хэм япхъухэм я гъащIэр. Наптерэ и да­хагъым ит­хьэкъуа Рамзес II цIэщIэ къы­фIищат - МэIэтхъэрнефрурэ (дыгъэм хуэдэу дахэ), адрей и щхьэгъусэ къо­мым химыгъэгъуащэу, нэхъыщхьэ ищIат. Нэптерэ тхьэIухуду зэрыщы­там шэч къытозы­мыгъэхьэщ тхыдэ тхыгъэхэм абы и гугъу къыхэнар: «Зиусхьэным къилъэгъуащ абы и ­теплъэ Тхьэхэм ещхь зыщIыр. Ар къэ­хъугъэ телъыджэт, зэи зыми имылъэгъуа хьэлэмэтт, псалъэкIэ пхужымыIэнт, зы ­тхыгъи зэи къы­хэмыщат… Фирхьэуным ар адрей и щхьэгъусэхэм нэхърэ нэхъыфIу илъэ­гъуащ».
Нэптерэ фирхьэуным зэрыратынур, Алэдамэ зэи зэримылъагъужынур къыщищIэм, мурад ищIащ адэми, Рамзеси, убзапщIэу зэры­ратми я нэхейкIэ зы жэщ насыпы­фIэну. А жэщыр дихьащ фIыуэ илъагъу щIалэм. ЕкIуркъым, тIури ­къуан­шэщ. ТIури Хьэтусилэ ебэкъуащ, хабзэм елъэ­пэуащ, я нэмыс яIыгъыжакъым, укIытэ ­ящIэ­­жакъым. Ауэ апхуэдиз тегушхуэныгъэ зыхэлъ адэм и пхъур хуэмыхь щытыкIэм ­ирагъэувэмэ, сытми еба­къуэу зыгуэр хуэгъэшыну къысщохъу. Къэ­рал абрагъуэр зыIэригъэхьэу зэ­ры­зэ­щIи­Iыгъэн къарурэ лIыгъэрэ зыхэлъ Хьэ­тусилэ и пхъум къэу­къубеин хьэл-щэни къы­лъы­къуэ­кIыфынут. ДэкIуэнущ зратым, ап­хуэ­дэщ ­къе­­кIуэкIри. Ауэ езыми хуитыныгъэ зретыж и дзыгъуэ джанэр фIыуэ илъа­гъум щригъэхыну. Псэуху аращ абы насыпкIэ зэджэм щыщу игъэунэхунури, игу къигъэкIыжыну игъуэтынури. Арагъэнщ щIыпIэ жы­жьэм, ­хамэ цIыхухэм ядихьыну гъащIэр къыдэзыгъэпсынщIэнур.
Алэдамэ, Хьэтусейм щыщхьэ­хуимытми, Мэуэтейм щыпщыкъуэт, ауэ дэнэ щымыщами, пэжыныгъэ, лIыгъэ, хахуагъэкIэ сыт хуэдэ фIыщIэ къимылэжьами, Нэптерэ и насып хэхуэнутэкъым, а пщащэр къэ­ралитIыр зэхуэфIыным и уасэти. Арат Хьэтусей къэралыгъуэм дежкIи абы и пащтыхь Хьэтусилэ дежкIи мыхьэнэ зиIэр, армы­хъу­мэ ныбжьыщIитIым я гурыщIэм и кууа­гъ­ратэкъым.
Рамзес жьы хъуат Хьэтусилэ ипхъу нэхъыщIэ Тэшмий мылъкушхуэ дэ­щIыгъуу щыхурагъэшам. Нобэрей гъащIэм дипсэлъыкIмэ, «ар дауэ, мы сабийр мо ­лIыжьми? Зэшып­хъуитIми зы щхьэгъусэ яIэуи?» жы­тIэнущ. Ауэ а зэманым шордакъым къеплъых пщым илъагъум елъытат ищI унафэри. Сытыт Хьэтусилэ илъа­гъур? И псэм тыншыгъуэ къримыту, и щхьэр игъэуз зэпыту и гум илъ гупсысэ­хэмкIэ пащтыхьыр ­къа­догуашэ зэхэшэм ­кърихьэлIа и дзэпщхэм: «Сыт хуэдиз зауэ къы­зэднэкIа? Сыт хуэдиз гъащIэ яхьа а ­зауэхэм! Сыт хуэдиз насып зэтра­къута абыхэм! Зауэ нэужьыр хьэ­дагъэщи, анэ­хэмрэ щхьэгъусэхэмрэ я нэпсыр мыгъущ щIыкIэ, зеин­шэу къэна, къэжэпхъа ­къуэхэмрэ ­къуэрылъхухэмрэ ирагъажьэу ды­къогъуэгурыкIуэ. Ди щIыр къытхуэнэ- жа щхьэкIэ, дэ езыр мащIэ ­дыхъуащ. Лъэпкъыр кIуэдыжыгъуэ диувауэ жыпIэ хъунущ. Сыхуейкъым си адэжьхэм нобэм къашэса къэралыгъуэр яжьэ хъужыну, си ­пагагъэм текIуэдэжыну, си лъэп­къэгъухэм я кхъащхьэм фирхьэунхэм уардэ Iуащхьэ тращIыхьыну. Си пхъур сыгуIэу естрэ си гур си бгъэм ирисхьэжмэ нэхъыфIщ. АбыкIэ ­зауэр къэзгъэувыIэнщ, нэхъыжьхэм нэхъы­щIэхэр щIалъхьэжу зыми ­илъагъужынкъым, - зыпэрыс Iэнэм IэштIымкIэ теуащ пщы къызэщIэп­лъар».
А зэман жыжьэм щегъэжьауэ ­зауэхэр ­зэ­рызэхаублэри зэрырагъэ­кIуэкIри абы на­сы­пыншагъэу къишэр ­къагурыIуэ защIэурэщ. Ауэ ар Iэмалт, хамэщI яубыду я щIы­налъэм зрагъэубгъунумэ. Къазэуа къэра­лыгъуэхэр къахъунщIэмэ, ар Iэмалт къулей ирихъуну. Абы и цIыху щхьэ­хуимыт ящIахэр лэжьакIуэт, я щхьэ къаIэтыну, мыа­рэзыныгъэ къагъэ­лъэгъуэну зы Iэмали ямы­Iэу. Арати, зы къэралыр адрейм теуэрт.
Зауэм ущышынэну, гущыкI хуэп­щIыну ­ирокъу романым къыщыгъэ­лъэгъуа Рамзес II и сурэтыр: «Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр, выщIэ губжьам хуэдэу, зауэ губгъуэм ­щыуфэразэ фирхьэунрат. Къамы­лы­фэу щытауэ умыщIэжу, абы и щIы­фэр хьэт ­зауэлIхэм къащIэжа лъым дыхьэрэну ириIат, и IитIми яIэ­щIэлъ джыдэ зырызым лъыр къыпыткIуу, езыр бауэбапщэу щытт ар, бийм и лъэныкъуэмкIэ плъэуэ. Къэ­гъази икIуэти ищIэжыртэкъым. Рамзес быдэу игу ирилъхьат: абы е и хьэдэр нобэ Къуэдэш къыщинэнут, е МывэтIалэ и къэралыгъуэр иубы­дынут».
Къуэдэш зауэр къэхъуа Iуэхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр къагъуэтыжащ, и екIуэкIыкIари зэфIагъэувэжащ щIэ­ныгъэры­ла­жьэхэм. А зауэм теухуауэ «япэ дыдэ е иужь дыдэ къэхъуат» зыху­жы­пIэн Iуэхугъуэхэм щыгъуазэ дащI тхыдэ тхылъ ­къагъуэтыжахэм. Хьэтхэри мысырхэри зыхэта зауэхэм ­ящыщу япэ дыдэу тхыгъэм къыхэ­щыжар Къуэдэш деж щекIуэкIаращ. Хьэтхэмрэ мысырхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэращ япэ дыдэу зэзэуа лъэ­ныкъуитIыр иризэ­кIужауэ тхыдэм ищIэр. ИкIи а ­зауэращ гъуаплъэм и зэманым ­екIуэ­кIа иужьрей дыдэ зауэр.
Къуэдэш зауэр МывэтIалэ иригъэкIуэкIащ, зэгурыIуэныгъэр щы­зэр­ащIылIар Хьэтусилэ и тетыгъуэращ. Ди лъэхъэнэм ипэ­кIэ ХIV лIэ­щIыгъуэм и кIэт, ХIII и пэт.
И къэралыгъуэр лъэщ хъуным, ар хъу­мэжыным сыт хуэдэ Iэмалри хэзылъхьэ, и быным и насыпри абы щхьэузыхь хуэзыщIу романым ­къы­хэщ Хьэтусилэ тхылъым и лIыхъужьу мыхъуу, дунейм тета пащ­тыхьу, дзэм я гъуазэу деплъмэ, и бий нэхъыщхьэхэр здэщыIар и уна­гъуэрат. Абы и къуэхэр къепцIыжыну хьэзырт, ипхъурати, адэм пэщIэувэжри, абы и бийуэ цIыхум закъригъэIэтыну хэтат. МывэтIалэ и гъуэгум ирикIуэу, и быныр тригъэкIуэтри, Хьэтусилэ пщыгъуэр къыхуигъэнат и пхъурылъху Мурсилэ, япэщIыкIэ ­къуэ ищIри. ЛIыгъэрэ тегушхуэныгъэкIэ ар хуэфащэт Хьэтусилэ, абы и щыхьэтщ къэхъункIэ хъуну уи фIэщ щIыгъуейуэ хузэфIэкIар - Вавилон къищтащ, мылъкуу яIэр ­къришащ, я тхьэ скъархэр къишэри, езым и гъунапкъэхэр яхъумэну ­Iуигъэуващ. Ауэ Мурсилэ дзэпщ Iэзэу, и къэралыр нэхъ лъэщ зэри­щIыным хущIэкъуу псэуами, и малъхъэ Хьэнтилэ хузэ­фIэкIащ и щыкъу щIалэ пащтыхьыр иукIыу тетыгъуэр зыIэщIилъхьэну. Хьэнтилэ и теты­гъуэм и къуэхэм я анэр яукIыжащ. Пщы­гъуэр зылъысын хуея и къуэр и малъхъэ Цыдэнтэ, Мурсилэ щиу­кIым къыдэIэпы­къуам, къиукIри, езым пщыгъуэр иубыдащ. Нэхъ Iеижрати, Цыдэнтэ къилъхуа и ­къуэ Аммунэ къиукIыжащ, и пIэм иу­вэ­ным папщIэ. Аммунэ и ажалкIэ ­лIат, ауэ и къуэхэр яукIащ. Апхуэдиз зэ­ныкъуэкъурэ лъы­гъажэрэ зи яку дэлъхэм къэрал Iуэху зэра­хуакъым. Хьэт къэралыгъуэм и щIыналъэхэр зыхуэубыдым яубыдащ.
Илъэс тIощIрэ тхум нэскIэ пщыгъуэр зыIыгъа Хьэтусилэ зауэм хэт защIэу и гъащIэр ихьат, нэхъыбэми те­кIуат, Мурсили абы къыкIэрымыхуу лъэрызехьат, ауэ ахэр щымып­сэу­жым, зэрагъэпэща къэралыш­хуэр тын­шу лъэлъэжащ. Иужь къинахэм пщы­гъуэр зэрызыIэрагъэхьэн гъэп­цIагъэ къагупсысу фIэкIа, къахуэна къэралыгъуэ лъэщыр зэрахъумэн гупсыси зэфIэкIи ­къалъыкъуэкIакъым: зыр зым иукIыжырт, зыр адрейм епцIыжырт.
Романым къыхощ апхуэдэ зэны­къуэкъу сытым щыгъуи зэрыщыIар. МывэтIалэрэ Хьэтусилэрэ я анэр IэщIэкIуэдат тажнанэм - щхъухь ирихьат. МывэтIалэ пщыгъуэр къы­щы­лъысам, Хьэтусилэ абы пэувыну ­зигъэхьэзыру гурыщхъуэ хуащIат, ауэ пыухыкIауэ илэжьа Iуэху гуэри утыку къахуэмыщIу хэкIат. Хьэтусилэ и зэран емыкIами, МывэтIалэ къы­хуиухатэкъым и а­­жалкIэ лIэжыну. Дигу къэдгъэкIыжынти Хьэтусилэрэ хьэпсым ирадза Вындэшынэрэ я псалъэмакъыр:
«- Псом япэрауэ, МывэтIалэ и ажалкIэ ­лIакъым. Ди пщышхуэм щхъухь ирахьэлIащ зэман кIыхькIэ. ЗэшэзэпIэу къытехуэу мылIэну, ­игъэ­сымэджэн хуэдэу, - и макъым зри­мыгъэIэтыщэу, зыгуэрым зэхихынкIэ шынэу мэпсалъэ Вындэ­шынэ.
- Сыт мы жыпIэр?! Хэт зыгъэ­лIар?- къэуIэбжьащ и нэщхьыр зэ­хэлъу абы щхьэщыт Хьэтусилэ.
- УмыщIэ хуэдэ…
- Хэт зыгъэлIар? - щIокIие.
- Щэхуу! Тхьэхэр узогъэлъэIу, щэ­хуу! Зэанэзэкъуэращ зыгъэлIар, Шэтэндурэ ТIэшубрэ».
Шэтэнду езыр щтэращтэ къудейт, гуащэ нэхъыщхьэу МывэтIалэ ­бгъу­рытыну къы­хуихуатэкъым. Ауэ Мы­вэтIалэ бгъурыт Гуа­щэлей имыIэу зы насып иIэт - пщым къуэ къы­хуилъхуат. ЦIыхубзыр хуейт ар насыпыфIэ ищIыну, и къуэр адэм и пIэ иувауэ илъагъуну. Къэрал Iуэхур япэ изыгъэщ МывэтIалэ и къуэр лъэпкъылI зэрымыхъуар и нэгу щIэкIырти, хабзэмкIэ къызылъысыпхъэр арами, хуейтэкъым абы Хьэт къэра­лыгъуэр къыхуигъэнэну. Гу ­лъитат езыр зы­хуейм хуэдэ лIыгъэрэ гупсысэ узыншэрэ къызылъы­къуэкIынур и къуэш Хьэтусилэу зэ­рыщытым. Хабзэм зэхъуэкIыныгъэ ­хилъхьэу ТIэшуб лъэныкъуэ иригъэзыну мурад зыщIам Шэтэнду щысхьакъым, мащIэ-мащIэурэ ­гын и шхыным хухилъхьэурэ лI­э­ным нигъэсащ.
Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Шэ­тэнду и бынщ къызыщхьэщыжар. Ар, езыми зэ­рыжиIащи, анэ хуэ­мы­хутэкъым. И къуэр къылъысыпхъэм хигъэкIыжыну, хабзэр ­зы­хъуэжыр а цIыхубзым дежкIэ бийт, ар а къуэм и адэу щытми. Шэтэнду сытым щы­гъуи ТIэшуб бгъурытщ, и нэIэ тригъэтщ, ­къыгуроIуэ щIалэм и акъылым куэд зэ­рыху­­зэмыгъэ­зэхуэнур, аращи, къэхъум елъы­тауэ чэнджэщ иритыну хьэзырщ. Шэтэнду иIэр анэ гупсысэкIэщи, Хьэт къэралыгъуэр и къуэм еин хуейщ, ­хузехьэн-хуземыхьэным емылъы­тауэ. Щогугъ езыр дэIэпыкъуэгъуу иIэмэ, пщыгъуэр яхуэхъумэну. Шэ­тэнду насыпым пэIэщIэ зыщIар зы­хуигъэфащэ увыпIэр МывэтIалэ деж зэрыщимыгъуэта­рати, нэхъуеиншэу щIэхъуэпсырт и гъащIэм щыщIар и ­къуэм деж щыз щищIыжыну. Абы­кIэ зэран хъуну къыщыхъухэр и ­гъуэгум трихыну хьэзырт: Хьэтусилэ иригъэу­кIыну мурад иIэт, Дэдейрэ Нэптерэрэ лIыукIхэр гъуэгум къащыпигъэтIысат. Шэ­тэнду бзаджащIэщ, гущIэгъу зымыщIэщ, инатщ, ауэ ар зыхэпсэукI зэманымрэ зэса зэхэтыкIэмрэ къыхиха щытыкIэу аращ. И ­къуэр пащтыхь тахътэм иригъэтIысхьэу езыми и гъащIэм и ­къутахуэхэр зэкIэригъэп­щIэжыным папщIэ абы, хьэрэмрэ хьэлэлкIэ зэхимыдзу, сыт хуэдэ Iэмалри къигъэ­сэ­бэпынут. Езыр къагъэсэбэпакъэ? Щтэращтэу пащтыхьым къы­щы­хуашэм хэт еупщIар, пфIэIэфIыну апхуэдэ псэукIэр хьэмэрэ узы­­хуэмей, жаIэу? МывэтIалэ и щIэщыгъуэр икIыу къимылъы­хъуэ­жыххэ щыхъуами, иIакъым хуиты­ныгъэ, щхьэ укъысхуэщIыIэ, жиIэу еупщIыну. Мыхьэнэ гуэр иIэу зыкъыщыхъужыным, унафэ къы­хуащI зэ­пыту мыхъуу, езым ищIыфу хъу­нымкIэ и къуэращ и хэкIыпIэр.
Хьэтусилэ сыт и лъэны­къуэкIи цIыху зэпэщу къигъэлъэ­гъуащ тхакIуэм, ауэ тхыдэм и пэжым тетыну хущIэкъурти, гурыщхъуэ ­хуозыгъэщI гуэрхэр къыхэмы­хьэу къэнакъым. Псалъэм папщIэ, ар и ­къуэшым пэувыну хэту гурыщхъуэ ­щы­хуащIам, Iуэхур къыдэзыхами Хьэтусилэ жэуап ирагъэтыну нык­ъуэкъуахэми МывэтIалэ яхэтакъым, ­едауэртэкъым и ­къуэшым. Зыр зым кIэ­лъыплъыжу, дзыхь жыхуаIэр ямыщIэу зэ­хэт гупым абы зыгуэркIэ гу лъамытауэ кърахьэжьауэ къы­щIэкIынтэкъым а псалъэмакъыр. НэгъуэщI гуитIщхьитI узыщIи хэтщ абы и унафэхэм. Пщыгъуэр къы­зытриха ТIэшуб къэ­ра­лыгъуэш­хуэм и зы щIыналъэ цIыкIу унафэщIу егъакIуэ, и анэри дэщIы­гъуу. ­Абы хуэдэ жыжьэрыплъэ политикым дежкIэ гугъутэкъым апхуэдэ дуней ТIэшуби Шэ­тэндуи зэрамыдэнур къыгурыIуэну. И нэщIыбагъкIэ зыри къыкIэлъызэрамыхьэну тхьэ­рыIуэ ири­гъэщIами, ищIэрт Iэмал имыIэу ялъ ящIэжыну яужь зэрихьэнур. ­Къуаншагъэ нэрылъагъукIэ утыку къэхъумэ, ар щхьэусыгъуэ хъарзынэ хъунут зэанэзэ­къуэр зэи къыздимыкIыжын щIыпIэ игъа­кIуэу, езым игурэ и щхьэрэ зэтелъу псэу­нымкIэ. ЦIыхущхьэм и уасэр здэпуд зэхэты­кIэм сыткIи захуагъэм тет, хабзэр ­къ­э­­зымыкъутэ, щысхь зыщIэ уна­фэщI къы­щыбгъуэтыныр гугъу хъуну къыщIэкIынщ, ауэ зэман къэс езым и хабзэ егъэувыжри, а зэма­ным хэпсэукIхэм дежкIэ пэжыр аращ.
Романыр тхыдэм къыхэкIа хъыбар пэжу къыпщызыгъэхъухэм ящыщщ лIыхъужьхэм я цIэ дыдэхэр тхакIуэм адыгэ жыIэкIэм къы­зэрыригъэтIэсар. Хьэтусилэ - Хаттусили III, МывэтIалэ - Муваталли II, Урхи-Тешшуб - ТIэшуб, Вендишена - Вындэ­шынэ, Наптера - Нэптерэ, Кадеш - Къуэдэш, Хакмис - Хьэкъ­мыс …
Романыр зэрытха бзэм еджэгъуа­фIэщ, зи гугъу ищIыр уи нэгу къыщIегъэхьэф, лIы­хъужьхэм зэм я гурыгъузыр ящхьэщыпхыу, зэм я гукъы­дэжыр ядэпIыгъыу, зэми щыуагъэ гуэрым щыпхъумэну чэнджэщ епту, къемыхъулIэмкIэ уадэгузавэу ура­гъусэщ, я гъащIэр къадыбогъащIэ. «Хьэтхэр» пщIэ къэзылэжь тхылъщ, иужьрей зэманым адыгэ литературэм къыщыхъуа нэхъ къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнщ.
Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ тхакIуэ щIалэщ. Мыпхуэдэ тхыдэ Iуэхугъуэшхуэм зрипщыту тхылъеджэм игу нэсын дуней къыщигъэ­щIакIэ, дыщогугъ адэкIи «Хьэтхэм» пимыкIуэтын тхыгъэкIэ. Апхуэдэуи гъэщIэ­гъуэн хъунут, и къалэмыр хьэтхэм иджыри яхуигъэлэжьатэмэ.

 

ХЬЭЦIЫКIУ Рае, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться:

Читать также: