Бийр жылэм щыдэтам

1942 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ 1943 гъэм щIышылэм и 3 пщIондэ зэрыпхъуакIуэхэм Къэхъун яIэщIэлъащ. Биидзэм нэхъыбэу хэтыр румынхэрт. Арауэ къыщIэкIынущ хьэкIэкхъуэкIагъэ куэд щIызэрамыхьари. АрщхьэкIэ унафэр зыIэщIэлъ офицерхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу нэмыцэхэт.

КЪЫДЫХЬЫНЫМ махуэ зыбгъупщI иIэжу щIадзэри, къуажэм кхъухьлъатэхэмкIэ лагъымхэр къыдадзэу, топкIэ къыдэуэу хуежьащ. Абыхэм я зэранкIэ хэкIуэдащ Жамборэ ХьэтIохъущыкъуэ, ХьэхъупащIэ Жанзилэт и сабийр игъусэу.
Къэхъуныр зэраубыду фашистхэм зэхуэс ящIри, къуажэ унафэщIхэр, цIыху пщыкIуз хъууэ, храгъэхащ. Колхоз мылъкумрэ щIымрэ зыгуэшыжыну комиссэ къызэрагъэпэщри, щхьэж хилъхьам елъытауэ ахэр ятыжащ. Хьэлэмэтращи, а Iуэхум нэмыцэхэр IейкIи фIыкIи хэIэбакъым.
А зэманым псэуахэм къызэраIуэтэжымкIэ, сэлэтхэм Iэбэлъабэ яхэлъу, къуажэм щыфыщIэу офицерхэм ядэртэкъым. Уеблэмэ, ерыскъыхэкI хуей хъуамэ, ар абыхэм я деж къыщащэхурт.
Зэгуэрым бзэгу яхьащ, партым жыджэру хэта, къулыкъу зыIыгъа цIыху зыбжанэ къуажэм къыдэнауэ икIи абыхэм я спискэр комендатурэм Iэрагъэхьащ. АрщхьэкIэ жылэри полицайуэ ягъэувахэри зэхыхьэри ахэр кърагъэлащ. Нэмыцэхэм жраIащ къулыкъущIэу щытахэр псори къуажэм дэкIауэ, хэти фронтым щыIэу, хэти партизанхэм яхыхьауэ, адрей къэнахэр лэжьакIуэжьхэу. Ар я фIэщ хъуащ икIи нэмыцэхэр къуажэм зэрыдэса лъэхъэнэм къриубыдэу зы цIыхуи яукIакъым.
Къэхъун хуит къащIыжын папщIэ зауэ щхьэхуэ екIуэкIакъым. Ди дзэхэр гъунэгъу къыщыхъум, фашистхэр 1943 гъэм щIышылэм и 3-м и пщэдджыжьым дэкIыжащ. А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм дыдейхэр къуажэм къыдыхьэжащ.
ИужькIэ къызэрабжыжамкIэ, нэмыцэхэр пIалъэкIэ щыдэсам къуажэм хэщIыныгъэу сом мелуан 16 игъуэтащ, абы щыщу сом мелуан 14,5-р колхоз мылъкум хэщIащ. Нэхъыбэу ар къызыхэкIар жылагъуэ Iэщхэр унагъуэхэм трагуэшэжу языныкъуэхэр зэраIэщIэшхыхьарщ. Фашистхэм гъэтIылъыпIэ ящIа, Шыпшхэ я унэу щытам, щыдэкIыжым мафIэ щIадзэри ягъэсащ.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: