АЛИЙ И МЫВЭ

А мыващхъуэ иныр куэдым ялъэгъуащ. Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ №2-м декIуэкI нэпкъышхуэм, ищхъэрабгъукIэ ихуэу, ноби джабэм кIэрылъщ ар. Ар адрей мывэхэм емыщхьу жыпIэ хъунущ, зэремыщхьри абы телъ «дыркъуэхэмкIэщ». Ар ди лъахэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр зэман кIэщIкIэ щита лъэхъэнэм Хьэрэкхъуэрэ Iуащхьэм теса фашистхэм я шэм тридза уIэгъэщ. Ауэ а мывэр адыгэбзэкIэ къэпсэлъатэмэ, шэч хэмылъу, псом япэ ди усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэм и цIэр къриIуэнт.
… 1933 гъэрщ. Дунейр гъуэжь дахэ хъууэ хуежьат. Уэгу къащхъуэм кIуэцIрыпсыкI дыгъэм и бзийхэр псэм ехуэбылIэу щIылъэм гуапэу къритырт. Мывэшхуэм и лъабжьэм кIэщIэст и IэфIагъыр, дунейм и дахагъыр гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ щIалэ гуэр. Гупсысэ куум зэрыхэтыр IупщIу и нэгум къищу, блокнот IэщIэлъым мыпIащIэу итхыхьырт:
Дыгъуасэ махуэхэм я пшагъуэр
Зеикъуэм нуркIэ нэсащ,
ЩIэныгъэ нэхур щыдэпсэм,
ПсэукIэ дахэр лыдащ.
Бахъсэн псы ябгэм и усэм
Абы и бынхэр екIуащ.
КIыфIыгъэ бзаджэр ялIыным
Псори зэщIыгъуу хуежьащ…

Къэрэндащыпэр тхылъымпIэм тоцIэфт. ИкIэм-икIэжым, иужьрей сатырхэр нетхыс. Алий и щхьэр къеIэтыжри, и бгъэм щызу мэбауэ. Абы и нэр топлъызэ и лъабжьэкIэ къыщыт унэ кIыхьым. Унэм здеплъым, усакIуэм и гум къыдожеиж мы сатырхэр:
Сыту нэсауэ Зеикъуэм
И вагъуэ пэжхэр нэхуа!

Уэзджынэ къеуащ. Еджэн зыуха еджакIуэ цIыкIухэр гуфIэу, зэрызехьэу еджапIэшхуэм къыщIэкIыжхэри, уэрам-уэрамхэм зыдагуэшэжащ. Сабийхэм ягъуэта насып иным тригъэгупсысыкIауэ здэщысым, Алий имыщIэххэу къыбгъэдыхьащ щIалэ зэкIуж щхьэпэлъагэ. Ар а еджапIэм и егъэджакIуэ Шафий Абдурэхьимт.
- ЗэрыслъагъумкIэ, Алий, хэхъуэ уиIэщ, - къыпыгуфIыкIыу жиIащ абы.
- Апхуэдэу щхьэ хуэбгъэфащэрэ?
- Нэгур гум и гъуджэщ, пIэщIэлъ блокнотри абы щыхьэт тохъуэ. Дзыхь къысхуэпщIмэ, сегъэдаIуэт нобэ уи къалэмыпэр пызыхъукIам…
ЗэныбжьэгъуитIыр зэбгъурытIысхьащ. Алий тIэкIурэ зрилъэфыхьа иужь, и ныбжьэгъур «Си махуитI гъащIэ» усэм иригъэдэIуащ.
- Дэгъуэщ! ИкъукIэ усыгъэ хьэлэмэтщ! – зэрыпIейтеяр хущIэмыуфэу жиIащ Абдурэхьим икIи Алий и Iэр быдэу икъузри, къыщIигъужащ.
- Апхуэдэ усэфI ди къуажэ теухуауэ зэрыптхам папщIэ сыткIэ иджы уи цIэр дгъэлъэпIэн? Ирехъу апхуэдэу… Уэ фIыуэ плъагъу мы мывэжьым, зи лъабжьэм а усэ хьэлэмэтыр щыптхам, уи цIэр фIэтщынщ… Алий и мывэ… Дауэ къыпщыхъурэ?
ЗэныбжьэгъуитIри дыхьэшхащ. Ауэ асыхьэтым Алий гу лъитащ:
- Iейкъым, зы мывэкIэ нэхъ мыхъуми, мы дунеишхуэм уи цIэр фIыкIэ къытебнэну…
ЩОДЖЭНЦIЫКIУ Алийрэ Шафий Абдурэхьимрэ щызэрыцIыхуауэ щытащ анэдэлъхубзэкIэ езыгъаджэхэм я зэIущIэм, Бахъсэн деж. Абы щыгъуэ и опыт гъэщIэгъуэным теухуауэ Абдурэхьим егъэджакIуэхэм я пащхьэм къыщыпсэлъат. АкъылыфI, зэхэщIыкIышхуэ зиIэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр ЩоджэнцIыкIум игу ирихьат. Абы къыдэкIуэу, Алийрэ Абдурэхьимрэ зэныбжь къудейм къыщымынэу, я хьэл-щэнкIи зэтехуэрт. Абдурэхьим сыт щыгъуи зэщIэкъуат, цIыхугъэшхуэ хэлът, и къалэн имыгъэзэщIауэ псэхугъуэ ищIэртэкъым.
А тIур нэхъри гъунэгъу щызэхуэхъуар Алий Бахъсэн районом щылэжьаращ. Зеикъуэ дапщэрэ къэмыкIуами, ЩоджэнцIыкIур здеблагъэу щытар и ныбжьэгъу Шафий Абдурэхьим и дежт. Абдурэхьим и къуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шафий Хьэчим, Зеикъуэ курыт еджапIэм куэдрэ и директору щытам, игу къигъэкIыжырт:
- Сэ фIыуэ сощIэж си адэм и ныбжьэгъу пэжа ЩоджэнцIыкIу Алий. Ар ди деж куэдрэ къакIуэу щытащ. Абы щыгъуэ сэ еджапIэм сыщIэст. Алий нэмысышхуэ хэлът. Дэ абы къытхуихьырт къэрэндащ, дэфтэр, тхылъ. Си къуэш нэхъыщIэ Хьэсэнрэ (ари еджакIуэт) сэрэ къэкIуэху къыджиIэрт: «Феджэ, феджэ фIыуэ. Си ныбжьэгъум, фи адэм, еджар фIыуэ елъагъу. Фэ егъэджакIуэфI, щIэныгъэлI къыфхэкIын хуейщ». ПщыхьэщхьэкIэрэ ахэр куэдрэ щыст. Iэджэм тепсэлъыхьырт, гумрэ псэмрэ дыхьэу уэршэрырт. Алий усэхэм къеджэрт, ди адэр абы дихьэхауэ едаIуэрт. Зэзэмызэ ахэр щызэдауи щыIэт. СощIэж, зэгуэрым ахэр нэхущ хъуху псалъэу щысауэ…
Шафий Абдурэхьим егъэджакIуэу щылэжьа пэщIэдзэ еджапIэр а зэманым щапхъэ зытрахыу Бахъсэн районым итащ. И лэжьыгъэмкIэ абы дэIэпыкъуэгъуфI къыхуэхъурт ЩоджэнцIыкIур. А зэманым пэщIэдзэ классхэм щезыгъэджа зеикъуэдэсхэу Шэхъ Къэралбийрэ Куп Мусэрэ ягу къызэрагъэкIыжамкIэ, Абдурэхьим жиIэу щытащ: «Алий икъукIэ акъылышхуэ зыхэлъщ. Ар иджыпсту къызэрацIыху щыIэкъым, ауэ, фымыпIащIэ, мыгувэу наIуэ хъунщ абы и лъэкIыныгъэр. Ар зи къаруи зи гъащIи емыблэжу бэм хуэлажьэ цIыхущ. Хьэлэлщ, псэ щабэщ, ауэ мыхъумыщIэ илъагъу хъуркъым».
ЗэныбжьэгъуитIым я гъащIэр мащIэу къыщIэкIащ. Я гуращэ дахэм IэкIэ темыIэбэу, я псалъэр ныкъуэжыIэу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ тIури. Алийрэ Абдурэхьимрэ зыщIэхъуэпса нэхугъэр нобэ нэрылъагъу хъуащ. ЩIэныгъэм и дыгъэ лъакъуэр Зеикъуэм хуиту щыуващ. ЩIэныгъэхэм я доктору, кандидату 50-м щIигъу ди къуажэм къыдэкIащ.
… КЪЭБЭРДЕЙ-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ щезыгъаджэу щыта ЩоджэнцIыкIу Лиуан Алий и къуэм Зеикъуэ щIалэ абы щеджэхэм зэгуэр зыхуагъэзат:
- Лиуан, уэ уи гуапэ хъун зы Iуэху бжетIэнут, абы ущымыгъуазэу ди гугъэщи…
Абдеж Алий и мывэм теухуа хъыбарыр щIалэхэм Лиуан хуаIуэтащ.
- Тхьэм фигъэпсэу, щIалэфIхэ, сэ Iэмал имыIэу а мывэр зэзгъэлъагъунщ, - къигъэгугъащ Лиуан, зэхихар гуапэ зэрыщыхъуар и нэгум къищу.
Куэд дэмыкIыу Зеикъуэ къэкIуауэ щытащ Лиуан, и шыпхъу Ленэ щIыгъуу, икIи ахэр япэу зыхуэзауэ щытар я адэ цIэрыIуэм и ныбжьэгъуа Абдурэхьим и къуэ Шафий Хьэчимщ. Алий и мывэм ахэр куэдрэ бгъэдэтащ, гуапэуи Iэ далъащ, я адэр я нэгу къыщIагъэхьэжу.
Зауае бзаджэм и уIэгъэмрэ (биишэ мащIи техуакъым абы) зэманым и лъэужьымрэ нэпкъыжьэ хэмыгъуэщэжу къызытена Алий и мывэр иджыри джабэм кIэрылъщ. Илъэс 67-рэ ипэкIэ зэрыщытам хуэдэу, абы къыщхьэщыт уафэр ноби къащхъуэщ, мывэ лъабжьэм гуфIэгъуэр зи нэгум къилыдыкI сабийхэр щоджэгу.
Мыващхъуэ иныр къыпщохъу хуэзэшу и хьэщIэ лъапIэхэм, пэплъэ хуэдэщ ар Алий и усэ жьгъырухэм.

ХЪУПСЫРДЖЭН Хьэмидбий, АБЫТIЭ Хьэжмурат. Зеикъуэ къуажэ. 2000 гъэ
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ