Курп Ищхъэрэ гъуэгур зэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэм щолэжь.

2020 гъэм щIадзащ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуитIрэ щIыпIи 6-рэ зэрагъэпэщыжын.
Абыхэм ящыщщ Тэрч районым хыхьэ Дей къуажэм къыщыщIэдзауэ Курп Ищхъэрэ нэс кIуэ гъуэгур зыхуей хуэгъэзэныр. А гъуэгум Къэбэрдей-Балъкъэрыр япещIэ Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ингуш республикэхэм.
Километр 26-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур щIыпIищу зэпаудауэ йолэжь. Абы щыщу зыхуей хуагъэзащ километр 16-р, 2020 гъэм иджыри километри 4,05-рэ зэрагъэпэщыжынущ.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также: