ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

МЫ МАХУЭХЭМ

Накъыгъэм и 7, махуэку

Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар щагъэлъапIэ Урысейм, Армением, Белоруссием.
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1992 гъэм УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэмрэ IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
Къэзахъстаным щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр
1755 гъэм зэхэтащ Москва университетыр къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Иджыпсту ар Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетырщ.
1780 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм Санкт-Петербург иритащ а къалэм хуригъэщIа гербыр.
1895 гъэм урыс инженер Попов Александр япэ радиоприемник къигупсысащ.
1927 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и япэ нэтынхэм щIидзащ.
1985 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ фадафэхэм, фадэ IэрыщI щIэзыгъэжхэм ебэныным теухуауэ.
1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
1990 гъэм КъБР-м и Адыгэ Хасэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1840 гъэм къалъхуащ урыс композитор, дирижёр, зи IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм нобэми яфIэтелъыджэ Чайковский Пётр.
1861 гъэм къалъхуащ Индием щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Тагор Рабиндранат.
1903 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Заболоцкий Николай.
1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир.
1940 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ мэкъумэш лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Инэмыкъуэ КIунац.
1950 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ.
1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къудей Владимир.
1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ ДыщэкI Соня.
1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI ПщыхьэщIэ Хьэсэнбий.

Накъыгъэм и 8, мэрем

Жор Плъыжьымрэ Мазэ Ныкъуэ ЩхъуантIэмрэ я дунейпсо махуэщ
Фэеплъымрэ зэкIужынымрэ я дунейпсо махуэщ. Ар хуэгъэпсащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым.
1945 гъэм фашист Германием псалъэмакъыншэу зыкъызэритыр къыщыгъэлъэгъуа кIэух актым Iэ щытрадзащ Берлин пэмыжыжьэ Карлсхорст щIыпIэм. А махуэр ТекIуэныгъэм и махуэу ягъэуващ.
1949 гъэм Германием и щыхьэр Берлин и Трептов-паркым къыщызэIуахащ а къалэм щыхэкIуэда совет сэлэтхэм я фэеплъ.
1965 гъэм СССР-м щагъэуващ «Къалэ-лIыхъужь» цIэ лъапIэр. А махуэ дыдэм а цIэр хуагъэфэщауэ щытащ Ленинград (иджы Санкт-Петербургщ), Сталинград (иджы Волгоградщ), Севастополь, Одессэ, Киев, Москва къалэхэм. Брест быдапIэм «БыдапIэ-лIыхъужь» фIащауэ щытащ.
1967 гъэм «Сэлэт МыцIыхум и Фэеплъ» архитектурнэ ансамблыр Кремлым и блыным деж къыщызэIуахащ.
1884 гъэм къалъхуащ США-м и 33-нэ президенту (1945 - 1953 гъэхэм) щыта Трумэн Гарри.
1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нэгъуей Беслъэн.

1943 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ, Урысейм щIыхь зиIэ и дохутыр Хьэжмусэ Лидие.
1947 гъэм къалъхуащ Мексикэм и къалащхьэ Мехикэ 1968 гъэм щекIуэкIа ХIХ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм лъакъуэрыгъажэмкIэ чемпион щыхъуа Шыхъуэ Борис.
1953 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Хьэсбий.
1962 гъэм къалъхуащ урысей продюсер, режиссёр Тодоровский Валерий.

Накъыгъэм и 9, щэбэт

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И МАХУЭЩ
Щыпсэу щIыпIэхэр зыхъуэж бзухэм я дунейпсо махуэщ
Захуагъэм тету сату щIыным и дунейпсо махуэщ
Европэм и махуэщ
1944 гъэм Севастополь къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1945 гъэм ягъэуващ «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр.
1994 гъэм Жуковым и орденымрэ Жуковым и медалымрэ ягъэуващ.
2006 гъэм Урысейм къыщащтащ «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр.
1910 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыд Хьэжмусэ.
1912 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Куэстэнэ Дмитрий.
1918 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, прозаик Щхьэплъокъуэ Хьисэ.
1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, композитор, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Окуджавэ Булат.
1927 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и связист Ефэнды Батий.
1931 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пэнагуэ Азэмэтджэрий.
1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Сэкрэк Мухьэдин.
1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Атэлыкъ Къэралбий.
1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс бзэщIэныгъэлI, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Зэуал.
1967 гъэм къалъхуащ урысей актёр, режиссёр, продюсер Бондарчук Фёдор.

Накъыгъэм и 10, тхьэмахуэ

Беларусь Республикэм и къэрал ныпымрэ гербымрэ я махуэщ
1906 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм лэжьэн щIидзащ.
1917 гъэм Урысейм и Тхылъ палатэр къызэрагъэпэщащ.
1978 гъэм Одессэ техын щыщIадзащ «Место встречи изменить нельзя» фильмыр, совет цIыхубэм нэхъыфI дыдэу ялъагъухэм ящыщ хъуауэ щытар.
1916 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир.
1929 гъэм къалъхуащ УсакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупщы Лолэ.
1930 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, АПСН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бузар Ким.
1937 гъэм адыгэ литературовед, критик, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамий Руслан.
1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ ХьэцIыкIу Хьэсэн.
1938 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Шапсыгъ Хьэсэн.
1938 гъэм къалъхуащ франджы актрисэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Высоцкий Владимир и щхьэгъусэу щыта Влади Маринэ.
1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн Мухьэмэд.
1945 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгей къэрал университетым и профессор Понэж Увжыкъуэ.
1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ Къуныжь ХьэIишэт.
1955 гъэм къалъхуащ «Что? Где? Когда?» джэгу-зэпеуэм и магистр, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Друзь Александр.
1956 гъэм къалъхуащ тележурналист, ОРТ телеканалым и япэ унафэщIу щыта Листьев Владислав.
1967 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и дохутыр Аслъэн Ахьмэд.

Накъыгъэм и 11, блыщхьэ

868 гъэм Китайм къыщыдагъэкIащ зэрыбкIэ тедза япэ тхылъыр.
1927 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ киногъуазджэмкIэ академие. Къэралым щытраха фильм нэхъыфIхэм щыджэгуахэми абыхэм елэжьахэми «Оскар» саугъэтыр иратыныр къыхэзылъхьар аращ.
1934 гъэм КъБР-м ПромышленностымкIэ и управленэ къызэрагъэпэщащ.
1939 гъэм Халхин-Гол (Монголие) псым деж IэщэкIэ щызэпэщIэуващ СССР-мрэ Япониемрэ я дзэхэр.
1945 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ Чехословакием и щыхьэр Прагэ.
1949 гъэм Израилыр Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) хыхьащ.
2014 гъэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм щекIуэкIащ езыхэм я къэралыгъуэ яIэжыным унафэ щытращIыхьа референдум.
1810 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI, Петербург художествэхэмкIэ и академием и вице-президенту щыта, Кавказым мызэ-мытIэу щыIа икIи ди щIыналъэм, ди цIыхухэм ятеухуа сурэтхэр зыщIа Гагарин Григорий.
1864 гъэм къалъхуащ Ирландием щыщ тхакIуэ, «Овод» роман цIэрыIуэр зи IэдакъэщIэкI Войнич Этель Лилиан.
1904 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ, тхакIуэ Дали Сальвадор.
1921 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Евтушенкэ Николай.
1931 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор АфэщIыж Марат.
1937 гъэм къалъхуащ куржы кинорежиссёр, актёр, Куржым и цIыхубэ артист Шенгелая Георгий.
1961 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, Урысей Федерацэм и полицэм и генерал, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор Колокольцев Владимир.
1963 гъэм къалъхуащ урысей продюсер, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ Меладзе Константин.
1969 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI, республикэм щIыхь зиIэ и экономист Мусуков Алий.

Накъыгъэм и 12, гъубж

Медсестрам и дунейпсо махуэщ
ЩIыуэпсым теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и махуэщ
1731 гъэм Ладогэ псыдэжыпIэм кхъухьхэр щызекIуэу хуежьащ.
1945 гъэм советыдзэхэм Прагэ къалэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1975 гъэм СССР-м и кинотеатрхэм щагъэлъагъуэу щIадзащ Бондарчук Сергей Шолохов Михаил и романыр и лъабжьэу триха «Они сражались за Родину» фильмыр. Къэралым щыпсэухэм ящыщу мелуан 40-м щIигъу еплъат абы.
1916 гъэм къалъхуащ мэкъумэш IэнатIэм и унафэщI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр (ПIатIэ).
1917 гъэм къалъхуащ Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат.
1933 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, тхакIуэ, архитектор, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Вознесенский Андрей.
1935 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий.
1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, IуэрыIуатэдж, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Брат Хьэсин.
1983 гъэм къалъхуащ урысей гимнасткэ цIэрыIуэ, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм я чемпионкэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Кабаевэ Алинэ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Анэм и гуэныхьыр пхуэпшыныжкъым, уи Iэгу джэдыкIэ хуибгъэжьыхьми.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр