Джылахъстэнейр мэхасэ

ЩIышылэм и 28-м Тэрч щIы­налъэм щекIуэкIащ Джы­лахъстэней Адыгэ ­Ха­сэм 2019 гъэм зэфIи-гъэ­кIа­хэмрэ илъэсыщIэм къы­пэщылъхэмрэ ятеухуа зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблагъэри хэтащ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэ­фIыцIэ Му­хьэмэд, Тэрч ­район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэхъы­жьыфIхэр, дин лэ­жьа­кIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым къызэхуэ­сахэр щыгъуазэ ищIащ блэкIа гъэм я зэгухьэныгъэм илэ­жьахэм. Ахэр бзэр хъу­мэным, хабзэр екIуу зехьэным, ар щIэблэм яхэп­щэным, адыгэм и махуэ ­лъапIэхэр, цIыху цIэрыIуэхэр гъэлъэпIэным хуэу­нэтIащ. Хасэ тхьэмадэм и къэп­сэлъэныгъэм къы­хи­гъэ­­ща дауэдапщэхэм ящыщщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» Iуэху дахэр. Гъэ ­кIуам абы хэтащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зэрихьэу Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-мрэ лицей №1-мрэ. ЩIалэгъуалэм а зэпеуэм къыщагъэлъэгъуа зэ­фIэкI дахэхэм лъэпкъым къэкIуэну узын­шэ зэриIэм    гугъэфI­хэр уагъэщIырт. Хасэм и нэIэ щIэту екIуу ира­гъэ­кIуэ­кIахэм ящыщщ «Адыгэ хабзэ» проектыр. Абы лъэп­къым и фIыгъуэ мыкIуэщIыжу къалъытэхэр ди щIэблэм ящIэнымкIэ, я гумрэ я псэмрэ а псор хэпщауэ къэгъэ­тэ­джынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр шэ­чыншэщ. Ахъсорым къигъэлъэгъуащ ЩIалэгъуа­лэ парламентым кърихьэжьа а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр икIи Тэрч щIыналъэми абы телэжьэн щIалэ­гъуалэ гуп къы­щызэра­гъэ­пэ­щы­ныр  зэ­ры­фIэи­гъуэр.
Афганистаным щызэуа­хэм я махуэр, Гъэрэ ЩIырэ щызэхэкIыр, Адыгэ ны­пым и махуэр, Хэку зауэшхуэм те­кIуэныгъэ къы­щытхьа махуэр, Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэр сыт щыгъуи ­гулъытэ хэха  зыхуэщIыпхъэхэщ.
- ЩIыналъэм щыпсэу дэтхэнэми гукъинэж щыхъуащ фокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр Iэтауэ ди деж зэрыщыдгъэ­лъэпIар. Абы кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэм хэта ди къуэш­хэри. Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ уэрамхэм уэру къыдыхьа цIыхухэм уащы­хэплъэкIэ гур хигъахъуэрт. Ар щIагъэбыдэжырт ады­гэбзэкIэ псалъэу къекIуэлIа ныбжьыщIэхэм, абыхэм яхэлъ гъэсэныгъэ дахэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм, IэрыкI телъыджэхэм, нэ­гъуэщI куэдми. «Адэжь щIыналъэу си псэм и плъапIэ» фIэщыгъэм щIэту уэрэдрэ къа­фэкIэ зэхэухуэнауэ махуэр зэраухыжа концертри гуимыхужт.
КъыкIэлъыкIуэу хасэр ­хэтащ нэхъыжьыфIхэм я махуэр гъэлъэпIэным. ЩIы­налъэм, къуажэхэм дэс­ хьэрычэтыщIэхэм я фIы­гъэкIэ нэхъыжьхэм саугъэт щхьэпэхэмкIэ яхуэгуэпащ. ГъэщIэгъуэн хъуат «Акъыл жан», «Адыгэ щауэ» зэпеуэхэр. Хасэм гулъы­тэншэ ищIакъым Анэхэм я ду­нейпсо махуэри.
Ахъсорым и къэпсэлъэ­ныгъэм и кIэухыу, щIыналъэ къуажэ хасэхэм щIа­лэгъуалэм драгъэкIуэкI лэ­жьыгъэр щIа­гъэхуэбжьэн хуейуэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ.
- Зым и дежкIи щэхукъым  лъэпкъым и къэкIуэнур и щIэблэм зэрелъытар. Абы къыхэкIыу 2020 гъэм ды­зэрылэжьэну дгъэпса пла­ным щIалэгъуалэм гулъытэ хэха щыхудощI.
ЗэIущIэм къыщыпсэ­лъащ­ щIыналъэм хыхьэ ­къуа­жэ-
хэ­­м­ я Адыгэ Хасэхэм­ я тхьэмадэхэр. Абыхэм къа­гъэ­лъэгъуащ зэфIагъэкI Iуэху­хэр, дауэдапщэ­хэр, гукъеуэ зиIэхэми ябзыщIакъым.
Болэтей къуажэм я хасэ тхьэмадэ Ныбэжь Мышэ      и къэпсэлъэныгъэр бзэр ­хъ­умэнымкIэ, ар щIэблэм яIэ­щIэмыхунымкIэ хэкIы­пIэу илъа­гъухэмкIэ ядэгуэшащ къы­з­эхуэсахэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, бзэр ди щIэблэм Iумпэм зэращIым и щхьэу­сыгъуэр куэдщ, а Iуэхур зи пщэрылъ дэтхэнэми (уна­гъуэ, сабий гъэсапIэ, еджапIэхэм) лэжьыгъэ IыхьэфI къы­лъосри, зыми Iэпэдэгъэлэл ищI хъунукъым. Адыгэ ­къуа­жэхэм дэт курыт еджапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэ­хэр, дауэдапщэхэр зэфэзэщу урысыбзэкIэ зэ­ры­ра­гъэкIуэкIыр зи гу­къеуэ нэхъыжьым хузэ­фIэкIащ ­зы­къомыр ады­гэбзэм три­гъэхьэжын. «Абы къи­кIыр­къым сэ уры­сыбзэм срибийуэ, хьэуэ, бзитIри зэ­хуэ­дэу пщIэныр ехъу­лIэ­ны­гъэфIщ, дызыхэс ­къэ­­ралым и бзэр зумыгъэ­щIэныр щIэ­ныгъэншагъэщ, уи анэ­дэлъ­­хубзэр умы­щIэжыныр еп­цIыжыныгъэщ», - жиIащ абы.
Бзэр щIэблэм къегъэщтэжыным и зы хэкIыпIэу Ныбэжьым къыхилъхьахэм ящыщщ курыт еджапIэр къэзыуххэм Iэмал имыIэу ятын хуей экзаменхэм адыгэбзэмрэ литературэм­рэ хэгъэхьэнри.
Инарыкъуей къыщаIэта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм я ­         гугъу ищIащ Джэрмэшык ­Къаз­бэч.
Къуажэдэсхэм я гукъеуэм фIыуэ щыгъуазэ хасэ тхьэмадэхэр щIым и Iуэ­хум, псым, гузэвэгъуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр зэ­хуэдэу, хьэ­дэIус (сэдэкъэ) гуэшы­ным егъэлея хэмыту зы унафэ къэщтэным теп­сэ­лъыхьащ. Абей къуажэм и лIыкIуэхэм я къэпсэлъэ­ны­гъэм щыжаIащ Тэрчып­сыр гъунапкъэм къы­зэ­ры­дэ­кIуейр, псыдзэр ­къа­щIэ-
уэмэ, къуажэм тхьэ­мыщ­кIагъэшхуэ къызэры­хуи­хьынур, ар къэмыхъун ­папщIэ икIэщIыпIэкIэ псы Iуфэхэр гъэбыдэн зэры­хуейр. Ауэ Iуэхуракъэ, ­къуа­жэдэсхэм я гукъеуэр зыми зэхимых хуэдэщ…
Тэрч щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Се­мэн Пщыкъан щIыналъэ хасэм и пщэрылъ къалэнхэр ­фIы дыдэу къехъулIэу къызэрилъытэр жиIащ, тхьэма­дэ­хэм я лэжьыгъэр дяпэкIэ ирагъэфIэкIуэнымкIэ езы­хэр сэбэп хъуну зэрыхьэ­зырри дыщIигъужащ. ­ЩIэб­лэр хэкупсэу, лъэп­къыпсэу гъэсэным и мы­хьэнэр зэрылъагэр, ди нэхъыжьыфIхэм яхуэ­фэ­щэн щIэблэ диIэныр псоми я зэхуэдэ къалэну зэры­щы­тыр къыхигъэщащ абы и псалъэхэм. Унагъуэхэм щызекIуэ хабзэмрэ адэ-анэм  я быным зэрепсалъэ бзэм­рэ псом хуэмыдэу зэригъэгузавэр жиIащ Семэным.
ЩIыналъэм хыхьэ ха­сэхэм я лэжьыгъэм нэIуасэ хуащIа иужь, псалъэ зрата ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жи­Iащ Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм и щIыналъэ къудамэ­хэм ящыщу зи лэжьыгъэр нэхъ ехъулIэу къе­зы­хьэлIэм Джылахъстэнейр зэры­щы­щыр. Бзэр щIэблэм яIэ­щIэ­мыхунымкIэ, хабзэр хъу­мэ­нымкIэ, лъэпкъ Iэу­жь­хэр егъэ­фIэ­кIуэнымкIэ хэ­кIы­пIэхэмкIэ ядэгуэшащ Хьэ­фIыцIэр къызэхуэсахэм. Апхуэдэуи Къэбэрдей Ха­сэм и лэжьыгъэм, абы япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэми щыгъуа­зэ ищIащ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щIы­налъэ биб­лиотекэхэмрэ хасэ ­тхьэ­­мадэхэмрэ яритащ «Чер­кесика» серием хыхьэу Хасэм иужьрей зэманым къыдигъэкIа тхылъхэр.

Сурэтхэр  Къарей Элинэ  трихащ.

 

 

 

Ахъсор Хьэлым

 

 

 

КIэрэф  Мурадин 

 

 

 

Джэрмэшык  Къазбэч 

 

 

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд 

 

 

 

Семэн Пщыкъан

 

 

 

 

Джылахъстэней Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ МэшылI Анзор

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: