Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ
Лъахэм хуэпэж цIыхур сыт щыгъуи лъагъуныгъэ гуащIэкIэ епхащ щалъхуа щIыпIэм. И къуажэр абы и гум щыхыхьа, Iэпкълъэпкъ псом щыпкърыхьа гурыщIэрщ Хэкум хуищI лъагъуныгъэшхуэм хэкIыпIэ хуэхъури.
И ЖЫЛЭЖЬ Аушыджэрщ (Дыгъужьыкъуей) усакIуэ щэджащэ Бицу Анатолэ япэ дыдэу щызыхищIар гуащIэдэкIым и къарур, ижькIэрэ вакIуэ пщIэнтIэпс шыугъэр зыщIэзыфа щIылъэ-анэм и IэфIагъыр. Абдежщ къыщищIар абы гуащIэдэкIым нэхъ къарууфIэ, нэхъ жан, гу хьэлэл узэрищIыр.
Толэ пасэу дунейм еплъыкIэ щхьэхуэ хуигъуэтащ. УсакIуэ гуэрым зэ зэрыжиIауэ, «уафэм и хъуаскIэр хьэпцIий пакIэм» хилъагъуэ хъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, и гущIэм усакIуэ къыщыушащ. И гум къыщыхъеящ дунейм и уафэгъуагъуэри и даущ мащIэ дыдэри зэхозыгъэх, плъыфэу щыIэм нэр езыгъэплъ, накъыгъэм къыпих мэ гуакIуэр къыпщIезыгъэхьэ гурыщIэ лъэщ. Бицум тхэн щIидзащ етхуанэ классым щIэсу, ебланэм нэсауэ и япэ усэр газетым къытрадзащ.
Аушыджэр курыт еджапIэр къиуха нэужь, Анатолэ ди университетым и адыгэ къудамэм щIотIысхьэ, етIуанэ курсым иужькIэ Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым щоджэ. Абы Толэ нэIуасэ щыхуохъу усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ. Аращ Бицум и усэхэр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIыу щIэзыдзар. «Iуащхьэмахуэ щхьэщыт лэгъупыкъу» псалъащхьэм щIэту «Дружба народов» журналым 1968 гъэм къытехуа усэ IэрамэшхуэмкIэ Анатолэ союзпсо тхылъеджэм и пащхьэ ихьауэ щытащ. Усэхэр урысыбзэм шэрыуэу иригъэтIэсат Къэшэжым. Мы IуэхумкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлът тедзэныр къызэзыгъэпэща, абы псалъапэ гуапэ хуэзытха КIыщокъуэ Алим...
ЕплIанэ курсым щеджэу Анатолэ Налшык къыщыдигъэкIащ и япэ усэ тхылъыр. Абы фIищауэ щытащ щIагъыбзэ зыщIэлъ цIэ: «ГуфIапщIэ». ЩIагъыбзэу абы щIэлърат: «Сымис, хъыбар фызогъащIэ. ГъащIэм сыпсэуну, сытхэну къызита насыпым и пщIэу си гуащIэдэкIыр фи пащхьэ изолъхьэ». Ар зэхахащ тхылъеджэхэми. Критикхэми гу лъатащ абы усакIуэ цIэр зэрыхуэфащэм.
Бицу Толэ и етIуанэ тхылъыр, «Зы дакъикъэ» зыфIищар, усэ фIыуэ зылъагъухэм яIэрыхьащ 1971 гъэм.
ТхылъыщIэр усакIуэм и Iэзагъэм зэрыхэхъуам и гъуджэт. Абы еджахэм гу лъатащ усэхэр зи IэдакъэщIэкIыр гъащIэм куу дыдэу зэрыпхыплъыфым, цIыхум и гуфIэгъуи гурыгъуи езым ей дыдэм хуэдэу зэрызыхищIэм.
1971 гъэм Литературэ институтыр къеухри, Аушыджэр щыщ щIалэм Налшык къегъэзэж. ИкIи абы къыщыщIэдзауэ илъэс 42-кIэ щылэжьащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм. ЯпэщIыкIэ художественнэ литературэмкIэ къудамэм и редактору, итIанэ абы и унафэщIу, иужьрей илъэсхэм - тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэу. IэнатIэ гугъу зыпэрытхэм къыдэкIуэу, жылагъуэ къалэнхэри игъэзащIэу Бицур къекIуэкIащ. Псалъэм папщIэ, абы лэжьыгъэ пыухыкIа хуищIащ и IуэхущIапIэр зыхиубыдэу щыта Налшык къалэм и Ленин районым - партым и райкомым хэту, райсоветым и цIыхубэ депутату. Илъэс зыбжанэкIэ Анатолэ хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм, Къэрал саугъэтхэмкIэ республикэм щыIэ комиссэм. Литературэм зигури зи псэри итхьэкъуа усакIуэм и творчествэм зиужь зэпытщ. 1974 гъэм, и япэ тхылъитIым и фIагъыр къалъытэри, ар хагъэхьэ СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым. Абы къыщыщIэдзауи, зым и ужь зыр иту жыхуаIэм хуэдэу, зым нэхърэ адрейр нэхъ купщIафIэу дунейм къытохьэ Бицум и тхылъыщIэхэр: «Фэеплъ», «Псалъэ быдэ», «Гуэл щхъуантIэ», «Балъкъэр пшыналъэ», «КIуэцIрыкIыбжэ; «Стремление», «Человек и небо», «Сквозь сердце», «Мотив», «От весны до весны», нэгъуэщIхэри. Ахэр къыщыдокI Налшыкрэ Москварэ, тхылъ щхьэхуэхэм псалъапэ хуатх Тхьэгъэзит Зубер, Сокъур Мусэрбий, КIыщокъуэ Алим, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ. Анатолэ жыджэру хэтщ республикэм и литературнэ гъащIэм. Мызэ-мытIэу ар кIуащ Винницэ, Ригэ, Липецк, Ростов, Москва щекIуэкIа зэIущIэхэм, ТхакIуэхэм я съезд зыбжанэм лIыкIуэу щыIащ, Москва, Ереван щызэхэта поэзием и Союзпсо фестивалхэм дипломант щыхъуащ. Бицур Къэбэрдей-Балъкъэр комсомолым и лауреатщ, ар КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.
АдэкIэ абы зэчийуэ бгъэдэлъым, и дуней еплъыкIэм, и зэхэщIыкIым, и хъэтIыр зыхуэдэм я гугъу пщIымэ, и гупсысэхэр здынэсыр жыпIэмэ - а псори къыхощ усакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм.
«И IэщIагъэм хуеджэнымкIэ Бицу Анатолэ я гъусэщ тхэкIэм и жьантIэм пэгъунэгъу хъуа нобэрей ди усакIуэ мыкуэд дыдэхэм. Абы Iэзагъэ «гъущэм» зриту псалъэ гъэщIэрэщIэн фIэфIкъым, бухъарыр дэгъуэми, игъэпщкIур фагъуэнкIэ мэхъу жыхуиIэу. УсакIуэр дэзыхьэхыр гукъэкI ищIар гупсысэ куум хуишэнырщ, Iуэхугъуэ къищтам лъабжьэ езыт фащэхэр къигъуэтынырщ, и мурадыр щызу къиIуэтэнырщ», - итхыгъащ критик цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий.
Щабэу жесIэу уэрэд
Сэ сытетщи си щIылъэм,
Щэхуу сиIэщ мурад -
КъысщIэныну зы псалъэ.
Апхуэдэу къыгуроIуэ адыгэ усакIуэм и къалэн нэхъыщхьэр. Ар зэрыгугъури ещIэ. «Усэ зытхыр ихьыжынущ усэм» щIыжиIэри аращ. Ауэ тхэныр насыпу къелъытэри - абы и псэр етащ.
Бицум иубзыхуакIэщ и гъащIэ гъуэгуанэр. Дунейм и зы бжьыхьэкIапэ уи Iэгъуапэ уишхыкIыжу, уи ныбэ изу укIэщIэскIэ зэфIэкIыркъым, ар икIи гъащIэкъым, гугъуехь умылъагъуу, дэхуэхам удэмыIэпыкъуу, хутыкъуам гъуазэ ухуэмыхъужу, кIэщIу жыпIэмэ, гъащIэм и IэфIри и дыджри цIыхухэм ядумыгуэшу щытмэ, псэ къабзэ уиIэу умыпсэумэ.
Дунейм тралъхуа дэтхэнэ зыри апхуэдэ псэукIэм хуреджэ Толэ. АбыкIэ гъэбелджыла мэхъу езы усакIуэм и гуращэ дахэр, къехъулIэну зыщIэхъуэпсыр, къигъащIэм уасэу хуигъэувыжыр. Аращ абы и дэтхэнэ зы дакъикъэри IуэхукIэ гъэнщIауэ щIрихьэкIыр, псом нэхърэ нэхъ лъапIэу зэманыр къыщIилъы- тэр.
Бицур жумарту хуоусэ гъащIэм, псэ хьэлэлкIэ абы егъэлъапIэ дунейр зи Iэпэм дэщIэращIэ цIыху гуащIафIэр, уэрэдым я нэхъ дахэр абы хуеIэт лэжьыгъэм, лъагъуныгъэ къабзэм. Ауэ Анатолэ хужыпIэ хъункъым нэщхъеягъуэм, залымыгъэм и щIыб яхуигъэзауэ, ар имылъагъуу, дахагъэ къудейм хуэусэу. Пасэрейм зэрыжиIащи, «гуауэри гуфIэгъуэри зэлъэпагъщ», къэхъуу щытмэ нэщхъеягъуэ, абы щыгъуэми усакIуэр мэлъыхъуэ ар къызэригъэлъэгъуэн псалъэ, мэлъыхъуэ нэхъ ерыщу псалъэхэм хэщыпыхьу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуауэр нэхъ къэIуэтэгъуейщи.
Бицум фIыуэ къыгуроIуэ гъащIэм и зэхэлъыкIэр, мурадым я нэхъыфIхэр и гуращэу ар добакъуэ зэманым, псалъэм я нэхъ IэфIымрэ гупсысэм я нэхъ дахэмрэ хуиIэту. Сыт щыгъуи щIэуэ зыгуэр зэрыжиIэнум, ар щIэщыгъуэу къызэриIуэтэнум хущIэкъу усакIуэм хузэфIокI езым и шыфэлIыфэ иIэжу ди тхакIуэ пажэхэм ябгъурышэсэн.
ГурыIуэгъуэщ ущыусакIуэкIэ, набдзэгубдзаплъэм и мызакъуэу, жыжьаплъэуи ущытын зэрыхуейр. Нобэрей Iуащхьэм дэкIуеяуэ пщэдейрей къуршым и нэгу иплъэн хуейуэ гъащIэм къегъэув. Ар зэманым и бэкъуэкIэщ. Дыгъуасэр нобэм теувапIэ хуэхъуащ, пщэдейр къигъэIэгъуэн папщIэ. Абы къыхэкIкIэ зэманым къалэн къытщещI нобэм пхыплъауэ пщэдейр къэлъагъун хуейуэ. Аращ Бицум хэкум хуэгъэзауэ щIитхыр:
Уи блэкIа жыжьэм си гур ирохъыжьэ,
Уи къэкIуэн дахэм си псэр ныхуопхъэр.
А тIур сэ нобэ быдэу схузэпыщIэм -
Арщ щызлэжьауэ щIым схулъэкIыу хъуар.
Абы и закъуэкъым усакIуэм къалэну ихьыр. Ар сакъыу и плъырын хуейщ мамырыгъэм, и уэчылын хуейщ захуагъэм, я телъхьэн хуейщ псэукIэщIэм щIэбэнхэм.
Уи нэкIэ плъэгъуам хуэдэ щыIэкъым. Бицу Анатолэ и дуней еплъыкIэм зиужьыным, и гупсысэм зиукъуэдииным сэбэп хуэхъуащ ар Тырку щIыналъэм зэрыщыIар. Абы и нэгу щыщIэкIар, тхьэмыщкIагъэу цIыхухэм ядилъэгъуар и гум худэмыгъахуэу и усэхэм къаIуэтащ. Мы тхылъым ихуащ усэ Iэрамэ «Тырку щIыналъэ» псалъащхьэм щIэту.
Бицум и творчествэм увыпIэ хэха щеубыд Хэку зауэшхуэм теухуа темэм. УсакIуэр дунейм къыщытехьар а лъэхъэнэ хьэлъэм иужь зэманырами, абы и сабий лъакъуэ пцIанэхэр теуващ зауэ гуащIэм и яжьэ мыупщIыIужам, абы къыщIихьащ гынымэмрэ Iугъуэмэмрэ, илъэгъуащ, зауэ гъуэзыр щхьэщыкIами, зэхэуIухьауэ гуIэж щIылъэр. УсакIуэ хъуну сабийм а псор и гум ежэлIащ, ар яIуплъащ имытхъугъуэу зи щхьэ тхъуа, фызабэу къэна анэхэм, адэ-анэ IэфIагъ зыхэзымыщIа сабий зеиншэхэм, Iуплъащ зи къуэ закъуэр къэкIуэжынкIэ нобэми гугъэ лIыжь тхьэмыщкIэм, гъащIэр зи щIэщыгъуэ сабиинэхэр тедиящ къэзымыгъэзэжахэм я фэеплъу зэбгъурыту щIым «къыщыхэтэджыкIа» мывэ сынхэм.
Хэкум папщIэ зи гъащIэ зытахэм я цIэр зэи цIыхум щыгъупщапхъэкъым, анэхэм ягу телъ уIэгъэ мыкIыжхэм хуэхьэфизын хуейкъым, щыIэ хъунукъым зауэ - абы дыкъыхуреджэ усакIуэм. Зи гугъу ищI Iуэхугъуэр IупщIу нэгум къыщIигъэувэфу гъэпсащ абы и усэр. Аращ ар куууэ гум щIыхыхьэр, дыщIигъэпIейтейр. Гур мыпIейтейуэ, щхьэфэцыр мытэджу укъеджэфыркъым зауэм теухуа усэхэу «Гупсысэ», «Си къуэш», «Нэф», «Анэм и гур», «Сурэт», «Ди гъунэгъуу а лIыжьыр псэуат» жыхуиIэхэм, «Фэеплъ» поэмэ кIэщIым, нэгъуэщIхэми.
Бицур къэхъукъащIэ псоми - блэкIами, нобэрейми, пщэдей къэкIуэнуми - хуэнабдзэгубдзаплъэщ, абы зэхех дунейм къыщыIу дэтхэнэ зы Iэуэлъауэри - я нэхъ цIыкIу дыдэм къыщыщIэдзауэ хы адрыщIым щагъауэ атом бомбэм и макъым нэсу.
Анэм темытхыхьа усакIуэ къэгъуэтыгъуейщ, усакIуэ къэс иIэжщ езым и «краскэ», анэм и сурэт ирищIу. Гугъущ анэм гъащIэм щикъалэныр, абы и щхьэфэр быным лъэгущIыхь зэрахуищIыр, гу щабагърэ псэ IэфIагъыу бгъэдэлъыр щIэщыгъуэу, зыми емыщхьу къэпIуэтэну. Гугъуми, абы ущыщтэ хъунукъым, арыншамэ, пщIэншэщ къалэм щIэпIыгъыр.
Зы усэкъым, уситIкъым Бицум анэм хуиусар. Абы и гур ирогъу анэр жьы зэрыхъум, и щхьэцхэр хужьу тхъууэ, и нэкIухэр зэлъэу кIуэтэхукIи и къарур зэрыкIуэщIым.
УсакIуэм анэр ирегъэщхь жьэгу мафIэм, хуабагърэ гуапагъэу абы пыщIа псори анэм деж щелъагъу.
Сыт щыIэн анэм и гум нэхърэ нэхъ гу пцIанэ, нэхъ гу махэ? Ауэ сыт щыIэн анэм и гум нэхърэ нэхъ куэд зыгъэв, зышэч? «Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ, и пащхьэм, псынщIэу нэси, сыну щыж!» - аращ анэм теухуа усэхэмкIэ Анатолэ къыджиIэр.
ФIылъагъуныгъэр дунейр зэтезыIыгъэ къарущ. Арауэ къыщIэкIынщ Анатолэ и творчествэм а тематикэм утыкуфI щIыщиубыдри. Темытхыхьа щымыIэми, усакIуэ псоми «ягъэныщкIуурэ» IэфI къыщIэмынэжауэ къыпфIэщIынкIэ хъунуми, а темэр къыгуэпх пэтми, зыхэмыщIщ. Нэхъыщхьэр - «екIуэлIапIэ» къыхуэгъуэтынырщ. АбыкIи Бицур лъэрымыхьу пхужыIэнкъым. Гукъинэжщ, щIэщыгъуэщ абы и гухэлъ усэхэр.
Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Коваленков Александр Бицум папщIэ жиIэгъащ:
«Бицу Анатолэ псалъэ дахэ зэIущэкъым. Ар тотхыхь езыр фIыуэ зыщыгъуазэ Iуэхугъуэм, аращ ар сыт щыгъуи щIэгурыIуэгъуэр, щIэIупщIыр». Долматовский Евгений мыпхуэдэу итхащ: «Бицур гъащIэм хуэнэжанщ. Абы и лирикэм гъунэжу ущрохьэлIэ узыгъэпIейтей, гукъинэж зэгъэпщэныгъэхэм. Къалэн зыщищIыж Iуэхугъуэхэм поэзием и дамыгъэ ятелъщ, къызэрыгуэкIщ».
УсакIуэм бзэ дахэ зэрыIурылъым, ар абы Iэзэу зэригъэшэрыуэм теухуауэ щапхъэ лей къыщIэтхьын щыIэу къыщIэкIынкъым. Бицум зэи гупсысэр илъахъэркъым, гупсэхуу къыдеIуэтылIэ жиIэну зыхуейр.
УсакIуэм теухуа мы тхыгъэр ныкъуэ хъунт Анатолэ и Iэпэр зыубыду поэзие гъуэгум «тезыгъэува» КIыщокъуэ Алим, Сокъур Мусэрбий, Мысачэ Пётр, Тхьэгъэзит Зубер сымэ я цIэ къидмыIуамэ. Псом хуэмыдэу, езы Бицум зэрыжиIэщи, КIыщокъуэ Алим и дежщ ар щеджар, и творчествэр псыхьа щыхъуар. Абы и дежщ къыщежьэр Анатолэ литературэм щрихьэжьа гъуэгуанэ гугъур. Нобэ зэрынэрылъагъущи, угъурлыуэ ехьэжьа хъуащ ар. Мы тхыгъэм и кIэухыу сыхуейт зы щапхъэ къэсхьыжыну Анатолэ и усэхэм ящыщу:
Игъэлъ уигу быдэу уи къежьапIэхэр.
Ауэ уи гупэкIи гъуэгу пхыш!
Псым къегъуэтыж езым и жапIэхэр,
Нэсыху тенджызми емызэш.
Си гуапэщ Бицум и «жапIэ» къызэригъуэтыжар. Абы и ныбжьэгъуфI псори ирогуфIэ Анатолэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащам. Тхьэм фIы къыхудигъакIуэ!
Бицу Анатолэ и усэхэр
Шулъагъуэ
И къуацэ-чыцэр пхиупщIыкIыу,
Хэт Жыгей мэзым пхрыкIар?
Сэмэгу зыхуищIу ВыщхьэфIэчым,
БырамытэмкIэ екIуэкIар?
Дыгъужьыкъуеймрэ Налшыкрэ
Абы шу лъагъуэ яку дилъхьащ,
Лъэс Iэджи, шу лъагъуэм темыкIыу,
Гъуэгу кIэщIкIэ Налшыкым дыхьащ.
Сэ пщIэ хузощI а цIыхум, хэтми, -
Зи лъагъуэм «Шулъагъуэ» фIащам…
«Шыхулъагъуэ» жытIэу уэгум итри
Апхуэдэ гуэрым къигъэщIащ.
Андемыркъану шэч сощI ар…
Пхызошыр сэри лъагъуэ гуэр.
КIуэцIрыкIыбжэ
ДэнэкIи хуейр къыщыдыхьэу,
ДэнэкIи хуейр щыдэкIыжу,
Iумыту зы куэбжи бжыхьи,
Си пщIантIэр - кIуэцIрыкIыбжэщ…
КъызэмыупщIу сэ зыкIи,
Къыдыхьэу гуауи гуфIэгъуи,
Ар зэIухащи сыт щыгъуи,
Мы сигури - кIуэцIрыкIыбжэщ…
КIуэцIрыкIыбжэр сфIэIейкъым -
КъысхуокIуэ хьэщIэу хэт хуейми.
Ауэ къызет зы гукъеуэ -
СеукIыр сэ жьызэпеуэм.
Мом*
Мому жэщым и къуэ,
ЦIыху гъэжакъуэу Мом,
КъыхэкIащ ди лъэпкъми
Уэ пхуэдэ зыкъом.
Уи гур фIыцIэщ, уи псэр
ФIейщи – мы дунейм
ЩыщIагъэкIмэ нэпсхэр,
НэгъуэщI ухуэмей.
Уи бзэр щхъухьщ, уи напэм
Уэ тебзащ къэнжал.
Хуадэркъым уи напIэ,
ЩыбгуэшкIи ажал.
Уодэ уэ ягъэсми
Хейуэ мысэ пщIар.
Уотхъэ уэ, лъэIэсмэ
Уи Iэр узэщам.
Iей фIэкI зигу имылъу
Бзаджэнаджэ, уд,
Къэбгъэва хъунт и лъыр
Куэдрэ Гесиод.
«Жэщым и къуэ» жиIэу
Уэ аращ къощар.
АбыкIи «цIэрыIуэ»
Гесиод уищIащ.
Алыджхэ япэжкIи
Лъэпкъ куэд щыIагъэнщ.
Ахэми гъунэжу
Пхуэдэ яIагъэнщ.
Арщ щIысхужымыIэр
Уалыджу, Мом.
УщыIащ, ущыIэщ -
Мис ар нэхъ тэмэмщ.
Ауэ «Жэщым и къуэр»
Уэ цIэуэ уокIупс.
Уэ пхуэдэм си лъэпкъыр
Зэреджэр «Нэжэсщ»!
* * *
ИгъащIэм зыри сыущэхуакъым,
ЖысIащ сэ нахуэу сигу къэкIар.
«Хьэл мыгъуэ» а къэзмыщэхуам сэ
И зэран Iэджи къызэкIащ.
А хьэлыр къысхилъхьат си адэм,
Си анэм ар сэ къысхилъхьат…
«КърекI къикIынумэ си кIуэдыр!» -
ЖысIэу, мыл Iэджэ сытехьащ.
«ПэжщIэкъухэу» сыкъызыщхьэщыжхэм,
Нэсамэ и нэм Iуэхур, - «садзт»:
Зэбгрыжыжт тхьэкIумэкIыхьуи,
Сэ зесхуэу си мыIуэху къыщIидзт…
ИтIани, сэ сытетщ си хьэлым,
Абы къикIынуми си кIуэд!
«ФлъэкIынум тIэкIу сщхьэщыфх си хьэлъэр»,
ЖызыIэу дунейм тетыр куэдщ.
ЦIыху захуэ гуэр хьэIупс ящIакъэ? -
Сэ Iуэху сиIэнкъым афIэкIа.
ИгъащIэм пэжыр схуэбзыщIакъым, -
Къэхъуащ си псалъи щыпхыкIа…
Мы дуней бзаджэм зы цIыхупсэ
Сэ къезгъэлынырщ сыщIэпсэур.
Си усэ тIэкIури сэщхьыркъабзэщ…
Яхурещхьэпэ къахуей псом.
* * *
Сымыгупсысэу сыщыпсалъэ,
Зызмыплъыхьауэ сыщытIыс
Сэ къысхуихуами сыщыщIалэм,
Сыхъуа хъунщ нобэ нэхъ зэтес.
Зызгъэгубзыгъэу абы къикIкъым,
Зызгъэбалигъыу аркъудейщ.
Дыгъуасэм сызэреплъа нэкIэ
Семыплъ си нобэм, си пщэдейм.
Сэ сиплъэрейщ иджы уэгу лъащIэм,
ГумащIэу щIыр къэсплъыхьырейщ.
Си нэпс нэхъыбэрэ солъэщIыр,
Сыт сщIэнур – кхъэхэм сихьэрейщ.
Сыхъуапсэ мыхъумэ, сымыфыгъуэ,
Сегугъуу, си щхьэ Iуэху сощIэж.
Ныбжьэгъум къехъулIамэ фIыгъуэ -
Сохъуэхъури IэплIи хузощIыж.
Ирей ар хамэм, ирей благъэм,
Я гуауэр цIыхум си псэм телъщ.
Псом япэ изогъэщ гуапагъэр,
Куэд зыгъэвахэм ар я хьэлщ.
Егъэлеяуэ сымыхъущIэ,
Си фIыщIэ хэти лъызмыгъэс.
Си къалэмыпэри нэхъ кIащхъэу
ТхылъымпIэ напэм хъуащ лъэIэс.
И шыгъур гъащIэм сшхащ сэ путкIэ,
И фоми си гур къиуIэнщ.
ЗыкъомкIэ сымыпIащIэ пэтми,
СопIащIэ – сиIэщи жысIэн.
Сыхоплъэ лIыжь жьакIэху хэплъэкIэу,
Сабийуи Iупэр сфIызэтож…
Сэ есхулIами си бжьыхьэкIэм,
Си гугъэр бланэ жэрым тож.
* * *
ЩIы фIыцIэм
Уафэ хужьыр къыщхьэщытщ.
Мыгугъэу тетыфынукъым щIым
ЦIыхур.
Арауэ пIэрэ цIыхур-тIэ
КъыщIалъхур
ЩIыгулъу фIыцIэ
Нэ кугъуитIым щIыгъуу,
И нитIым щIэлъу
Уафэ хужь бзыгъитI?
ЩIым тетщи цIыхур -
Уафэрщ иIэр плъапIэу.
Къэзылъхуа щIылъэр
Абы и псэм пещI.
Ауэ зылъэмыIэсу щыIэр
Iэбэм,
КъыIуидзэр и нэм,
ИIэтам и напIэр,
Уэгу хужьырщи -
Абы пIейтей псэр фIещI.
Мес,
Щос ар нобэ кхъухькIэ
Уэгу адрыщIым.
Мес, къыщекIухьыр кIуауэ
Мазэ щыгу…
ИтIани,
Вагъуэ лыдхэм нащхьэ къащIу
Елъагъури -
ЦIыхум псэху дунейм щимыщIэ:
Къелъыхъуэ
Вагъуэ жыжьэхэм я гъуэгу…
ИмыIэ
Зэи кIэ цIыхум и гугъэм.
Уэгу щIэншэр абы и гум
Пхуигъэхун?
Къытехуэу цIыхур
Хъуми нобэ лIэн:
ЩIыгулъу фIыцIэ
Нэ кугъуитIым щIыгъуу
И нитIым щIэлъу
ЩIылъэ фIыу илъагъум
Уафэ бзыгъитIи
Абы здыщIихьэнщ!
1969 гъэ
Удз гъэгъа щхъуантIэ*
Уэ жэщым пщIыхьу узолъагъур,
Уэ махуэ псом ущIэтщ си нэгу.
Зэм уафэ лъащIэм ущогъагъэ,
Утетщ зэм Iуащхьэмахуэ щыгу.
ГугъапIэ щэхур цIыху къэс епту
Уэращ щагъафIэр я гухэлъ.
Уэ ури-Беатричет Данте,
Петраркэ и псэр Лаурэу пхэлът.
Новалис псэкIэ къыпщIэбэгыу
Iэрамэ и гум уэ ущищIт…
АрщхьэкIэ уду уэ уобзэхри…
Къыплъыхъуэ псори мэхъу IэнэщI.
Укъыпысчыныр си нэрыгъыу,
Сэ гъуэгущхьиблыр зэпызоч.
Укъитщи уэ си гупэм гугъэу,
СынэIэбэхукIэ - усIэщIокI.
«Насып щIэкъуныр - арщ насыпыр».
Емышу си псэм укъелъыхъу.
СынакIуэм уэ сыпкIэлъыIэбэу -
СыптеIэбэну сэ къысщохъу…
Ныплъыхъуэ защIэу цIыхум гъащIэр,
Уи гъуэгум тетурэ, еух.
Щытар зи гъащIэр мурад защIэу -
Уэ уи лъыхъуакIуэ щIылъэм йох.
Абдеж, уи щэхуу хъуар къэптIатэу, -
Хуэдэу езым укъыхэкIыж, -
Уэ къызэрыкIуэ розэ щхъуантIэу
И кхъащхьэм лIам укъытокIэж.
1967 гъэ
Сонет
«Суровый Дант не презирал сонета» Пушкин А. С.
Сонетым зэи сэ сыдихьэхакъым.
«Ибгуэныр» уи гупсысэр къупхъэм гугъущ.
ИтIани усэ зытххэм уахыхьакъэ, -
СонеткIи мэхъу бгъэлъагъуэ и Iэзагъ.
Шекспир, Петраркэ, Данте хъуа къафIэщIу,
Сонетым нобэ щыIэщ ириджэгу.
Уэ зы «Евгений Онегин» къэгъэщIи,
Сонетыр къыпхудэшэм еплъ уи жьэгу.
УсэфIым къегъуэтыж езым и къупхъэр.
СылъэщIэмыхьэу си гупсысэр щIэпхъуэм, -
Къыжьэдэскъуэну сэ ар сыхуэмей.
Сэ къыпысхыну сызыхуейр Iэзагъэм -
Стхар цIыхум и псэм дыхьэу и гур загъэмщ,
И гъэр «Iэзагъэм» сремыхъу къудей.
Зызыгъэзэчий усакIуэ гуэрым деж
Зытумыгъауэ апхуэдэфэ -
Ухэткъым зыкIи уэ бэлыхь.
«СыкъывгурыIуэ!» - жыпIэу, уефэу,
Утхьэусыхэу къыумыкIухь.
Умы-Есенин, жыпIэм пэжыр,
ИкIи уэ умы-КIуащ БетIал.
Уи лъэпкъ «ущIэгъым»: «МэкIуэдыжыр!»
ХуэпщIар зэрыхъур зы мэскъалщ.
Уи лъэпкъ цIырхъ тIэкIур зэман-благъуэм
КъалэмкIэ пфIэфIмэ къебгъэлын,
Уэ и Iущагъи и Iэзагъи
Зыхэлъхьэ КIыщокъуэ Алим.
ФэрыщIу куэдрэ умытхьэджэ,
Бэшэчщ уи лъэпкъыр - зыдегъэкIу.
Утхэнум, тIыси - уи бзэм щхьэкIэ,
Уи лъэпкъым щхьэкIэ уи псэр гъэткIу!
* * *
Сыщегупсыс сэ къохъу жэщ гуэрхэм:
«КъитIэщIыжынщ зэгуэр зыгуэрым
Мы щIым сэ гъащIэ щызгъэщIар.
КъызикIыхын щытхъупсыр уэру?
Е ищIын лъахъшэ и пщIэр сщIам?
Сыхуейкъым тIуми сэ - пэж дыдэрщ
КъысхужаIэну сызыхуейр.
Пэж дыдэр - сщIар зэрымыкуэдырщ,
Мыкуэдми, ар зэрымыIейрщ».
Къохъу сыщегупсысыж иужькIэ:
«Сыт мыгъуэ сэ зи Iуэху къесхуэкIыр,
Щхьэ жыжьэ сыплъэу сехьрэ гугъу?
Мы гъащIэр тетмэ зэрекIуэкIым,
Сын тет уи кхъащхьэм? - зэгъэзэгъ!»
Си гъащIэр зырикIт, уэ ухэмытам
Людэ и фэеплъу
Телъакъым уи цIэр махуэ къэс си Iупэ -
Апхуэдэр си щхьэ къысхуемыгъэзэгът.
КъысхуегъэкIуакъым мыпхуэди си напэ -
Уи Iэблэр сэ уэрамхэм щызмыIыгът…
ИтIани сэ уэ сызэрыпхущытыр
Гухэлъ уэрэдкIэ куэдрэ къэсIуэтащ.
ЖызоIэр нобэ, зыкIи сымыукIытэу:
«Си гъащIэр зырикIт, уэ ухэмытам!»
2008 гъэ
Мом*- жэщым и къуэ. ЦIыху Iей, бзаджэнаджэ, гу фIей-псэ фIей, пцIыIуэпцIышэ.
* символ мечты
Сурэтхэр Пащты Герман ищIащ.