Адыгагъэм хуэпэж

ЦIыху гъащIэм деж илъэсхэр пкIэлъей дэкIуеипIэм ещхьщ - абы и нэ бжыгъэхэм хэхъуэхукIэ, узытет ­лъагапIэми зеIэт. ХьэкIуащэ Андрей нобэ здынэса илъэс 90 лъагапIэм тету зыкъиплъыхьмэ, илэжьа Iуэхухэм, зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм еплъыжмэ, жиIэ хъунущ зэрынасыпыфIэр.

Насыпыр къызэралъытэ пщалъэ зыбжанэ щыIэщ. Куэдым лIым и насыпым лъабжьэ хуащI къуэ уиIэныр,   унэ пщIыныр, жыг хэпсэныр. А псори къылъысащ Андрей, ауэ абы и насыпыр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ­ехъулIэныгъэкIэ къызэдихьа Iуэхуищым: егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, адыгагъэм. Iуэху гугъущ уи егъэджа­кIуэу университетым щыщыта, иужькIэ уи ныбжьэгъу ­хъужа, пщIэшхуэ зыхуэпщI, уи дзыхь зэбгъэз цIыхум ­утетхыхьыну. Хамэм къыхуагупсысауэ гъунэжу щыIэщ псалъэ дыгъэл куэди, жыIэкIэ фэрыщIи, зэгъэпщэныгъэ хэIэтыкIахэри. ГъэщIэгъуэныр аращи, фIыуэ плъагъум, пщIэшхуэ зыхуэпщIым, щытхъу куэд IуэхукIэ къэзылэ­жьам дыщытепсэлъыхькIэ, ди макъри нэхъ цIыкIу мэхъу, псалъэ дахэри тфIызэбгрож.
НэгъуэщI зы Iуэхуми къелъахъэ си къалэмыр: Хьэ­кIуащэ Андрей теухуауэ псалъэ гуапэ жызыIэфынур      куэд дыдэ мэхъури, ахэр арэзы схуэщIыну къыщIэкIынкъым. Дауэ мыхъуми, сэри си къалэнщ псалъэ зыбжанэ жысIэну.
ХьэкIуащэм и лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, абы белджылы ищIащ адыгэ IуэрыIуатэм и усэ жанрхэр, абы къыщыгъэсэбэпа Iэмалхэр, рифмэр, строфахэр. Но­бэ­рей усыгъэр зэрыт мэсхьэбри иубзыхуащ, и гупсысэхэр хуэфэщэн щапхъэкIэ щIигъэбыдыхьыжурэ. Критикэми хуэхамэкъым ХьэкIуащэр. Абы и статьяхэр къытехуэ зэпытщ «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда» газетхэм. Андрей еш имыщIэу пылъщ адыгэ литературэм, щэнхабзэм IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным. Ар ящыщкъым цIэ лъапIэ иIэхэм ягъэжакъуэу зи щхьэр хэзыIэтыкIхэм. ЦIыху гуа­пэщ, къызэрыгуэкIщ. Зыгуэрым и сэбэп иригъэкIын щхьэкIэ, автобус итIысхьэу гъуэгу жыжьэ техьэфынущ. А Iуэхутхьэбзэм щхьэкIэ фIыщIэ леи пэплъэркъым. Абы хуэдэхэрщ зыхужаIэр «ФIы щIэи, псым хэдзэ» адыгэ ­псалъэжьыр. ТхакIуэхэм я союзым куэд щIауэ хэт Хьэ­кIуащэр нэ жанкIэ кIэлъоплъ ди литературэм и зыужьыкIэм, гу лъетэ Iуэху зэIумыбзхэм. Абыхэм ятеухуа тхыгъэхэр газетхэми, журналхэми, тхылъхэми щIэмычэу къытрырегъадзэ.
Шэрджэсым дыкъикIри, 1961 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIалищ дыкъыщIэтIысхьат. Зэи сигу икIыжыркъым Андрей дэ нэ лейкIэ къыдэплъу, къытхуэгуапэу, къыддэIэпыкъуу зэрыщытар. Абы ищIы­IужкIи, и лекцэхэр тфIэгъэщIэгъуэнт, и адыгэбзэ къулейм узыIэпишэрт. Адыгэ литературэм и мызакъуэу, Андрей фIы дыдэу хищIыкIырт Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я литературэми урыс литературэми. Сэ сыщылэжьа Къэ­рэшей-Шэрджэс университетым ХьэкIуащэ Андрей илъэсищкIэ зэкIэлъхьэужьу ирагъэблэгъащ къэрал экзамен къеIызых комиссэм и унафэщIу. Экзамен зытхэр IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм - урысыбзэм, къэрэшеибзэм, абазэбзэм, нэгъуеибзэм, адыгэбзэм, инджылызыбзэм, нэмыцэбзэм хуеджахэрами, а псоми зэреупщIын къи­гъуэтырт Андрей, гушыIэ щабэ хэлъу я жэуап тIасхъэхэри зэригъэзэхуэжырт. МазищкIэ абы и къуэдзэу экзаменхэм сыщIэсати, иджыри зэ хьэкъыу зыхэсщIащ Хьэ­кIуащэм и щIэныгъэр зэрыкуур. И дуней тетыкIэм и гугъу пщIымэ, Андрей куэдым къахощхьэхукI и хьэл дахэмкIэ, шыIэныгъэ зэриIэмкIэ, гъэсакIуэ нэсу зэрыщытымкIэ.
ХьэкIуащэ Андрей къэзымыцIыху, абы и Iэдакъэ­щIэкI­хэм щымыгъуазэ яхэткъым адыгэ литературэр зыджхэм. Лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэриIэм и мызакъуэу, цIыхугъэшхуи зэрыхэлъым къыхэкIыу абы пщIэшхуэ къыщыхуащI ­Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, нэгъуэщI щIыпIэ Iэджэми. ГъащIэм зы хабзэ гущIэгъуншэ хэлъщ - цIыхум и ныбжьыр хэкIуэтэху, и ныбжьэгъухэр нэхъ мащIэ хъууэрэ макIуэ. ГъэщIэгъуэныр аращи, ХьэкIуащэм и ныбжьэ­гъухэм хэхъуэ мыхъумэ, хэщIкъым, сыту жыпIэмэ ар сыт щыгъуи адыгагъэм хуэпэжщ. Ари Андрей и зы IэщIагъэу убж хъунущ.
ФIыуэ укъэзылъагъу уи гъэсэнхэм, уи ныбжьэгъухэм я гум сыкъипсэлъыкIыу ди нэхъыжьыфIым сынохъуэхъуну сыхуейщ узыншагъэ быдэ уиIэну, уи гуфIэкIэ дахэмкIэ цIыхухэм уахэплъэу иджыри илъэс куэд къэбгъэщIэну! Хьэрыпхэм жаIэ: «Ныбжь къэскIэ езым и насып Iыхьэ хэха иIэжщ». Псалъэ шэрыуэщ, ауэ адыгэхэм ди хъуэхъури нэхъ цIыкIукъым: «Жьыщхьэ махуэ ухъуащ». Дяпэ иджыри куэдрэ уитыну нэхъыжьыфIым сыпхуохъуахъуэ!

 

БАКIУУ Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Къэрэшей-Шэрджэсым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Поделиться: