Ди литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа

Лъэпкъ литературэр, лъэпкъыбзэр курыт еджапIэм щIэсхэм ябгъэ- дэзылъхьэхэм, нэхъ щIалэIуэхэм я ­гугъу умыщIмэ, куэд яхэту къыщIэ­кIынкъым ХьэкIуащэ Андрей иримыгъэджа. Абы я закъуэ! Адыгэ газетым, радиом, телевиденэм, нэгъуэщI Iэ­натIэ зэмылIэужьыгъуэхэм нэхъапэм Iута, ноби Iут цIыху Iэджэм къызэранэ­кIащ а лIы щэджащэм и «школыр», цIыху куэдым сэбэпышхуэ яхуэ­хъуащ абы и дерсхэр.

Си насып къикIри, щIэныгъэлI ­гъуэзэджэм иригъэджахэм сахэтащ сэри. Уигу ихужынкIэ Iэмал иIэкъым Андрей иригъэкIуэкIыу щыта лекцэ­хэр. МыпIащIэу, гурыIуэгъуэу, «гъэ­ныщ­­кIуауэ» студентхэм я пащхьэ ирилъ­хьэрт зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр. Лъэпкъ литературэм япэу лъэбакъуэ къыхэзычахэм, гъуэгугъэлъагъуэ ­хъуахэм, и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ятеухуауэ Андрей жиIэхэм уемыдэ­IуэнкIэ, удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, студентхэм фIыуэ ­ялъагъурт ар. Мо зи нэгур зэлъыIуха, мащIэу къыпыгуфIыкIыу пэшым къы­щIыхьэ егъэджакIуэ угъурлым ди гукъыдэжыр къиIэтырт, зэзэмызи къыддэгушыIэу, ди Iуэху зытетыр, дыдэ­зыхьэх Iуэхугъуэхэр зыхуэдэр ­зригъащIэу, кIий-гуо жыхуэпIэр хэмы­лъу ап­хуэдэт. КIуэаракъэ, плъэмы­кIыу пщIэ зыхуозыгъэщI, малъхъэдису узы­щIэзышэ цIыхущ.
Дауи, Андрей и фIыщIэщ Нэгумэ Шорэ, КIашэ Адэлджэрий, Къуэдзо­къуэ Лэкъумэн, Бырсей Умар, ПащIэ Бэчмырзэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, ­Цагъуэ Нурий сымэ псоми я цIэр къедбжэкIынкъым - къызэрытцIыхуар. Псом хуэмыдэжу ХьэкIуащэм щытхъу лей хуэфащэщ лъэпкъ поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъа ЩоджэнцIыкIу ­  Алий и гъащIэ гъуэгуанэр къызэритIэщIыжам, и творчествэр куууэ зэры­зэпкърихам папщIэ.
Шэч хэмылъу, Андрей игу къоуэ «лъэпкъым и набдзэкIэ» дызэджэ, къэбэрдей литературэм и классикхэм хабжэ языныкъуэ цIыхухэм яхуэфэщэн пщIэ щамыгъуэтым деж. Абы мызэ-мытIэу псалъэмакъ къиIэтащ ди тхакIуэ пажэ Теунэ Хьэчим и цIэр Налшык и уэрамхэм ящыщ зым фIэ­щын зэрыхуейм теухуауэ. АрщхьэкIэ а Iуэхур къезыхьэжьэну, зыгъэкIуэтэну зи пщэ къыдэхуэ къулыкъущIэхэм, ди лъэпкъэгъухэм, абы жиIэр зэхахыркъым,                         къафIэIуэхуркъым.
Зи лъэпкъым гукъуэпскIэ пыщIауэ зи гъащIэр къезыхьэкI ХьэкIуащэ Андрей ищIа лэжьыгъэр инщ, абы къыдигъэкIа тхылъхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр бэянщ. Сыту фIыт ар къыдгурыIуэу а лIым къилэжь пщIэр лъыдгъэсыжамэ.

Мыз Ахьмэд, тхакIуэ.
Поделиться: