Кулиев Къайсын и усэхэр щызэхуэхьэса

ТхылъыщIэ

 

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм и пэ къихуэу къыщыдагъэкIащ «Выдающиеся поэты Кавказа» серием щыщ, Хэку зауэшхуэм хэта усакIуэ Кулиев Къайсын и усэ къыхэхахэр щызэхуэхьэса тхылъым и япэ томыр.

Тхылъыр апхуэдизкIэ егугъуу, зыхуей хуэзэу къыдагъэкIащи, ар къэпщтэн къудейри гухэхъуэщ. Ар плъыфитIым ирагъэзэгъащ, тхылъымпIэ Iувым традзащ, дыжьын тебзэ Iув хуащIащ. КъыдэкIыгъуэр экземпляр 999-рэ мэхъу.
Пэублэ псалъэр къабгъэдэкIащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ. Зэщхьэгъусэхэм абы къыщыхагъэщхьэхукI Кавказым ис лъэпкъхэм псалъэр къэзыгъэщIхэм я фэеплъыр зэрахъумэр, серием адэкIэ хагъэхьэну я мурадхэм. УсакIуэм ипхъу Кулиевэ Жаннэ и псалъэхэм къыщыхигъэщащ Къайсын и усэхэр зыхуэбгъадэ хъун зэрыщымыIэр, усакIуэ IэкIуэлъакIуэм гупсысэ куу зыщIэлъ тхыгъэ купщIафIэхэр, къарууфIэхэр къызэрыщIэнар.
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ йолэжь «Выдающиеся поэты Кавказа» серием и етIуанэ томым хыхьэу къыдагъэкIыну тхылъым - адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим и усэхэр щызэхуэхьэсар.

 

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: