Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъу

ТхылъыщIэ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Псоми ейщ ТекIуэныгъэ Иныр» зыфIаща фэеплъ тхылъ. Абы и фIэщыгъэм щIэт «Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэхэм я гугъу ящI ­Хэку зауэшхуэм хэта я Iыхьлыхэм» псалъэхэм къыпхузэ­Iуах лэжьыгъэм и зэхэлъыкIэр.
Алфавит зэкIэлъы­хьы­кIэм тету тхылъым итщ тхыгъищэм щIигъу, республикэм и школ зэмылIэужьы­гъуэхэм щеджэхэм ятхауэ. Апхуэдэщ зарисовкэхэр, илъэс 75-рэ ипэкIэ щыIа Iуэхум ехьэлIа гупсысэхэр. Нэхъыбэу ныбжьыщIэхэм зи гугъу ящIыр къызэрыгуэкI сэлэту зауэм хэтахэрщ, ахэр мыхъуамэ ди къэралым текIуэныгъэр хузыIэрыгъэ­хьэну фIэщ щIыгъуейт.
Тхыгъэхэм ящIыгъущ лIыхъужьхэм я сурэтхэр. Тхы­лъыр 300 хъууэ дунейм къы­техьащ.
ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным, Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъыр гъэлъэ­пIэным хуэгъэпсауэ ирагъэкIуэкI «ТекIуэныгъэ Ин» Iуэхум хыхьэу ягъэхьэзыращ лэжьыгъэр. ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и нэIэм щIэту ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэр, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIалэ­гъуалэ проектхэм я нэхъыфIыр къыхэхыным ехьэ­лIар, къызэщIэзыкъуэж къы­дэкIыгъуэщ зи гугъу тщIыр.

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: