Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ  и комиссэм хэтхэу мы указым щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуахэр къэщтэн.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2019 гъэм мазаем и 18-м къыдигъэкIа Указ №8-УГ-м.
3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                       КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ,
2020 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м
№38-УГ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым
и 10-м къыдигъэкIа Указ №8-УГ-мкIэ къащтащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм

ХЭТХЭР

КIуэкIуэ К. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр (Комиссэм и унафэщIщ)
Мусуков А. ТI. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр (Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
Павлов В. П. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэр (Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
Ахматов А. Хь. - Узыншагъэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и щIыналъэ органу  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр
Iэхъуэбэч Щ. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (Комиссэм и аппаратым и унафэщIщ)
Башиев А. И. - Бдзэжьей къэубыдынымкIэ федеральнэ агентствэм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ щIыналъэ управленэм биологие хъугъуэфIыгъуэхэр къэпщытэнымкIэ, абыхэм якIэлъыплъынымрэ хъумэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и къудамэм и унафэщIыр
Бесчокъуэ А. Щ. - Минераловодскэ таможнэм и Къэбэрдей-Балъкъэр таможнэ постым и унафэщIыр
Воронин С. В. - Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр
ГуэбэщIыкI А. Ю. - Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр
Егоровэ Т. Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIыр
Мэкъуауэ Т. Э. - Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр
Мамбэт А. Хъу. - Техникэ IэнатIэр зэкIэлъыгъэкIуэнымрэ метрологиемкIэ федеральнэ агентствэм Ипщэ федеральнэ округымрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округымрэ хыхьэ республикэхэм къэрал кIэлъыплъыныгъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ я щIыналъэзэхуаку управленэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр
Меркулов Д. Е. - Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр
Пагуэ Ж. А. - ЩэхуакIуэхэмрэ цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ хъумэным кIэлъыплъ федеральнэ IуэхущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр
Пщыншэ К. Хь. - Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр
Сыжажэ Хь. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрыр

Поделиться: