Урысей Гвардием и лэжьакIуэхэм лъы ят

Лермонтов къалэм дэт «Къэрал медико-биологие IуэхущIапIэм и Кавказ-Ищхъэрэ щIэныгъэ-клиникэ центрым» псапэ зэпылъ Iуэху къыхилъхьащ. Ставрополь крайм къикIри, УФ-м и Гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ хэщIапIэм къеблэгъащ лъы щат сымаджэщым и лэжьакIуэхэр.

Лъы хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъуну, абыхэм папщIэ ялъ ятыну гупыж ящIат Звездный къуажэм и дзэ частым щыщ щIали 158-мрэ Урысей гвардием и лэжьакIуэ 68-мрэ.
Лъы ятын ипэ къихуэу, абыхэм дохутыр къеплъащ. Управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей зэрыжиIамкIэ, гвардием и лэжьакIуэхэр псапэ зыпылъ Iуэхухэм яфIэфIу хэтщ.
- Лъы птыным зыри гугъу хэлъкъым, къызэрыгуэкI Iуэхущ. Ауэ медицинэ, узыншагъэ и лъэны­къуэкIэ уасэ зимыIэ Iуэхутхьэбзэщ ар. Сыту жыпIэмэ, лъы хуэныкъуэ цIыху мелуан бжыгъэхэр щыIэщ, я гъащIэр абы елъытауэ. Дэ цIыху гъащIэр тхъумэну, шынагъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ тхузэфIэкIыр длэжьыну аращ ди къалэнри, лъы птыным мыхьэнэ нэхъ мащIэ хэмылъу къызолъытэ, - жиIащ Управленэр медицинэ и лъэныкъуэкIэ къызэзыгъэпэщ гупым и унафэщI майор Аппаев Магомед.
Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъыр зыкIи зэпхъуэкI хъуркъым, икIи абы къыхэкIыу, операцэ ящIа, лъы куэд зыфIэкIуэда сымаджэхэм я узыншагъэр зэфIэувэжынымкIэ ар уасэншэщ.
- Урысей Гвардием мызэ-мытIэу дыдэлэжьащ мыпхуэдэ IуэхукIэ. Иджыблагъэ Пятигорск дыщыIати, махуитIым къриубыдэу цIыхуи 150-м лъы ятащ. ФIыщIэ ин худощI Урысей Гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIхэмрэ и лэжьакIуэхэмрэ. Апхуэдэ цIыху узыншэхэм, хахуэхэм я лъыр хуабжьу сэбэп къытхуэхъунущ! - къыхигъэщащ мы Iуэхур зи жардэм Телунц Аннэ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: