ТIуапсэ деж

Художник цIэрыIуэ хъуауэ, И. К. Айвазовскэр 1839 гъэм Феодосие къэкIуэжыгъащ. Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт абы щыгъуэ. ТIуапсэ деж кхъухькIэ къебгъэрыкIуэн мурад яIэт урыс дзэпщхэм. Абыхэм ящыщ зым, генерал Раевскэм, Айвазовскэр иригъэблэгъащ: «Ди гъусэу накIуэ, зауэ дыхэтынущи, сурэт тепщIыкIынщ», - жери. Художникыр арэзы хъуащ. Хым техьэн и пэ Айвазовскэм мыпхуэдэу итхыгъащ: «Мес, кхъухьхэр хьэзыру хым тетщ, дзэр зэрырашэжьэным хуэщIауэ. Сэ пщэдеймыщкIэ си нэгу щIэкIынущ зэи сымылъэгъуа икIи, хэт ищIэрэ, игъащIэкIэ сымылъагъужын лъахэ…»

ТIУАПСЭ деж и нэгу щыщIэкIар мыпхуэдэу къиIуэтэжыгъащ Айвазовскэм: «Сэ Iэщэу сIыгъыр тхылъымпIэрэ къэрэндащрэт. Дунейр дахащэт: дыгъэр етIысэхати, псы Iуфэр жьауэ хъуат; жыжьэу щыболъагъу бгы папцIэхэмрэ мэз Iувымрэ; кхъухьхэр, хъурзэр ирадзыхауэ, хы гущIыIум тесщ, кхъуафэжьейхэр нэпкъымрэ кхъухьхэмрэ яку дэтщ… Сэ, мэзыр къызэзнэкIри, хуейм сихьащ; зауэр ягъэувыIати, сэлэтхэр удзыпцIэм хэст… Удз кIырым хэлъ хьэдэхэр уолъагъу. Шэрджэсхэр хьэдэшэж къэкIуащ, абыкIэ хуит ящIати. ТхылъымпIэрэ къэрэндащрэ къасщтэри, абыхэм сурэт ятесщIыкIыу сыуващ. Зы шэрджэс щIалэ къызбгъэдыхьэри, сурэтыр сухыху къызбгъурытащ, итIанэ сурэтыр сIихри и ныбжьэгъухэм я деж ихьащ. Бгырысхэм сурэтыр къазэрыщыхъуар сщIэркъым, ар лъы защIэ хъуауэ къысхуихьыжащ, зыбжанэ дэкIа нэужь. Лъыр кIэрыстхьэщIыкIыжакъым сурэтым, зэрылъызащIэм хуэдэу зесхьащ, сеплъыху, си нэгу Iэджэ къыщIыхьэжу…»
ТIуапсэ деж щитIысыкIа дзэм Айвазовскэм сурэтищ трищIыкIауэ щытащ. Япэ ищIа сурэтым щыболъагъу: кхъуафэжьейм зраудыгъуауэ, сэлэтхэр нэпкъым йосылIэ; абыхэм топ щхьэщагъэукI хым тет урыс кхъухьхэм…
Сурэт зыбжанэ трищIыкIащ Айвазовскэм Кавказ къуршхэм, псыхъуэхэм, губгъуэхэм. КъэбэрдеймкIэ кIуэцIрыкIри, художникыр 1868 гъэм Тифлис кIуауэ щытащ, абы щыгъуи ищIащ ди щIыналъэм и теплъэр къызыщыгъэлъэгъуа сурэт зыбжанэ. 1890 гъэм Айвазовскэм Париж щигъэлъэгъуауэ щытащ «Iуащхьэмахуэ» сурэтыр. «Шэрджэс кхъуафэжьейхэр» - апхуэдэ сурэти къызэринэкIащ Айвазовскэм.
Айвазовскэм адыгэ темэм мызэ-мытIэу къызэрытригъэзэжам щыхьэт тохъуэ мыри. Художник цIэрыIуэмрэ Кавказ зауэм цIэрыIуэ хэхъукIа генерал Ермоловымрэ 1851 гъэм Москва щызэрыцIыхуауэ щытащ. Генералыр Айвазовскэм деж кIуащ, абы и лэжьэкIэм кIэлъыплъын щхьэкIэ. «Иван Константинович сыхьэтищ нейкIэ пылъащ сурэтым, - итхыгъащ абы ирихьэлIам. - Генералым зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым: чэтэным щIэх дыдэ къытехутащ Кавказ къуршхэм я теплъэр. Шэрджэс гупи щыплъагъурт сурэтым: ахэр щхьэщытт хым нэпкъым къридзылIэжа кхъуафэжьейм…»

Поделиться: