Лапинский Теофил щыхьэт тохъуэ

КАВКАЗ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэщ поляк зауэлI хахуэ Лапинский Теофил (1826 - 1886 гъгъ.) И лъэпкъэгъу гупышхуэ къыздишэри, ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1857 гъэм, илъэсищкIэ ядэзэуащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм). Зауэ гуащIэм хэт кIахэ адыгэхэм я хэкум щилъэгъуамрэ и гукъэкIыжхэмрэ итхыжри, Лапинскэм 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIащ «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъыр.

ШЭРДЖЭСХЭМ «я дзыхь къызагъэза нэужь, - етх Лапинскэм, - дэнэ сыкIуэнуми, сыт зэзгъэлъагъунуми, пэрыуэгъу сиIэжакъым, я щIыналъэм зыщысплъыхьащ, тхьэмадэ, дзэпщ куэдым нэIуасэ сахуэхъуащ - ар фи нэгу щыщIэкIынущ си тхылъым».
 Адыгэхэм яхэтыху, Лапинскэм куууэ щыгъуазэ захуищIащ абыхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я бэнэныгъэм, я бзэри зригъэщIащ.
Лапинскэр шэрджэсхэм я деж щыщыIа зэманыр (1857 - 1859 гъэхэр) Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт. Илъэс зыбжанэ дэкIри, 1864 гъэм, лъыгъажэ зауэм кIэ игъуэтащ, адыгэхэм я щхьэр халъхьауэ. Лапинскэм и тхылъыр дунейм къыщытехьар 1863 гъэрщ - зауэр зэфIэмыкI щIыкIэ. Тхылъым и пэублэ псалъэхэм Лапинскэм щыжеIэ: «Тхылъыр стхын мурад щысщIым, сэ, псом япэрауэ, зи ужь ситар бэнэныгъэ гуащIэм хэт, мафIэлыгъейр зрадза шэрджэсхэр утыкум къибнэ зэрымыхъунур Европэм зэхезгъэщIыкIынырщ: я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэ абыхэм нобэ, зауэ гуащIэм хиубыдащи, я щхьэр халъхьэнкIэ, лъапсэкIуэдыр къахуэкIуэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ар къащыбгъэщI хъунукъым а лъэпкъым. Сыт и щхьэусыгъуэми, Европэм пэIэщIэ хъуауэ зыбжанэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ шэрджэсхэр. Ар зыхуэфащэ лъэпкъкъым ахэр. Зы щIыпIи ущрихьэлIэнукъым шэрджэсхэм нэхърэ нэхъ щIэх зыужьыны-гъэмрэ цивилизацэмрэ я гъуэгум тепшэфын лъэпкъ - абы щхьэкIэ Iэмалрэ лъэкIыныгъэрэ епт закъуэмэ. Аращ зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм ядэIэпыкъун щIыхуейр, я псэмрэ я хэкумрэ къещэ зэрыпхъуакIуэхэм ахэр ящихъумэн хуейуэ и къалэнщ Европэм… Я щхьэ къудейркъым шэрджэсхэр щIэзауэр, абыхэм яхъумэ Европэм и хуитыныгъэри».
Лапинскэм лъэкI къигъэнакъым, зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ. Шэрджэсым къихьэн и пэ Истамбыл къэкIуащ Лапинскэр, абы дэс адыгэхэм нэIуасэ захуищIащ, зи ужь итыр къагуригъэIуащ. Къулыкъушхуэ зиIэ адыгэ лIыщхьэ, дзэпщ куэд дэст Истамбыл. Абыхэми тыркухэми Лапинскэр къагъэгугъащ къыдэIэпыкъункIэ - IэщэкIэ, фащэкIэ, зауэлIкIэ. Иужьым къызэрыщIидзыжамкIэ, псоми къагъэгугъа щхьэкIэ, Шэрджэсым къэкIуа нэужь, Лапинскэм зыри къыдэIэпыкъужакъым - ар абы щибзыщIыркъым и тхылъым. КъыдэIэпыкъун дэнэ къэна, зэрахузэфIэкIкIэ лъакъуэпэщIэдз къыхуащIащ, пцIы къыкIэлъызэрахьэурэ зэрагъэулъииным щIэкъуащ тыркухэри Истамбыл дэс адыгэ лIыщхьэхэри.
Лапинскэм Шэрджэсым къыздишащ и лъэпкъэгъу зауэлIищэм щIигъу. Абыхэм я нэхъыбэм я гъащIэр щIатащ Шэрджэсым и хуитыныгъэм. Нэхъыби къыздишэн мурад иIащ Лапинскэм: поляк минипщI щызэхуэсат Истамбыл, шэрджэсхэм къадэIэпыкъун щхьэкIэ, IэщэкIэ зызэщIаузэдауэ. Ари къыхуадакъым Лапинскэм: урыс лIыкIуэм къайгъэ къиIэтащ жари, ар щхьэусыгъуэ ящIри, Лапинскэм и мурадыр тыркухэм къызэпаудыгъащ. Абы и закъуэкъым: Iэщэ къыкIэлърагъэшэнкIэ къэзыгъэгугъахэм, Лапинскэм зэритхымкIэ, ягу пыкIар... фоч тIорысэ зыбгъупщIрэ шыгъу къэп зыбжанэрэщ. Шэрджэсым щыIэху, Лапинскэм куууэ щыгъуазэ зыхуищIащ адыгэхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм. Лапинскэм иригъэлейуэ пхужыIэнутэкъым адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным нэсу щитхкIэ. «Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, - етх Лапинскэм. - Сэ зэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу (къэбэрдейхэмрэ нэгъуэщI адыгэ лъэпкъ цIыкIухэмрэ хэмыту). Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ - мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжурэ, европей авторхэм къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ... Шэрджэсхэм зауэ къезыщIылIа урысхэм я дзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин щитI шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
Шэрджэсхэм я бжыгъэр мелуаным зэрынэсым щыхьэт трищIэу, Лапинскэм етх: «Шапсыгъми Абазэхэми къызэрыщызжаIамкIэ, IэщэкIэ зэ-щIэузэдауэ - шуми лъэсми - шэрджэсхэм зауэм Iуашэфынущ цIыху мини 150-рэ (мини 100-р лъэсу, мин 50-р шууэ). «ЦIыху мини 150-рэ зауэм щыIуфшэфынукIэ, урысыдзэм щхьэ фыпэмылъэщарэ?» - жысIэри тхьэмадэхэм сеупщIати, мыращ жэуапу къызатар: «Урысейм гъуни нэзи иIэкъым, къэрал абрагъуэщ». Абы щIызгъужынуращ: цIыху мини 150-р зауэлI мини 150-рэ хъуркъым - ар къагуроIуэ езы шэрджэсхэми. Шэрджэсхэр нэхъыбэм зэрызауэр сэшхуэрэ къамэрэщ, фочыр я мащIэщ, гыныр яхурикъуркъым». ФочкIи, топкIи, гынкIи къадэIэпыкъуащ Лапинскэр шэрджэсхэм, топауи топ зыщIыфи щIыгъуащ, Польшэм къыздришауэ. Ауэ, Лапинскэм и жагъуэ хъууэ зэритхыгъащи, ар мащIэ дыдэт. Топ щащI, топышэ щагъавэ лъэщапIи шапсыгъхэм я деж къыщызэригъэпэщауэ щытащ Лапинскэм.
Адыгэхэм я дзэр зауэм зэрыхуагъэхьэзыр хабзэхэми зыбжанэрэ тепсэлъыхьащ Лапинскэр: «Зауэм Iухьэн и пэ адыгэ тхьэмадэхэм хасэ зэхуашэс. Хасэм кърохьэлIэ зауэм Iухьэн хуей шухэри лъэсыдзэри; абыхэм къаувыхьри, тхьэмадэхэм хасэр зэхаублэ. Тхьэмадэхэм яхэсщ дзэр зауэм Iузышэн хуей дзэпщыр - зэрыхабзэщи, ар зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа лIыщ. Акъыли лIыгъи пхэлъын, жьакIуэуи ущытын хуейщ, дзэпщ ухъун щхьэкIэ. Тхьэмадэхэм унафэ ящI, мэхасэ: дапщэщ бийм щебгъэрыкIуэн хуейр, зауэм шуми лъэсми дапщэ Iухьэн хуейр? Тхьэмадэхэр чэзу-чэзууэ мэпсалъэ, зыри япэрыуэркъым абыхэм. Хасэм унафэ ищIа нэужь, утыкум зыш кърагъэувэ, абы мэшэсри, тхьэмадэхэм ящыщ зым хасэм и унафэр яжреIэ, абы псори еувэлIа нэужь, тхьэ яIуэн хуейщ я псэ зэремыблэжынумкIэ. Дзэр дзэпщым и IэмыщIэ иралъхьэ абы и ужькIэ, дзэм и унафэр зыIэщIэлъынур аращ». Мыри щIегъуж: «И щхьэм и хуитыныгъэм зыри пищIыркъым адыгэм, лей кIэлъызумыхьэмэ, сабийм хуэдэу гупцIанэщ, ухуэткIийми, ухэзэгъэнущ, уемыкъуэншэкI закъуэ, - ар къыпхуидэнукъым».
ЗАУЭ ГУАЩIЭМ хэтми, шэрджэсхэм    я цIыхугъэрэ я хабзэрэ щебэкъуа ирихьэлIауэ итхыркъым Лапинскэм, ар дэнэ къэна, щIэныгъэмрэ зыузэ-щIыныгъэмрэ зэрыхуэпабгъэм мызэ-мытIэу гу лъитащ. «Адрей лъэпкъхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным трагъэкIуадэ зэманым и зэхуэдитIщ шэр-джэсыр зыхуейр - апхуэдизкIэ гурыхуэщ, акъыл жанщи, - итхыгъащ Лапинскэм. - Шэрджэс щIалэ цIыкIу Iэджэм сарихьэлIащ си гъусэ полякхэм къакIэрыхъыжьауэ: тхылъ напэ гуэр къаIэрыхьамэ, абы итым щыгъуазэ ящIыху, якIэрыкIыртэкъым. Илъэс 13 - 14 зи ныбжь шапсыгъ щIалэ цIыкIуитI си гъусэхэм ящыщ унтер-офицер гуэрым къыкIэрыхъыжьэри, тхэкIэрэ еджэкIэрэ яригъэщIэху, бэуапIэ иратакъым - си нэкIэ слъэгъуауэ сыщыгъуазэщ абы...»
ИлъэсищкIэ ядэзэуауэ, шэрджэсхэм яхэкIыжын хуей хъуауэ щытащ Лапинскэр. А зэманым къриубыдэу Лапинскэр нэIуасэ яхуэхъуащ шэрджэс дзэпщхэм - Занокъуэ Сэфарбий, Мухьэмэд-Iэмин, Хьэжы-Джырандыкъуэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Лапинскэм игу къеуэу етх ахэр зэрызэгурымыIуэр, абы и зэранкIэ шапсыгъхэр, абазэхэхэр, натхъуэджхэр, убыххэр зэкIэщIэчауэ зэрызауэр, я акъыл зэрызэтемыхуэр. Шэрджэсхэм я щхьэр зауэм халъхьэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ елъытэ ар Лапинскэм. ГъэщIэгъуэнщ абазэхэхэм я дзэпщ Мухьэмэд-Iэмин щхьэкIэ Лапинскэм итхыр. Мухьэмэд-Iэмин Щамил Шэрджэсым къигъэкIуауэ щытащ, ядэзэуэн щхьэкIэ. Абазэхэхэм нэIиб яхуэхъури, Щамил 1859 гъэм зитыху, Мухьэмэд-Iэмин епсыхакъым. Щамил зита нэужь, Мухьэмэд-Iэмин зэрынэIибыр щыгъупщэжащ. Лапинскэм етх: «Сэ сакъыхэкIыжа нэужь, Мухьэмэд-Iэмин урысхэм Щхьэгуащэ Iуфэ щаIущIащ. ЕкIужын щхьэкIэ зэрахыхьар щажриIэм, урысхэр Мухьэмэд-Iэмин къыщыгуфIыкIащ, ирагъэблэгъащ, ягъэхьэщIащ, итIанэ Тифлис яшащ, абазэхэ тхьэмадэ 24-рэ щIыгъуу. Генерал-губернаторым IущIэри, жраIащ Iэщэр зэрагъэтIылъыр. Абазэхэ лIыкIуэхэр абы и ужькIэ, Мухьэмэд-Iэмин я пашэу, Бытырбыху кIуэри, пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьащ... Щамил зауэурэ яубыдащ, Мухьэмэд-Iэмин езым зитри, шу гъусэхэри иIэу, урысей къалащхьэм дыхьащ; урысей къалащхьэм щагъэлъэпIащ бийм екIужа нэIиб цIэрыIуэр...»
Кавказым икIыжа нэужь, Лапинскэм и нэIэ зэи ятригъэкIакъым шэрджэсхэм я бэнэныгъэм. Истамбыл зыбжанэрэ зыщиIэжьащ Лапинскэм, зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм тыркухэр къадигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Тыркухэм апхуэдэ мурад зэрамыIэм щIэх дыдэ гу лъитащ Лапинскэм. Тыркум и закъуэкъым, Лапинскэм зэритхымкIэ, шэрджэсхэр утыкум къизынар: Британиеми, Франджыми, нэгъуэщI европей къэралхэми ял узыртэкъым лъы зыгъажэ бгырысхэм щхьэкIэ. Езым хузэфIэкIынурати, зауэм хэт шэрджэсхэм я хъыбар Европэм щигъэIуащ, «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъыр итхри. Тхылъ гъуэзэджэкIэ еджащ абы Карл Маркс, езыри куэдрэ хуэзащ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа поляк цIэрыIуэм, ар Европэм ис нэхъ цIыху губзыгъэ дыдэхэм ящыщ зыуэ илъытащ.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Поделиться: