Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм щылажьэхэм къэрал стипендиехэр яхуэгъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №211-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм щылажьэхэм къэрал стипендиехэр яхуэгъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №211-УГ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ещанэ абзацым хэт «сом 1500-рэ хъууэ» псалъэхэр «сом 2000 хъууэ» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
б) а) еплIанэ абзацым хэт «сом 800 хъууэ» псалъэхэр «сом 1500-рэ хъууэ» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын.
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ                   КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2020 гъэм гъатхэпэм и 25-м
№25-УГ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I4 гъэм мазаем и 25-м къыдигъэкIа Указ №57-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм теухуа Положенэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм мазаем и 25-м къыдигъэкIа Указ №57-УГ-мкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) 3-нэ пунктым и етIуанэ абзацым хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и управленэм и унафэщI - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и пресс-секретарь» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и пресс-секретарь» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын, «Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэр,» псалъэхэр хэгъэкIын;
б) 5-нэ пунктым и тIощIрэ ебланэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэн;
в) 7-нэ пунктым:
етIуанэ абзацым хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и управленэм и унафэщI - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и пресс-секретарь» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и пресс-секретарь» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
еплIанэ абзацым хэт «, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэм» псалъэхэр хэгъэкIын;
г) 8-нэ пунктым:
епщыкIутхуанэ абзацым хэт «IэщIагъэщIэм хуегъэджэным, я IэщIагъэм хагъэхъуэнымрэ лэжьыгъэ и пIалъэ ящIэнымрэ теухуауэ» псалъэхэр «я IэщIагъэкIэ заужьыныр» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
етIощIанэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэн.
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ              КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2020 гъэм гъатхэпэм и 25-м
№26-УГ

Поделиться: