Гуапагъэм дунейр къригъэлынущ!

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щекIуэкIащ волонтёрым и илъэсу Урысейм щагъэува 2018 гъэр зэрызэхуащIыжым теухуа зэIущIэ. Хэгъэрейхэм къищынэмыщIауэ ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Къалэн куэд щагъэзащIэ абы и щIалэгъуалэ центрым.
Зэхыхьэ гуапэм цIыхуи 100-м нэблагъэ хэтащ. Абы ирагъэблэгъащ республикэм и волонтёрхэм я зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, щIалэгъуалэр, ныбжьыщIэхэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и волонтёрхэм я «Гъунэгъум дэIэпыкъу» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Сыжажэ Алим, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Къалэн куэд щагъэзащIэ и щIалэгъуалэ центрым и Iэтащхьэ Жаным Саидэ, республикэм ис волонтёрхэм ядэIэпыкъунымкIэ, абыхэм зегъэужьынымкIэ щыIэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Тхьэмокъуэ Алим, щIыналъэм и волонтёрхэм я унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я пашэхэр. Абыхэм къагъэлъэгъуащ щIыналъэм и волонтёр ныбжьыщIэхэм, нэхъыбэу курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэмрэ студентхэмрэ, илъэсым къриубыдэу зэфIаха Iуэхугъуэхэр зыхуэунэтIар. Нэхъыщхьэу къыхагъэщащ гуапагъэм дунейр къызэрыригъэлынур икIи ныбжьыщIэхэр къыхураджащ къэралыр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуащIыну, щытыкIэ гугъу ихуа цIыхухэм, нэхъыжьхэм, тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм пщIэншэу ядэIэпыкъуну, псапащIэ Iуэхум жыджэру хэтыну, жылагъуэм зрагъэужьыну.
Илъэсым къриубыдэу волонтёрхэм псапащIэ Iуэху зыбжанэ зэрырагъэкIуэкIам щытепсэлъыхьым къыхагъэщащ дыгъэгъазэм и 6 - 10-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тегенекли къуажэм Урысейм и Волонтёр центрхэм я ассоциацэм хэт зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсышхуэ зэрыщызэхэтар, абы къэралым и щIыналъэ 50-м щIигъум щылажьэ IуэхущIапIи 160-м нэблагъэм я лIыкIуэхэм зэрызыкърагъэхьэлIар. Зэхуэсым хыхьэу, дыгъэгъазэм и 7-м, волонтёр зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэм щыхэплъэжащ илъэсым зэфIагъэкIа Iуэхугъуэхэм.

Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: