Беслъэней пщыжылагъуэр Къэбэрдейм зэрыхэщхьэхукIа щIыкIэр

Дгъэнахуэхэр: Къэбэрдей пщы­жылагъуэхэр. Беслъэней пщыжылагъуэр. Пщызэныкъуэ­къур. Къызбрун зауэ. Тыркуейр. Кърымыр. Урысейм и телъхьэхэр. Урыс пщы Къанокъуэхэр. Къано­къуэхэ я зы тIасхъапIэ. Къанрэ ­малъхъэрэ. Гъунэгъухэр.

АБЭЗЭХЭ, шапсыгъ, бжьэдыгъу адыгэ жылагъуэхэм илъэс мин бжыгъэ я ныбжьмэ, Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ пщы-уэркъ лъэхъэнэм я Iэужьхэщ, илъэсищэ зыхыблщ зэрыхъур. XV лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу адыгэр Iуэ ДыщэкIэ (Золотая Орда, Джучиев улус, Altin Orda, Golden Horde) зэджэу щыта империем и вагъуэр щыкъухьэжым, пщыгъуэ зыбжанэ къэунэхуащ, Къэбэрдейри абы яхэту. Абы щы­гъуэми щIыгушхуэ къалъысащ - Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку тIуащIэр.
Езыхэм я пщыгъуэ увыным ипэкIэ къэбэрдейхэр къэунэхуащ. Жылагъуэм и къызэгъэпэщакIуэр Тамбий и къуэ Къэбардэщ. «Къэбардэ» цIэр щIыпIэцIэуи жылэцIэуи уващ. Инал къахыхьэри, пщыжылагъуэ хъуащ. IуэрыIуатэм жиIэм тепщIыхьмэ, Инал Адыгэ хэкум и пащ­тыхьт (падишах псалъэм къытокI), абы къыхэкIыуи щIыхьышхуэ иIэт. Пщыхэм яхэтакъым мыбы хуэдиз цIэ лей зиIа: АкIабгъуэ, Инал-­Нэф, (Инал­-Нэху жызыIи щыIэщ), щихъ ИналкIи еджэрт, Инал-­Щэджащэр дэ нэхъ тфIэкъабылщ. Инал зыщы­щымрэ къызыхэкIамрэ ятеухуауэ зэтемыхуа­гъэ щыIэхэщ: хэт Мысыр адыгэ пащ­тыхь­хэм ящыщу, хэти лъэпкъкIэ хъэзэру яIуатэ.
Мудэвейм (Абхъаз-­Абазэм) къи­кIауэ къэзылъытэхэри мащIэкъым. Инал муслъымэнт, фызиплIи иIауэ жаIэ. Пщы лIакъуэм и лъапсэгъэ­тIылъ хъуа Инал и къуэрылъхухэм ­къалъхужа еплIанэ-етхуанэ лIэужь­хэм (псалъэм и хьэтыркIэ, Къано­къуэ е Идар, Мэхъуэщокъуэ е Къаниболэт) и хъыбар пэж зэхамыхынкIэ Iэмал иIакъым. Ауэ щыхъукIэ, Инал къагупсыса шыпсэ лIыхъужь мы­хъуу, адыгэ тхыдэм увыпIэ хэха щы­зыIыгъ тхыдэ лIыхъужьу щыIауэ, псэуауэ зэрыщытым пцIы хэлъкъым. И пщыгъуэр тохуэ XIV - XV лIэщIы­гъуэхэр щызэблэкI лъэхъэ­нэм. Пщы щэджащэр дунейм щехыжым, фыз зырызым къалъхуа и къуэхэм щIэи­ныр хуагуэшащ. ШынэхъыщIэ Бес­лъэн Езанэм ­къуэкIыпIэ лъэны­къуэмкIэ щыIэ щIыгумрэ жыла­гъуэмрэ, Тэрч псы икIыпIэр абы хиу­быдэу, лъысащ. Ар и къэунэхукIэ хъуащ Беслъэней пщыжылагъуэм. Беслъэн къалэкIэ нобэ зэджэм и цIэри абдеж къыщежьэу плъытэ хъунущ.
Инал и къуэ нэхъыжь Тобылэ пщы лIакъуэ тхыдэм «Тобылэ Ду» жиIэу ихуащ, абазэбзэкIэ абы «щэджащэ» къокI. «Щэджащэ» щыфIащакIэ и тетыгъуэр кIыхьащ, зэхэ­щIыкIи жэрдэми зэрыхэлъам шэч къытепхьэ хъунукъым. Пасэрейхэм къытхуагъэна «Жэрдэмыншэ дзэ пашэ хъуркъым» жыхуиIэ псэлъа­фэри абы и щы­хьэт пэжщ. Тобылэ къуищ къы­щIэнащ: Жанхъуэт, Инармэс, Минболэт; Къанкъылыш зы ­къуэ - Тохъу­тэмыщ, Беслъэн Езанэми иIауэ тщIэр зы къуэщ, ар Етэчу ­худогъэфащэ.
Инал и бынхэм я быныжхэм яку зэгурымыIуэныгъэ зэрыдэлъар къегъэлъагъуэ кърым хъан Менлы Джэрий урыс пащтыхь Иуан III 1498 гъэм зэрызыхуигъэзауэ щыта тхыгъэм: «И ныне Богу моляся, опроче черкас дела нам нет, а сами ведаете, Айтек в головах, черкасские князи и люди приехали и поминки привезли». КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, мыбы къокI Инал и бынхэр хъаным и IурыщIэу щытахэу, пщышхуэныгъэр Етэч IэщIэлъ пэтми, зэпаубыдауэ, зэфIытрахыу. А лъэхъэнэм пщы зэныкъуэкъур хабзэ мыгъуэ хъури, Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ нэ­мыщI, пщыгъуэ цIыкIуиплI аргуэру къэунэхуащ, жылэ къэс унафэр зи IэмыщIэ илъ пщы нэхъыжьым и цIэр зэрихьэу:
1. Тохъутэмыщей - Тохъутэмыщ, Къанкъылыш и къуэр зи пщы нэхъыжьыр;
2. Идарей - Идар, Инармэс и ­къуэр зи пщы нэхъыжьыр;
3. Тэлъостэней - Тэлъостэн, Жанхъуэт и къуэр зи пщы нэхъыжьыр;
4. Джылахъстэней - Джылахъ­стэн, Минболэт и къуэр зи пщы нэхъы­жьыр.

Ауэрэ пщыхэр пщышхуэ унафэм фIэмылIыкIыжу щхьэзыфIэфI хъуа­хэщ. Аращ Беслъэней пщыжыла­гъуэр Къэбэрдейм хэIэпхъукIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэр. Беслъэнейр Къэбэрдей пщы­жылагъуэу къежьэу щхьэхуэ зэры­хъуам шэч къытрахьэу щытакъым Хъан-­Джэрий (1836), Нэгумэ Шорэ (1844), Сталь Константин (1852), Дубровин Николай (1870), Кушевэ Е. Н. (1963) сымэ. Алексеевэ Е. П. (1957, 1959) нэгъуэщI еплъыкIэщ иIар. Те­гъэ­щIапIэхэр зэрымащIэм къы­хэкIыу, а Iуэхум зэпкърыхауэ теп­сэ­лъыхь тхыгъэ щыIэкъым. ГурыIуэ­гъуэщ, блэкIам и тхыдэ жыжьэр зэфI­эгъэувэжыныр гугъэзагъэ зэ­ры­мыхъунур. ИтIанэми, ар лъэпкъ тхыдэу щыщыткIэ, гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэщ. Дыщыгугъынщ ди тхыгъэ мащIэр Iуэхум и щIэдзапIэ хъуну.
Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844) итхыжа хъыбарыжьхэм къызэраIуатэмкIэ, пщыхэр бэлэрыгъауэ иригъэхьэ­лIэри, пщы Къанокъуэ и адэр къигъэдаIуэри,  езыхэм къегъэза уна­гъуэ щитI хуэдиз и гъусэу щхьэхуэ зищIащ, Къэбэрдейм икIри Уарп Iуфэ Iэпхъуащ. «Псибл икIащ» жаIэ, псиблкъыми, нэхъыбэ икIащ. Ауэ унагъуэ «щитI хуэдизыр» мащIэIуэщ, пщы Къанокъуэхэ уэркъ я мащIатэкъым. Абыхэм ящыщщ лIакъуэлIэш Кургъуокъуэхэ (Елдархэ), Дэхъущокъуэхэ (Тхьэзритокъуэхэ, Лъахъэ­дыгъу­хэ, Елбэздыкъуэхэ), Сэнэшо­къуэ­хэ (Дэхъукъуэхэ), Бэгупсэхэ, ­ды­жьы­ныгъуэ Езыкухэ, Гъуншхэ, ­Къуэ­дзхэ, нэгъуэщIхэри. Къедбжэ­кIахэм къуа­жэ зырыз нэхъ мыхъуми яIагъэнщ.
Щхьэусыгъуэншэу зыри къэхъуркъым. «ЗэхэкIыр губжьым къыхокI»  жыхуаIэр пэжщ. ПсэупIэр хъуэ­жыным Къанокъуэр езышэлIар, дауи, пщызэныкъуэкъурщ. Ауэ уны­къуакъуэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ? Къыпщхьэщыжын уимыIэмэ, лъэ­рыщIыкI уащIынут. Абы и лъэны­къуэкIэ беслъэнейхэм хэкIыпIэу яIаращ: пщы Къанокъуэ 1515 гъэм и пэ къихуэу малъхъэ хуэхъуащ тырку сулъ­тIан Селим Езанэ Ябгэм (1512 - 1520) и къуэ Сулеймэн, Къафэ къалэм и бейлербейр. Абдежым ирихьэлIэу тыркухэм Кърым хъаныгъуэр яубыдауэ, Адыгэ хэкур IэмыщIэрылъ щIыным щIэбэну, Дарий гъуэгужьыр зэIуахыжыну я гуращэу щытащ. ­Бес­лъэней лIакъуэлIэш Тхьэзрито­къуэ 1532 гъэм и пэ къихуэу малъхъэ ­хуэхъуащ кърым калга Долэт I Джэрий, 1551 - 1577 гъэхэм хъану щы­тар. Языхэзри къыбдалъагъуну Iейтэкъым.
Абыхэм къакъуэгушхукIыу Къа­нокъуэм пщышхуэгъуэр япиубыдами, е адэ щIэиныр зэхьэрхуэрэгъу­хэм зэпаубыдами хэт ищIэн? Сытми, Инал и бынхэр хуабжьу зэпыIукIуэтахэщ. Езы Къанокъуэри сампIэимыхьэ, леймыгъэгъу гуэрти, жа­гъуэгъухэм заригъэцIыхужын хуей хъуащ. Хьэлэбэлыкъыр зауэм хуэ­кIуащ. Беслъэней жылагъуэм зиIэтри, пщыр я пашэу, Псыжь икIыжыну ежьащ, выгу зэщIэщIахэр япэ иту, лъэсхэр абы кIэлъыкIуэу, пщы-уэркъ щауэхэр ябгъурытыжу. Бахъсэн псыи­кIыпIэм деж, Фэндыкъуэ пэу­кIэм  нэсауэ, ежьахэр Къэбэрдей дзэм къигъэувыIащ. ЛъэныкъуитIми зы­зэрадзащ. А Iуэхугъуэм теухуащ «Къызбрун зауэ» уэрэдыжьыр. Уэ­рэдри хъыбарри щысхьыпэу лъэп­къым ихъумащ. ГъэщIэгъуэныщэщ - джэгуакIуиб­лым уэрэдым халъхьа едзы­гъуиблри ди деж къэсащ. Джэ­гуакIуэхэм пцIы яупс хабзэтэкъым, лъагапIэм тету зауэм кIэлъыплъурэ ялъагъур уэрэдым хагъэувэу арат ­хабзэр.
«Къызбрун зауэм» лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтхэр Идаррэ Къано­къуэмрэщ. Уэрэдым игъэкъуаншэр беслъэней лъэныкъуэрщ: «Къано­къуэ нэфмэ и жылэр рилъэфэ­кIуэжщ» жеIэри. ДжатэпэбжыпэкIэ зэрылIыну зэхэша хъуа зауэм и теп­лъэгъуэ куэд наIуэу уи нэгу къы­щIегъэувэ уэрэдым; лъэныкъуи­тIым­кIи зауэм хэта псоми щIэхъумэ имы­Iэу темыпсэлъыхьу къанэркъым: «Къызбруным ди пхъэмбырур а махуэмэ зэбгъузэнатIэт», «Ды-Къызбрунмэ лъыпсые бзаджэхэр ­даушэ! Ди нарту шухэр IумпIэкIэ къызэрыдош», «Си Хуэшие [къуажэ] къыдэкIа лъэсхэмэ я щэнэкъхэр яIыгъыжхэщ», «Бзы­лъхугъэмэ и къабзэ­хэмэ щIа­кIуэ­хэр задиящэтырхэщ». Пщы Къанокъуэхи, абыхэм я къуэ­дзэ лIа­къуэлIэшхэми зэрахьа лIыгъэм ­теухуащ мы псалъэхэр: «Елджы­ро-
­къуэпщыр, брумэ унелъэ-къелъэщ»; «Къанокъуэм и таджыр зауэгъуэмэ къахолыдыкI»; «Дэхъущокъуэмэ и тэджэлейр къуращхьэмэ къейгъэ­лажьэ»; «Кургъуокъуэхэ Жэн­джэ­­­риифIри дыдзэзэшэнмэ хэ­мыкI».
Къанокъуэхэ яфIэзахуэу, гъэIэп­хъуэн Iуэхум хыхьащ бжьэдыгъуи, абази, мэхъуэши. Шэч хэлъкъым - ахэр тырку унафэншэу, езыр-езыру къежьакъым. Едзыгъуэ къэс уэ­рэдым бжьэдыгъу дзэпашэ «Хъы­мыщкIэ Елжэри лIыхъу» и цIэ ­къреIуэ. «Айдарыр укъан сэхъущ, Пщы сэхъур Елжырокъуэпщ» жиIэу Идар хуошхыдэ. Ауэ Къанокъуэ и ­къуэ Елжырокъуэ «пщы сэхъур» ­нэхъIеижитIщ, ар зытеса шыми и ­гугъу ещI уэрэдым: «Лъахъуэдыгъу пщIэгъуэлащхъуэр къалэбжэм ­къыщегъэбгъунж». «Багъырсокъуэ Алътаймэ и натIэр шэкIэрэ итхъущ» жыхуиIэри мэхъуэщ пщыуэ щытын хуейщ. «Бжьэдыгъу шухэр мащIэти, емынэ нэфт». «Бжьэдыгъу шу­хэмэ хакIуэжьхэр мафIэкIэ ягъаблэщ, Абазэ лъэсхэмэ лыгъэгъуахэр щIыбкIэрэ зырахьэ» жоуэ уэ­рэдым халъхьащ лIыгъэщIапIэ ихуа, текIуэныгъэр къахьыху, къикIуэт ямыщIэу зауэм Iута кIахэ адыгэхэм.
Идар я пашэу къэбэрдейхэр, ­къарууэ яIэр зэхалъхьэри, уващ, ­беслъэнейхэр ирамыгъэкIыну: «Идар и дыщэ мэIур шэуэфIкIэрэ арегъэ­къутэ. Идар - пщымэ, хахуэжьыгъэр ШыпшкIэрэ Сэмэгу ейщ», «Шып­шымэ и тэджэлейр зэрыхэулъагъу, Дзэпиблмэ ягухэр джатэпэкIэ нызадэрелъ». Уэрэдым «мыр пщыщ, мор уэркъщ» жиIэу зэхэгъэж ищIыркъым, зэрыщы­мы­тауэ игъэIуркъым, щхьэж къилэ­-жьар и Iыхьэщ. Псы икIыпIэм деж къыщагъэувыIахэм щыщ зыкъомыр гъэрыпIэ иуващ, ­Iуашри Къызбрун пщычом дау­быдащ. «Багъырсо­къуитIмэ брумэ зыщагъэбыдэщ: «Псогуэри дыIэ­рыу­быдщ», жаIэри я джатэпIэр ­зыралъхьэж».
ГъэщIэгъуэнщ къэ­бэр­дейхэм абдежым къагъэсэбэпа зэуэкIэри. Бес­лъэнейхэм къытраха выгухэр пэIущIэу быдапIэм ихъуре­ягъкIэ кърагъэувэкIри, «бру ещанэ» яухуащ. Хэт гупхэм иту, хэти гу къуагъ­хэм къуэту шабзэшэхэр бы­дапIэм ебгъэры­кIуэхэм трагъэщащэурэ, мащIэрэ зэзэуа, куэдрэ зэзэуа, сытми, бес­лъэнейхэр Къызбрун быдапIэм яфIыдыхьэри, гъэрхэр хуит къащIыжащ. «КIэсэбийхэ я акъсакъалмэ и джатэпэ къытхуэигъэжан. И майдэ къыгъэжанамкIи къалэбжэмэ къыхиупкIыкIщ», жыхуиIэхэр зыхуэгъэзар быдапIэр къэзыщтахэрщ. Къызбрун зауэзэрылIым цIыху куэд хэкIуэдащ. ДэнэкIэ умыплъэми, мафIэ ­лыгъеймрэ уIэгъэмрэ, пыхьэмрэ щэ­Iумрэ щыкуэдт: «Дыгулыбгъуей жы­лэхэр губгъуэ дзэкум щокъугъ­хэр».
Къызбрун зауэм теухуауэ, лъэхъэнэм и Iэужьу, уэрэдым нэмыщI, щыIэр урысхэм XVI - XVII лIэщIы­гъуэхэм ятхыжа «Къэбэрдей адыгэ пщы лIакъуэм и тхыдэрщ». Тхыгъэ­жьым къреIуэ Беслъэней­-Къэбэрдей зауэм быныншэу хэкIуэда пщыхэм я цIэ: Тэтэрхъан (Къеты­къуэ Аслъэнбэч Езанэм и къуэ), Дзэгъэщтокъуэ (Биту и къуэ Елбэдзыкъуэ и къуэ), Сэртмэн (Къетыкъуэ Жан­сэхъу и къуэ). Нэгумэ Шорэ Къызбрун зауэм хэкIуэдауэ илъытэу щытащ пщыхэу Талъостэн, Тохъутэмыщ, Тохъутэмыщ и къуэ Къылыш. Ауэ ар фIэщщIыгъуейщ. Нэхъ уи дзыхь зэбгъэз хъунур «пщы лIакъуэ тхыдэрщ», абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, Къы­лыш зи къуэр Тохъутэмыщкъым - Иналщ, Тохъутэмыщыр и адэщ, и ныбжькIи а зауэм хиубыдэнкIэ Iэмал иIакъым.
ИщхьэкIэ къыжытIа псор зэ­хэплъхьэжмэ, Къызбрун зауэри, Беслъэнейр Къэбэрдейм пыщхьэ­хукIынри къыщыхъуар Идар и пщыгъуэ 1530 - 1540 илъэсхэращ. Идарей пщыжылагъуэр Шэрэдж псыхъуэ щыдэтIысхьар Къызбрун зауэм иужькIэу жеIэ Нэгумэ Шорэ. Идархэ абы зэрыдэсам и щыхьэту ноби Аушыджэр къуажапщэм деж щытщ Идар и Iуащхьэр. Тхыдэ Iэужь тхыгъэхэми ардыдэр къагъэлъагъуэ. А щIыпIэ дыдэм итщ Андемыркъан пщытумэм и Iуащхьи. Андемыркъан езыгъэукIауэ жыхуаIэр Беслъэн ПцIапцIэщ, зыукIахэм ящыщщ Идар и къуэ Биту: «Битуужьри носри… Уойрэ, и бжыкI гущэри пыIуидзэщ! Зынредз Андемыркъаным, Битум и жьакIэр пегъэщ! «Сыпщыгъупщэнкъым» жери… Уойрэ, и Iэпхъуамбищ гущэри дигъакIуэщ! «Уэ узэхэзекIуэщ!» жери нэкIу и дамыгъэр тридзэщ!».
Андемыркъан пщытумэу щыщы­такIэ, дауи, пщы гуэрым къригъэлъ­хуащ, хэтми мыIупщIми: хэти Ида­рырауэ, хэти Къанокъуэрауэ, хэти Мудар Xьэфэу яIуатэ. Мудар Хьэфэ а лъэхъэнэм хиубыдэркъыми, умыбжми хъунущ. Пщытумэр къезыгъэ­лъхуауэ КъардэнгъущI Зыра­мы­ку илъытэу щытар Идарщ. «Армы­рамэ Андемыркъанрэ Идар и къуэ Къаниболэтрэ «зы быдзышэ здрагъэфэнкIэ Iэмал иIэтэкъым» жиIэрт. Iуэхум и пэжыпIэр щумыщIэм деж гугъущ. Андемыркъан лъэпкъкIэ ­Къано­-
къуэр пэжмэ, уегупсыс хъунущ: «Фы­гъуэмрэ ижэмрэ къыхэкIыу лIы ­гъуэзэджэр гъэпцIагъэкIэ утыку ирашэу, гуузу зэраукIар, ярэби, зыгуэркIэ емыпхауэ пIэрэ Беслъэней жылэм Къэбэрдейр ибгынэн хуей щIэхъуам?» - жыпIэу.
Къанокъуэ и быным къахэпажыкIа Мэхъуэщокъуэ Истамбыл тырку пащтыхьым и бжаблэм къулыкъу щищIэу, беслъэнейхэр IэпхъуагъащIэу, зэрыпсэун зэрахуэу, Iуэхушхуэ къалъыкъуэкIащ абыхэм. Къано­къуэхэ япхъу, сулътIан Сулеймэн и япэ щхьэгъусэ Махидевран гуащэ (Гюльбахар, Босфоранэ) и тIуанэ-нысэгъей Роксаланэ и зэранкIэ хуэ­фэщэн пщIэ имыIэж хъуащ. И шыпхъум къраха пудыныгъэр Мэхъуэ­щокъуэ гуимыкIыж щыхъуащ икIи яхуимыгъэгъуну мурад ищIащ. Ауэ пащтыхь куэдым я пащтыхьыж, ­муслъымэн псом я хъалиф сулътIан Сулеймэн дауэ упэлъэщыну? Гу­ныкъуэгъуэм хэмыкIыурэ, Мэхъуэщокъуэ Истамбыл гъащIэр хуэмы­хьыжыххэ хъури, 1552 гъэм и бжьы­хьэку мазэм щтапIэщIэкI пащтыхь Иуан ЕплIанэ Ябгэм екIуэлIащ.
Апхуэдэ хабзэ щыIащ, пащтыхь­хэм къулыкъу хуащIэу, ар лIыгъэщIапIэу, лIы нэщэнэу ялъытэу. А щIыкIэм тету зэбгрыкIауэ щIыпIэ куэдым ­ущрихьэлIэнут адыгэ пщы щауэхэм. Урысейм апхуэдэ IуэхукIэ япэу екIуэ­лIауэ дызыщыгъуазэр Мэхъуэщо­къуэщ. Беслъэней пщы щауэр урыс пащтыхьым гурыIуащ, хуэфэщэн пщIэ  къыхуищIмэ,  Тыркуейм и бийуэ Iуэху пыухыкIахэр хуилэжьыну. ЛIэу­жьыфIым къыхэкIа пщы теплъа­фIэм тыншу дзыхь кърагъэз, жор пщIыхалъхьэ, Мэхъуэщокъуэ цIэр ИуанкIэ яхъуэж. Абдеж езы пащтыхьыр жор адэу увауэ шэч уэзыгъэщI гуэрхэр щыIэщ.
Мэхъуэщокъуэ Иуан ЕплIанэр ­къигъэгугъащ адыгэпщ псори дэ­Iуэгъу къыхуищIу, Тыркумрэ Къры­мымрэ я бийуэ екIуэкI бэнэныгъэм        и зэфIэкI хилъхьэну. ЖиIари игъэ­пэжащ. Пщы хахуэм Тыркум и бийуэ хэкум исыр зэщIигъэуIуэри, къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий я ­гъусэу, хы ФIыцIэ Iуфэм Iут тырку быдапIэхэу Темрюк, Тамань, Исламкермен (1556 гъэм и жэпуэгъуэм), ­Азакъ (1559 гъэм и мэлыжьыхьым) псоми яфIэтелъыджэу хъунщIэ ­къещI.
КъыщынэмыщIауэ, Мэхъуэщокъуэ адыгэ   пщыхэм  къабгъэдэкIыу ­адыгэ лIыкIуэхэр хэнейрэ Мэзкуу ­игъэкIуэн хузэфIокI: 1552 гъэм и бжьыхьэкIэм, 1555 гъэм и гъэмахуэкIэм, 1557 гъэм и гъэмахуэпэми и гъэмахуэкуми, 1558 гъэм и бжьыхьэкум, 1559 гъэм и бжьыхьэпэ мазэм. 1555 гъэм кIуахэр шууищэрэ щэ ныкъуэрэ хъурт, жаней пщы Къанщо­къуэ и къуэ Сибокъу, абы и къуэш Ацымгукъу, Къудэнэкъу, абазэ ахъэ Елбэдзыкъуэ и къуэ Дударыкъуэ сымэ я пашэу. Мыбыхэм жор пщIэ­халъхьэри, Мэзкуу къыдэнахэщ, дзэм къулыкъу щащIэну.
Идар и къуэ Темрыкъуэ телъх­ьэгъу хуэмыхъуу нэхъ елIэлIащ ­Мэхъуэщокъуэр. ИкIэм, урысым Къэзан, Ащтырхъан (Астрахань) хъа­ныгъуэхэр щиубыдым, Темры­къуэ къыгурыIуащ Иуан ЕплIанэр щхьэтечу ныбжьэгъу, благъэ щIыныр Iуэху щхьэпэу зэрыщытыр. Ар и гуращэу, 1557 гъэм урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ещI пщы Мэхъуэщокъуэ и ­къуэш Къанкълыш. А Iуэхур Къанкълыш и пщэ зэрыдалъхьар зыуэ гъэщIэгъуэнщ, ауэ нэхъ хьэ­лэ­мэ­тыжыр - пщыр лIакъуэлIэш Т­хьэз­ритыкъуэ и лIыкIуэу зэрыуварщ. Тхьэзритыкъуэ кърым хъаным и щыкъу адэ щхьэкIэ, пщыр абы и Iуэху­тхьэбзэщIэныр хьэдэгъуэдахэт. Дауэ ­мыхъуми, а илъэсым къыщы­щIэдзауэ Идархэ я лъапсэр хэ­кIуэ­дэжыху, урысым и телъхьэу екIуэкIащ. И псалъэ зэригъэпэжым и щыхьэту Темрыкъуэ балигъ мыхъуа и къуэ СулътIан и шэсэгъуу, анэмэту Мэзкуу иригъэшащ. Жор пщIэхалъхьа иужь, Михаил хъуа ­щIалэ цIыкIур урыс гъэсэкIэкIэ Кремлым щапIащ. ­СулътIан и шыпхъу нэхъыщIэ Гуа­щэнэ (Марие) Урысей пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъуа иужь, Романовхэ япхъу къра­гъашэри, пащтыхь уна­гъуэр Идархэ лъэныкъуитIкIэ благъэ яхуэхъуащ.
«Нэхъыбэж схузэфIокI» жыхуиIэ щIыкIэу, Мэхъуэщокъуэ Мэзкуу ­зди­шэри кIуащ хъаным и щыкъу ­щIалэ, и чэнджэщэгъу Тхьэзрито­къуэ и къуэ Тэтэрмырзэ. Тэтэрмырзэ кърым хъаным и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэхэм щыщ, зэфIэкIышхуэ зиIэ лIыт. ЛIы гъуэзэджэр, щэхуми нахуэми, урыс пащтыхьым пэшэгъу хуищIащ. Илъэс зыбжанэкIэ Тэтэрмырзи абы и къуэш Ахьмэд­-Аспати Иуан ЕплIанэм хуэтхэ-къатхэу, урыс-кърым IуэхухэмкIэ сэбэп хъууэ, урыс лIыкIуэхэм, сатуущIхэм къащхьэ­щыж зэпыту екIуэкIащ.
Апхуэдэ зэфIэкI зиIэ Мэхъуэщо­къуэ,  и лъэпкъэгъухэм я деж и пщIэр щехуэх хъуащ. 1559 гъэм и фокIадэ мазэм Мэзкуу пащтыхьым и пщIантIэм щепсыхыгъащ Къанокъуэ и ­къуэ Елжырокъуэ, къалэщхьэгуэжьу зыщыгугъ къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий и гъусэу. Беслъэней лIыкIуэм пащтыхьым и пащхьэ хэ­IущIыIу щищIащ: «ДяпэкIэ Адыгэ­ ­хэкур Урысей унафэм щIэту псэуну хуейуэ, атаман Вишневецкий Дмит­рий адыгэ жылагъуэм и унафэщIу, Iэтащхьэу къахуигъэкIуэну ­лъа­Iуэу, чыристан диныр къезыгъэщ­тэн щоджэнхэр (попхэр) и гъусэу». Пащтыхьым а псор и фIэщ хъуа­ми-мыхъуами хэт ищIэн, ауэ Къано­къуэхэ щIелъэIуа псори къахуищIэгъащ.
Мэхъуэщокъуэ тырку пащтыхьым емыпцIыжынкIэ Iэмал имыIэу щытыпIэ бзаджэ ихуэри, тIэунейрэ ­хамэгу-хамащхьэ хъуащ. Абы сулъ­тIан Сулеймэн и ней къыхэмыкIыпIэ иIэтэкъыми, унафэ быдэ зэбг­ригъэхащ - дин епцIыжакIуэ (муртад) хъуа адыгэпщым и судыр укIкIэ ящIэну. АрщхьэкIэ шынэ зымыщIэ пщы пхъашэр абы щхьэкIи къикIуэтакъым, шу гуп и гъусэу 1560 гъэм и бжьыхьэкIэ мазэм «хы тIуащIэм» зэпрыкIауэ Къафэ къалэм ебгъэрыкIуэу кърым тэтэрхэм яIэ­щIыхьэри яукIащ. А хъыбарыр хъан Долэт I Джэрий Истамбыл иригъэхьа тхыгъэм итщ. Мэхъуэщокъуэ и кIуэ­дыкIэ хъуар Иуан IV гущIыхьэ щымыхъуу къэнакъым. Абы и щыхьэтщ лIам и цIэкIэ пащтыхьым члисэхэм мызэ-мытIэу тыгъэ лъапIэхэр зэрахуищIар.
Пщы гъуазэм и жэрдэмкIэ 1552 - 1560 гъэхэм Беслъэнейр Урысейм и телъхьэу екIуэкIащ. Мэхъуэщокъуэ, и къуэш Елжырокъуэ хуэдэу, бэм фIыуэ ялъагъу цIыху хъуакъым, уэрэди хуаусакъым. Шыщхьэмы­гъазэу губгъуэм итами, кIуэдыжы-кIей хъуами, и хэкуэгъухэм ямыдар хамэкIутIууэ зэрыщытар арагъэнущ. Пагагъэ хэлъащ, тIэкIуи псын­щIагъэ къытекIуэрэ, жыпIэну. Пщы Iумахуэ мыхъуами, куэд хузэфIэкIащ, лъэужьышхуи къигъэнащ. ­Къанщокъуэ и къуэ Сибокъу (Василий хъуам) и натIэ илъыр нэгъуэщIт. «Къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ», жыхуиIэ щIыкIэу, Сибокъу мызэ-мытIэу кърым хъаным лъэIукIэ зы­хуигъэзащ, ищIа къуаншагъэхэр къыхуигъэгъуну. ИкIэм-икIэжым, Мухьэмэд II Джэрий ПцIапцIэм и ­къуэ Сэфа Джэрий пIуру къихьри, абыкIэ къелащ. Тыркуейм и сэн­джакъщIэту щыта Сибокъу чыристан хъуащ, илъэсийкIэ муртаду щы­тауэ, аргуэру муслъымэн къабзэу ежьэжащ. Апхуэдэ щапхъэ зэ къэ­хъуамэ, мыр етIуанэт.
Урысей пщы Къанокъуэхэм ­(Черкасскэхэм) я лъапсэгъэтIылъ ­хъуащ пщы Мэхъуэщокъуэ. Мэхъуэщокъуэ и къуэ Рэмэдани и адэм и ­лъагъуэм ирикIуащ. Истамбыл икIри, ари Мэзкуу пащтыхьым 1567 гъэм бгъэдыхьащ, чыристан диныр къищ­тэу, дзэм къулыкъу щищIэну ­лъаIуэу. Рэмэдан Пётр хъуащ, оп­рич­никыу щIидзэри, зыр IукIмэ, зыр техьэу щыта пащтыхь къомым дзэпщу ядэлэжьащ. «Смутэ лъэхъэнэкIэ» урысыр зэджэ зэрыхьзэрий ­бзаджэм хиубыдащ, пащтыхь Годунов Борис и унэкъуэщхэр щагъэкIуэдым ябыхэм я гъусэу Сыбыр, Березов быдапIэм и воеводэу ягъа­кIуэри, къелащ. 1615 гъэм, езым и ажалкIэ дунейм ехыжри, чыристан хабзэм тету, лъапIэныгъэ иIэу, Си­монов къулъшырыфым и хьэдэр щыщIалъхьэжащ. Къанокъуэ Мэ­хъуэщокъуэ и къуэрылъху закъуэ, Пётр и къуэ Василий пащтыхь бжэIуту, бгъуэщIэсу щIидзэри, дзэпщ цIэрыIуэ хъуащ, Урысейм и къалэ куэдым воеводэу щылэжьащ, окольничий жыхуаIэ IэнатIэ лъагэ дыдэм нэсауэ, 1652 гъэм быныншэу дунейм ехыжащ. Абы и деж урыс ­хъуа пщы Къанокъуэхэ щыхэкIуэдэжащ.
Къанокъуэхэ зы тIасхъапIэ яIащ. Ар «лIы закъуэ лъэпкъыу» зэ­ры­щытарщ. «Къанокъуэхэ дэ гъащIэу зыхуэдгъэувыжыр илъэс тIощIрэ тхурэщ» жыхуиIэ псэлъафэр язы­ныкъуэ ди тхыдэтххэм пхэнжу къа­гуроIуэ, лIыгъэм, щхьэмыгъазагъэм ирапх. Ауэ псэлъафэм и лъабжьэр нэгъуэщIщ. Пщы псоми ещхьу, Къанокъуэхэ зэрымыкIуэдыжын ­Iэмалщ къалъыхъуар, арыншэмэ ­тепщэныгъэр яхуэхъумэрэт?!
Мыжей Сэхьид и къуэ Михаил зэ­хуихьэсыжу къыдигъэкIа «Адыгэ хъыбархэм» (1986) итщ Беслъэней жылагъуэр пщыншэу къызэрынэ пэтам теухуа хъыбар. Ар пэжу XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэ­хъуа Iуэхугъуэу щытын хуейщ. ­Беслъэнейхэм я Iуэху зытетыр къэ­бэрдейхэм къыщащIэм, лIыкIуэ ягъэ­кIуащ: «Пщыншэу фыпсэу­фын­къым, пщы ныф­хуэдгъэкIуэнщ», - жаIэри. «Зэ догуэ, Къэбэрдей, дывгъэгупсыси, жэуап фэттыжынщ», жаIэри, кIуар къаутIыпщыжащ. Беслъэнейхэр джэрэзащ: «къэ­бэрдеижьхэм аргуэру даубыдыжынущ», - жаIэри. Абы хэту, беслъэ­нейхэм я насыпти, иужьрей пщы ­Къанокъуэм и щхьэгъусэу щыта, шап­сыгъ бзылъхугъэ икIыжам деж лъагъунлъагъу кIуам хъыбар гъэ­щIэгъуэныщэ къихьащ - нысэу щы­там Къанокъуэхэ щIалэ яхуигъуэ­тауэ. Беслъэнейхэр гуфIэгупсэу кIуэщ, я къуэр къашэжри, пщы ­ягъуэтыжащ. 1616 гъэм пщы Къа­нокъуэхэ ящыщ Бэхъукъуэ и къуэ ХьэкIэщI и адэ шыпхъум и къуэ ­хъан Жэнбэч Джэрий и гъусэу Къэбэрдей пщышхуэ Алыджокъуэ Талъос­тэнхэ и бийуэ иригъэкIуэкIа зауэм ­хэтащ. Гу лъытапхъэщ, пасэрей хабзэм ипкъ иткIэ, «Бэхъукъуэ», «Хьэ­кIэщI» хуэдэ цIэхэр фIащу щытащ, лъапсэр зэпыч пэтрэ щIалэ ягъуэ­тыжа иужькIэ.
Беслъэней жылагъуэм и бжыгъэр зэи куэдакъым: тIощI, тIощIрэ тхум фIэкIакъым. Тырку щIэныгъэлI цIэ­рыIуэ Эвлия Челеби Беслъэнейм тIэунейрэ щыхьэщIащ 1641, 1666 гъэхэм. Абы и тхыгъэхэм къыхощ ­беслъэней пщым дзэуэ, шуми лъэсми, минитху зэхуишэсыфу щы­тауэ. Ксаверио Главани 1724 гъэм ­Беслъэнейр зэрыхъуу щытауэ жиIэр унагъуэ минщ. Урысхэр хэкум къихьа иужькIэ генералхэм къагъэлъагъуэ бжыгъэхэр фIыуэ нэхъыбэщ, ауэ зэтемыхуэу къаIуатэ: де Медем 1769 гъэм къихутащ беслъэней Лабэ дэсхэр унагъуэ минитI ирикъуу, Суворов Александр 1782 гъэм унагъуэ ­миних къибжащ, Потёмкин П. С. 1784 гъэм унагъуэ минипщI ири­къуу къилъытащ.
Беслъэнейхэр зэрымащIэм, зэры­хуэмыщIам, я муслъымэ­ныгъэм и хьэтыркIэ, Тыркуми Кърымми ягъэпщылIыну, Къэбэрдейхэм хуэдэу хъаныщIэ теувэм ­щIалэ, хъыджэбз тыгъэ хуащIын ­хуейуэ щытакъым. Тыркум и унафэ, и жьауэ щIэтурэ, беслъэнейхэм хуэм-хуэмурэ лъабжьэ яухуащ. Лабэ псыхъуэр икъукIэ щIыпIэфIт, гъавэ бэв къызытекI щIыналъэт. Мыбы гъэ Iей къыщыхъу хабзэтэкъым. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдейр зэгуэрым гъей хъуауэ, Беслъэнейр гъэфIу къыщащIэм, ар беслъэней  уд IэщIагъэу ялъытэгъащ. ЩIыгулъым и Iувагъыр абдеж сантиметри 100 - 180-рэ мэхъу. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ, нэмыцэхэм хэкур щаубыдам, щIым и фIагъыр къалъытэри, гъущI гъуэгу яухуэри, щIыр ирашу къаублауэ щытащ.
Псыжь икIыжахэм я лъэр иубы­дынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ пащтыхь унагъуэхэр благъэ щIыныр. Ар къайхъулIэмэ, насыпышхуэу ­ялъытэрт. Кърым хъанхэм куэд яхэттэкъым благъагъэкIэ беслъэнейхэм къагуэмыхьэ, я малъхъэ, пхъурылъху, е я къан ирехъуи. «Малъхъэрэ ­къанрэ» щIыжаIар апхуэдэ зыгуэрщ. Мыпхуэдэ къэхъурт: пIуру ­къахьа пхъурылъхур, малъхъэ ящIыр­ти икIи пхъурылъху, икIи къан, икIи малъхъэ яхуэхъурт. Хъан Долэт Джэрий (1551 - 1577) иIа ­фызиплIым щыщу щыр адыгэт: япэр беслъэней лIакъуэлIэш Тхьэзритокъуэ ­ипхъут, етIуанэр пщы ­Къанокъуэхэ япхъут, ещанэр пщы Джылахъстэнхэ япхъут. Кърымым и пашэхэр адыгэ малъхъэрэ къанрэ щыхъукIэ, хъаныгъуэм и IэнатIэ ­нэхъыфIхэр яубыдынтэкъэ - зы­къомрэ хьэмтетыгъуэ яIащ. Апхуэдэ щытыкIэмкIэ мыарэзы тэтэр бейхэр 1577 гъэм зэхуэсри, тырку сулътIаным деж тхьэусыхэ тхылъ ирагъэхьы­гъащ. АрщхьэкIэ уэсмэн пащтыхьым Iуэхур зэхигъэкIыну хъан Мухьэмэд II Джэрий ПцIапцIэ и пщэ къыдилъхьэжащ. Тетыгъуэр къызылъысагъащIэ хъаным, бес­лъэ­ней пхъурылъхум, тхьэусыхахэр Бахъшысэрей утыкум деж наIуэу щхьэпылъэ щищIри, абыкIэ Iуэхум кIэ иритыгъащ.
Къанокъуэхэ япхъу Дурбикэ ­хъангуащэ. Телъыджэ дыдэщ нуреддин Мубарек Джэрий и щхьэ­гъуса Къанокъуэ Дурбикэ-гуащэ и гъащIэ гъуэгуанэр. А тIур зыкъомрэ зэдэпсэуауэ, быни зэдагъуэтауэ, лIым и IэнатIэр къигъэнэн хуей ­хъури, и щыкъум щтапIэщIэкI кIуэжауэ щыIэу, абы 1593 гъэм дунейм щехыжащ. Гуащэр етIуанэу лIы иратыжащ - калга Фэтихь Джэрий. Ар лIы зэгъэпэщат, теплъафIэт, къэбэрдей малъхъэ хъан Къаз Джэрий Ябгэ (1588 - 1596, 1597 - 1608 гъгъ.) нэхърэ нэхъ лIыгъи, цIыхугъи хэлът. Фэтихь Джэрий хуабжьу фIэ­мы­фIурэ, уэсмэн унафэкIэ хъану ягъэув. АрщхьэкIэ щIэх дыдэу Къаз Джэрий и IэнатIэр еубыдыж. Лей къэхъуа беслъэней малъхъэр псалъэ­макъыншэу текIуэтащ. Iей лъэпкъ игу къэмыкIыу, мо цIыху хей гу къабзэм и фIэщ ящIащ хъаным къыхуигъэгъуну елъэIурэ, дахэкIэ зэб­гъэдэкIыжмэ нэхъыфIу. Арщ­хьэ­кIэ хъан гущIэгъуншэр, екIужын имыдэу, Фэтихь Джэрий игъэкIуэдащ. Ещанэу Дурбикэ гуащэ лIы ­иратыжын хуей хъури, хъан Селэмэт Джэрий («Резми») илъэситIрэ мазиплIкIэ (1608 - 1610) дэпсэуащ. Джэ­рийхэ я зэрыхьзэрийм къела Дур­бикэ гуащэ насыпыншэтэкъым: и зы къуэ Жанбэч Джэрий хъану тетащ (1610 - 1623, 1628 - 1635), адрей Долэт Джэрий нуреддину, иужькIэ ­калгауэ щытащ. 1616 гъэм и гъэмахуэм хъан Жанбэч Джэрий Бес­лъэнейр и хэщIапIэу, сэлэт минищи и гъусэу, Талъостэней зауэм хэтащ. А зауэм траусыхьа къэбэрдей уэрэ­дыжьым «ЖанбэчкIэ нашэр пщэ­къуаншэкIэрэ рашэх» зыхужиIар мыращ. Хъан Жанбэч Джэрий а зауэзэрылIым хэкIуэда Талъостэней жылагъуэпщ Ибакъ ипхъу Нэкурэ ­тыгъэ хуащIри и щхьэгъусащ.
Пщы-уэркъ лъэхъэнэм мыхьэ­нэшхуэ иIащ пIургъэсэн (къангъэсэн) хабзэжьым. Ар адыгэ пщы­уэркъхэм хуабжьу къагъэсэ­бэпырт. Илъэситху-илъэсих зи ныбжь хъа­ныкъуэ пIуру къахьырти, щагъэIэрт, ­ягъашхэрт, яхуапэрт, ягъасэрт мы­шынэу, сыт хуэдэ Iуэхуми фIыуэ щыгъуазэу, шы тесыкIэм, зэуэкIэм хуэIэзэу. Апхуэдэ Iуэху зи пщэ изылъхьа дэтхэнэми, пIурыхь кIуэн ипэ, пащтыхьыкъуэм зэрепсэлъэн бзэм деж къыщыщIэдзауэ лIыгъи, ­мылъкуи, щIэныгъи, Iэзагъи бгъэ­дэлъын хуейт. Сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ, дагъуэншэу пIурыпIэ иIэн хуейт - псэупIэ щхьэхуэ зэпэщ, къабзагъэ и лъэныкъуэкIи, быдагъэ и лъэны­къуэкIи хужыпIэн щымыIэу, зэуэкIэм щыхуагъэсэн щIыпIэ хэхахэр. Бы­фэкъуэ адэм къан щIалэр жэщи махуи имыIэу, езэши имы-щIэу игъа­сэрт, зыхуей игъуэту игъэ­п­сэурт, ауэ, мысэхъуджэн хуэдэу, едэхащIэ, еубзэ хэмылъу.
А Iуэхур зэрымытыншыр къыхощ Мыжей Михаил итхыжа «Лъахъэ­дыгъу и къуэм и хабзэ къутэкIэр» хъыбарыжьми. Абы итщ мыхэр. Гъат­хэ щыхъукIэ, быфэкъуэ адэм ­къаныр зыщIегъури, пщыIэм деш, ­игъэсэн, лIыгъэ къригъэщтэн пап­щIэ, Iэджи ирегъащIэ. Уанэ трилъ­хьэу, абы фIэкIмэ - шы тесыкIэ, шы емылыдж гъэсэкIэ. Бийм щымысхьу зэрезэуэн Iэмалхэм ирегъащIэ. Зэ­ры­пыджэ пасэрей Iэщэхэм ящыщу бжыи, джати, къами, сэшхуи къызэ­рагъэсэбэп щIыкIэм хуегъасэ. Нэщанэ фочкIэ, кIэрахъуэкIэ зытри­гъапсэм техуэу, шабзэкIэ еуэу егъа­сэ. Апхуэдэурэ щIалэ цIыкIур илъэс пщыкIутхум нэсыхукIэ, лIитI-лIи­щым яку итурэ ягъасэ. Адыгэбзэр яцIыхуркъым, жамыIэн хуэдэу ирагъа­джэ, бзэри хабзэри ирагъащIэ. ПIургъэсэным беслъэнейхэр хуабжьу хуэ­Iэзэт. «Беслъэнейхэм я хъаны­къуэ гъэсэкIэр» и фIэщыгъэу тхыгъэ телъыджэ уэсмэныбзэкIэ тхауэ Смир­нов Василий 1888 гъэм тридзэгъащ. Мыбы зэхэхауэ итщ, нобэкIэ адыгэм IэщIэхужа, пIургъэ­сэным ехьэлIа дауэдапщэхэр.
Лъэтеувэ хабзэм ещхьу, пIурым шы тесыкIэ ищIамэ, ар Тхьэм и фIы­щIэу, и Iэмыру ябжырт, япэ ехъу­лIэ­ныгъэу ялъытэрти, тхьэлъэIу пIурым хуащIырт. А хабзэм пIургъэшэскIэ (къангъэшэскIэ) еджэрт. ТхьэлъэIум хъуэхъуакIуэ цIыхушхуэ къе­кIуалIэрт. Ерыскъышхуэ къаIэтырт. Шыгъажэ, шурылъэс, джэдыкIэ­еуэ джэгукIэхэр яублэрт - шухэр шы­хэм кърадзыхыну, модрейхэми зыкърырамыгъэдзыхыным хэту, лъэс­хэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэ джэгукIэ ящIырт. Апхуэдэ зэхуэсым шу­хьэ­зыру хэкум ис, зи лIыгъэ зыгъэлъэгъуэну хуей дэтхэнэри щызэ­рихьэлIэрти, цIыхум я пащхьэ щы­зэпеуэрт. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа «Лъахъэдыгъу и къуэм и хабзэ ­къутэкIэ» хъыбарым зи гугъу ищI зэ­хьэзэхуэри апхуэдэ гуэрт. «Шы­гъажэ ящIри, щIалэхэр зэдагъажэ, нэхъ лъэрыхьым йоплъ. Шыгъажэм хэтхэм мыр ящIэн хуейт: жэрыжэм тету кIытым зи дзэр къыдэгъэзеяуэ дэлъ джатэр къыдипхъуэту бжэгъущхьибл зэхуэдизу пиупщIын хуейт (чы упщIатэ). Абы къыкIэлъыкIуэу, нэщанэуапIэм укIуэмэ, фоч щылът узэдауэ. Ари жэрыжэм тету къапщ­тэу кхъуей плъыжь чысэм, джэ­ды­кIэм, мастэм уеуэу пыбудын хуейт, уи къарум нэхъ къихьыр. А псом иужькIэ бжьакъуэ щытт, фо махъ­сымэ пIащIэ (мэрэмэжьей жыхуа-Iэр) итуи, а псори зыщIам махъсы­мэр ирифыжыну хуитт. Еуэр къе­кIуэкIмэ, темыхуэр къыхэкIыурэ, псори яхьри мастэр къыпынащ. Абдеж хъаныкъуэ къаныр шэсрэ, бжэгъущхьиблыр зэхуэдэу пигъэхурэ, мастэри пиудамэ, «Ыхьы, иджы си къаныр лIы хъуащ!» жиIэрти зэкъуэ-адэм и нэхур щат, и гуфIэгъуэшхуэти, жылэр зэхуишэсырти тхьэ­лъэ­Iу­шхуэ хуищIырт. ЗекIуэ къызэрызэрагъэпэщу, зэрагъэхьэзыру щыта  хабзэм, джэгукIэхэм (джэдыкIэ еуэ, чы упщIатэ, шу зэбэн, шыбгъэрыуэ) теу­хуащ Мэрзей Аслъэн и IэдакъэщIэкI тхылъ хъарзынэр.
ПIургъэсэным (пIургъэным) и гугъу щыпщIкIэ, блэкIыпIэ имыIэу теп­сэ­лъыхьыпхъэщ къандзитI жыхуиIэм. Ар нобэкIэ гулъытэ лъэпкъ имыIэжу адыгэм яIэщIэгъупщыкIыжыпа хабзэжьщ. «Нарт Сосрыкъуэ и пшыналъэм» хэтщ: «КъандзитIыр зэпэ­щылъу зырамыку», «къандзитIыр зэ­пысшэри…» - жоуэ. «Бгъэр бгъэкIэ ягъасэ» жи, зи гугъу тщIыр «къаныр дзэ­пашэ хъуарэ мыхъуарэ заулкIэ зэрагъэунэху джэгукIэт. Дза­питI-­къандзитI зэпэщIагъэувэрти, зэзауэ хуэдэурэ, къаныр пашэныгъэм ехьэ­лIа Iуэхухэм хуэIэзэу, дзэ зешэкIэ щIэныгъэм хуагъэхьэзырт, е зэры­хуэхьэзырым еплъырт. Мыхъуа­мэ - хъуху и мардэт. Мыр Пётр Езанэр щIалэ цIынэу, балигъ мыхъу ипэ зауэ хуэIухуэщIэм зэрыхуагъасэу щыта «потеш­ные игры» жыхуиIэ джэгукIэрщ. Урысейм нобэр къыздэсым абы и къежьэкIэ хъуам зыри щы­гъуазэкъым. Иджы ар къызыбгъэдэкIар хэт жыпIэмэ, зэпымыууэ пащтыхьыкъуэм и хъумакIуэу, гъэсакIуэу, быфэкъуэ адэ пэлъытэу и гъуса адыгэпщ боярин Алыджо­къуэ и къуэ Михаилщ, иужькIэ генера­лиссимус хъуар. Ар езыр зэрапIар а щIыкIэм тетущ, Iуэхум фIыуэ щы­гъуазэти яригъэщIащ. Шэч зыхэмылъращи, апхуэдэ хабзи джэгукIи Урысейми Европейми ипэкIи иужькIи щыIакъым.
ПIур къэпхьыр Iуэху, ар зыхуей хуэбгъэзэныр нэхъ гугъут. ПIурым нэгъэсауэ лIы къыхэпщIыкIыныр, пхъумэныр, къэзылъхуам екIурэ-ещхьу хуэпшэжыныр насыпышхуэт, ауэ егъэлеяуэ къалэн гугъут. «ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон» щIыжаIар арагъэнщ. ПIурым къангъэшхэну къуа­жэ щхьэхуэ хухахырти, зэрыжылэу абы телажьэрт, зыхуей хуагъэзэну я хьэкът. Зы лъэныкъуэкIэ ар фейдэт, пщIэрэ фIыщIэрэ къызыпэкIуэ лэ­жьыгъэт, ауэ нэгъуэщI зы лъэны­къуэкIэ гъунэ зимыIэ къалэн хьэ­лъэти, быфэкъуэ адэми быфэкъуэ анэми щхьэIэтыпIэ яIэтэкъым, жейртэкъым, я бын дыдэм нэхърэ къа­ным нэхъ кIэлъыплъхэрт. А щIыкIэм тету пIурым илъэсих-илъэсийкIэ ­елIалIэрт, и ныбжьыр илъэс пщы­кIуплI-пщыкIутхум нэсыху шухьэзыр ящIырт.
Псом нэхърэ нэхъ дзыхьщIы­гъуэджэр пIурыр япэ къангъэунэху зекIуэ бутIыпщынырт. Хьэдэгъуэ­дахэ къыщыщIауэ щытащ пщы Къетыкъуэ и къуэ Жамболэт. Абы и хъа­ныкъуэ къаныр Псыжь адрыщI зекIуэ кIуауэ Инжыдж псыхъуэ дэс ­абазэхэм гъэр ящIащ. Кърамытыж ­щыхъум, пщым и дежкIэ ар апхуэдизкIэ гузэвэгъуэти, жагъуэгъу кIэуфIыцIу иIэ Кургъуокъуэ и къуэ Бомэт елъэIун хуей хъуащ, абазэхэр абы и дамэщIэтти. Ауэ Бомэт гущIэгъун­шэу къыхущIэкIащ.
«Къантешэ нэхърэ къаншэж», жи псалъэжьым. ПIурым и ныбжь щрикъум ирихьэлIэу къангъэунэхур зэ­фIэкIыпхъэти, хабзэ убзыхуам тету, къаныр и адэ-анэм деж, гуфIэгуп­сэу, яшэжырт, шы зэгъэпэща тесу, екIурэ-ещхьу хуэпауэ, и Iэщэ-фащэ­хэр зэщIэлыдэу, шууищэ зытIущ и ­гъусэу. А дауэдапщэм зэреджэр ­къаншэжт, зышэжхэр - къандэ­гъазэт. ХьэщIэ лъапIэхэм шупежьэ къыхуащIырти, гуапэу Бахъшысэ-рей ирагъэблагъэрт. ГуфIэгъуэш­хуэм теухуауэ ефэ-ешхэ ин зэхауб­лэрт, лIыпIэ иува къаным и зэфIэкIыр здынэсыр ипэ жэщищ-ма­хуищым къриубыдэу ягъэлъэгъуэн хуейт. Хъаным къыбгъэдэкIыу бы­фэкъуэ адэм, быфэкъуэ анэм къи­щынэ­мыщIа, къандэгъазэм хэт псоми тыгъэ лъапIэхэр къратырт. Апхуэдэ ефэ-ешхэм Кърым къэралыгъуэм хьэIусыпэ зрату исыр (цIыху щитхум щыщIэдзауэ минрэ щитхум хуэдиз) ирагъэблагъэрт.
Адыгэ пIыкIэу гъэса хъуа Джэрийхэ ящыщ дэтхэнэри адыгэкъуэу ­ялъытэрт. Езы къанми, хъан хъуми-мыхъуми, псэухукIэ зыпIахэр зыщигъэгъупщэртэкъым, гулъытэ яхуи­щIырт, ядэIэпыкъурт. Адыгэм я бзи, я хабзи щищIэкIэ, ящыщ къи­шэнри хэлът. Адыгэ къан Джэрийхэ ящыщ зыгуэр хьэлэбэлыкъ хэхуэрэ хэкур ибгынэн хуей хъумэ, зыпIахэм я деж щтапIэщIэкI къакIуэрт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм фIыуэ ящIэрт: адыгэхэм зи щхьэ къезы­хьэлIа дэтхэнэри, я бий дыдэу щытми, хьэщIагъэ ирахынут, зыкърагъэукIынут: «Уи кIуэдыр си кIуэдщ, уи къанэр си къанэщ», жаIэнурэ.
КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм Беслъэней тIэкIум и пщIэр къиIэтырт, хуиту упсэун щхьэкIэ хэкIыпIэ гъуэзэджэт.
Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ ­зэбгъэдэкIыкIэ дахэ ямыIами, иужь­кIэ зэгурыIуэжхэри, «Благъэжь бий умыщI» жыхуаIэм тету къызэдэгъуэгурыкIуащ, я щIы кIапэ зэпылъу, нэхъ зэрыгъэблагъэ щымыIэу. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я курыкупсэм исащ беслъэнейхэр. ­Абдеж щызэрихьэлIат кIэмыргуейри, мэхъуэшри, нэгъуейри, абазэри, нэхъ иужьыIуэкIэ - къэрэшейри, къэзакъри. Гъунэгъу IыгъыкIэ ящIащ, жагъуэгъур я мащIэу, жэрэгъур ­нэхъыбэу ирахьэкIащ. Я бжыгъэм емылъытауэ, беслъэнейхэм зэ­фIэ­кIышхуэ яIащ. Псыжь икIыпIэр яIыгъащ, блэкIми къыблэкIыжми гъуэгупщIэ къыIахыу. Уэсмэн пащты-хьым и ныпыр - санджакъыр - яIы­-гъащ. Гъунэгъухэр я санджакъщIэту екIуэкIащ, урысыр къахэIэбэн ипэ.

Псэм и пэ - напэ

БЕСЛЪЭНЕЙ жылагъуэр Къэбэрдей пщышхуэжылагъуэм къы­хэщхьэхукIар шыпсэкъым, пэжу ­къэхъуа Iуэхугъуэщ. Беслъэнейхэр куэш жылэ хъуныр къызыхэкIар пщызэныкъуэкъуращ, Идар и пщыгъуэу. А Iэпхъуэныгъэм кърикIуа къэзэуатым траусыхьащ «Къызбрун зауэ» уэрэдыжьыр, пкъы иIэу, сакъыу хъумауэ ди деж къэсар. Уэс-мэн пащтыхьым и бзэ хэмыту Iуэхур къызэрымыхъуари наIуэщ, бес­лъэнейхэр дяпэкIэ абы и жыIэм едэIуэну зэгурыIуэу. Беслъэнеймрэ Къэбэрдеймрэ я Iуэху зэхэмылъыж хъуами, зэрызэлъэпкъэгъур зыщамыгъэгъупщэу, я зэпыщIэныгъэхэр мыужьыхыу екIуэкIащ.
Къанокъуэ и къуэ Мэхъуэщокъуэ Истамбыл къикIыу щтапIэщIэкI ­Мэзкуу щыкIуа 1552 гъэр ­Кавказ щIыналъэм и тхыдэм щIэ­дзапIэ щхьэхуэ хуэхъуащ. Адыгэпщ­хэр Урысейм и дарэгъу хъунымкIэ абы ­нэхърэ нэхъыбэ зылэжьа Инал и быным къахэкIакъым. Аращ къэ­зыублар Мэзкуу кIуэкъэкIуэжыр, япэу Урысейм и телъхьэ адыгэ пщы гуп къызэзыгъэпэщари, пащтыхьым и бжаблэм къулыкъу щыщIэныр ­хабзэу къыхэзылъхьари.
Пщы Къанокъуэхэ благъэфIхэр яIащ, Тыркум, Кърымым щыщ пащ­тыхь унагъуэхэр. Ахэр къадэIэпы­къуурэ, Беслъэней пщыжылагъуэм Псыжь адрыщI лъабжьэ щиухуащ. Къэзыухъуреихь лъэпкъ цIыкIухэм, бжыгъэкIэ ятемыкIуэми, хэтыкIэ нэхъ ящIэрти, бжьыпэр яубыдри, ­къагъэдэIуэфу екIуэкIащ. Адыгэ ­хэкум хъан е хъаныкъуэ къихьамэ, Беслъэнейр я епсыхыпIэт, пщIэ лей къыхуащIырт. Къэбэрдейхэм хуэдэу, хабзэр ямыгъэзащIэми хъурт, хьэкъ яIэтэкъым. Муслъымэныгъэ и лъэ­ныкъуэкIэ езыхэми губгъэн зыхурамыгъэщIу екIуэкIащ.
Пщызэныкъуэкъури, щхьэхуэ зы­щIынри зимыхэбза лъэпкъ гъуэты­гъуейщ. Ар гъэщIэгъуэнкъым, ауэ Къэбэрдейр зы къэралыгъуэм хуэ­кIуэным и пIэкIэ, зэхэкуэшыкI зэпыту екIуэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу. Пщыхэм дуней еплъыкIэ щхьэхуэ яIащ. Мажусий диныр зи ­лъабжьэ адыгэ хабзэм хэкури цIыхури зэтриIыгъэрт. Ящыщ хамэ щIыпIэ щхьэусыгъуэ гуэркIэ къыщыхутамэ, зыхыхьам ещхь хъурт, муслъымэни чыристани тыншу пхуэхъунут. Ауэ яхуэфэщэн пщIэ ямыгъуэтрэ - къикIуэтыжми хъурт, абы щыгъуэми ­зыгуэрым епцIыжауэ ялъытэртэкъым. Дин хэха зимыIэ жылагъуэр зэакъылэгъуи хъуфакъым, щIэныгъэ гъуэгуи хашыфакъым, псэм и пэ напэр ирагъэщ зэпыту екIуэкIащ. Апхуэдэ щытыкIэм лъэпкъым зригъэужьакъым, мыгъуагъэм хуишащ, дэхуэха ищIащ.

Пщы Инал АкIабгъуэ.

Къанокъуэхэ я малъхъэ сулътIан Сулеймэн Кануни.

Къанокъуэхэ я пхъу­рылъху шехзаде Мустэфа.

Идархэ я малъхъэ ­Урысей пащтыхь Иуан Ябгэ.

Кърым хъан Долэт Джэрий тырку сулътIаным и пащхьэм итщ.

Джылахъстэнхэ я малъхъэ шах Аббас I.

ПIургъэсэн.

Пщы Къанокъуэ Василий Пётр и къуэм и дыжьын фалъэр.

Къанокъуэ и къуэ Къанкълыш Мэзкуу пащтыхьым и пащхьэм итщ.

Идар Темрыкъуэ и къуэ Сулъ­тIа­н жор пщIэхалъхьэ.

Урыс пащтыхь гуащэ Идар Гуащэнэ (Марие).

Къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий.

СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат. Москва къалэ
Поделиться: