«Спартак»-ми ЦСКА-ми топ яхудэзыгъэкIа бахъсэн щIалэ

Премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм «Спартак-Налшыкым» футболышхуэм къыхузэIуихащ ди щIалэщIэ зыбжанэ. Къэралым и щIыпIэ куэдым зи цIэр фIыкIэ щыIуахэм ящыщщ гъуащхьауэ телъыджэ Гуэщокъуэ Арсен.

Арсен топ джэгуным зыщыхуигъэсащ 1991 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 5-м къыщалъхуа Бахъсэн къалэм. И япэ тренеру щытащ футболистыфI зыбжанэ гъуэгу махуэ тезыгъэува Нэгъуей Хьэсэнбий.
И ныбжьыр илъэс пщыкIухым нэблэгъауэ Гуэщокъуэр ирагъэблэгъащ «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым. Абы и Iэзагъым адэкIи щыхигъэхъуащ зи IэмыщIэм ихуа иджы ди командэм и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур. 2007 гъэм щыIа зэпеуэм и джэгугъуэ пщыкIущым ар хэтащ икIи къыхэжаныкIыну хузэфIэкIащ.
Гуэщокъуэ Арсен ящыщщ нэхъ щIалэ дыдэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зыкъыщызыгъэлъэгъуахэм. 2008 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 14-м Налшык и «Спартак» стадионым ди командэм къыщригъэблэгъат Мэзкуу и «Локомотив»-р. ЗэIущIэр хуабжьу гуащIэт. Ди щIалэхэр 0:1-уэ къыхагъащIэрт икIи джэгур иухыным дакъикъэ зыбжанэ къэнэжауэ арат. Апхуэдэу щыхъум, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ губгъуэм къригъэхьащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIубл ирикъуа къудей гъуащхьауэ Гуэщокъуэ Арсен. ЩIалэщIэм налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр игъэлъэщащ, ауэ хухаха зэман мащIэр хурикъуакъым ди командэр зэрыхуа щытыкIэ гугъум къришыну.
Апхуэдэу щыт пэтми, Гуэщокъуэм и джэгукIэр куэдым ягу ирихьащ икIи а гъэм щыIа зэхьэзэхуэр иухыхукIэ, зэIущIэ щIагъуэ къэмынэу, гъуащхьауэ ныбжьыщIэм балигъхэм яхэту зыкъигъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэ гупми щыжыджэращ. Ар джэгугъуэ тIощIым хэтащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топих дигъэкIащ.
2009 гъэм зэхаубла Урысей Федерацэм футболымкIэ и чемпионатыр «Спартак-Налшыкым» хуабжьу гугъуу иригъэжьащ. ЖыпIэну ирикъунщ пэщIэдзэ джэгугъуитхум зыри зэрыхимыгъэщIэфар. ОчкоитI фIэкIа зыIэримыгъэхьауэ икIи я хьэрхуэрэгъухэм зы топ закъуэ фIэкIа яхудимыгъэкIауэ иужь дыдэ увыпIэхэм ящыщ зым къыщыхутат. Зыгуэр щIэн хуейт. Арати, командэм и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ тегушхуащ гъуащхьауэ ныбжьыщIэ Гуэщокъуэ Арсен япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ губгъуэм къригъэхьэну. Хуабжьу дзыхьщIыгъуэджэт куэдкIэ ущыгугъыу щIалэ цIынэр мо лIы балигъ къомым яхэбутIыпщхьэну. АрщхьэкIэ зы дакъикъи Арсен къэдзыхакъым. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм зыкъомрэ ягу илъа Iуэхугъуэ дахэщ…
2009 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 26-м и пщыхьэщхьэм Налшык и «Спартак» стадионым къыщызэхуэса цIыху минипщIым нэблагъэр темыпыIэжу пэплъэрт зыдэщI командэм и япэ текIуэныгъэм. Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ мазэрэ ныкъуэрэ дэкIами, ди щIалэхэм ар иджыри къэс яхузэфIэкIатэкъым.
Пермь къалэм къикIа «Амкар»-ри дыдейхэм къазэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэтэкъым, зы текIуэныгъэ иIэ пэтми. Абы щыгъуэми, «Спартак-Налшыкми» хуэдэу, зэхьэзэхуэм къызэрыщыхэжаныкIар зэ закъуэт, топитху я гъуэм къыдагъэкIат.
Мыхьэнэншэу ебгъэрыкIуэ, ауэ нэхъыфIу зызыхъумэж командитIым я зэIущIэм кърикIуэнур наIуэ хуэдэт. АрщхьэкIэ, хэгъэрейхэр япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ я хьэрхуэрэгъухэм ерыщу икIи тегушхуауэ ебгъэрыкIуэ хъуащ. Хуумыгъэфэщэну «Спартак-Налшыкыр» щхьэмыгъазэу ипэкIэ ишэрт щIалэщIэ дыдэ Гуэщокъуэ Арсен. Аращ текIуэныгъэ дахэм и щIэдзапIэр къызэзыгъэпэщу абы кIэух екIу езытыжар. Гъуащхьауэ ныбжьыщIэр зэралъэкIкIэ трагъэгушхуэрт и ныбжьэгъу нэхъыжьхэу Бырхьэм Къантемыр, Мэшыкъуэ Аслъэн, ДзыхьмыщI Марат сымэ.
ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъауэ, 29-нэ дакъикъэм, Бырхьэмыр зэуа штрафнойм хьэщIэхэм кърагъэгъазэри, топыр ирахуащ. Гуэщокъуэ Арсен къыхита топым «Амкар»-м и гъуащхьэтетыр гугъуехьышхуэ пылъу лъэIэсу къигъэлъеижам ди щIалэхэм ящыщ зы япэу нэсри, бжыгъэр къызэIуихащ. АдэкIэ «Спартак-Налшыкыр» къыпхуэгъэувыIэжыфынутэкъым.
Бжыгъэр 3:0-м нэса пэтми, хэгъэрейхэр сабырыжтэкъым. Апхуэдэ Iэмал къратыртэкъым стадионым къекIуэлIа цIыху минхэм я къыхуеджэныгъэ лъэщым. 65-нэ дакъикъэм Гуэщокъуэ Арсен абыхэм аргуэру дэрэжэгъуэ ин яритащ. КъыIэрыхьа топыр щIалэщIэм Iэзэу хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм яблихащ икIи зыкъыпэщIэзыдза «Амкар»-м и гъуащхьэтетым блигъэкIри, бжыгъэр 4:0-м нигъэсащ. Ар Гуэщокъуэм премьер-лигэм щыдигъэкIа япэ топт! АдэкIэ нэхъыфIыжхэр къыпэплъэрт.
Пасэу зыкъызыкъуэзыха адыгэ гъуащхьауэм гу къылъатащ къэралым и гуп къыхэхам я тренерхэми. 2008 гъэм щыщIэдзауэ ар ирагъэблагъэ хъуащ илъэс 19-м зи ныбжьыр фIэмыкIахэм я командэм. Гуэщокъуэр абы илъэсищкIэ хэтащ икIи пщIэшхуэ иIэу илъэс къэс ирагъэкIуэкI Гранаткиным и мемориалым щытекIуахэм 2009 гъэм яхэтащ. ИригъэкIуэкIа джэгугъуищым Арсен тIэунейрэ къыщыхэжаныкIат.
НыбжьыщIэхэм къахэкIа иужькIэ ар къэралым и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам хагъэхьащ. 2011 гъэм джэгугъуищым щыхэтащ икIи Азербайджаным и гуп къыхэхам и гъуэм топ худигъэкIыну хунэсащ.
«Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм щыджэгуху Гуэщокъуэ Арсени къэралпсо утыкур игъэбжьыфIащ. Ди командэм хэту Урысей Федерацэм футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэмрэ къэралым и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэмрэ абы зэIущIэ 62-рэ щригъэкIуэкIати, я хьэрхуэрэгъухэм топибл щахудигъэкIащ. Зи жагъуэ ищIахэм ящыщт къэралым и чемпион ЦСКА-ри зэи дызытемыкIуэфа Мэзкуу и «Спартак»-ри, нэгъуэщI командэ цIэрыIуэхэри.
2012 гъэм и гъатхэкIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр премьер-лигэм къыхагъэкIащ, зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щиубыдри. Адрей куэдми хуэдэу, къиухащ топджэгум и IэфIыгъэр щызыхищIа лъэхъэнэр абы и гъуащхьауэ Гуэщокъуэ Арсени. КъыкIэлъыкIуа илъэситIым гуп нэхъыщхьэм ягъэзэжыну ныкъуэкъуа икIи пэгъунэгъу хъуа щхьэкIэ, премьер-лигэм щызэтригъэхьа щIыхуэхэм «Спартак-Налшыкыр» щIригъэлъэфащ етIуанэ дивизионым и лъабжьэ дыдэм.
Зи ныбжьыр илъэс тIощIым щIигъуа къудей Гуэщокъуэм и псы къэжэгъуэ, и къаруилъыгъуэ дыдэу арат. Къилъыхъуэн хуейт и зэфIэкI лъагэр адэкIи къыщигъэлъэгъуэн. Ерыщу къыщIэупщIахэм ящыщу къыхихащ премьер-лигэм щыджэгу Екатеринбург и «Урал»-р. 2014 гъэм щIышылэм (январым) и 20-м абы зэгурыIуэныгъэ дрищIылIащ илъэситIрэ ныкъуэкIэ хэтыну. АрщхьэкIэ, фэбжь игъуэтри, и пэ дыдэм щыщIэдзауэ и Iуэхухэр дэгъэзеигъуэ хъуащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2014 - 2015 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм я дежкIэ зэрыхьэлэмэтар нэгъуэщI командэхэм я щIыхьыр яхъумэу абы ди щIалэхэр зэрыхэтарщ. Гуэщокъуэ Арсен Екатеринбург и «Урал»-м хыхьат, арщхьэкIэ 2015 гъэм и пэщIэдзэм «Спартак-Налшыкым» бэджэнду къритыжащ. Ар ди деж а илъэсым и зэпеуэр иухыхукIэ, мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэ пщIондэ, щыIащ. Дауи, иужькIэ зыхуэдгъазэри депсэлъылIащ:
- Арсен, нэхъапэм ущыджэгуа командэм мазэ зыщыплIкIэ къызэрыбгъэзэжар дауэ къыпщыхъуа?
- ФIы дыдэу. Уи унэжь хуэдэ щыIэкъым.
- «IэфIыпс» командэр мы гъатхэм къыщевгъэблэгъам «Спартак-Налшыкым» ухэту ебгъэкIуэкIа зэIущIэхэм я бжыгъэр 100-м нэбгъэсащ.
- Пэжуи?! Хуабжьу гуапэщ. Сэ бжыгъэхэм апхуэдэу сыкIэлъыплъыркъым. Иджы сщIэнщ.
- Къызэрыбгъэзэжам Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэр къызэрымыкIуэу щыгуфIыкIащ. Абы щыгъуэми къагурыIуакъым Екатеринбург и «Урал»-м ухэту зы зэIущIи премьер-лигэм щIыщумыгъэкIуэкIар.
- СыщымыджэгуакIэ, тренер нэхъыщхьэм дзыхь къысхуимыщIыщауэ аращ.
- Уэ уезыгъэблэгъа Тархановыр тренер нэхъыщхьэу къэнэжат…
- «Урал»-м сыщыхыхьам фэбжь сиIэт. Ар хъужыным мазитIым щIигъу текIуэдащ. АпщIондэхукIэ гупыр зэфIэуващ.
- Налшык бэджэнду къэбгъэзэжыныр хэт зи жэрдэмыр?
- Екатеринбург и клубыр хуейт сэ сыджэгуну. Абы къыхэкIыу Налшык хуэдэ Iэмал къэгъуэтыгъуейт. Арати, лъэныкъуэ псори дызэдэарэзыуэ къэзгъэзэжащ.
- Сыт хуэдэ къалэнхэр а лъэхъэнэм зыхуэбгъэувыжат?
- Си къарур зэфIэзгъэувэжу, джэгум сыхэзэгъэжын хуейти, ар схузэфIэкIауэ къызолъытэ. «Спартак-Налшыкыр» командэ лъэщщ икIи ар куэдкIэ къыздэIэпыкъуащ. Мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэм бэджэндым и пIалъэр икIащи, мыгувэу «Урал»-м згъэзэжынущ.
- Ар премьер-лигэм зэрыхэт щIыкIэм укIэлъыплъа?
- АфIэкIа Iуэху симыIэу сригузэвауэ схужыIэнукъым. Пэжщ, турнир таблицэм щиIыгъ увыпIэр сыт щыгъуи зэзгъэщIащ икIи си гуапэщ «Урал»-р премьер-лигэм къызэрыхэнар. Си дежкIэ мыхьэнэ иIэщ ар зыхэт гупыр сыт хуэдэми.
- Уэ укъэтыху «Урал»-м зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. Тарханов Александр тренер нэхъыщхьэ къулыкъум трагъэкIри, абы ипIэкIэ Гончаренкэ Виктор ягъэуващ. Ар нэхъапэм Краснодар и «Кубань»-м зэрыщылэжьамкIэ пцIыхуу къыщIэкIынщ. СыткIэ ущыгугърэ абы?
- Дэтхэнэ тренерми уи зэфIэкIыр наIуэ щыщIыпхъэщ. «Урал»-м щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм фIы къысхудэкIуэну сыщогугъ.
- Уэ иджыри уфызкъэмышэ?
- НтIэ.
- Футболист нэс къыпхэкIын папщIэ хэт сэбэп нэхъ къыпхуэхъуар?
- ФIыщIэ ин хуэсщIыну сыхуейщ си япэ тренер Нэгъуей Хьэсэнбий. Аращ топджэгум япэ лъэбакъуэхэр щызызыгъэчар. КIэбышэ Заур и фIыгъэщ футбол иным и бжэщхьэIум сызэрынэсар. АдэкIэ зыкъызыкъуэсхынымкIэ хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ Красножан Юрэ. Ар психолог лъэщщ икIи си къарур здынэсыр къызгуригъаIуэри, сытригъэгушхуащ. Абы и фIыгъэкIэ премьер-лигэм зэIущIэ куэд щезгъэкIуэкIащ.
- Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и ныбжь зэмылIэужьыгъуэхэми ухиубыдащ.
- ЩыIащ апхуэди. Урысейм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам сыщыджэгуу Гранаткиным и мемориалым сыщытекIуащ. ЩIалэгъуалэ гупми сыхэтащ. Абыхэм сыщыджэгуу Болгарием, Тыркум, Грузием, Чилим, Азербайджаным я командэхэм топ яхудэзгъэкIыну къызэхъулIащ.
- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ уэ хуабжьу къыпщIэупщIат Къэзан и «Рубин»-м и тренер нэхъыщхьэ Бердыев Курбан. Сыт Тэтэрстаным и къалащхьэм ущIэмыкIуар?
- «Рубин»-р командэ лъэрызехьэщ. Абы щыгъуэм къысщыхъуащ Налшык сыкъанэрэ иджыри си Iэзагъым хэзгъахъуэмэ нэхъыфIу. ИужькIэ фэбжь згъуэтри, зыкъомрэ зызгъэхъужащ.
- «Спартак-Налшыкым» хэту дэбгъэкIа дэтхэнэ топыра нэхъ уигу къинар?
- Дауи, япэ дыдэу Пермь и «Амкар»-м и гъуэм дэзгъэкIаращ.
- Нэхъ дахэ дыдэр-щэ?
- Дэтхэнэрами сэр дыдэм сщIэркъым. Игнашевич Сергей сыIэщIэкIыу ЦСКА-м и гъуащхьэтет Акинфеев Игорь худэзгъэкIамрэ Мэзкуу и «Спартак»-м щхьэкIэ худэсхуамрэ, дауи, языращ. ТIури сэ сигу ирохь икIи абыхэм срогушхуэ.
Екатеринбург и «Урал»-м игъэзэжами, Гуэщокъуэ Арсен абы и цIэкIэ зы зэIущIи иримыгъэкIуэкIауэ, и пIалъэр нэсри къыхэкIыжащ. КъыкIэлъыкIуэу зыхыхьа Набережные Челны и «КамАЗ»-ми насып къыхуихьакъым икIи 2015 - 2016 гъэхэм щыIа зэхьэзэхуэм и джэгугъуэ 26-м хэтри, зэ фIэкIа къыхэмыжаныкIауэ футболышхуэр ибгынащ. Абы щыгъуэм и ныбжьыр илъэс 25-рэ хъуа къудейт. А зэманращ футболистхэм я нэхъыбэм зэфIэкI лъагэ къыщызыкъуахыр. Гуэщокъуэм апхуэдэ Iэмал къезытын гуп къыкъуэкIакъым икIи щалъхуа Бахъсэн къалэм къигъэзэжауэ щIыпIэ командэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызыгъэпащтыхьхэм ящыщ зыщ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: