Ныкъусаныгъэхэр къагъэлъагъуэ

КъБР-м и Парламентым щылажьэ ЧэнджэщакIуэ, Жылагъуэ советхэм хэтхэм дыгъэгъазэм и 21-м зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр зэрахъумэмрэ ар къызэрагъэсэбэпымрэ.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ илъэс 25-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м, КъБР-м и Парламентым и япэ зэхуэсыгъуэм и япэ зэIущIэр зэрекIуэкIар.
- Япэу узэувалIэ Iуэхур сыт щыгъуи нэхъ гугъуу къыщIэкIынщ. Абы и лъэныкъуэкIэ уегупсысмэ, КъБР-м и Парламентым и япэ, етIуанэ зэхуэсыгъуэхэм хэта депутатхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ зэфIахыфащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху лъабжьэр быдэ хъуащ. Ди зэIущIэм и мыхьэнэр нэхъ ин ищIу къызолъытэ КъБР-м и Парламентым и япэ зэхуэсыгъуэм хэтахэр зэрыщIэсым. Апхуэдэуи си гуапэу сехъуэхъуну сыхуейщ Парламентым и зэхуэсыгъуэ псоми хэтахэм ехъулIэныгъэ яIэну, я унагъуэхэм мамырыгъэ илъыну, - жиIащ Егоровэм.
КъБР-м экологиемрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ и министр Мэрем Мухьэмэд тепсэлъыхьащ щIыуэпсыр хъумэным теухуауэ ирагъэкIуэкI къэрал кIэлъыплъыныгъэхэм. Абы зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ зэрищIамкIэ, 2018 гъэр къызэрихьэрэ къэпщытэныгъэу 132-рэ ирагъэкIуэкIащ, административнэ хабзэхэр къызэрызэпаудам щхьэкIэ къуэдыуэ сом мин 736-рэ зэрапшыныным теухуа унафэ 90 ятхащ.
ХьэкIэкхъуэкIэхэмрэ ахэр щыпсэу щIыпIэхэмрэ хъумэныр зэрагъэзащIэм щытепсэлъыхьым, министрым жиIащ 2018 гъэм и мазэ 11-м щакIуэхэм я лэжьыгъэр зыубзыху департаментым и къэпщытакIуэхэм административнэ хабзэхэр къыщызэпауда Iуэхугъуэ 224-рэ къызэрыщIагъэщар. Къуэдыуэ тралъхьа сом мини 191-м щыщу мы зэманым къыхахыжащ сом мини 183-рэ.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщакIуэ и щIыпIэхэм хабзэхэр къыщызэпамыудын папщIэ, министерствэр КъБР-м и МВД-мрэ Росгвардием и IуэхущIапIэмрэ и гъусэу ягъэбелджыла Iуэхухэм йолэжь.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ Налшык къалэм дахын хуей Гидромет заводым и Iуэхур здынэсар, кIэрыхубжьэрыхухэм иращIэнур, мэз хъумакIуэхэм я улахуэр зэрымащIэр, техникэкIи тэмэму къызэрызэмыгъэпэщар, нэгъуэщIхэри. Министрым къыхигъэщащ а Iуэхухэр 2019 гъэм къэрал программэкIэ ягъэзэщIэну зэрыщыгугъыр.
Мы зэманым мэзхэр хъумэным епхауэ IэщIагъэлI 78-рэ мэлажьэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абыхэм я улахуэр ику иту 2019 гъэм сом мин 12-м нэсыну тращIыхь. Мэрем Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, «Мэз Iуэхум зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэу, 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуани 2 къыIэрыхьэнущ, къыкIэлъыкIуэ илъэситIым - гъэ къэс сом мелуани 2,5-рэ. Апхуэдэуи мафIэс шынагъуэншагъэр мэзхэм къыщызэрагъэпэщын мурадкIэ, абы пэлъэщыну техникэхэр къызэращэхуну сом мелуан 36,1-рэ хухахынущ.
ЗэIущIэм хэтхэм къыхагъэщащ ЩIыуэпсыр къызэрагъэсэбэпым кIэлъыплъ федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр управленэмрэ КъБР-м Экологиемрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ и министерствэмрэ щыIэ ныкъусаныгъэхэм зэгъусэу елэжьын зэрыхуейр.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: