Нэхъыжьхэм ядоIэпыкъу

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ абы къулыкъу щызыщIэхэмрэ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъ хъуржын 35-рэ Iэрагъэхьащ Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и нэIэм щIэт цIыхухэм.

«Ерыскъы хъуржыным» илъщ фошыгъу, хьэжыгъэ, дагъэ, крупа, макарон, фIэIугъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
«Дэ сытым дежи пщIэрэ щIыхьрэ яхуэтщIыущ ди нэхъыжьыфIхэм дазэрыбгъэдэтыр, адэкIи апхуэдэущ зэрыщытынур. Абыхэм зыгуэркIэ дэIэпыкъуэгъу дахуэхъуфыным ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ», - жиIащ Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, подполковник Трушин Алексей.

 

Дол Iэминэ.
Поделиться: