Кавказым и гъэр

Зэрытетхыхь щIыкIэр фIэзахуэтэкъым
Урыс тхакIуэ щэджащэ Толстой Лев дунейм зэрехыжрэ илъэси 100 ирокъу

 

Мы гъэм (щэкIуэгъуэ мазэм и 20-м) илъэсищэ хъуащ урыс тхакIуэ щэджащэ Толстой Лев Николай и къуэр дунейм зэрехыжрэ. Дунейпсо классикэм хохьэ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ телъыджэхэр - «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ», «Каренинэ Аннэ», «Воскресение» романхэр, «Къэзакъхэр», «Хьэжы-Мурат» повестхэр, «Севастополь хъыбархэр», нэгъуэщIхэри.
   1851 - 1854 гъэхэм Толстой Лев Кавказым щыIащ, и нэгу щIэкIащ а зэманым абы щекIуэкIа зауэ гуащIэр, бгырыс лъэпкъхэм, къэзакъхэм я псэукIэм, я хабзэхэм куууэ щыгъуазэ зыхуищIащ, а псор лъабжьэ хуэхъуащ тхакIуэм и повесть, рассказ зыбжанэм - «Хьэжы-Мурат», «Къэзакъхэр», «Теуэ», «Мэз пыупщI», «Кавказ гукъэкIыжхэм щыщ» хъыбарым.
   ТхакIуэм и нэхъ тхыгъэфI дыдэхэм хибжэу щытащ «Кавказым и гъэр» хъыбар хьэлэмэтыр. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, абы лъабжьэ хуэхъуар урыс офицер Торнау Фёдор и гукъэкIыжхэрщ. ТIасхъэщIэх къежьауэ, ар 1836 гъэм адыгэхэм гъэр ящIауэ щытащ, абыхэм илъэсищкIэ яIыгъащ. Торнау и гукъэкIыжхэр 1865 гъэм дунейм къытехьащ, абыхэм щыгъуазэ хъуа нэужьщ Толстой «Кавказым и гъэр» хъыбарыр щитхар. (Торнау щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ Бекович-Черкасскэхэ я лъэпкъым щыщ адыгэ пщащэ).
   Кавказым икIыжа нэужьи Толстой зыщигъэгъуапщакъым бгырысхэм яхуиIэ IэфIыгъэмрэ гуапагъэмрэ - аращ щыхьэт зытехъуэр зи цIэ къитIуа тхыгъэхэр. ТхакIуэм и ныбжьыр илъэс 80 щыхъуам щыгъуэ абы ехъуэхъун папщIэ Яснэ Полянэм кIуауэ щытащ Тэхътэмыкъуей щыщ егъэджакIуэ Хьэтэгъуэгу Аскэр. Мейкъуапэ дэт цIыхубз еджапIэм папщIэ Толстой абы къритауэ щытащ тхылъ куэд.
   ТхакIуэшхуэм и дневникыр щыхьэт тохъуэ ар пасэрей адыгэ хъыбарыжьхэм щыгъуазэ захуищIауэ зэрыщытам. Апхуэдэ хъыбар хьэлэмэт куэд ар щрихьэлIэгъащ Тифлис къыщыдэкIа тхылъым - «Сборник материалов для описания местностей и племен Кавказа». Ар ноби щIэлъщ Толстой и уней библиотекэм.
   «Шэрджэс хъыжьэхэмрэ шэрджэс пщащэ нащхъуэхэмрэ иджыри къэс зэратетхыхь щIыкIэр сфIэзахуэкъым», - итхыгъащ Толстой Лев. Адыгэхэм тхакIуэм псом япэ ядилъагъур цIыхугъэрэ щэн дахэрэт - апхуэдэущ ахэр абы и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр. Ар щынэрылъагъущ «Кавказым и гъэрми», нэгъуэщI тхыгъэхэми.
   Кавказым щикIыжым, Толстой Яснэ Полянэм здишэгъащ адыгэш лъэрызехьэ. Шыр лIа нэужь, абы и мывэ сыныр тхакIуэм и жыг хадэм иригъэувауэ щытащ.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид,
«Адыгэ псалъэ» газетым и литературнэ обозреватель, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
 

ОФИЦЕР гуэрым къулыкъу щищIэгъащ Кавказым. ЖилинкIэ еджэрт абы. Я деж къикIри, хъыбар къыIэрыхьащ абы зэгуэрым. И анэжьым къитхырт: «Жьы сыхъуащ, дунейм сехыжын и пэ си щIалэ закъуэр слъагъужащэрэт жызоIэ, сигу укъэкIащ. КъэкIуэжи, зэ сызыIугъэплъэж, сыщIэплъхьэжмэ, сыпхуэарэзыщи, къулыкъуми бгъэзэжынщ. Нысэ схуэхъуни къэзгъуэтакIэщ: Iущщ, щIыкIафIэщ, унагъуэ хуэщIаи къыхэкIащ. Уигу ирихьмэ, къодгъэшэнщи, укъэнэжыпэнкIи мэхъу».
Жилин егупсысащ: «Захуэщ ди анэр: жьы дыдэ хъуащ тхьэмыщкIэр: сыкъимылъагъужауэ дунейм ехыжмэ, и гуэныхьым сигъэкIуэнкъым. Слъагъунщ, сыкIуэжынщи. Пщащэр зэрыжиIэм хуэдэмэ, къэсшэнкIи и чэзу хъуащ».
Дзэ пашэм деж кIуэри, зыкъригъэутIыпщащ, и ныбжьэгъухэм сэлам ярихыжащ, сэлэтхэм шагъыр пэгуниплIкIэ яхуэупсэри, гъуэгум зыхуигъэхьэзыру щIидзащ.
Кавказым зауэ щекIуэкIырт абы щыгъуэ. Махуэми жэщми ущызэрагъакIуэртэкъым гъуэгум. БыдапIэм урысхэм ящыщ гуэр бгъэдэкIуэтамэ, тэтэрхэм е яукIырт, е япхъуатэрти, бгым ирахьэрт. Хабзэ зэрыхъуати, быдапIэм зыгуэр дэкIынумэ, сэлэт къэрэгъул дыщIагъурт - тхьэмахуэ зэхуакум тIэу. Сэлэтхэр я пэкIи я ужькIи щыплъырщ, езы гъуэгурыкIуэхэр яку дэтщ.
Гъэмахуэ мазэт. БыдапIэм дэкIащ нэхущым, сэлэт къэрэгъулхэр зыщIагъури. Жилин шут, и хьэпшыпыр гум илът. НэгъуэщI гу зыбжани техьат гъуэгу.
Верст 25-рэ хуэдиз къащIэлът якIун хуейуэ. Шыгухэр хуэмущ зэрыкIуэр: зэ сэлэтхэр зэтоувыIэ, зэ зы шыгу и шэрхъыр щIож е шыхэм ящыщ зы лъэданэ йонэ - апщIондэху заIэжьэн хуей мэхъу псоми.
Дыгъэр шэджагъуапIэм иувакIэщ, итIани якIуар гъуэгум и зэхуэдитIщ. Сабэщ, хуабэвэхщ, дыгъэр пщтырщ, зы жьауапIи урихьэлIэркъым. Губгъуэ сэтейщ, зы жыги зы чыци теплъагъуэркъым гъуэгубгъум.
Япэ ищри, къэувыIауэ, гъуэгум тетщ Жилин, и гъусэхэм япоплъэ. Бжьамий макъ зэхех - и гъусэхэр зэтеувыIауэ аращ, аргуэрыжьщи. Жилин мэчэнджащэ: «Сапэмыплъэмэ, хъунукъэ? Си шыр лъэрызехьэщ, тэтэрхэр къысIууэми, саIэщIэкIыфын хуейщ. Хьэмэрэ шынагъуэ?»
Щытщ мэчэнджащэри. Здэщытым, нэгъуэщI зы офицер, Костылин, къыкIэлъос, шууэ, и фочыр и дамэм фIэдзауэ. Къыбгъэдохьэри, къыжреIэ:
- НакIуэ, Жилин, япэ дигъэщ. Сешащи, къару сиIэжкъым икIи сыкъэмэжэлIащ. Хуабэм дытриукIыхьынущ гъуэгум. ПщIэнтIэпсыр къыспоху, си джанэр жьыщIыгъэм хуэдэщ. - Костылин лIы зыIэщIэлът, гъумыщIэт, къызэщIэплъати, пщIэнтIэпсыр къехуэхырт. Жилин тегушхуащ:
- Уи фочыр узэда?
- Узэдащ.
- Сыакъылэгъущ абы щыгъуэ. Ауэ дызэгурыгъаIуэ - дызэкIэрыху хъунукъым.
Шыхэм елъэдэкъауэри, я гъуэгу техьэжащ. Губгъуэм кIуэцIрокI гъуэгур, псалъэурэ здэкIуэм, заплъыхь, хутыкъуэркъым. Шэч зыхуэпщIын иплъагъуэркъым губгъуэм.
Губгъуэр къаухри, гъуэгур бгы зэхуакум дыхьащ. Жилин жеIэ:
- Бгым дэкIауэ зыплъыхьын хуейщ, бгы къуагъым къыкъуэцIэфтынкIэ хъунур хэт зыщIэр?
Костылин жеIэ:
- Сыт щхьэкIэ дыдэкIын? Ди гъуэгу хэдгъэгъэщI.
Жилин идакъым.
- Хьэуэ, - жеIэ абы, - уэ мыбдеж къыщыспэплъэ. Сэ зыкъэсплъыхьынщ.
СэмэгурабгъумкIэ триIуантIэри, бгым кIэрыхьащ. Жилин и шыр щакIуэшт (тумэнипщI иритри, шыбз гуартэм здыхэтым къищэхуат шыщIэ щIыкIэ, езым игъэсэжат); лъэта нэхъей илъэдащ бгыщхьэм. Бгыщхьэм къихутэрэ зиплъыхьмэ - и пащхьэ дыдэм тэтэр шухэр къыщелъагъу, шу тIощIрэ пщIырэ хуэдиз. Шыр къыжьэдикъуэри, къриIуэнтIэкIыжащ; тэтэрхэми гу къылъатащ, къебгъэрыкIуащ, кIуэрыкIуэм здытетым, я фочхэм дохъутейр трагъэж. Шым и жьэр иутIыпщауэ, Жилин бгым къожэхыж, Костылин йогуоу:
- Уи фочыр къэгъэхьэзыр! - езыр зыщыгугъыр и шырщ: «СыкъыумыгъэщIэхъу, улъэпэрэпэнщи, дыкIуэдащ. Фочыр си Iэгъуэджэщ - псэууэ заIэрызгъэхьэнкъым».
Костылин, фочыр къигъэхьэзырын и пIэкIэ, тэтэрхэм зэрыIуплъэххэу, лъэдакъэпэр пач жыпIэну зричри быдапIэмкIэ щIэпхъуэжащ. Шым щIопщыр трекъутэ, и ужьым сабэр ищIауэ, макIуэ-мэлъей.
Жилин и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуащ. Фоч зыIыгъыр щIэпхъуэжащ, сэшхуэ къудейкIэ куэд пхузэфIэкIын? Шым и жьэр иутIыпщри, сэлэтхэм я дежкIэ иунэтIащ - яIэщIэкIынкIэ гугъэри. Плъэмэ - и пэ шууих къилъэдащ. Лъэрызехьэт и шыр, модрейхэри хуэмыхутэкъым зытесыр, и гъуэгури зэпаупщIат. Шыр къыжьэдикъуащ, къигъэкIэрэхъуэжын и гугъащ, арщхьэкIэ шыр щIихьащи, хузэтеубыдэркъым, тэтэрхэм яжьэхехьэ. Елъагъу - шы гъуабжэ тес тэтэр жьакIагъуэ благъэ дыдэ къыхуэхъуащ. НэкIэ къишхын хьэзырщ, и фочыр игъэпкIагъэххэщ.
«ФызоцIыху сэ фэ, - жеIэ Жилин игукIэ, - псэууэ саIэрыхьэмэ, хьэпс мащэм срадзэнщи, щIопщкIэ сраубэрэжьыхьынщ. ЗаIэрызгъэхьэнкъым псэууэ».
ЦIыху IэпцIэлъапцIэми, Жилин лъэрымыхьтэкъым. Сэшхуэр кърипхъуэтри тэтэр жьакIагъуэм ебгъэрыкIуащ: «ШыбгъэкIэ изудынщ е сэшхуэмкIэ хэзгъэщIэнщ», - жери.
 Хунэсакъым Жилин, зы шыщхьэ хуэдиз къэнэжауэ, и щIыбкIэ къыщеуэри шыр щIаукIыкIащ. КIэбдзкIэ ува шыр Жилин къытеджалэри, и лъакъуэр щIиубыдащ.
КъеIащ, зыкъиIэтыжыну. ТэтэритI къыщхьэщыхутащи, и Iэблэр ираIуэнтIыкI. ЗакъыIэщIиудащ, арщхьэкIэ нэгъуэщIищи шым къелъэтэхри зыкърадзащ, фоч лъэдакъэкIэ ираудыжащ. И нэр щыункIыфIыкIащ абдежым, хузэфIэкIыжа щыIэкъым. ЗэщIаубыдащ тэтэрхэм, и Iэр и щIыбкIэ щапхащ, аркъэн ирадзэри уанэм бгъэдалъэфащ. И пыIэр щхьэраудащ, и шырыкъур щалъэфащ, и жыпым къиIэпщIэпщIыхьащ, и ахъши и сыхьэти кърахащ, и фащэр зэхачэтхъащ. Жилин и шым хуеплъэкIыжащ. БгъукIэ телът ар, зэрыджэлауэ; золъэкъуауэ, къеIэ щхьэкIэ къызэфIэувэфыркъым; и щхьэпхэтIыгум лъы фIыцIэр къож, лъыр, сабэм хэлъадэурэ, мапцIэ.
Тэтэрхэм ящыщ зы, шым бгъэдыхьауэ, уанэр къытрех. Шыр золъэкъуауэ, и псэ пытщи; къамэ кърихри, тэтэрым шым и къурмакъейм щIилъэфащ. Лъыр къиуащ, бахъэ пщтырыр щхьэщыту.
Тэтэрхэм уанэр къытрахащ шы узджынтам, нахъутэри къыпщIэхахащ. Тэтэр жьакIагъуэр шэсыжащ, Жилин япхъуатэри, абы и шым ягъэкIэсащ; къемыджэрэзыхын щхьэкIэ, и бгым ищIа аркъэным и кIапэр уанэ къуапэм ирапхыжри, я гъуэгу техьэжащ, бгымкIэ яунэтIри.
Тэтэрым и шыпхэм пысщ Жилин, пщIэнтIэпсымэм еукI. Iуоплъэ абы и плIабгъуэм, и пщэ лъынтхуабэр елъагъу, елъагъу пыIэ къуацэм къыщIэщ пщэдыкъ упсагъащIэр. Жилин и щхьэм уIэгъэ телъщ, лъыр и натIэм щызэпцIыжащ. Шыпхэм траIулIа пэлъытэщи, зыхуэгъэхъейркъым, лъыри ирилъэщIэкIыфыркъым. И Iэр апхуэдизкIэ иракъузэкIащи, и Iэблэр ипкIыным нэсащ.
КIыхьт гъуэгур, бгым докI, къохыж, псым зэпрокIри къуэ кIуэцIым дохьэ.
Гъуэгур и гум ириубыдэн и гугъащ Жилин - здахьыр зригъэщIэн папщIэ, арщхьэкIэ лъы пцIам игъаплъэркъым, зигъэзэнуи къару иIэкъым.
Пшапэр зэхоуэ. Зыпс зэпрыкIыжри, джабэ нэкIум кIэрыхуащ, Iугъуэмэ къыпщIихьэ хъуащ, хьэ банэ макъи къэIуащ.
Нэсащ къуажэм. Тэтэрхэр епсыхащ, тэтэр щIалэ цIыкIухэр къызэхуэжэсащ, Жилин къаувыхьащи, зэрогъэкIий, мэдыхьэшх, мывэ къраутIыпщ.
Тэтэрым щIалэ цIыкIухэр Iуихужащ, Жилин шым кърахьэхри и лIыщIэхэм ящыщ зы къриджащ. Нэгъуей нэкIутIэ къэсащ, и джанэр утIыпщарэ бгынтIэу. ЗэхэфыщIащ, и бгъэ пцIанэр къоплъэ. Тэтэр жьакIагъуэм зыгуэр жриIащ абы. ЛIыщIэм лъэхъу къихьащ - жыгей пхъэ тыкъыритI, уэрдыхъу щыукIэжауэ; зы уэрдыхъум IункIыбзэкъэб кIэрыщIащ.
 Жилин и Iэр къатIэтащ, лъэхъур иралъхьэри гуэщым щIашащ: щIадзэри, бжэр хуащIыжащ. Жилин вэнвейм хэджэлащ. Iэбэрабэурэ нэхъ гъущапIэ къигъуэтри, зригъэщIащ.
А ЖЭЩЫМ и нэбдзыпэ зэтрилъхьакъым Жилин. Гъэмахуэ жэщыр кIэщIкъэ? Гуэщ гъуанэм доплъ - нэху щыуэ щIидзащ. ЗыкъиIэтри, блыным кIэрыуващи, гъуанэм доплъ.
Гуэщ гъуанэм здыдэплъым, гъуэгур елъагъу - гъуэгур бгым докI, ижьырабгъукIэ тэтэр унэ щыболъагъу, бжэIупэм жыгитI Iутщ. Хьэ къарэ телъщ бжэщхьэIум, бжэни чыцIи дэтщ пщIантIэм, я кIэ ягъэкIэрахъуэу. Тэтэр хъыджэбз цIыкIу псыхьэ къокIыж, джанэ къуэлэнщ, лъахъстэн мест плъыжьщ, и щхьэм жэз къубгъанышхуэ тетщ. Къубгъаныр къызэрехьэлъэкIыр уолъагъу, и бгыр еухуэ, щхьэбалыджэ щIалэ цIыкIуи щIыгъущ, джанэ пцIанэу. Унэм щIыхьэжащ хъыджэбз цIыкIур, дыгъуасэрей тэтэр жьакIагъуэр къыщIэкIащ, шылэ къэптал щыгъщ абы, и бгым дыжьын къамэ ищIащ, вакъэ пIащIэ лъыпыIуащ. Мэлыфэ пыIэ фIыцIэ лъагэ щхьэрыгъэсащ. КъыщIэкIащи, зеукъуэдий, и жьакIэ гъуэплъым толъэщIыхь. Заулрэ дэтащ пщIантIэм, лIыщIэм зыгуэр жриIэри, куэбжэм дэкIащ.
ЩIалэ цIыкIуитI шыр псафэ яхуащ. Шыхэр щIэгъущхьэжакъым. ЩIалэ цIыкIу зыбжанэ, псоми я щхьэ упсауэ, къызэрыгъэугъуеящ, гуэщым къыбгъэдыхьащ, чы къащтэри гуэщ гъуанэм къыдаIу. Жилин щахуилъым, щIалэ цIыкIухэр, зэрыгъэкIийуэ, Iужыжащ.
Псы хуэлIащ Жилин, и Iур игъущIыкIащ; зыгуэри къызэрымыкIуэ - аращ зэгупсысыр. ЗыпходэIукI - гуэщыбжэр Iуах. Тэтэр жьакIагъуэр къыщIыхьащ, нэгъуэщI зыи щIыгъущ - лIы къуапцIэ лъахъшэ. Нэ фIыцIэщ, нэкIущхьэплъщ, и жьакIэр лъагуэу пыгъэщхъащ; нэфIэгуфIэщ, и дзэлыфэ зэтехьэркъым. ЛIы къуапцIэр зэщыхуэпыкIащ: и шылэ джанэ щIыхуфэм уагъэ илъщ. И бгым къамэшхуэ ищIащ, дыжьын къамэщ, и лъахъстэн местыр плъыжьыбзэщ, дыжьын уагъэ тебзащ. Мест плъыжькIэ итщ къатырым. И пыIэр лъагэщ, мэлыфэ хужьщ.
Тэтэр жьакIагъуэм, гуэщым къыщIыхьэри, зыгуэр жиIащ, шхыдэ щIыкIэу; блыным зригъэщIащи, и къамэ Iэпщэр екъуз, и нэщхъыр Жилин хузэхелъхьэри хущIоплъ, зыIуригъэлъэдэн хьэзыркъэ жыпIэнщ. ЛIы къуапцIэ лъахъшэр зэрынэжэгужэщ, къытреч, и пIэм изагъэркъым, Жилин къыбгъэдохьэри лъэгуажьэмыщхьэ зещI, и дзэлыфэр етI, и дамэм къытоуIуэ, псалъэр къыIуролъэлъ, и нэр щIеукъуанцIэ, и щхьэр егъэкIэрахъуэ, и псалъэм къыхэхуэ зэпытщ: «Корошо урус! Корошо урус!»
 Зыри къыгурыIуакъым Жилин, зыщIэлъэIур зыщ: «Псы севгъафэ, си Iур гъущIащ!»
 ЛIы къуапцIэр мэдыхьэшх. «Корош урус» - аращ и бзэгупэм телъыр.
 IэпэтэрмэшкIэ ягуригъэIуащ Жилин псы зэрыхуэлIар.
ЛIы къуапцIэм зэхищIыкIащ, дыхьэшхри и щхьэр гуэщым щIишиикIащ, еджащ зыгуэрым: «Динэ!»
Къэсащ хъыджэбз цIыкIу - IэпцIупцIщ, лантIэ цIыкIущ, илъэс пщыкIущ и ныбжьынщ, лIы къуапцIэм ещхьщ и нэкIукIэ. Зэрипхъур нэрылъагъущ. Нэ фIыцIэщ ари, дахэ дыдэщ. Джанэ щIыху кIыхь щыгъщ, Iэгъуапэ быхъущ, бгырыпх щIэлъкъым. И джанэкIэми, и бгъэми, и Iэгъуапэми уагъэ плъыжь илъщ. Мест плъыжькIэ итщ вакъэм, лъэдакъэ лъагэщ; и пщэм щыгъэ илъщ, урыс ахъшэ жьгъей зэфэзэщщ щыгъэр. ЩхьэпцIэщ, и щхьэцI фIыцIэр ухуэнащ, абы щэкI бгъузэ хэщIащ, тхьэгъурэ дыжьын сомрэ къыхэлыдыкIыу.
И адэм зыгуэр жриIащ абы. Iужыжри щIэх дыдэ къигъэзэжащ, кхъуэщынкIэ псы къихьри. Псыр къишийри, езыр хьэмбыIуу тIысащ, и лъэгуажьэпэр и дамащхьэм фIэкIыжауэ. ЕтIысэхащи, и нэр къихуу йоплъ Жилин, псы зэрефэр егъэщIагъуэ.
Жилин кхъуэщыныр хуишиижащ абы. Мэз бжэн нэхъей, къыщылъэтыжащ хъыджэбз цIыкIур. И адэрэ пэт дыхьэшхащ. Зыгуэр жриIащ. Кхъуэщыныр ипхъуэтэжри, гуэщым щIэжыжащ, пхъэбгъу хъурей цIыкIу телъу хьэлу къихьащ, етIысэхыжащи, и нэр Жилин къытригъэкIыркъым.
Тэтэрхэр щIэкIыжащ, гуэщыбжэр къагъэбыдэжащ.
Заул докIри, Жилин деж къокIуэ нэгъуейр, къыжреIэ:
- Хьайдэ, хозяйн, хьайдэ!
Абыи ищIэркъым урысыбзэ. Сытми, къыгуригъэIуащ гуэщым щIэкIын зэрыхуейр.
Лъэхъур ирилъэфэжьащ Жилин, йощIэкъуауэ, и лъэ зэблихыфыркъым, йощIэ. Нэгъуейм кIэлъыщIэкIащ Жилин. Зеплъыхь - тэтэр жылэщ, унагъуипщI хуэдиз мэхъу, мэжджыти дэтщ, азэн джапIи хэту. Унэхэм ящыщ зым и куэбжэпэм шищ Iутщ, уанэ ятелъу. ШхуэмылакIэр щIалэ цIыкIухэм яIыгъщ. Унэм къыщIэкIри, лIы къуапцIэм Iэ къыхуищIащ Жилин. Мэдыхьэшх, зыгуэрхэр жеIэри унэм щIохьэж. Абы кIэлъыщIыхьащ Жилин. Пэш зэлъыIухащ, блыныр ятIагъуэ щIыфэщ. Япэ узыIууэ блыным щхьэнтэ къуэ-лэнхэр егъэтIылъэкIащ, блыным алэрыбгъу зыкъизых едзащ; алэрыбгъум фоч, фокIэщI, сэшхуэ фIэлъщ - дыжьынщи, зэщIолыдэ псори. ПлIанэпэм жьэгу дэтщ, унэ лъэгум хэщIыхьауэ. ЯтIэ  лъэгущ, къабзэ дыдэщ, къиикIащ, алэрыбгъум къазыц щхьэнтэ телъщ. Алэрыбгъум тесщ тэтэрхэр: лIы къуапцIэр, жьакIагъуэр, хьэщIищ. Мест вакъэ ялъыпыIуащ псоми. Къазыц щхьэнтэхэм зрагъэщIащ, я пащхьэ Iэнэ хъурей итщ, Iэнэм ху хьэлывэ телъщ, фалъэм тхъуцIынэр щожабзэ, кхъуэщыным махъсымэ итщ. IэпэкIэщ шхыным зэрыхэIэбэр, я Iэпхъуамбэхэр дагъэ защIэщ.
ЛIы къуапцIэм зыкъиIэтащ, Жилин лъэныкъуэкIэ ягъэтIысыну унафэ ищIащ, алэрыбгъур ирапэсакъым, жыхафэ пцIанэм трагъэтIысхьащ. Бысымыр и пIэ итIысхьэжащ, махъсымэр яхурегъахъуэ хьэщIэхэм. Жилин иригъэтIысэхри, лIыщIэм и вакъэр зылъихащ, вакъэр бжэ къуагъым къуигъэувэри, упщIэм тетIысхьащ, ябгъэдэкIуатэри; мохэр Iэнэм щыIэбэкIэ, и гурыIупсыр къожэ.
Iэнэм пэрысщ тэтэрхэр, фыз къыщIохьэ, джанэ быхъу щыгъыу; и щхьэр IэлъэщIкIэ щIэуфащ. Шхэн яухати, Iэнэр щIихыжащ фызым, Iэнлъэ цIыкIурэ къубгъанрэ къыщIихащ. Я Iэр ятхьэщIыжащ тэтэрхэм, лъэгуажьэмыщхьэ защIри, тхьэ елъэIуащ. Зыгуэрхэр жаIащ я бзэкIэ. ХьэщIэхэм ящыщ зым зыкъыхуригъэзэкIащ Жилин, урысыбзэкIэ къыжреIэ.
- Уэ, - жи, - узикIэсыр Къазий-Мухьэмэдщ, - тэтэр жьакIагъуэм хуоплъэкIри, - Абдул-Мурат уритащ, - жи лIы къуапцIэм зыхурегъэзэкIыжри. - Абдул-Муратщ иджы узейр. - Жилин щымщ.
Абдул-Мурат къопсалъэ, и Iэр Жилин хуищI зэпытщ, щIэмычэуи мэдыхьэшх: «Солдат урус, корошо урус».
Тэрмэшым къыгурегъаIуэ: «Фи деж хъыбар ебгъэщIэн хуейуэ унафэ къыпхуещI, яхуэтх, щхьэщэхужыпщIэ къыпхурегъэхь. Ахъшэр къэсмэ, уиутIыпщыжынущ».
Жилин мэгупсысэри, жеIэ: «Дапщэ жиIэр?»
Тэтэрхэр зэпсэлъылIа нэужь, тэрмэшым къыжреIэ:
- Сом минищ.
- Хьэуэ, - жеIэ Жилин, - апхуэдиз схузэфIэкIынукъым.
Абдул къыщылъэтащ, и Iэр ищIу, Жилин щхьэщыуващи, зыгуэрхэр жеIэ - зэхищIыкIыу къыфIощI. Тэрмэшыр къоупщI: «Дапщэ пхузэфIэкIынур?»
ЗаулкIэ зеIэжьэри, Жилин жеIэ: «Сом щитху».
Тэтэрхэр къыщылъэтащ, зыр зым хуолъ. Абдул жьакIагъуэм текIиящ, и Iупсыр епхъ. ЖьакIагъуэм и нэщ-хъыр зэхелъхьэ, зыгуэрхэр къебж.
Щым хъужа нэужь, тэрмэшым къыжреIэ:
- Сом щитхур фIэмащIэщ Абдул-Мурат. Сом щитI пщIитакIэщ абы. И щIыхуэ телът Къазий-Мухьэмэд. ЩIы-хуэр ипшыныжын хуейти, аращ Абдул-Мурат ущIритар. Сом минищ и кIэ къихуамэ, уиутIыпщыжынукъым. Фи деж умытхмэ, хьэпс мащэм уридзэнущ, щIопщкIэ укIуэцIакъухьынущ. «Уащышынэу закъебгъэлъагъу хъунукъым, нэхъей екIуэнущ», - йогупсыс Жилин. Къыщолъэтри, жеIэ:
- ЖеIэ хьэм хуэдэм: шынагъэкIэ спихын щыIэкъым, щай фIыцIи естынкъым, ди дежи стхынкъым. Фыхьэщ фэ, игъащIэми сыфщышынакъым, иджыри сывгъэшынэнкъым!
Тэрмэшым ар щажриIэм, зэдауэ хъуащ тэтэрхэр.
Зэдэуащ куэдрэ, лIы къуапцIэр къыщылъэтащ, Жилин бгъэдохьэ.
- Урус, - жи, - джигит, джигит, урус!
«ЛIы ирокъу» жыхуиIэщ я бзэкIэ. Езыр мэдыхьэшх: тэрмэшым зыгуэр жриIащ, тэрмэшым къыгурегъаIуэ:
- Сом минкIэ арэзыщ.
Жилин яхуикIуэтыркъым: «Сом щитху нэхъыбэ фэстынукъым. СывукIмэ, абыи фыхэкIыжащ».
Тэтэрхэр зэчэнджэщыжащ, лIыщIэр зыщIыпIэ ягъэкIуащ, езыхэр зэ Жилин йоплъ, зэми бжэмкIэ маплъэ. ЛIыщIэм къигъэзэжащ, абы и ужь зыгуэр итщ, пIащэщ, хьэлъэщ, лъапцIэщ, зэхэчэтхъащ; лъэхъу илъщ абыи.
Жилин къэскIащ, Костылин къицIыхужри. Къаубыдат ари. ЗэбгъурагъэтIысхьащ тIури; зопсалъэ, я хъыбар зэхуаIуатэ, тэтэрхэр къапэрыуэркъым, къоплъ. И Iуэху къызэрекIуэкIар иIуэтэжащ Жилин. И шым и лъэр зэрызэщIэнар, и шэр зэрыбзэщхъуар къыжриIэжащ Костылин, мо Абдулыращ зубыдар.
Абдул къыщолъэт, и Iэпэр Костылин хуишийуэрэ, зыгуэрхэр жеIэ.
Тэрмэшым хигъэгъуэзащ: тIури зейр Абдулщ, щхьэщэхужыпщIэ нэхъапэ къезытыр нэхъапэ иутIыпщыжынущ.
- Плъагъуркъэ, - къыжреIэ Жилин, - уэ зыбохъунщIэ, уи ныбжьэгъур Iэсэщ; я деж итхакIэщ абы, сом минитху къыхурагъэхьынущ. Шхыни паубыдынукъым, и жагъуи ящIынукъым.
Жилин жеIэ:
- Си ныбжьэгъум зэрыфIэзахуэщ: ар хуэкъулей хъунщ, сэ збгъэдэлъ щыIэкъым. Сэ, - жи, - зэрывжесIам сытекIынукъым. Фыхуеймэ, сывукI - фи фейдэ хэлъмэ. Сом щитху нэхъыбэ стынукъым.
Заулрэ щымащ псори. Иужьым Абдул къыщылъэтащ, къабзий, тхылъымпIэ напэ, шакъэ къыдихащ пхъуантэ цIыкIум, Жилин къыIэщIилъхьэри, и дамэм къытеуIуащ: «тхы». Арэзы хъуащ сом 500-кIэ.
- Мыр гурыгъаIуэ, - жреIэ Жилин тэрмэшым. - Шхын дыщремыгъащIэ, дрехуапэ, дызэкIэримычынуи жеIэ - хуэддэнукъым, лъэхъури ирырех. - КъыпогуфIыкI ар здыжиIэм, Абдулым хуеплъэкIыурэ. Абдулри и пащIэкIэ щIогуфIыкI. Жэуап къретыж:
- Щыгъыным я нэхъыфIым себлэнкъым: цеи шырыкъуи - кърипшэ хъунущ. Пщы хуэдэу згъэшхэнщ. Зэгъусэн я щIасэмэ, сапэрыуэнкъым, гуэщым щIрырес. Ауэ лъэхъур исхынукъым - кIуэсэнущ. ЖэщкIэ исхынщ. - Къыбгъэдохутэри и дамэм къытоуIуэ. - Твоя хорош, моя хорош!
Итхащ Жилин письмо, я деж нэмысын хуэдэущ зэритхар. Езым и гум илъыр нэгъуэщIщ: «СыкIуэсэжынщ».
Жилинрэ Костылинрэ гуэщым яшэжащ, нартыху бзий, псы кхъуэщын, щIакхъуэ Iыхьэ, цей тIорыситI, сэлэт шырыкъу зэщIэхуа къыхуахьащ. Сэлэт хьэдэм къыщатхъа хъунт. Лъэхъур ирахащ, жэщ щыхъум, гуэщыбжэр къагъэбыдэжащ.
Мазэ ягъэкIуащ Жилинрэ и ныбжьэгъумрэ. Абдул-Мурат мэдыхьэшх:
- Твоя, Иван, хорош, - моя, Абдул, хорош. - Ар жиIэ щхьэкIэ, шхыным щосхь, ху мэжаджэ мышыущ къарипэсыр, хупцIынэ фIэкI игу щыпымыкIи къохъу.
Костылин аргуэру итхащ я деж, ахъшэм пэплъэурэ ешащ. Гуэщым щIэсщи, махуэр ебж е мэжейри щылъщ. И письмор я деж зэрынэмысынур ищIэрт Жилин, а зым фIэкIаи итхакъым.
«Дэнэ, - жеIэ, - ди анэм апхуэдиз ахъшэ къыздрихынур? - Сэ хуезгъэхьIамэ, аращ зэрыпсэуар. Сом щитху зэхуихьэсын мурад ищIмэ, ди лъапсэр нэщI хъуауэ аращ. Тхьэм жиIэмэ, сакIэщIэкIуэсыкIыжынщ».
Зеплъыхь, зыпходэIукI, кIуэсэжа зэрыхъунум йогупсыс. Зэм уэрамым дохьэ, зэм бжэщхьэIум тотIысхьэри, пхъэкIэ-бжьэкIэм йопэщэщ е ятIагъуэм гуащэ къыхещIыкI, матэ цIыкIу ещI. Жилин IэпщIэлъапщIэт абыкIэ, сытми хэзагъэрт.
Гуащэ дахэ дыдэ ищIащ зэгуэрым, пэи, Iэи, лъакъуи хуищIыжащ, тэтэр джанэ щхъуэкIэплъыкIи щитIэгъэжри гуэщ бжыхь кIапэм тригъэуващ.
Тэтэр цIыхубзхэр псыхьэ здэкIуэм, Динэ гуащэр къилъэгъуащ. Гуэгуэнхэр я дамащхьэм трахауэ, гуащэм йоплъ псори, мэдыхьэшх. Жилин гуащэр яхуеший, Iахын дзыхь ящIыркъым, къэIэбэн къахэкIыркъым. Гуащэр игъэуври, Жилин гуэщым щIыхьэжащи, гъуанэм доплъ.
Динэ къыбгъэдэлъэдащ, гуащэр ипхъуатэри щIэпхъуэжащ.
Пщэдджыжьым плъэмэ, Динэ бжэщхьэIум къытеуващ, и IэплIэм гуащэр илъщ. Ихуэпащ гуащэр, сабийм хуэдэу щIеупскIэ, гущэкъу уэрэд жреIэ, егъэудэIу. Фызыжь къыщIэкIащ унэм, хъыджэбз цIыкIум къыщIэкIиящ, гуащэр IэщIичри хыфIихуащ, езыр зыщIыпIэ игъэкIуащ.
Жилин нэгъуэщI зы гуащи ищIащ, нэхъ дахэжу, - Динэ иритащ. Кхъуэщын къихьри, гуэщыбжэм къыIухьащ Динэ зэгуэрым. Кхъуэщыныр игъэуври езыр лъэныкъуэкIэ тIысыжащи, мэдыхьэшх, и Iэпэр кхъуэщынымкIэ ишийуэрэ.
«Сыту пIэрэ щIэдыхьэшхыр?» - игукIэ жеIэ Жилин. Кхъуэщыныр къещтэри егъэщIей, псы и гугъащ итыр, шэуэ къыщIэкIащ. Шэм йофэ, «хорошо», - жи. ГуфIэгъуэр зэрехьэ Динэ!
- Хорошо, Иван, хорошо! - къыщолъэтыж Динэ, и Iэгур зэтрегъауэ, кхъуэщыныр IэщIечыжри щIопхъуэж.
Абы лъандэрэ шэ къыхуихь хъуащ, зигъэпщкIуурэ. Бжэнышэм хьэлывэ къыхащIыкI тэтэрхэм, унащхьэм тралъхьэри ягъэгъу - хьэлыви къыхуехь Динэ. Мэл иукIат и адэми, мэлыл Iыхьи къыхуихьащ, и Iэгъуапэм иригъапщкIуэри. Къыхуедзри, езыр щIопхъуэж.
Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къешхащ зэгуэрым, пэгункIэ къракIых фIэкI пщIэнтэкъым. Къуршыпс цIыкIухэр къиуащ, къэутхъуащ, арщынищ хуэдизкIэ зыкъиIэтащ псым, мывэжьхэр кърехьэх. Псыхьэлыгъуэщ дэнэкIи, бгыщхьэм Iэуэлъауэр итщ. Уэшхыр щхьэщыкIащ, псыхьэлыгъуэр жэ-щIыжакъым. Жилин сэ цIыкIу къыIрихащ Абдул, пхъэм  гудзэ, гупхъэтIэкIу къыхиупсыкIри, шэрхъ цIыкIу ищIащ, гулъэмыжым и кIапэ зырызым гуащэр тригъэтIысхьащ.
ЩэкI бзыхьэхуэ къыхуахьащ хъыджэбз цIыкIухэм, - гуащэхэр ихуэпащ: зыр лIыжьщ, зыр фызыжьщ; шэрхъыр псыхьэлыгъуэм тригъэуващ. Шэрхъыр мэкIэрахъуэ, гуащэхэр долъей-къолъых.
Жылэр къызэхуэжэсащ: щIалэ цIыкIуи, хъыджэбз цIыкIуи, фызхэри; цIыхухъухэри къэкIуащ, я щхьэр ягъэкIэрахъуэурэ жаIэ:
- Ау, урыс! Ай, Иван!
Абдул сыхьэт иIэт, урыс сыхьэт. ЗекIуэртэкъым сыхьэтыр, къутат. Жилин иреджэри кърегъэлъагъу, Iэпэ хуещI. Жилин къыгуроIуэ.
- Къащтэ, пхуэсщIыжынщ, - жи.
Сэ цIыкIукIэ зэтрихащ сыхьэтыр, зэпкърилъхьэжри хуишиижащ. ЗекIуэ хъужащ сыхьэтыр.
ГуфIащ Абдул, и къэптал тIорысэр къритащ. ТIорысэми, жэщкIэ зытеппIэ хъунущ, къыIрихащ.
Жилин и фIыщIэ Iуащ абы лъандэрэ, зэрыIэпщIэлъапщIэр хэIуащ жылэм. НэгъуэщI къуажи къокI цIыхур: зым фоч е фокIэщI къехь, кIакхъур зэIыхьащи, адрейм - сыхьэт къута. Абдул Iэмэпсымэ къритащ: Iэдэ, бру, ий.
Тэтэр гуэр сымаджэ хъуати, Жилин деж къаIуэхуащ: «Тхуеплъ, тхуеIэзэ», - жари. ЗэрыIэзэн ищIэртэкъым Жилин. КIуэри еплъащ сымаджэм, игукIэ жеIэ: «Езыр-езыру хъужынкIи мэхъу». Гуэщым игъэзэжащ, псым пшахъуэ хикIутэри зэхигъэзэрыхьащ. Сымаджэм деж игъэзэжри, псым ебж хуэдэу зищIащ, сымаджэр иригъэфащ. И насыпым кърихьэкIри, сымаджэр къызэфIэувэжащ. Я бзэр мащIэу къыгурыIуэ хъуат Жилин. Къесэ хъуащ цIыхури, нэIуасэ къыхуэхъуар, къыщыхуейм деж, и цIэкIэ къоджэ: «Иван, Иван!» Зи нэр къыхузэзыгъэдзэкIи яхэтщи, яшхынущ жыпIэнщ, ялъагъумэ.
ЖьакIагъуэр къытеплъэ хъуртэкъым Жилин, и нэщхъыр къыхузэхилъхьэнти, и щIыб къыхуигъэзэнт е къыщIэкIиент. ЛIыжь гуэри нэIуасэ къыхуэхъуащ Жилин. Къуажэм дэстэкъым ар, бгы лъапэм тест. Мэжджытым нэмэзыщI къыщыкIуэм дежт ар Жилин щилъагъур. ЛIыжь лъахъшэт, и пыIэм щэкI бгъузэ хужь къедэкIат, и пащIэри и жьакIэри щIэгъэщхъуат, хужьыбзэт, къыуц нэхъей; и нэкIу зэлъар плъыжьыбзэт, шыбжий фIэкI умыщIэну. Пэ къуаншэт, къашыргъэ хуэдэ, нащхъуэт, нэщхъыдзэт, дзэи Iусыжтэкъым, и дзапэфIанитIым фIэкI. Сарыкъыр щхьэрегъэсри къожьэ, башыр и Iэдэжщ, дыгъужьым хуэдэщи, нэ жагъуэкIэ зеплъыхь. Жилин къыIуплъакъэ, и щIыб къыхуегъазэри мэгъумэтIымэ.
Бгы лъапэмкIэ кIуащ Жилин зэгуэр - лIыжьым и хэщIапIэр зригъэлъагъун папщIэ. Лъагъуэм здытетым, хадэ цIыкIу ирихьэлIащ, мывэ сэрейкIэ къэщIыхьауэ. Мывэ сэрейм балийрэ шэфталрэ къыщхьэдоплъых, хадэкум унэ щхьэгуэ итщ. Сэрейм бгъэдыхьащ; жыг щIагъым бжьэ матэхэр щIэтщ, бжьэр зэрызохьэ, мэву. ЛIыжьыр бжьэ матэм бгъэдэсщ, зыгуэрхэр къеIущэщри. Мывэ сэрейм щыщхьэдэплъыхым, лъэхъум Iэуэлъауэ ищIащ. ЛIыжьыр къыдэплъеящ, фокIэщIыр къипхъуатэри, Жилин къытриунэщIащ. Къытехуакъым шэр - мывэ сэрейм зыкъуидзащ.
Абдул къыхуэтхьэусыхащ лIыжьыр. Жилин иреджэри къоупщI:
- Сыт лIыжьым деж ущIэкIуар? - Езыр мэдыхьэшх.
- Сигу Iей хуилъкъым. И псэукIэ зэзгъэлъагъун щхьэкIэщ сыщIэкIуар.
 ЛIыжьыр къытехьащи, и пIэ изэгъэжыркъым, мэгъумэтIымэ, и Iэ-и лъэр ещI, Жилин зыIуригъэлъэдэн хьэзырщ.
 ЛIыжьым жиIа псор къыгурыIуакъым Жилин; къыгурыIуар Абдул унафэ къызэрыхуищIарщ: къуажэм дэбгъэс хъунукъым, жи, мыр, укIын хуейщ, жи. Ар жери кIуэжащ лIыжьыр.
 Жилин йоупщI Абдул: сыт а лIыжьыр зищIысыр? Абдулым къыжреIэ.
 - Ар цIыхушхуэщ, мыбдеж щыткъым! Шууейуэ щытащ, къыщIыхьэ щыIакъым, и гъащIэр зауэм щихьащ, хуэщIауэ псэуащ. Фызищрэ къуэуэ ирэ иIащ. НэгъуэщI къуажэ дэсащ. Сэлэтхэр къатеуэри, къуажэр зэтракъутащ, лIыжьым и къуибл яукIащ. Зы закъуэ къыхуэнати, урысым яхыхьэжащ. ЛIыжьыр кIэлъыкIуащ и къуэм, урысым екIужауэ фэ зытригъэуащ, мазищкIэ яхэсащ, и къуэр къигъуэтыжри езым и IэкIэ иукIыжащ, къахэкIуэсыкIыжри бгым ихьэжащ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

 

Поделиться: