Мэрем пшыхь

Махуэгъэпс
Тхыдэм щыщ
Нартыхур ягъэкIын зэрыщIадзар

Зи IэщIагъэкIэ дыщэкI, Париж щыщ Жан Шарден (1643-1713 гъэ) 1672 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ фокIадэм и 10-м нэс Тэн (Дон) псым къыщыщIидзэри, хы ФIыцIэ Iуфэр иIыгъыурэ зэпиупщIыгъащ Нарткъуажэхэм я хэгъэгур, Шапсыгъыр, Убыхыр, Абхъазыр, Ингур псым еуалIэу Мингрелым нэсыху. Шарден мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ яхэтыну къыхудэхуащ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм икIи и акъылрэ щIэныгъэрэ къызэрихьу ятетхыхьыжауэ щытащ. Абы гу лъитащ а лъэпкъ псоми нартыхур къызэрагъэкIым, а гъавэхэкIым шхыныгъуэу къыхащIыкIым: «Ар гъатхэм прунжым хуэдэу халъхьэ. ЩIым IэкIэ кумб цIыкIу щащI, жылэр абы иралъхьэри, тратхъуэж. КъэкIыгъэр къыхэкIа нэужь Iэпхъуамбэшхуэм хуэдиз и гъумагъщ, цIыху лъагагъ хуэдизкIэ докIей, и щхьэмкIэ къыщищI сэмбым илъ нартыхущхьэм хьэдзэ 300 хуэдиз тетщ. Нартыхупкъыр къамылфом и пкъым ещхьщ. Жэпуэгъуэм ирихьэлIэу хъуа нэужь, паупщIри дыгъэм хуэгъэзауэ бжыхьхэм фIалъэ, нэхъ щIэхыу гъун щхьэкIэ. Махуэ тIощI хуэдиз дэкIа нэужь къыдачыж.
Нартыхур щагъэлъалъэр шхыныгъуэр щагъэхьэзырынум и пэ къихуэущ, икIи шхыныр къыщыхащIыкIыр шхыгъуэр къыщысым дежщ. Езыр псынщIэу мавэ, сыхьэт ныкъуэ нэхъыбэ ихькъым. Къызэрытевэу бэлагъкIэ мащIэурэ зэIащIэ, икIи хуэмурэ, къару щIагъуэ темыкIуадэу хупцIынэм ещхь мэхъу. ИужькIэ мафIэр нэхъ ягъэужьыхри, шыуаным илъыр хуэмурэ щIагъэжьыхь, быдэ хъуху.
Мы шхыныгъуэр къызэрымыкIуэу хужьщ, уэсым ещхьщ, ауэ мышущ, икIи хьэлъагъ иIэщ. Ар пхъэбгъу кIэщI цIыкIухэу абы щхьэкIэ ящIхэм телъу къуат. Адыгэхэр а шхыныгъуэм зэреджэр пIастэщ, мингрелхэр - гъомщ. ПIастэр гугъу удемыхьу IэпхъуамбэхэмкIэ бопIытIыф… Адыгэхэри, мингрелхэри, тыркухэм я унафэм щIэт куржыхэри, абхъазхэри, жыпIэнуракъэ, хы ФIыцIэ Iуфэм, Мэуэт хым и Палус псыдэкIыпIэм (пролив) къыщегъэжьауэ Трапезунд нэсыху щыпсэу лъэпкъхэм а шхыныгъуэращ щIакхъуэм и пIэкIэ яшхыр икIи нэгъуэщI яIэкъым. Ахэр а шхыныгъуэм апхуэдизкIэ есащи, гуэдз хьэжыгъэм къыхэщIыкIа щIакхъуэм нэхърэ нэхъ къыхах. Сэ ар а хэгъэгум и нэхъыбэм деж нэрылъагъу щысхуэхъуащ. ИкIи апхуэдэу згъэщIагъуэркъым, сыту жыпIэмэ, инджылыз пудингкIэ сышхэн зэпыту къыщысхудэхуам щыгъуэ абы апхуэдизкIэ сесати, гугъуу къысщыхъурт ар къэзгъанэу къызэрыгуэкI щIакхъуэм зестыжыныр».
XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм ирихьэлIэу адыгэхэм нартыхур зэрыхасэ, зэрыIуахыж щIэныпхъэр (технологиер) жаIэу зэхихыу, абы пIастэ къызэрыхащIыкI щIыкIэр нэрылъагъу щыхъуу япэ дыдэу зытхыжар Шарденщ. Мыбы и тхыгъэращ япэу дэзыгъэлъагъур адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм, куржыхэм нартыхум пIастэ къыхащIыкIыу зэрыщытар. Шарден пIастэр зытралъхьэу жыхуиIэ пхъэбгъу кIэщ цIыкIухэр адыгэхэр пхъэбгъу IэнэкIэ дызэджэращ.
Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм XVI лIэщIыгъуэм и пэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ. ЕтIуанэу, ахэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ (бэвагъкIэ, фIагъкIэ, къыщагъэкI щIыгум зэрезэгъымкIэ, цIыхум дежкIэ сэбэп зэрыхъумкIэ, н.къ.) ефIэкIын хуейщ «къэкIыгъэжьхэм». Агрономием къызэрилъытэмкIэ, хумрэ нартыхумрэ зэхуэдэ гъавэ къэкIыгъэу зы гупым хохьэ. Гуэдз, гъасэ, хьэпцIий, хьэ, зэнтхъ лIэужьыгъуэхэр нэгъуэщI гупщ. Хумрэ нартыхумрэ шхыныгъуэ къыхащIыкIхэмрэ ахэр къызэрыхащIыкI щIэныпхъэхэмрэ зыщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, нартыхур къыщежьэм, ар Европэми, Азиеми, Африкэми къабыл щызыщIар хур зи лъэпкъ гъавэхэкIыу щытахэращ. Иджыпстуи Европэмрэ Азиемрэ нартыхур щызыщIэ, щызышх лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ хум елэжьу, зышхыу щытахэращ. Адрейхэм нартыхур къащтакъым. Пасэрей адыгэхэу хур куэду къэзыгъэкIыу щытахэм нартыхур къазэрыIэрыхьэу псынщIэу яфIэфI, яфIэкъабыл хъуащ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, хум къыхащIыкIыу щыта шхыныгъуэ псори нартыхум къыхащIыкIыфырт. ЕтIуанэу, нартыхум и бэвагъыр хум ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инт, щIыпIэм фIы дыдэу езэгъырт. Ещанэу, нартыхур блэжьынкIэ, IупхыжынкIэ, зепхьэнкIэ куэдкIэ нэхъ псынщIагъуэт. Хум хуэдэу бгъэкъэбзэн, бужьгъэн, бгун хуейтэкъым. ЕплIанэу, нартыхур а зы щIыпIэм илъэс бжыгъэкIэ тепсэми, и бэвагъым кIэричтэкъым, узхэр къеуалIэртэкъым. Етхуанэу, нартыху жэпкъыр мэкъум къыкIэрымыхуу Iэщым яшхырт. А псор къэплъытэмэ, щIыр зи мащIэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ нартыхур узыблэкI мыхъун гъавэу, мэкъумылэу къыщIэкIащ.

Хьэкъун Барэсбий.

Фэ фщIэрэ?
Бзухэм къызэранэкIыфыр зыхуэдизыр

Фо килограмм зэхуихьэсын щхьэкIэ бжьэр 120-рэ - 150-рэ бжьаIуэм илъэтыкIын, удз гъэгъа мелуанитхум нэблагъэм тетIысхьэн хуейщ.
Зы бжьэ матэм дэсхэм къыщалъэтыхьым деж кърухэм хуэдэу зэкIэлъхьэужьу зэпыувэу щытамэ, зы сантиметр фIэкIа ямызэхуакуми, километр ныкъуэ хуэдизкIэ зашэщIынут.
Зы сыхьэтым километр 65-рэ къызэренэкIыф бжьэм. Шхынрэ къарурэ хурикъуамэ, жэщ-махуэ 25-м къриубыдэу ЩIыр и хъуреягъкIэ къилъэтыхьыфынут.
* * *
Тхьэрыкъуэр и пIэ щисым деж и гур зы дакъикъэм къриубыдэу 29-рэ къеуэу аращ, щылъатэм деж 450-м ноблагъэ.
* * *
Зи лъыр щIыхуфэ псэущхьэу дунейм тетыр Австралием и гъунэгъу тенджызхэм медузэм ещхьу хэс псэущхьэхэрщ.
* * *
Къуалэбзу псоми псы щефэкIэ я щхьэр къаIэтын хуей мэхъу, тхьэрыкъуэ закъуэращ и щхьэр къыдримыхьейуэ псы ефэфыр.
* * *
Языныкъуэ бзухэм зы сыхьэтым километрищэ къызэранэкIыф, метр мини 7-кIэ заIэт, къэмытIысу километр мини 3-3,5-рэ къалъэтыхьыф.
Шыпш Даянэ.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Лъагъуныгъэ щхьэрыуа

Аргуэру уэращ сызэгупсысыр. Аращ, уэращ. Ар дауэ? Къигъэзэжауи си лъагъуныгъэм? Апхуэдэ къэхъурэ сытми? ЩIэслъхьэжатэкъэ, згъеижатэкъэ, уеблэмэ хуэфэщэн зэманкIи сыхуэщыгъуэжатэкъэ? Зыри гурыIуэгъуэкъым.
Сыту гугъущэ срагъэхьрэ-тIэ си щхьэм щызеджадэ гупсысэ къомым. Сатхьэлэным хуэдэу къыщIогъуалъхьэ си тэмакъым, щхьэрыутIыпщ ящIа псыдыуэу щIагъэкIуэсыкI си лъыр, си псэм лъэныкъуэ куэдкIэ къыщоIэ, зэпатхъын я мураду…
Аргуэрыжьти, къыстегуплIащ си гупсысэр, нэкъыфIэщIымрэ фIэщмыхъуныгъэмрэ зыхэя гупсысэр. ЗигъафIэу къиувэжащ си пащхьэм, къыщIэбэкъуэжащ си пэшым, къыхыхьэжащ си пщIыхьым, къыхэбэкъуэжащ си гъащIэм, къитIысхьэжащ си гущIэм. КъысхуэкIуэжащ гугъусыгъур ебэкIыу.
ГъащIэм дыджыпIэу, гузэщыгъауэу хэлъ куэд уи натIэ хъуну иухамэ, Iэмалыншэщ, армыхъуамэ зи гущIыIу щIы тракIутэжу нэпскIэ иралъэсэхыжам зэгуэр къигъэзэжу хэт игъэунэхуа? Ари уифI лъэпкъ щIэмыхъуэпсрэ хъуапсэнэIуу укъигъэнэн хьэзыру уи пкъым къитIысхьэжу. Жеиншэ жэщу пфIидыгъуар фIэмащIэу, нэпсу щIэбгъэкIамкIэ игу къыптемызэгъауэ, и деж гущIэгъу къыщыбгъуэтыныр къэгъэнауэ, и нэщхъыр пхырыплъыгъуей пшагъуэу къыпщхьэщыт зэпыту йозыгъэхьэкIар уи лъэмбым къиувэжыныр зыкIи хъуэпсэгъуэкъым. Уеблэмэ щIэткIукI-щIэсыкIыр къыпхуэзыгъакIуэу уи жагъуэгъур зыщыгуфIыкIын Iуэхущ.
Сыту куэдыщэм къыщалъэтыхьрэ си гупсысэ къызэбгъэрыкIуэжахэм.
ЩIапщытыкI си псэм и лъахэр, ирожэ си лъынтхуэхэм - зы IэпапIэ къагъанэркъым зыкърамыгъэщIэжу, зыкърамыгъэцIыхужу. ЗыхэсщIэу сагъэкIэзыз, саудыныщIэ. КъысхуэщIэркъым къысхуеблэгъэжам сызэрыпежьэну щIыкIэр - сыхуэгуфIэнущи, гуныкъуэгъуэу къызитам си нэгур зэлъыIуагъэкIуэтын къысхуадэркъым. СыщIэгубжьэу есхужьэжынущи, сощIэ, зыкIи сызэрыпэмылъэщын къарукIэ къыспэувынущ. ЗэкIэ сыIэмалыншэщ. Моуи согупсыс: къэзыгъэзэжыр сыт жиIэрэ? Мыри гъащIэм и зы тыгъэу арагъэнщи, къэсщтэжынщ, сэр нэхъыфI игъуэту къигъэнауэ зэрыщымытыр къэслъытэнщи.
КхъуэIуфэ Рабия.

ГушыIэхэр
Уэри удахэ дыдэкъым
ЗэщхьэгъуситIыр уэршэру здэщысым унэгуащэр къыхэкIиикIащ:
 - Сыт къэхъуар? – щIоупщIэ лIыр.
- Бэдж шынагъуэ дыдэ щысщ мобдеж.
- АтIэ щхьэ езы бэджыр мыкIийрэ, уэри утхьэIухудкъым.

Уэра хьэмэрэ сэра?
Студентым профессорым и зы упщIи жэуап къритыфыркъыми, япэ «тIу»-р хуигъэувыну хуэмейуэ хегъэзыхьыпэ:
- Хъунщ, нэгъуэщI зыри щумыщIэкIэ, зы лекцэр зытеухуауэ щытар къызжеIэ.
- СщIэркъым.
- Хъунщ. Лекцэ къеджар хэт?
- СщIэркъым.
- Лекцэ къеджар уэра хьэмэрэ сэра?

ТIури илъэс 80 ирокъу
Зи ныбжь хэкIуэта бзылъхугъэр дохутырым деж щIыхьащ:
- Илъэс дапщэ ухъурэ, нанэ?
- Илъэс 80.
- Сыт укъыхэзыгъэзыхьыр?
- Си лъакъуэ ижьыр Iейуэ къызоузри, схуеплъ.
- Сеплъащ, ауэ зыри и лажьэ хуэдэкъым, ныбжьыр зэрыхэкIуэтам щхьэкIэ узу хузогъэфащэ.
- АтIэ щхьэ лъакъуэ сэмэгур мыузрэ, ари ирикъуащ илъэс 80!

Чэнджэщхэр
Ху хьэжыгъэр щагъэлъкъым

Бжэныл ягъэгъуркъым, ягъэгъупцIу аращ.
Нэхъапэм Iэщышхуэм и кIапэм сэмпIалъэ къыхащIыкIыу щытащ.
КIэртIоф гъэжьа зэрылъ тебэм и щхьэр тепIауэ куэдрэ щыбгъэтмэ, йоуцIыныхь.
Мэл е бжэн къызэраубыдыр мэлыхъуэбашщ. IэкIэ къэбубыдмэ, узэIуса лыр фIыцIафэ хъууэ къалъытэ.
 ФIагъэжу зи фэр траха Iэщышхуэм е Iэщ цIыкIум лыджанэкIэ йоджэ.
 ПIащIэ хъуа шыпсым бажэ шыпскIэ йоджэ.
 Джэшыр хуабапIэм щахъумэркъым, хьэпIацIэ хещIэри.
 Къуэнтхъурей цIынэ куэд пшхыреймэ, жьэжьейр егъэкъабзэ.
 Дэшхуэр яшхыну сэбэпышхуэщ лъы зи мащIэхэм, щыгъупщэххэм.
 ГъэтIылъыгъэ ящIа кхъуейр яшхыну къыхаха нэужь псы щIыIэ дагъэжэх. Пхуэмышхыу къэнар хэплъэж хъунукъым, кхъуейр щащэ ещI, зэIегъехьэ.
Шыгъу ипкIутынуи утеувэнуи гуэныхьышхуэ пылъу къалъытэ.
Хугу хьэжыгъэр щагъэлъкъым, дыдж мэхъури.
Ху мэжаджэ нэхъ щащIыр сабийм лъэтеувэ щыхуащIым и дежщ.
Къэб яупщIэтар е зэгуаудар ямыгъавэу е ямыгъажьэу махуитI нэхърэ нэхъыбэ щагъэлъкъым, зэIохьэри.
Къубатий  Борис.

ЦIыкIухэм факъыхуеджэ
ТхьэкIумэкIыхь шынэкъэрабгъэ

Псей жыгым и лъэдийм кIэрыгъэщIауэ жей Мыщэр гъы макъым къигъэушащ. Ар едэIуапэри, ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур зэщыджэрт.
- Сыту сынасыпыншэ сэ! Сыту сытхьэмыщкIэ сэ! Сэр фIэкIа яшхын щхьэ ямыгъуэтрэ къашыргъэми, дыгъужьми, бажэми. Сэри абыхэм сащошынэри, къызэрыслъагъуу зызогъэпщкIу. Апхуэдизу щхьэ сышынэкъэрабгъэ? - зиухыжыпэрт псэущхьэ цIыкIум.
Мыщэжьым ар фIэгуэныхь хъуауэ едэхэщIэну зыщиIэтым, Iэуэлъауэм игъэщта ТхьэкIумэкIыхьыр щIэцIывэжащ.
Мыщэжьыр тэлайкIэ абы кIэлъыплъа иужь, и щхьэр игъэсысщ, и жьэпкъым етIэхъури пыгуфIыкIыу ежьэжащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ къэуша Къанжэм хуейм и курыкупсэм ит ашыкышхуэм занщIэу гу лъитащ. Псом япэ псори зэзыгъэщIэну зыфIэфI Къанжэм ар гъунэгъуу щызэпиплъыхьым къилъэгъуащ «Нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэ псэущхьэм ейщ» жиIэу зэрытетхар.
- Уэ-хьэ-хьэхь! Сызэрытеун къэзгъуэтащ. Бажэм дежкIэ секIуэкIынщи згъэбэмпIэнщ, - жиIэри ежьащ.
- Бажэр щхьэукъуауэ Iуащхьэм тести, Къанжэм къигъэщтащ: «Бажэ цIыкIу, хэт нэхъ лъэщ дыдэу мы мэзым щIэсыр?» - жери.
- Емынэм уимыхькIэ уэ бзу кIэкIэрейр, сыкъэбгъэщтащ! Ар сыт упщIэкIэ делэ! Сэращ нэхъ лъэщ дыдэр! Ар япэрауэ. ЕтIуанэрауэ. Iэмалищэрэ зырэ зыщIэ Бажэжьым къилъхуахэм сащыщщи, сэр нэхърэ нэхъ Iэмалшыи мы мэзым щIэскъым.
- НтIэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэр хэт? - увыIэртэкъым Къанжэр.
- Си жейр степхуащ, Къанжэ. Уи цыр сымыщ щIыкIэ зыIуегъэх! - губжьащ Бажэр.
- Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэнэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, жиIэри Къанжэм Дыгъужьым дежкIэ игъэзащ.
Дыгъужьыр мэжалIэрти, гукъыдэжыншэу Къанжэм къыIущIащ:
- Сигу ирихьын хъыбар къысхуумыхьамэ, къызжиIакъым жумыIэж, зыц къыптезнэнкъым. ИIэ, къипхъ…
- Зы упщIэ закъуэ сиIэу арат, Дыгъужьыжь, зыхуигъэцIыкIуащ абы Къанжэм. - Хэту пIэрэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэу мы мэзым щIэс псэущхьэр?
- Арат иджы къысхуумыгъэфащэу къэнэжар! Сэра шынэкъэрабгъэкIэ узэщыр! ЗыIуегъэх, узыIурызмыдзэ щIыкIэ.
- Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэнэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, - жиIэри Къанжэр лъэтэжащ адрей псэущхьэхэм хъыбар яригъэщIэну.
Шэджагъуэнэужьым мэзым псэущхьэу щIэсыр хуейм деж щызэхуэсауэ ашыкым щхьэкIэ зодауэ, зэрофыщI. Шынэкъэрабгъэу зыми зимумысыжми, дэтхэнэми ашыкыр езым ейуэ тхьэ иIуэрт.
Дыгъужьым лъэщыгъэкIэ ашыкыщхьэр яфIытричри и гурыIупсыр къажэу ашыкым щиплъэм:
- Хэт нэхъ шынэкъэрабгъэр? - жиIэу гъуахъуэу Мыщэр къипщащ.
Псэущхьэхэр щтэри псори щхьэж и занщIэу мэзым щIэлъэдэжащ, ТхьэкIумэкIыхь закъуэм фIэкI къэмынэу.
- Уэ ущIэпхъуэжакъыми-тIэ? – зыхуигъэзащ абы Мыщэм.
- Сэ, зиусхьэн Мыщэ, псом нэхърэ сынэхъ шынэкъэрабгъэщ, - жиIащ абы и макъыр кIэзызу.
- Уэра нэхъ шынэкъэрабгъэр? Зыплъыхьыт-тIэ! Дэнэ щыIэ Дыгъужьри Бажэри? Ахэр псори къысщышынэри щIэпхъуэжащ. Уэ зы закъуэращ си пащхьэм къинар. ТхьэкIумэкIыхь цIыкIу, умышынэу, ущIэмыпхъуэжу пэжыр жыпIащи, уэр нэхърэ нэхъ лIыхъужь мы мэзым щIэскъым. Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ.
А тIур зэбгъэдэту къэзылъэгъуа псэущхьэхэм Мыщэр зи ныбжьэгъу ТхьэкIумэкIыхьым и Iей абы иужькIэ зэрахуэжакъым.

Таурыхъыр зэзыдзэкIар
Молей  ФатIимэщ.

Дерс
Гугъэ яхилъхьащ
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къуэм и анэр рестораным ишащ. Анэм и ныбжьыр хэкIуэтат, и Iэхэр кIэзыз хъуати, ишххэм щыщ кIэригъэщэщырт. ШхапIэм щIэсхэм мыарэзыщэу къыхуеплъэкIхэри яхэтт зэанэзэкъуэм. Ауэ къуэм и щхьэр Iэтауэ и анэм бгъэдэст, цIыхубзым и бостейм тригъэщащэIамэ, илъэщIыжу.
Шхэн яуха нэужь, зэанэзэкъуэм зытхьэщIыпIэмкIэ яунэтIри, анэм и Iэхэр иригъэтхьэщIыжащ, и щхьэцыр хурилъэщIэкIщ, и нэгъуджэр захуэу хуIуигъэтIысхьэжри ежьэжахэщ.
Рестораным щIэсу хъуар щыму еплъырт а пщыхьэщхьэм шхакIуэ къэкIуаитIым. Къуэм иужь зыкъригъанэри, ахъшэр иритауэ щыщIэкIыжым, зы цIыхухъу къэпсэлъащ:
- Зыгуэр къыщIэбнауэ къыпщыхъуркъэ мы шхапIэм?
- Зыри къэзгъэна хуэдэкъым, зиусхьэн…
- Къэбгъэнащ, - жиIащ лIым. – Мыбы къуэуэ щIэсым дерс къахуэбгъанэри, анэу щыIэм гугъэ яхэплъхьащ!
Къэбарт Мирэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.

 

НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ