Онегин Евгений

Пушкин  Александр
(ПэщIэдзэр «Адыгэ псалъэ» газетым и №60-м итщ).

                            X
ЗэригъэщIащ щIэх бзитIщхьитIыгъэ,
Гухэлъ бзыщIын, ефыгъуэлIэн,
ПIихын, пхуигъэбэгъуэн уи гугъэр,
Нэщхъейуэ, узригъэлIэлIэн -
IэщIэлът Iэмалу куэд: IумпIафIэ
ЗищIыфт щыхуейм; имысу мафIэм
БэнакIуэ жьакIуэу зэ плъагъунт,
Зэ гурыхь щабэ зигъэхъунт.
ФIылъагъун тхьэмпэ хэт хуитхамэ,
И фIэщ ищIынт: «Си пщIыхьщ уэ зыр,
Уэр щхьэ сылIэну сыхьэзырщ».
Зэ гуакIуэу плъэрт, зэ зищIырт хамэ,
ГуфIэнт, уигъэлъагъунт дыгъэпс,
Щыхуейми къригъэкIуэнт и нэпс.
                             XI
ФIэфIIейт зигъэлъэгъуэн цIыхущIэу,
Телъыджэ зи гур зэIухам
ХуиIуатэу игъэщтэн. ЗымыщIэр
Дихьэхт хъыбар игъэдэхам.
Дакъикъэр, цIыхур щыгумащIэр,
БлэмыкIыу къигъэсэбэпынт,
Хьэщыкъ хъуар пцIым зэгуигъэпынт?
ИмыщIэу щIищIэр къедэхащIэрт.
Игу ирихьам игу илъ къищIэхукIэ,
Ар хигъэзыхьу елъэIунт,
Абы игу макъым щIэдэIунт,
Iуэху зэфIэкIыху лъагъунлъагъу щэхукIэ…
Я закъуэ хъуамэ езы тIум,
Хуригъэджэнт IэщIагъэ куум.
                            XII
ЛъэкI пасэу хъуащ, игъэпIейтейуэ,
ЦIыхубз фэрыщIхэр дихьэхын,
И ныкъуэкъуэгъухэм, зэрыхуейуэ,
Я щIыхьыр щIым ирахьэхын;
Ещхьт бэджым, гуауэу ар щыубэм,
И хэгъэрей щхьэ, инэхъыбэм;
ЦIыхухъухэм щхьэ тIэкIу яхухэт?
Я ныбжьэгъушхуэуи яхэтт.
Iуэху щэху зыхуиIэм и щхьэгъусэр,
Фобласыр щайуэ, къыщытхъунт,
ЛIы уарди, дзыхьмыщI лIыжьи хъунт
КъигъапцIэр зыхуэттхам мы усэр:
И бжьакъуэр уэ пхупыудын,
И фызым хуейм игъэпудын?
                    XIII, XIV
………………………………………
                        XV
Къыщыхъуи щыIэт, пIэм здыхэлъым,
Тхыгъэ тхьэмпищ къыщыхуахьын,
Къезыгъэблагъэ тхылъхэм еплъым,
ТIум къатх хъунт и гум ирихьын:
Зы унэм - балт, адрейм - цIыкIу махуэт,
УнитIми кIуэи - гъуэгур захуэт,
Зэхуэдэу дэни унэсынт,
И гущхьэIыгъым ищIэ хъунт.
ЗэкIэ, пщэдджыжь щыгъын щитIагъэу,
ЗыщхьэритIагъэу боливар,
Онегин здэхьэулейр бульварт,
Куэд иIэу кIуэнт здрагъэблагъэм?
Шхэн и зэманым, жып сыхьэт
Зэрихьэр къеуэм, зыкъиIэтт.
                          XVI
КIыфI хъум, шы Iэжьэм ар итIысхьэрт,
КъэIунт кIий макъ: «ФыIукI мыбдей»,
Дыжьын пщIырыпщIэу уэс къытесэрт
И къундуз пщампIэ дахэкIейм.
Talon и шхапIэм ихьырт Iэжьэм,
Ныбжьэгъу нэIуасэхэр къыздежьэм,
Пхъэмыфыр, щIыхьэм, драгъэлъейт,
Шагъырыр сыт, псыутхыу лейт;
И пащхьэм щытт roast-beef лъы хэту,
Трюфли бгъэдэлът зы IэбжьыбыфI,
Француз шхыныгъуэм я нэхъыфI,
Страсбург дэлэн, щыпшх хъун жэнэтым,
И гъусэу къуатырт лимбург кхъуейм,
Ананас нэсу къурмакъейм.
                          XVII
Ефэну фадэм ямыухауэ,
МыхъуакIэу щэр ягъэтIысын,
Сыхьэтыр къуоуэ, зэIуихауэ
Театрым балетыщIэ тын.
Театрым и хеящIэ бзаджэ,
ЩIэх-щIэхыурэ абы ираджэ,
Актрисэ жыпIэм, зыщIэ куэд,
Ди сценэ щIыб зэман гъэкIуэд,
Онегин Iэжьэм ехь театрым.
ЗыпщIын хуейщ нобэ езэша,
Iумпэм пщIы хуэдэу entrechat,
Фий, уеплъым Федрэм, Клеопатрэм,
Моинэ щхьэкIэ ину кIий,
Уэри узэхахынщ икIи.
                       XVIII
ЗдиIыгъ увыпIэ гъуазджэм! Япэм,
Сатирэм пашэу къыхиха
Фонвизин хуитхэм я тхьэнапэт,
Княжнини хъунт абы теттхам;
Къагъэлъэгъуам и тхыгъэ гуакIуэ,
ЩIыхьым и ныкъуэр и джэгуакIуэм,
Хуэфащэу, Озеров итынт:
Семеновэр-тIэ дэнэ пхьынт;
Корнел хуэдэнт Катенин и пщIэр,
Жант Шаховской, зригъэдэIуэнт,
Комедие къэс мастэ хэуэнт,
ЗэрамыщIэжт Дидло хуащI фIыщIэр,
Кулисэ жьауэм десэжат,
Дыщыст щIалэгъуэр щыблэжам.
                       XIX
Тхьэм и бзылъхугъэхэ! Сыт? Дэнэ?
Зэхэфхыт мы си макъ нэщхъейр:
БлэкIауэ пIэрэ фи лъэхъэнэр?
Фи пIэм къихьа щIэблэ адрейр?
ЩIэрыщIэу седэIуэну хорым?
Сеплъыну урыс Терпсихорэм
И псэри ипкъри щылъэтам?
Си гур кIуэдын, къэзмыгъуэтам
НэIуасэ нэгу сценэ зэшыгъуэм.
Лорнетыр дэнэкIи бгъэзэн
Уэ, щымыIэжмэ, ухуэзэн
Уи хэгъэрей узыщыгугъым?
Зыри жумыIэу тIыси щыс,
БлэкIа зэманым егупсыс.
                      XX
Театрыр щызщ, и ложэ лыдыр,
Партер тIысыпIэхэр къэпщтын
КъыпфIощI, щIыбагъхэм Iэгу щIаудыр,
Поплъэхэр Iупхъуэр яIэтын.
Мис ар! Жьы псынщIэу пфIэщIу къепщэу,
Макъамэр имыгъэхъуу тепщэ,
Къохьэр Истоминэ утыку,
Мэзгуащэхэр здэщытым ику,
Зы лъакъуэ цIыкIур лъэгум нэсу,
Адрейр, кIэрахъуэу, ещIыр хуит,
Щылъатэм тфIощI ди щIыIум ит,
Эол къиIэт къабзийуэ есу,
Зэгуещэ, еузэхур пкъыр,
Лъакъуэ цIыкIуитIыр золакъыр.
                        XXI
Онегин къос, Iэгуауэр гуащIэщ,
Мысакъыу блокIыр ложэ къэс.
Трегъазэ и лорнет тIуащIэр,
Къилъытэу, цIыхубз хамэ щIэс?
Зэпиплъыхьащ къат псори и нэм,
Теплъащ я нэгухэм, я щыгъыным,
Игу ирихьакъым илъэгъуар,
Зыздигъазам лъэныкъуэу хъуам,
ЦIыхухъухэм зыхуащIахэщ щхьэщэ,
ТещхьэрыукIыу сценэм плъащ,
ЗригъэзэкIыжри, ар хущхьащ,
ЖиIащ: “Пхъуэжыну яхуэфащэщ:
Балетхэр __________куэдрэ сэ сшэчащ,
Дидло яхэту, сужэгъуащ».
                        XXII
Амурхэм, жинхэм, блэхэм, защIу,
Иджыри сценэм къыщоджэгу,
Джэдыгу зыхъумэ IуэхутхьэбзащIэм
ЖеипIэу иIэр унэ лъэгущ.
Къызэхуэса еплъакIуэ цIыхухэр
Иджыри щысхэщ, ямыухыу
Къепсын, фиин, псчэн, Iэгу еуэн,
Уэздыгъэхэм пачакъым блэн.
Тригъэткъым уаем я пIэм шыхэр:
Iэпслъэпсхэр зууэ ягъэсыс,
МафIэбгъуу гущхьэIыгъхэр щысщ,
Щхьэж зиусхьэн щхьэ тхьэусыхэу;
ФIэфIащ Онегин щIэкIыжын,
Щыгъыныр кIуэжу ихъуэжын.
                        XXIII
КъизгъэкIыфын сурэтым пэжу
НэгъуэщI здыщIамыгъэхьэ пэш,
Модэм и быным къигъэзэжу
ЗыздитIэщIыж, зиздихуэпэж?
ЩхьэзыфIэфIагъ зыгъэнэщхъыфIэу,
Сыт Лондон щащэмэ нэхъыфIу,
Щхьэщэ пхудощI, Baltique толъкъун,
Пхъэ, щэ кхъухь пшам, къэпхъуэж сыт хъун?
Гурыхь тщIым щхьэ дымэжэщIалIэу,
Париж, къэдгъуэту къыщытщэху,
Епхами мыхьэнэншэ Iуэху,
Модэ пэрытым дэ декIуалIэу;
А псор «лэжьыгъэ» пэшым щIэлът,
ФилософыщIэм ар бгъэдэлът.
                           XXIV
Мэзыш мыштыку, Царьград щащIауэ,
Фарфор е домбеякъ хьэкъущыкъу,
ДыхукIэ абдж лъапIэхэр гъэнщIауэ,
Тлъэгъуащэрэт ар зыхуримыкъу,
Мажьэ цIыкIу къом, гъущI Iэбжьанахъуэ,
IэбжьанэлъэщI, дзэлъэщI, дзэм щахъуэ,
Лэныстэ, захуэу, къуаншэу щIа,
КъекIуну фIыуэ цIыху хуэщIам.
Руссо (жысIэнщи псом къыдэкIуэу)
Мыарэзыт, фIэгъэщIэгъуэнт,
Грим пагэм, къыбгъэдэсу, екIуу
Щхьэ фIэщIт Iэбжьанэхэр ихъуэн.
Хуэзыдзыр хуитыныгъэм джэж
МыхъункIи хъунт сыт щыгъуи пэж.
                          XXV
Зэдохъу IуэхуитI: зэфIэкI зигъэIэ,
Дахэу Iэбжьанэми кIэлъыплъ;
Зебгъэхъуэжыну, сыти жыIэ,
ЛIэщIыгъуэ хьэлым упымылъ.
Онегин зищIт Чадаев хуэдэу,
ПIейтейт щыгъынкIэ, куэдрэ хэдэу,
Щыщт зыкъизыххэм, Iейуэ сакът,
Зэхихт, хужаIэм псалъэмакъ.
Сыхьэт зытIущ, нэхъ куэд жумыIэм,
ФIэфIт гъуджэ пащхьэм бгъэдэсын,
КIэ зыхуэпапIэр хъуам, щIэсын,
Венерэм ебгъэщхьынт, шхьэпсыIуэм:
ЦIыхухъу зищIыну зи мурад
Тхьэгуащэм, щыкIуэм маскарад.
                        XXVI
Зэрызихуапэм фыщIэупщIэм,
ЩIэ гуэр ди хэку къэсам - иIэнт,
Хуеджахэм псоми я зэIущIэм
СыкъимыкIуэту ар жысIэнт,
Утетхыхьыну къалэнышхуэщ,
КъыфхуезбжэкIынщ-тIэ, сытегушхуэу:
Фрак, панталон, фрак щIагъ жилет,
Хэмытми бзэм, щIэм и щхьэтет.
Хъунт къысхуэвгъэгъум, си ныбжьэгъухэ,
Хамэ лъэпкъ псалъэ, сохъу щыхьэт:
Хэмыту къэвгъуэтынкъым хъэтI,
Фыхуейм, фылъыхъуэ псалъэ гуэгъухэм.
ВжесIэнтэкъэ, къысхуэгъуэтам,
Псалъалъэ иным ар итам.
                         XXVII
Онегин здэкIуэм дынэмысу,
ЖыIэжыныгъэр зэпытчащ,
Каретэ хьэхуу ят зэрысым
Бал здат лъэныкъуэмкIэ зричащ.
Я пащхьэм унэ ункIыфIахэм,
Уэрам жеям сатыру, дахэу
Каретэ щытхэм ядзыр нэху,
Уэздыгъэ тIуащIэхэр къэблэху,
Уэс хужьыр ялэ лэгъупыкъуу;
Здеблагъэ унэр дахэкIейщ,
Мэлыд, мафIэблэр куэдыкIейщ,
Щыт хуэдэу, хъейуэ языныкъуэм,
Щхьэгъубжэ инхэм ныбжьхэр итщ,
ЦIыхубз, цIыхухъукIэ - зэхуэдитIщ.
                         XXVIII
Къэсащ щIыхьэпIэм ди лIыхъужьыр,
БжэIутым шабзэу блэлъэтащ,
Къыумылъагъуфу и лъэужьыр,
Скъар дэкIуеипIэм телъэдащ.
И щхьэцыр игъэдахэщ IэкIи,
ЩIыхьащ. Мазуркэ къафэу, зэкIэ,
Утыкум итхэр мэджэрэз,
Пэшышхуэм зэхуэсахэр щIэзщ.
Дзэм хэтхэм, зууэ шыгъэцIывхэр,
ЦIыхубзхэр дахэу кърашэкI,
Зи лъакъуэ цIыкIухэр лъатэу фIэкI
УмыщIэ, плъагъуми зытеувэр;
Псалъэну фызхэм я нэр къокI,
Макъамэр псоми щхьэпрокI.
                       XXIX
ЩIалэгъуэ, лъагъуныгъэ пIалъэм,
Бал жыпIэм, сфIэахъырзэмант,
УзэIущIэн, жыпIэн щэху псалъэ -
Бгъуэтынт нэхъыфIу уэ зэман?
Фыз зиIэм пщIэи изгъэIэну,
Сыхуейщ псалъэ зытIущ жысIэну:
Мы Iуэхум фIыуэ хызощIыкI,
ЗивгъэIэ фэри зэхэщIыкI.
Пхъум кIэлъыплъын хуейщ анэр быдэу,
Фыбэлэрыгъым зы сыхьэт,
КъыпэмыкIуэнкIи хъунщ мэсхьэт,
И закъуэу къэвгъэнэн фымыдэ.
Сужэгъури сэ гуэныхь къэсхьын,
ЩысгъэтыжакIэщ къэскIухьын.

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар ХЬЭМЫЗ Русланщ.
Поделиться:

Читать также: