МЫ МАХУЭХЭМ

Дыгъэгъазэм и 28, мэрем

Кином и дунейпсо махуэщ
Кинематографым и махуэщ. 1895 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Люмье зэкъуэшхэу Огюстрэ Луирэ дунейм щыяпэу Париж щагъэлъэгъуащ езыхэм къагупсыса аппараткIэ траха фильм кIэщIхэр.
1959 гъэм Налшык къыщызэIуахащ телемеханикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкI завод.
1968 гъэм Мейкъуапэ иIэ Зэныбжьэгъугъэм и утыкум «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу» фэеплъыр къыщызэIуахащ.
Дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал Конев Иван къызэралъхурэ илъэси 121-рэ ирокъу.
Скульптор, СССР-м и цIыхубэ художник, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Вучетич Евгений къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу.

Дыгъэгъазэм и 29, щэбэт

1958 гъэм РСФСР-м и Уголовнэ кодексым хагъэкIыжащ «цIыхубэм я бий» жыхуиIэмкIэ цIыхур гъэкъуэншэныр.
Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Мурат къызэралъхурэ илъэси 102-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и дохутыр ЩоджэнцIыкIу Еленэ Алий и пхъур къыщалъхуа махуэщ.
ТхакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Гъэунэ Борис къыщалъхуа махуэщ.
Сирие армэм и генерал-полковник, СХьР-м и ракетэдзэхэм и командующэу щыта Исхьэкъ (Джырандокъуэ) Хъусен къызэралъхурэ илъэс 64-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Мэкъуауэ Амир и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.

Дыгъэгъазэм и 30, тхьэмахуэ

1922 гъэм Советхэм я 1 Союзпсо съездым къыщызэрагъэпэщащ Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр - СССР-р.
1972 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр къыхуагъэфэщащ.
КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чым Юрий къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
Къэрал лэжьакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я дохутыр Бер Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу.
Философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Делэкъарэ Къадырбэч и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тембот ФатIимэт къыщалъхуа махуэщ.

Дыгъэгъазэм и 31, блыщхьэ

Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБАССР-мрэ РСФСР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Балъкъэр Борис къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу.
УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, АР-м и цIыхубэ дохутыр Хьэгъундокъуэ Нурбий къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу.
Композитор, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Владимир къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэмэдин и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» ансамблым и къэфакIуэу щыта Бацэ Аскэрбий и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 1, гъубж

ИЛЪЭСЫЩIЭ МАХУЭШХУЭЩ
УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Куэтэншы ТIалэ къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу.
КъШР-м щыщ къэрал къулыкъущIэ, СССР-м и лIыкIуэу Монголием щыIа Гъуэщокъуэ Шэрэмбий къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
Къэрал къулыкъущIэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м юстицэмкIэ и министру, ДАХ-м и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
Истамбыл щыпсэу хеттолог, ЩIДАА-м и академик Чурей Алий и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-лейтенант Щоджэн Хьэчим и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист БжэныкIэ Мухьэб и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
Журналист, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зрата Тэнащ Анатолий и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 2, бэрэжьей

ТхакIуэ, журналист, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэщын Хьэзрэт къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу.
УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, кинорежиссёр, тхакIуэ Вэрокъуэ Владимир и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
Тхыдэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Къалмыкъ Жылэбий и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
Пшынауэ Iэзэ, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, ИР-м щIыхь зиIэ я артист Лосэн Тимур и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 3, махуэку

1934 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр къыхуагъэфэщащ.
УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Къардэн Мухьэб къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.
Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр ХьэцIыкIу Анатолэ и ныбжьыр илъэс 88-рэ ирокъу.
Урысейм и цIыхубэ артисткэ Гъэсашэ Наталье къыщалъхуа махуэщ.
Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Елей Валерий и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ артист Битокъу Аслъэнбэч и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу.

ЩIышылэм и 4, мэрем

1943 гъэм Налшык къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
КъБР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэрэмысэ Ахьмэд къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу.
Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, ХХVII Олимп Джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпион Къардэн Мурат и ныбжьыр илъэс 48-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 5, щэбэт

1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президентыр хахащ.
КъШР-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист Шумахуэ ХьэзрэIил и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу.
Биологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, АР-м, КъШР-м, КъБР-м, Кубаным щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Iэсхьэд и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 6, тхьэмахуэ

ТхакIуэ, журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Даур Жэхьфэр и ныбжьыр илъэс 88-рэ ирокъу.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Къагъырмэс Борис къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 7, блыщхьэ

Хьисэ Бегъымбарыр къыщалъхуа махуэщ
Дирижёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щэбэтыкъуэ Натбий и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу.
Истамбыл дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Озмен (Хеймащэ) Орхъан и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
Къэрал къулыкъущIэ, хьэрычэтыщIэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 8, гъубж

Политик, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэта Къэжэр Альберт къызэралъхурэ илъэс 54-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 9, бэрэжьей

1951 гъэм Нью-Йорк (США) къыщызэIуахащ ООН-м и хэщIапIэр.
УсакIуэ, IуэрыIуатэдж Джэдгъэф Хъусен къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Санэ Иринэ къыщалъхуа махуэщ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Хьэжыкъарэ Алик къызэралъхурэ илъэс 63-рэ ирокъу.

ЩIышылэм и 10, махуэку

1943 гъэм Дзэ Плъыжьым Нартсанэ (Кисловодск) къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
2010 гъэм уголовнэ тезырыщIэм - «и унэм щIэкIыну хуит зымыщI» жыхуиIэм - къару щигъуэтащ Урысей Федерацэм.
«Черкес плъыжь» (иджы «Черкес хэку») газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Уэхъутэ Анзор къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
ТхакIуэ, драматург, IуэрыIуатэдж, КъБР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу.
Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шукай ФатIимэ къыщалъхуа махуэщ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIЫХЪУЖЬ  И  ЛЪЭУЖЬ  КIУЭДЫРКЪЫМ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 17:31 ЩIым и сыхьэт
29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ