Лъэпкъ гупсысэмрэ щхьэхуещагъэмрэ зэзэгъыркъым

Олимп чемпион Хъущт Аслъэнбэч «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщ.  2008 гъэ

 

Дэтхэнэ лъэпкъми езым и щIэныгъэр, и щхьэ хущытыжынымкIэ бгъэдэлъ къарур къы­зыпкърыкIыр, зыхэхуэ лъэхъэнэхэм я зыгъэ­зэгъуэхэр зыхуэдэм елъытауэ, зэм нэхъ къы­зэщIэрыуэу, зэми нэхъ фагъуэ хъууэ, арщхьэкIэ зэи мыужьыхыу лIэщIыгъуэхэм къапхрих и лъэпкъ гупсысэрщ.

ДЫХЭТ дэ? ГъащIэм, дунейпсо цивилизацэм сыт хуэдэ увыпIэ щытIыгъ? А упщIэхэрщ лъэпкъ гупсысэр зэпымыууэ зыузэдыр. Абыхэм я жэуапыр зэримыгъуэтыжу, езы лъэпкъри мэкIуэдыж, и «лъагъуэри» тхыдэ кIэншэм хогъуэщэж. Укъызэтенэн, ухэмыкIуэдэжын щхьэкIэ щыIэр зы Iэмалщ: уи тхыдэр, уи анэдэлъхубзэр, уи щэнхабзэр, уи хабзэр, нэмысыр, уи къуэпсхэр, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, пхъумэнырщ.
Ди япэ итахэм ахэр яхъумэн яхузэфIэкIащ. Абыхэм я лъэпкъ гупсысэр яIэщIэхуакъым. ХэкIыпIэ гуэри зимыIэу къыпщыхъу гугъуехь ин дыдэхэм къащыхэху­тами, зэтраукIэпэнкIэ адыгэм шынагъуэ къыщылъысами. Хэбгъэзыхьмэ, блэкIам и жьы щIыIэхэм дунейм и щIыпIэ куэдым щракъухьа адыгэхэм яфIэ­кIуэдакъым я пщIэр, хабзэр, нэхъыщхьэращи, зы зэман зэрыгъуэтыжу я къэкIуэнур нэхъ насыпыфIэ ящIын зэралъэкIынумкIэ яхэлъ фIэщхъуныгъэр.
Зи къэкIуэнум, зи щIэблэм емыгупсыс зы лъэпкъи, ар ину е цIыкIуу щрети, щыIэкъым. ИкIи ар зыкIи елъытакъым нобэрей гъащIэм махуэ къэс къыкъуэкI Iуэхухэм. Уэ нэхърэ нэхъ ин щымыIами, уи лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэлъахъшэмэ, гува-щIэхами тхыдэм и дурэшым укъыдэхутэнущ. Ар кIуэдыпIэщ. Абы папщIи зыгуэрым уиубыдын, узэтриукIэн хуейкъым: узищIысыр умыщIэжмэ, зэфIэкIащ. Дунейпсо цивилизацэм зиузэщIыху, щIэныгъэм зиужьыху ар кIуэ пэтми нэхъ шэч къызытумыхьэжын мэхъу.
Аращ илъэс минищым и пэщIэдзэм анэдэлъхубзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, щIыуэпсыр дэнэ щIыпIи япэ дыдэ щрагъэщ Iуэхухэм къащIыхэувар. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, я бзэм и къабзагъэм зратащ нэмыцэхэми, франджыхэми, урысхэми, инджылызхэми, хьэрыпхэми. Нэхъ пасэжу а Iуэхум яужь щихьащ Тыркум, Абхъазым, нэгъуэщI къэралхэми.
Абы и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу нэхъ иныжщ дэ тхуэдэ лъэпкъ цIыкIухэм я дежкIэ. ИкIи хуабжьу гуапэщ а мурад дахэм адыгэхэм ди гурыщIэри къызэрызэщIиIэтар, а Iуэхум жылагъуэ къару зэрыхузэщIагъэуIуар. Зи гугъу тщIыр 90 гъэхэр щIэдзапэ зыхуэхъуа «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ. Лъабжьэ псори яIэу ди цIыхухэр абы щыгугъырт ди тхыдэм и тэмэмыпIэр убзыхуным, лIэщIыгъуэкIэрэ къыддекIуэкI ди хабзэ гъуэзэджэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, ди бзэм хуэфащэ увыпIэ егъэгъуэтыным, щэнхабзэм зегъэужьыным, зэманым къыздихьа мыхъумыщIагъэхэм, фадэмрэ афиянымрэ я гъуэгур зэхуэщIы­ным хуэгъэза IуэхушхуэхэмкIэ.
ЯпэщIыкIэ апхуэдэуи ежьащ. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм «зи жьэр зэщIаха» щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм, IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэ дыдэхэм пэрыт интеллигенцэм щыщхэм, студентхэм утыку къралъхьэрт лъэпкъпсо Iуэхухэр, езыхэр зыгъэпIейтейхэр, зэгупсысхэр. ЗэIущIэхэм щыплъагъурт къулыкъушхуэ зыIэщIэлъ цIыхухэри. Псори зэкъуагъэувэрт гуращэ дахэхэм. Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIакъым, ар фIыуэ ящIэж 90 гъэхэм и пэм зэхыхьэу щытахэм.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэгухьэныгъэщIэм зиубгъу зэпытт. Абы хыхьэрт зи къекIуэкIыкIар зэзыгъэщIэну хуейхэр. ЗэщIэхъееныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и куейхэм, уеблэмэ нэхъ къуажэ пхыдзахэми къыщыдаIыгъырт. Мыгувэуи зэIущIэхэм къекIуалIэхэр ЕгъэджакIуэм и унэм (Налшык, Головко уэрам) и пэшышхуэм щIэмыхуэж хъуащ. ИужькIэщ и уставри программэри къащтэу Хасэм зэгухьэныгъэ теплъэ щигъуэтар.
Мис а «иужькIэ» къэхъуахэрщ дэ иджыпсту къалэм къэтщтэныр нэхъыбэу къызыхэкIари, ар хьэдэгъуэдахэщ, уигу къэмыкIын хуэдизу. Ауэ зэкIэ къызэредгъэжьам тету Iуэхур зэрыщытар зэкIэлъыкIуэу къэтIуэтэжынщ.
АРАЩИ, хасэр къызэфIэуващ, абы и псалъэр пхигъэкIыф, цIыхухэр къигъэдэIуэф хъуащ. Пэжщ, гу лъумытэнкIи Iэмал иIэтэкъым хуабжьу утыкур зи нэрыгъ гуп къызэрыкъуэкIами. Я нэхъыбэм, зэрыжаIэщи, цIэи щхьэи ямыIэу, ауэ сыт щыгъуи дэтхэнэри ягъэIущыжыну, «гъуэгу захуэм» трагъэувэну хьэзыру. Тхыдэр, бзэр джыным, щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм зегъэужьыным зи гъащIэ псор щхьэузыхь хуэзыщIахэм «къабжхэм» ахэр зыкIи хуейтэкъым, ауэ сыт, «мыгъуагъэ» псомкIи нэгъуэщIхэр ягъэкъуэншэну хьэзырт. ИкIи, апхуэдэхэм деж зэрыхъу хабзэщи, къагъуэтырт: ахэр, абыхэм къызэралъытэмкIэ, властыр зыIэщIэлъхэрт. ПIалъэ кIэщIым хэкупсэ нэпцIхэм ирагъэкIуэтэкIащ щIэныгъэлIхэри, тхакIуэхэри, щэнхабзэм и лэжьакIуэ пажэхэри, пщIэ зыхуащI нэгъуэщI цIыхухэри, зэгухьэныгъэр щIызэхыхьа Iуэхухэри. Сытыт зэращIыжынур? Нэхъыщхьэращи, зэгухьэныгъэр щыIэт икIи «Iэзагъ гуэр» епхьэлIэмэ, ар щхьэхуещагъэ зыхэлъ мурадхэм хуэбунэтIыфынут.
90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIахэр зылъэгъуахэм фIыуэ ящIэж абы щыгъуэм къэралым щыIа щытыкIэм апхуэдэ Iэмал къызэрызэIуихар. ЗэпэщIэувэныгъэмрэ зэщыIеиныгъэмрэ дэнэ щIыпIи зыщаубгъуат.
ПэкIухэр къежьэжащ. Япэрейр зыхуэгъэзар Кавказым щытыкIэ зэпIэзэрыт щыIэнырт. Мурад Iейтэкъым, абы къыхэкIыуи «Спартак» республикэ стадионым цIыху куэд щызэхуэсат. Ауэ ар щIэдзапIэ, гъэунэхуныгъэ къудейт.
Хасэм и унафэщI хъуахэм я мурадыр шэч къытумыхьэжыну къэнэхуащ съездхэм ящыщ зым зэгухьэныгъэм и уставыр щызэрахъуэкIыу политикэ Iуэхухэм зратыпа иужь. Абы иужькIэ IэщIыб хъууэ щIидзащ бзэ, хабзэ, щэнхабзэ Iуэхухэм. Я IуэхущIафэ нэхъыщхьэр зыхуаунэтIар властыр убыдынырт.
ХэкIыпIэфI къагъуэтат: хэхыныгъэхэм хэмыту, щытемыкIуэу къулыкъушхуэхэр зыIэрагъэхьэну. ГурыIуэгъуэтэкъым хуэфэщэн щIэныгъэ зиIэхэр яхэту икIи къызэрыгуэкI Iуэху зехьэкIэ къудейри зыщIэр мыкуэду а къулыкъухэр зэрырахьэкIынур. Абы щыгъуэми ди щIыналъэм адыгэхэм нэмыщI нэгъуэщI лъэпкъхэри зэрыщыпсэури кърадзэртэкъым. А «гурылъ IэфIыр» къызэрызэтещэхэнури белджылыт. Ди насыпти, мамырыгъэ щытепщэ республикэр Шэшэныр зытет гъуэгу пхэнжым трагъэхьэфакъым. А зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щытахэм я щIэныгъэм, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ яхэлъ Iущыгъэм я фIыгъэкIэ дэ дыкъытекIащ щыхупIэм ухуэзышэ гъуэгум. ЦIыхухэм ялъэгъуащ пэжыр. Абыхэм нэхъапэми къагурыIуэртэкъым Къэзанокъуэ Жэбагъы фэеплъ хуэбгъэувынымрэ «правительствэр тедзынымрэ» зэрызэпыщIар, иджы Iуэхур зыIутыр белджылы ящыхъуащ. Ахэр хуейтэкъым апхуэдэ Хасэ. Аращ а зэгухьэныгъэм и Iуэхур щIэмыхъуари. Къэнар цIыхухэм я гурыщIэ къабзэхэр зи щхьэхуещагъэ мурадхэмкIэ къэзыгъэсэбэпыну хущIэкъуахэмрэ абыхэм я пыхъуэпышэ закъуэтIакъуэхэмрэщ. Утыку зыфIэфIхэр утыкум къинащ…
Абыхэм къахуэнэжыр къыщIемыупщI, зыкIи къемыгъэщIылIа Iуэху языныкъуэхэмкIэ зэзэмызэ къызэпхыдзэкъыкIынырт. ЖаIэри зыми зэхихыртэкъым, зы щIыпIи нэсыртэкъым, езыхэм я «Хасэми» пщIэи щIыхьи иIэжтэкъым.
АрщхьэкIэ апхуэдэуи Iуэхур екIуэкI хъунутэкъым. Зэгуэр а зэщIэхъееныгъэр зэщIэзыгъэуIуа гурылъ къабзэхэр, иджыри зэ къытедгъэзэжынщи, лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэIэтыным, анэдэлъхубзэм, щэнхабзэм зегъэужьыным, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэфIхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр пхызыгъэкI къару жылагъуэр хуейт. Абы къыхэкIыу 2000 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» жылагъуэ-политикэ зэгухьэныгъэм и зи мычэзу съезд зэхуэдгъэсын хуей хъуащ, Iуэхум щIэрыщIэу щIэддзэжын мурадкIэ. Зэхуэсышхуэм къищта унафэхэм нэхъ иужьыIуэкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм Налшык къалэм щригъэкIуэкIа V конгрессыр арэзы техъуащ. Мис бжыгъэхэр: лIыкIуэхэм (делегатхэм) ящыщу 57-м ахэр даIыгъащ, зымыдахэр 7 къудейт, 17-р гуитIщхьитIт.
Нэрылъагъут КъАХ-м и зи мычэзу съездым и унафэхэм хабзэкIэ къару зэраIэр, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, дэ а бжыгъэхэр къыщIэтхьыр къыдащIэкIа суд Iуэхум и кIэлъэфым мазийм щIигъукIэ хуиту дызэримыгъэлэжьар фигу къэдгъэкIыжын папщIэщ.
Сыт ягу темыхуар?
Захуагъэм гъуэгу зэригъуэтыжарщ. Япэрауэ, къыщызэрагъэпэщым зыхуагъэпса мурадхэмкIи зи Iуэху зэрихуэхэмкIи Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхэнэжа щыIэтэкъым, ар цIыхухэми власть IуэхущIапIэхэми зыкIи япыщIатэкъым. «Хасащхьэр» зэхуэсрэ «Шэшэным иращIэкIа зауэр зэрамыдэм» теухуауэ тхылъ гуэрхэр е абы ещхьхэр зэрагъэпцIрэ зэбгрыкIыжмэ зэфIэкIт я лэжьыгъэр. ЕтIуанэрауэ, уставыр «Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Хабзэми, апхуэдэу щыщыткIэ, дауи, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызекIуэ хабзэхэми езэгъыртэкъым. НэмыукIытагъэ хэлъу нэгъуэщIкIи къызэпыудат уставыр: зэхуагъэса «съездым» и лIыкIуэхэр ипэжыпIэкIэ зыщIыпIи щыхахатэкъым. Абы и лэжьыгъэм хэтатэкъым пэщIэдзэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэкIуахэр, куеишхуэхэм, уеблэмэ езы Налшык къалэ щыхахахэр. Щхьэтечу жыпIэмэ, лъэпкъ унафэ ящIыну зэхуэсат зыми апхуэдэ къалэн зи пщэ дамылъхьахэр. Ныбжьышхуэ зиIэ «Хасэ» псалъэм и мыхьэнэр ягъэпуду аркъудейт…
Мис аращ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр икIэщIыпIэкIэ къэгъэпсэужын, абы и лъэныкъуэкIэ гъэтIылъыпIэ зимыIэ Iуэхухэр зэфIэгъэкIын хуей щIэхъуар. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, а къалэныр игъэзэщIащ 2000 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм зэхуэдгъэса зи мычэзу съездым. Абы и лIыкIуэхэр хабзэм тету зэгухьэныгъэм и къудамэхэм щекIуэкIа зэIущIэхэм IэIэткIэ щыхахащ, и Уставыр Урысей хабзэм (законодательствэм) идгъэзэгъащ. Программэм бжьыпэр щаубыдыжащ адыгэ лъэпкъым и лъапIэныгъэхэу зи гугъу тщIахэм.
Апхуэдэ дыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ ди зэгухьэныгъэм власть IуэхущIапIэхэм (хабзэр зыгъэувхэми зыгъэзащIэхэми) быдэу зэрызапищIам, абыхэм ящыщхэр езым и лэжьыгъэм къызэрыхишам. Ауэ а псоми зыкIи хуейтэкъым «съездыр хабзэм емызэгъыу зэхуэдгъэсауэ» жаIэу дэ суд пащхьэм къыщыдэдэуахэр. Ахэр зыхущIэкъуар къаугъэ зэрызэщIагъэстыну Iэмалхэр къаулъэпхъэщынырт.
АрщхьэкIэ зыри зыпэмыплъа гуэри къэхъуакъым. КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм диIыгъакъым абыхэм я тхьэусыхафэр. Урысей Федерацэм и Суд Нэхъыщхьэм абы и унафэр зэрыщытауэ къигъэнэжащ.
ЛЪЭПКЪЫМ къыхуэщхьэпэн Iуэху (инми цIыкIуми) зэпымыууэ зэфIэгъэкIын - аращ икIэм-икIэжым ди тхыгъэм и пэщIэдзэм зи гугъу щытщIа лъэпкъ гупсысэр зыхуэгъэзар. Суд пащхьэм къыщыттралъхьа пцIым дызэгуигъэпами, ар зэрымыпэжыр сэтей къэщIыным зэман тедгъэкIуэдэн хуей хъуами, лъэ быдэкIэ къызэфIэувэжа Къэбэрдей Адыгэ Хасэм IуэхуфI куэд иужьрей илъэсипщIым зэфIигъэкIакIэщ, нэхъыбэжи ищIэну и мурадщ. Абы адыгэ Iуэхум хузэщIигъэуIуащ лъэпкъым и къэкIуэным егупсыс, абыкIэ зи лыр уз цIыху пэрытхэр. Районхэм щылажьэ къудамэхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтщ нэхъыжьыфIхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, къулыкъущIэхэр. Лъэпкъыр зыгъэгузавэ мыхъумыщIагъэхэр - фадэ ефэныр, афияныр зэхьэлIэныр, лэжьапIэншагъэм егъэщIылIахэр - гъэкIуэдыжыным, щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм яхэлъхьэным пыщIа Iуэхухэр зэгъусэу къаIэт.
КъАХ-м къищтэжащ зэгуэр IэщIэхуауэ щыта щэнхабзэ Iуэхухэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, фэеплъхэр хуагъэувыну я мурадщ Къэзанокъуэ Жэбагъы, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, Хъан-Джэрий СулътIан, Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, КIуащ БетIал, н.
УвыпIэ щхьэхуэ еубыд къыдэгъэкIыныгъэ лэжьыгъэми. 2020 гъэм инджылызыбзэрэ хьэрыпыбзэкIэ трыдогъадзэ «Адыгэ хабзэ» тхылъыр. Мы махуэхэм дунейм къытехьащ Дунейпсо шэрджэс махуэгъэпсхэр (адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ). Хьэзыр мэхъу «Адыгская (черкесская) иллюстрированная энциклопедия» лэжьыгъэшхуэр. МазитI хуэдиз дэкIмэ, къыдэкIынущ «100 знаменитых деятелей черкесского зарубежья» тхылъыр.
Ди лъэпкъэгъухэр зэщIэгъэуIуэным илъэс 11 хъуауэ яужь дитщ. Дэ быдэу дапыщIащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ Мэздэгу куейм хиубыдэ адыгэ жылагъуэхэм, Ставрополь крайм щыщ Иналхьэблэ, Азаней къуажэхэм, Краснодар крайм и Успен районым хиубыдэ Кургъуокъуей, Бэчмырзей, Щхьэщэхуж жылэхэм, Армавир дэс шэрджэс унагъуэ куэдым.
Адыгэм хуэлэжьэну хабзэхэр (законхэр) къыдэгъэкIынми щIэгъэкъуэн дыхуохъу. Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэр жыджэру хэлэжьыхьащ «Репатриантхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и Законыр къэщтэнми. 1998 гъэ лъандэрэ КъАХ-мрэ КъБР-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ дахэр.
Дэ мыбдеж я гугъу щытщIынкъым я щхьэ IуэхукIэ махуэ къэс цIыхухэр къызэрытхуэкIуэм. Абыхэми дадоIэпыкъуф. Ар къызыхэкIри зыщ: хэкур зезыхьэхэм дадолажьэ, ахэр сэбэп къытхуохъу, зыкъытщIагъакъуэ.
 


ЩIДАА-м хэтхэм я зэхуэсышхуэр иухащ.
2010 гъэ, шыщхьэуIум и 28

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Поделиться: