Мэрем пшыхь

Лъагъугъуей

Ущие зыхэлъ таурыхъ

Зы щIалэ дэгъуэ гуэр псэурт. Дэгъуэ пэтми, абы псори къызэреджэр «Лъагъугъуейт!» ЩIалэр зэгуэудыным нэсат. Абы зы пщэдджыжь гуэрым мурад быдэ ищIащ: «Дыгъэ къуэкIыпIэм къыщыщIэдзауэ дыгъэ къухьэпIэм нэс ныбапхъэкIэ сыпщами, сэ псори «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIызэджэр къэзмыщIауэ сыкъекIуэлIэжынкъым!» - жиIэри.
Лъагъугъуей щIэкIри Дыгъэ къыкъуэкIагъащIэм худэгуоуеящ:
-  Си нэм хуэдэ Дыгъэ дыщэ! Зи дыгъэпсым гъащIэр дэщIэращIэ! Сыт псори сэ «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIызэджэр?» - жиIэри.
- Си къухьэгъуэм зыкъребгъэхьэлIэфмэ, жэуап тэмэм уэстыжыну укъызогъэгугъэ, - жи Дыгъэм, щIылъэм къогуоуэхри. - Ауэ иджыпстукIэ сыжейбащхъуэщи, къысхуэгубзыгъыжыр зы закъуэщ: уэ си нурым ухисхьэн уи гугъэу зыкъызэрысщыбдзейм щхьэкIэ, цIыхухэм ауанышхуэ укъызэращIым сыщыгъуазэщ. Аращ зэкIэ сэ жэуапу уэстыфынур. АдэкIэ Уафэм еупщI.
- Ееей, Уафэ къащхъуэ! Уафэ къащхъуэ! - Лъагъугъуей уафэм догуоуей: - Уэ си Iуэхум сыт хэпщIыкIрэ?
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - къыщодыхьэшх абы Уафэр. - УщIэсIубэн уи гугъэу укъызэрысщышынэм Iэджэ щIауэ сыщыгъуазэщ. Абы щхьэкIэ, цIыхухэр дэнэ къэна, уэгум ит къуалэбзухэр къыпщодыхьэшх. АдэкIэ ЩIылъэ щхъуантIэм сыт къыбжиIэфыну пIэрэ?
- Ееей, ЩIылъэ щхъуантIэ, ЩIылъэ щхъуантIэ! - Лъагъугъуей ЩIылъэ щхъуантIэм йолъэIу. - КхъыIэ, си гуныкъуэгъуэм хэпщIыкIIамэ къызжеIэ.
- Сэ узэрысцIыхурэ укъыспхрыхун уи гугъэжу уогужьей, - жи ЩIылъэ щхъуантIэм. - Абы щхьэкIэ дуней къытехьэ уимыIэу унэ жьауэм ущIэсщ. Ар ящIэри, уэгум ит къуалэбзухэр дэнэ къэна, мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр къыпхуодзэлашхэ. АдэкIэ сэ зэзэмызэ сыщIэзыуфэ Пшагъуэм сыт къыбжиIэфыну пIэрэ?
-  Ееей, Пшагъуэ фIыцIэжь! Пшагъуэ фIыцIэжьу шынагъуэ! - Лъагъугъуей Пшагъуэм йоупщI: - Сэ сызищIалэ дэгъуагъ псори «ЛъагъугъуейкIэ» щхьэ къызэджэрэ?
- Уэ апхуэдизкIэ сэ укъысщошынэри, дунейм сыкъызэрытехьэу, уи псэр хьэршым докIуеиж, - жи Пшагъуэм, - укъысхэгъуэщыхьу укIуэдыпэну къыпщохъуж. Ар лIыгъэ-тIэ? Абы щхьэкIэ, мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр дэнэ къэна, бадзэхэр къыпщодыхьэшх. АдэкIэ Уэшхым уеупщIмэ, зыгуэр къыбжиIэфыну къысщохъу.
- Ееей, Уэшх! Уэшх! - жи Лъагъугъуей. - Си гур къэзыгъачэ гуауэм уэ сыткIэ ущыгъуазэ?
- Сэ уэ фошыгъум хуэдэу узгъэткIун уи гугъэжу укъысфIолIыкI, - жэуап къетыж Уэшхым. - Сэ сыкъыщешхкIэ, псынщIэу унэм зыщIодзэж. ЕмыкIукъэ ар? Мис, абы щыгъуазэщи, бадзэхэр дэнэ ­къэна, гъудэхэм ураауанщ. АдэкIэ Уэсым къыбжиIэм едаIуэ!
- Ееей, Уэс! Уэс къесагъащIэу хужь! Мы цIэ ­угъурсызыр сэ щхьэ къысфIащынкIэ хъуа? - Лъа­гъугъуей Уэсым йоупщI.
- Ар къыщIыпфIаща щхьэусыгъуэм псоми сэ сыщыгъуазэкъым, - жеIэ Уэсым. -  Ауэ сэри зыгуэркIэ абы сызэрыхэпщIар сощIэж. СызэрыхэпщIари мыращ: сэ сыкъыщескIэ, узэщIэзгъащтхьэу усIэщIэукIэну фIэкIа уи гугъэкъым. Абы щхьэкIэ, гъудэхэр дэнэ къэна, дзыгъуэжь цIыкIухэм я лъыр къыпхуоплъ. АдэкIэ мо къыкъуэуа Жьапщэм къыбжиIэм едаIуэт!
- Ееей, Жьапщэ! Жьапщэ! - Лъагъугъуей Жьапщэм йоджэ. - ПыIэщхьэрыхыу сынолъэIу, си Iуэхум хэпщIыкIIамэ къысщумыбзыщI!
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - Жьапщэр абы къыщодыхьэшх. - ТхьэмыщкIэжь мыгъуэ! Унэм ущIэсурэ ущIэгъуэтыхьащ. Моуэ дунейм тIэкIу укъытехьэу сы­зыщIэбгъапщэмэ, сыт ягъэ кIырэ? Уесхьэжьэу мы щIы хъурейм утесхыжын къыпфIэщIу щхьэ укъысфIэлIыкIрэ? Абы щхьэкIэ дзыгъуэжь цIыкIухэр дэнэ къэна, хъумпIэцIэджхэр къызэрыпщыдыхьэшхыр пщIэжу узиIэ! Абы нэхъ жэуап тэмэм уэ спыпхыфынукъым. Иджы, уэ лIыгъэ уиIэмэ, мо зи къухьэгъуэ хъуа Дыгъэр зыIэщIумыгъэкIыу зэ еупщIыж: пщIэжрэ нышэдибэ абы укъызэригъэгугъауэ щытар?
Лъагъугъуей гужьеяуэ Дыгъэм йогуо:
- Ееей, си псэм хуэдэ Дыгъэ-дыщэ! Зи дыгъэпсым гъащIэр дэщIэращIэ! Мис, иджы уи къухьэ­гъуэм зыкърезгъэхьэлIащ. Жэуап нэс къызэптыну пы­Iэщ­хьэрыхкIэ сынолъэIу: сыт сэ сызищIалэ дэ­гъуагъ, сызищIалэ дахагъ псори «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIызэджэр?
- Мис, иджы си жейбащхъуэри сщхьэщыужащ, си махуэ гъуэгуанэри къесхьэлIащи, гупсэхуу жэуап уэстыфынущ, - жи Дыгъэм, и иужьрей дыгъэпсыр щIылъэм къытридзэжурэ. - Пэжщ, уэ ущIалэ дэ­гъуэщ, ущIалэ дахэщ! Ауэ теплъэкIэ удахэ къудейр зыми и пэрмэнкъым. ЦIыху дахэкIэ узэджэнур гукIэ, хьэл-щэн дахэкIэ лэжьэкIэ екIукIэ дунейм тетыфыращ. Уэ а псоми гу лъумытэу е лъыптэну ухуэмейуэ хуэмыхугъэм зыдебгъэхьэхащ. Ухуэмыхукъэ - улъагъугъуейщ. Аращ уэ псори «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIоджэр. АдэкIэ уэ егупсысыж. ПщIэнуми ухуитыжщ.
Ар жиIэри Дыгъэр къухьэжащ.
- Ееей, си Дыгъэ-дыщэ! - кIэлъыгуоуащ Лъагъугъуей Дыгъэ. - Пщэдей уи къыкъуэкIыгъуэ хъухукIэ си дуней тетыкIэм зезгъэхъуэжыну укъызогъэгугъэ!
Лъагъугъуей и псалъэр игъэпэжауэ жаIэж. Абы и ужькIэ псори абы «ЩIалэ лъагъугъуафIэкIэ» къеджэ хъужауэ, дунейм куэдрэ тетыжауи яIуэтэж.
Дудар Хьэутий.

ГушыIэхэр

Шыдыр щIэгъар

Зэгуэрым жэмымрэ шыдымрэ зэдэхъуакIуэурэ жэмыр бгым и щыгум ихьащ.
Ар щилъагъум, шыдыр гъуэгыу хуежьащ:
- Жэмыр бгым щоху! - жиIэу.
- АтIэ сыт уэ абы щхьэкIэ ущIэгъыр? - жаIэу щеупщIым:
- Ар сэ къыдызагъэхыжынущи аращ, - жиIащ шыдым.

ИпщхьэпIэр сыгъэлъагъу

Выкхъэ Шухьиб хьэщIапIэ щыIэу бысымымрэ езымрэ уэршэрурэ жэщыбг нэгъунэ щысауэ:
- Гъуэлъи зыгъэпсэху, си хьэщIэ! - жиIэри, бысым лIыжьыр щIэкIыжащ.
Шухьиб гъуэлъыжыну щыхуежьэм, хьэщIэщ гъуэлъыпIэм уэншэку фIэкIа шхыIэни щхьэнти имылъу къыщIэкIащ. ШхыIэн къыхуахьынкIэ гугъэу, пэплъэу зыкъомрэ щысыжащ. Щымыхъум, щIэкIри бысымым еджащ:
- Уа, тхьэмадэ, кхъыIэ, накIуи фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу! - жиIэри.

ТхьэлъэIу схуэщIыж!

Былымым мэкъу яриту Хъуэжэ Iуэм итт. А сыхьэтым жыжьэу фочауэ макъ къыщыIуащ. А ­махуэм Хъуэжэ и пыIэр и щхьэгъусэм ижьыщIри, игъэгъущыжыну бжыхьыпэм фIидзауэ фIэлъти, шэ цIывар абы къытехуэри, пыIэ купсэр пхихащ.
Ар щилъагъум, псынщIэу Хъуэжэ унэм щIэлъэдэжри, и щхьэгъусэм жриIащ:
- Фызабэу укъэнэным зы тIэкIунитIэщ иIэжар, псэууэ сыкъызэрынам щхьэкIэ псынщIэу тхьэлъэIу схуэщIыж!
- Ана-а, сыт мыгъуэр къэухъу? - жиIэри, и нэпсым къызэпижыхьауэ фызыр къыпежьащ.
ИужькIэ щIыбым къыщIишри, шэм пхиха и пыIэ купсэр Хъуэжэ абы иригъэлъэгъуащ:
- А сыхьэтым мы пыIэр сэ сщхьэрыгъауэ щытатэмэ, шэм си щхьэр фIихатэкъэ? - жиIэри.
КъардэнгъущI Зырамыку.

Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ,
уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ

ЩIагъыбзэ

ХьэмтIалиф и пхъурылъху ШэIимэт унагъуэ зэрихьэрэ зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIауэ и ныбжьэгъу Хьэждаут телефонкIэ псэлъащ.
- Уи махуэ фIыуэ, ХьэмтIалиф! Сыт фыхуэдэ?
- Ууейри нэхъыфIыжу, Хьэждаут! ДыIейкъым.
- Уи пхъурылъху цIыкIур ебгъэша хуэдэщ. СынакIуэу сынохъуэхъуну арат.
- Абы щхьэкIэ гугъу зумыгъэхь. Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ.
Ар жиIэри, ХьэмтIалиф телефоныр трилъхьэжащ. Къэхъуари къэщIари зымыщIэ Хьэждаут ар и гум ежэлIащ, зыхуихьынур имыщIэу. АпхуэдизкIэ и жагъуэ хъуати, и ныбжьэгъу Хьэжбэчыр деж мыкIуэу хузэфIэкIакъым.
- ПщIэрэ, Хьэжбэчыр, къэхъуар? ХьэмтIалиф и пхъурылъху дэкIуам щхьэкIэ сынохъуэхъуну сынэкIуэнущ щыжесIэм, укъэмыкIуэ абы щхьэкIэ къызжиIащ. Абы уэ дауэ уеплърэ?
- Iэу, апхуэдэ дыдэу къыбжиIа? Сыт фи зэхуаку къыдэхъуар? ФызэфIэнауэ фызэбий?
- Уэлэхьи икIи дызэфIэмына, икIи дызэмыбий.
- АтIэ сыт иджы къэхъуар? ЖиIар къыбгурымыIуауэ арагъэнщ.
- Уэлэхьи, къызгурыIуамэ. Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ къызжиIащ.
- Iэу, апхуэдэ дыдэу жиIа?
- Уэлэхьи жиIамэ.
- АтIэ, Хьэждаут, ар щIагъыбзэщ. Абы къикIыр сэ сщIэркъым. Еуи ефэндым зыхуэгъазэ. Абы чэнджэщ нэхъ къуитынщ.
Хьэжбэчыр зэрыжиIам хэудэу ефэндым зыхуигъазэри, щIэкIуа Iуэхур гуригъэIуащ. Ефэндыр куэдрэ мыгупсысэу жиIащ ар зэрыщIагъыбзэр, абы зыгуэр къызэрикIыр.
- Уэлэхьи, абы къикIыр сэ сымыщIэ, ар езым фIэкIа зыми къыбжимыIэфыну. Ей, бетэмал, Къэзанокъуэр псэужамэ, мис абы къыджиIэнт. Псом нэхърэ нэхъыфIщ уэ езым зыхуэгъази. Абы Iуэхур зытетыр къыбжиIэнщ.
- Уэлэхьи апхуэдэу сщIынмэ, зы бжьэ цIыкIуи сIыгъыу сымыкIуэм.
- Хьэуэ, бжьэ лъэпкъ къыхыумыгъэщ, абы «уи жагъуэ хъуамэ» жыхуиIам зыгуэр къокI.
Ефэндым зэрыжиIам хуэдэу, зыри имыIыгъыу, и IитIыр щIиупскIэу ХьэмтIалифхэ я деж зригъэхьэкIащ. ЗдэкIуа бысымым ар гуапащэу ирагъэблэгъакъым я гум зыгуэр зэрыщыщIэр, зэрыгузавэр хэпщIыкIыу нэщхъейхэт. КъызэрыщIэкIымкIэ, хъыджэбзымрэ щIалэмрэ зэгурымыIуауэ, я акъыл зэтемыхуауэ къикIыжауэ унэм щIэсу арат. Аращ къызыхэкIар ХьэмтIалиф апхуэдэу щIыжиIар: «Уи гуапэ хъуамэ абы щхьэкIэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ».
Пщыбий СулътIан.

Прозэу тха усэхэр
«Бзагуэ»

Бзагуэу къафIэщIурэ зыгуэр зыкъомрэ екIуэкIащ. ИтIанэ и бзэр къиутIыпщыжри, хъущIэу хуежьащ:
- Иджыри къэс жыфIа псоми хъуну зыри хэлъкъым!
- Уэ…убзагуэтэкъэ?
- Хьэуэ.
- НтIэ, зыри жыпIэртэкъыми?..
- Зыри сигу ирихьыртэкъыми, зыри жысIэртэкъым.
- НтIэ, иджы ирихьыжауэ ара?
- Иджы сыт жыпIэми мэхъу.

ХьэщIэм и чэнджэщ

Илъэсибгъум ит Маринэ унэ лъэгу къилъэсми, пэшыр зэлъыIуихми, тхылъ еджэми, - сыт ищIэми дзапэ уэрэд тIэкIу жиIэ и хабзэт. Маринэ и уэрэд жыIэкIэр унэм щIэсхэм ягу ирихьыртэкъыми, махуэ псом зэхэпхыр зыт: «Маринэ, бэяу! Бэяу, Маринэ!»
ХьэщIэ къахуэкIуат зэгуэр унагъуэми, гу лъитэщ абыи, щIэупщIащ:
- Уа, мы Маринэ щхьэ Iуэху фщIырэ?
- Iэмал хуэдгъуэтыркъым, уэрэд тфIыжеIэ; жиIэфми зыгуэртэкъэ, джэду гурым фIэкIа пщIэнкъым.
- И гугъу фымыщIу зэ феплъыт, - жи хьэщIэм. - Ар щIэгурымыр фыпэроуэри аращ. Уэрэд жызыIэ цIыхум къыпэрыуэ щымыIэу, и псэр хуиту, и гур утIыпщауэ щытын хуейщ. ИтIанэщ абы и макъыр къыщиутIыпщынури.

ПцIащхъуэ

Сэ газет соджэри щхьэгъубжэм сыIусщ; уэ дунеишхуэр  тIэу пкIэгъуэ пхуэмыхъуу уоджэгу.
Сыт апхуэдизу ущIэнэщхъыфIэр? Хэт къызыхуипшыр уи уэрэд зэпымычыжри?
Пшэхэр зэрызохьэ. Иджыпсту уэшх къыпхиудынуи зыри хуэIуакъым. Армырауэ пIэрэ зызыхуэбгъэхьэзырыр? Сыт, зэбгъурыту къех ткIуэпсым яку уи бжыхьдэжыпэ цIыкIур дэбгъэувэну ара?
Сыноплъри сынохъуапсэ. Уэ пщIэркъым нэщхъеикIэ. Сэ сыхэзыгъаплъэ Iэджэщ. Ар дауэ? Хэт дэ тIум щыуэр?
Сэ газет соджэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ дунейм щызекIуэ залымыгъэм! СыткIэ ущыгъуазэ нэпсу хейм щIагъэкIым!
Уэ уоджэгу. Ар захуагъэ атIэ? Уи унапIэр си бжьыхьэкIапэти, си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу. Сэ сызыгъэгузавэм щхьэ уимыгъэгузавэрэ? Сэ сыкъэзыгъэгубжьым щхьэ укъимыгъэгубжьрэ?
Уэ уоджэгу. Уэ зыри къыпфIэIуэхукъым.
Уэ упцIащхъуэщ. Уи хъыринэр уафэрщ; уи гурыфIыгъуэр хуабэрщ; уи плъапIэр дыгъэрщ; уи гупсысэр щIэмычэу къебгъэблыж уи уэрэд щхъуантIэ цIыкIурщ.
Уэ уоджэгу. Абы къикIыу пIэрэ уэ зыри къыбгурымыIуэу? Уэ унэхъ Iущмэ-щэ, генералу дунейм тетым нэхърэ?..

Къэжэр Хьэмид.

Псэущхьэхэм я дуней (ЭГ)

Къанжэм и псэукIэр

Къанжэм  и жьэгъумрэ и ныбэгумрэ хужьщ, и щхьэри, и дамэри, и кIэри фIыцIэщ. Къанжэм и кIэр кIыхьщ, захуэщ, дахэ дыдэщ. Къанжэр зэи зы щIыпIэм мамыру щыскъым, тепыIэгъуэ имыIэу къелъэтыхь.
Къанжэр дахэ щхьэкIэ, дыгъуэрабзщ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэр къыщилъэтыхькIэ, и нэ фIыцIэ цIыкIуитIым кърегъэжыхь, «сыт къысIэрыхьэну пIэрэ» жиIэ щIыкIэу.
Джэдэщым джэд макъ къызэрыщIэIукIыххэу, ар псынщIэу къос. Джэдэщым зыщIегъэмэракIуэри джэдыкIэ кугъуэр кърефыкI. Къанжэр джэдкъаз шырхэми хуэлъэщ.
Къанжэхэм абгъуэ быдэ яIэщ. Абыхэм я абгъуэр жыг дыкъуакъуэм лъагэу дащIыхь. Абгъуэм и хъуреягъыр банэщ. Банэ Iэмбатэм и кум абгъуэ щабэр иращIыхьыж. А абгъуэм шырхэр къыщраш. Куэд йощакIуэ къанжэ шырхэм, ауэ абыхэм зыри ялъэIэсыфыркъым.
Къанжэм теухуа хъыбару, таурыхъу куэд щыIэщ. Къанжэр абыхэм къахощ къуалэбзу губзыгъэу.

Мэлей ФатIимэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр