Лъэпкъ тхыдэр я лъабжьэуКотляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн щагъэхьэзыр, балъкъэр лъэпкъым и тхыдэр и лъабжьэу. Мы гъэмахуэм абы къыщыдэкIынущ «Балкария. ХХ век» зыфIаща тхылъышхуэхэр (напэкIуэцI 640-м къыщыщIэдзауэ 760-рэ я Iувагъыу тхылъих хъунущ). Балъкъэрхэр я хэкум зэрырашам, 1942 гъэм Шэрэдж аузым къыщыхъуа насыпыншагъэм, лъэпкъым и цIыху пашэхэм я гъащIэм, нэгъуэщIхэми теухуащ Темукуев Борис игъэхьэзыра тхылъхэр. - Илъэс 17 хъуауэ ди IуэхущIапIэр долажьэ Борис, - жеIэ Котляров Виктор. - А зэманым къриубыдэу ди деж дунейм къыщытехьащ Темукуевым и тхылъибгъу. Ахэращ и лъабжьэ хъуар куэд мыщIэу щIэджыкIакIуэхэм яIэрыхьэну лэжьыгъэшхуэм. Балъкъэрхэм я тхыдэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуей хъунт, къэхутакIуэ емызэшыжым и IэдакъэщIэкIхэр мыхъуамэ.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 17:15 →
ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ
18.04.2024 - 14:10 →
Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр
18.04.2024 - 09:58 →
Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ…
17.04.2024 - 18:00 →
Мошенники звонят от имени Центробанка. Как их вычислить?
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
|