Онегин Евгений

XXXVI
Апхуэдэу тIури жьы зэдэхъурт,
ДыувыIэнщи мис абдейм,
ИгъащIэм зэшэзэпIэу къэхъур
Къэхъуати, щхьэр трахащ пхъэмбейм
ЛIым щхьэкIэ - зыми кIэлъымыпхъуэу,
Ягъейуэ и щхьэгъусэм, ипхъухэм,
Ар щэхуу ехыжащ дунейм,
Щыпсэум къыщахуакъым ней.
ЦIыху тыншт, хьэлэлт, зиусхьэнами,
Иджы и хьэдэр здыщIалъхьам
Тетщ, сыным тхыгъэ тралъхьам:
Псэуащ Iэдэбу Дмитрий Ларин,
Дзэм бригадир, и лIыщIэ Тхьэм,
ЩIырелъ фIы псори лъысу псэм.

XXXVII
Хэкужь щIыналъэм къыщыкIуэжым,
Владимир Ленский щIэупщIащ
Гъунэгъухэм щхьэкIэ, псэм ищIэжхэм,
Кхъэм кIуэри щхьэщэ лIам хуищIащ.
ИужькIэ хуэщыгъуащ мыхъейуэ,
«Poor Yorick! - къипсэлъащ нэщхъейуэ,-
«И куэщIым цIыкIуу ситIысхьащ,
Сыджэгуу куэдрэ зыхэслъхьащ
Очаков щхьэ иIа медалыр
СощIэж, гушыIэрт: мис щIэин -
Уэстынущ Ольгэ, хъумэ ин…»
УсакIуэм сытыт и Iэмалыр,
НэгъуэщI здэщытым деж къемыкIут:
Хуитхащ IукIам щытхъу усэ цIыкIу.

XXXVIII
Къихьэжырт псэм зэрихьэ гуауэр,
И адэ-анэ фIэкIуэдар,
И нитIым нэпс къыщIэлъэдауэ,
КъэкIыжырт игу щIэхыщэу лIар.
КъигъэкIрэ, псынщIэу Iуихыж гъавэу,
Щхьэ лъэпкъ къэс Тхьэм, къытхуэгузавэм,
Ихъуэжрэ зыр кIэлъыкIуэу зым,
Псэуахэм къытхуэарэзым?
Ди лъэпкъыми, тетыху щIыналъэм,
Зеужь, къокъуалъэр, мэпIейтей,
Адэшхуэхэм къеджар пщэдей,
ФIэкIыншэу къыдэджэнщ и пIалъэм,
Къуэрылъхухэм худолъагъу хьэтыр:
Къэхъун хуейр дэ тхуагъэхьэзыр.

XXXIX
Хэвгъахъуэ фи гур, си ныбжьэгъухэ,
Сэрыншэу, гъащIэ тынш фиIэху!
КъысхуэвмыгъакIуэ фи Iэжьэгъухэр,
СфIэмыхьэнэншэр сфIэмыIуэху;
ГъэпцIагъэ щхьэ теспIащ си напIэр,
Иджыри, ауэ, сщIы гугъапIэм
Гум зэзэмызэ зрегъэужь:
Къэмынэу, цIыкIуми, зы лъэужь
Сыхуейтэкъым Дунейр збгынэну.
Сытхамэ, сылъыхъуакъым щытхъу,
Сыхуей къудейт, си къуэш, си шыпхъу,
Ди Iуэхур лъапIэу къэзгъэнэну,
Сыхуейт сэр щхьэ къэIуам пщэдей,
Ирехъу мыкуэд, зы макъ къудей.

XL
Псэ къабзэ зиIэ гуэр блэкIынкъым,
Си псалъэм, пцIы хэмыту стхам,
Стхар Летэ псым щIэтIысыкIынкъым,
Къэнэну Тхьэм къыхуиухуам,
КъэхъункIи хъунщ (ар гум фIэфI гугъэщ!),
Еджауэ фызыщымыгугъым
ЖиIэнщ, къилъагъумэ си сурэт,
УсакIуэ инхэм мыр яхэтт!
Уи фIэщ щIы си арэзыныгъэр,
ХубощIри аонидхэм пщIэ,
Пщыгъупщэжынкъым зэикI, пщIэм,
Жьым хуэдэу лъэтэжын си тхыгъэр,
УхуэфIу узыхущытар,
ЛIыжь зейри щIэмыукIытар.

Ещанэ Iыхьэ
Elle tait fille, elle tait amoureuse.
Malfiltre*

 

I
«Аргуэру дэнэ, хъун ар Iуэхуу?»
- Онегин, къысхуэгъэгъу, сошэс.
«УсIыгъкъым, ауэ пщIэр сыт щэхуу?
УокIуэдри уэ пщыхьэщхьэ къэс»
- СыщыIэщ Ларинхэ я унэм.
«Араи сыщIэхъуар шугъунэ,
Слъэгъуакъым апхуэдэ гъунэгъу,
Ар гугъукъэ, зыхуэщIыж гущIэгъу»
- ЗымащIи. - «КъысхуэщIэну пIэрэ?
Пэж жысIэм, щэхуу ар блэгъэкI:
Унагъуэ тыншщ, къызэрыгуэкIщ,
Шейм щIыгъуу IэфI къыпхуахь, уэр-сэру
Фытопсэлъыхь щIэмычэу фэ,
Жуныгум, уэшхым, Iэщым, фэм...»

II
- Ар-тIэ Iуэху Iей, бэлыхьу уеплъми?
«Iуэху Iейр зэшыгъуэрщ, си ныбжьэгъу».
- Сэ гуп хэгъэфIыкIам сытеплъэ
ЩIэмыхъур бощIэ. Акъылэгъу
Унагъуэ бгъуэтым.. - «А щэнгъасэр
ЖумыIэ, зэхэсхащ дыгъуаси!;
Аргуэру уокIуэ, сыт мыхъуам.
Зэт, Ленский, а узыщытхъуам
Ядей зэ сышэ, зы Филлида
Уи нитIми усэми къыхэщ,
Абы щымыIэу мыхъу си фIэщ;
Дапщэщми сыгъэцIыху зэ, идэм».
-ГушыIэ ар?- «Симыгугъа».
- Шэс-тIэ, гуфIэнхэт деблэгъам.

III
ЖэрыгъэкIэ. - Зрачащ ныбжьэгъухэм.
Щэнхабзэ ижьым щызекIуам
Къезэгъыу загъэлъэгъут щысэгъухэм,
ХьэщIэ хуэфIыгъэ хуаIэт кIуам.
Шэху тепхъуэ телъу Iэнэм и щхьэм
IэфI тетт - гъэвауэ пхъэщхьэмыщхьэ,
Къезэгъыу хабзэм хьэщIэ шхын:
Шыгъулдыплъыжьым ипс кхъуэщын.

IV
Гъуэгу кIэщI ныбжьэгъухэм къыхахауэ,
ЩIопхъуэжхэр ящIу шы лъэ макъ.
ДедаIуэм жаIэм удыгъуауэ,
ЙокIуэкI мыпхудэ псалъэмакъ:
- Онегин, сыт уэ ущIэхущхьэр?-
«Си хьэлщи, Ленский». - Сыт уи гущхьэм
Телъ хьэлъэу, къикIкъым уи гурыфI,
Уезэшрэ? - «Хьэуэ, хъуакIэщ кIыфI;
Андрюшкэ, еуэ, ищыт япэ!
Мы щIыпIэ дэгум дегъэуэкI!
Фызыжьыр цIыху къызэрыгуэкIщ,
ЖысIэнщи, уеплъым, ар цIыху гуапэщ;
Зэт, жыIэт, псым уефа нэужь,
Зэранкъэ тIэ шыгъулдыплъыжь?

V
КъызжеIэт, хэт а тIум Татьянэр?»
- Нэщхъейуэ дыщыIэху щысар,
Мыпсалъэу, пщIэжмэ уэ “Светланэр”,
Щхьэгъубжэм щыму бгъэдэсар.
«Ар дауэ хъун? Уэ шыпхъу нэхъыщIэр
КъыщIыхэпхар сэ къысхуэмыщIэ»
- Сыт щхьэ? - «УсакIуэм йокIу адрейр,
Хьэл-щэн гъэнщIакъым Ольгэ ейр.
НэкIу плъыжьщ, хъурейщ мазэ делафэу,
Уэ къысхуэгъэгъу, удихьэхам,
Мадонэм ещхьщ, Вандик итхам,
Ар плъагъуми мазэу, тету уафэм».
Владимир псалъэр кIэщI ищIащ,
ИужькIэ зиущэхупащ.

VI
Апхуэдэу Ларинхэ я хьэщIэу
Онегин къызэреблэгъар
КърахьэкIащ ягъэщIэращIэу,
ЯщIащ гъунэгъухэм ар хъыбар.
ЩIадзахэщ хуэгъэфэщэныгъэм,
Зыр зым щигъэгъуэзащ и гугъэм,
Я фIэщу (тщIэркъым ар зэрыхъу):
«Татьянэ къигъуэтащ псэлъыхъу»;
Иныкъуэхэм жаIащ хэхауэ,
«Я дауэдапщэр хьэзырыпсщ,
Хьэпшып къахьахэри щIэрыпсщ,
Iэлъынхэм йожьэ къыхахауэ”
И Iуэхур Ленскэм щIауэ куэд
ЩIадзакIэу ягъэIуа уэрэдт.

VII
Татьянэ жаIэхэм зэгуэпу
ЕдаIуэрт, ауэ щэхуу тIэкIу
ЩIидзащ гупсысэу, къэплъу дэпу
Е къащтэу: «Cи гум къихьэр екIу?»
Хуэмыхъуу и гур къызэфIэнэрт,
Иныкъуэм нэхуу къызэщIэнэрт,
Ар лъагъуныгъэм и щыхьэтт,
КъэтIэпIым, гъатхэм и сурэтт.
Езым куэд щIауэ и хъуэпсапIэу,
И натIэм къритхар, зыхуейр
ИмыщIэми, фIэфIт иIэм ейр,
Гур хэхъуэу е гуапагъэ лъапIэу.
Ар бгъэр зыкъузу бампIэ узт,
Зыгуэрым ежьэ псэр зыхузт.

VIII
Къэсащ зыпэплъэр…Ар ифIэщу
ЖиIащ: «КъэкIуащ сыщIэпIейтейр!
Иджы ирехъу ар махуэу, жэщу,
Зэман сыщыплъэр, сыщыжейр
Абы ихьынущ»; ари пэжу,
Хъыджэбзым иIэр гукъыдэжу
ЗытригъэкIуадэри арат,
КъыфIэмыIуэхуу псори хъуат:
Унагъуэр къызэредэхащIэр,
Е хьэщIэ къазэрыхуэкIуар,
Зэхихтэкъым къыжраIар,
И закъуэм фIэфIт, къыфIэщIырт мащIэу
Щыхуитыр. Зэгупсысыр зыт,
ЦIыху хуэмызэну арэзыт.

IX
Гулъытэр куууэ, псэм фIэIэфIу,
ЩIидзащ “еджэн гурыщIэ тхылъ”,
ФIэмыфIу пщIыхьым щамыпщэфIыр:
Псы IэфI, гын гуакIуэ зыхэмылъ.
Щилъагъухэм и щIэхъуэпсыныгъэм
Iуигъэтырт псэ и ухуэныгъэм:
И псэгъум Юлия Вольмар,
Малек-Адель е де Линар.
Е Вертер, ихьыжам гугъуехьым,
Ягъусэу Грандисон тцIыхуам,
Еджахэм фIыуэ ялъэгъуам,
А псоми и псэ зарызехьэм
ФIы гуэр яхэлъым зэхуихьэст,
Онегин деж щызэхуигъэст.

X
Езым къыфIэщIырт теухуауэ
Зэджа ухуакIуэхэм ятхар:
Кларисэу, Юлиеу щытауэ,
Къызыщыхъужт __________Дельфинэу ар;
Татьянэ мэз жыг щIагъ здэщэхум
КъикIухьмэ, тхылъ зэранхэр нэхуу
Къилъытэрт, кърихыну хуейт
И пщIыхьхэр. И гур пщтырт, пIейтейт,
Ар бампIэрт, зэрихьэлIэжауэ
НэгъуэщI щIэфIар, щIэнэщхъеяр,
Къипсэлът, щыгъупщэу зыхуеяр,
Псэм хуэдэм хуитхыр и псэр жауэ.
ЖриIэнт Онегин зылъэгъуам
Зэрымы-Грандисоныр, хъуам.

XI
И хъэтIыр нэхъ Iэта ищIауэ,
Къэхъуакъэ, тхакIуэ зэщIэплъам,
Ар щапхъэ нэс къытфIигъэщIауэ,
ЛIыхъужьыр щыдигъэлъэгъуам,
Иритым фIэфIт и IупэфIэгъум,
Мызахуэхэм нэхъ Iейр зи жэгъум,
Акъыл нэхъ жан, хьэл-щэн гурыхь,
ТеплъэфI, хэт иIэм, нэхъ бэлыхь.
Къэтлъагъурт, ди гур тфIыдихьэхыу,
ЛIыхъужьым и гухэхъуэ ин,
Армырмэ гъащIэм хуэмеин
КъытфIэщIырт. Тхылъ хуатхар щиухым
Хуигъазэу, текIуэрт бзаджэм, Iейм,
Дынэсырт дэри дызыхуейм.

XII
ЩыIэжкъым нобэ хьэл-щэн дахэ,
Iущыгъэм къытхуегъакIуэ жейр,
ЦIыхуншэм дэдгъуэр хэтщ ятхахэм,
Нэхъыбэу, фIыкъым дызыхуейр.
Хъыджэбзхэм яджу, макIуэ жэщыр,
Инджылым итх пцIы зэфэзэщыр;
Иджы абыхэм я нэбзийр,
ВжесIэнщи, е жьэмей Вампир
Ирехъу, Мельмот, Iей куэд зезыхьэр,
Е Журт кърахуэкIыр, е Корсар,
Ирехъу ар ямыгъуэт Сбогар;
Лорд Байрон, псоми тфIэбэлыхьым,
Апхуэдэхэр лIыхъужь щищIам,
НэхъыфIт имыгъэщIэрэщIам.

XIII
Здиухым гъуэгуу хъуар си пакIуэ?
Ныбжьэгъухэ, зэрыжиIэщ Тхьэм:
Пщэдей сывмыбжмэ сэ усакIуэу
НэгъуэщI зыгуэр къихьа хъунщ щхьэм;
Е Фебым, дыгъэр зи дамыгъэм,
Семыплъу и гъэшынэныгъэм,
Хъунщ, усэр стхыну щызухам,
Езгъэщхь хъыбарыIуатэу тхам.
Хъыбарыр зэхэслъхьэнкъым бзаджэу,
Зэраным, пцIым хуэсщIынкъым пщIэ,
Урыс унагъуэм щхьэкIэ сщIэм,
Ижь тхыдэм итым сфIэфIщ фезгъаджэм,
ДиIауэ хабзэ пасэрейм,
Гухэлъ зиIахэм я дунейм.

XIV
ВжесIэжмэ псалъэ гурыIуэгъуэ,
Ар адэм, адэ къуэш жьы хъуам,
Сабийхэм щхьэкIэщ, зэныбжьэгъуу
Псы кIантIэм деж къызэдэхъуам;
Нэхъыжь щыхъуам я лъагъуныгъэр
Фэзгъэлъэгъунщ, псэр, нэпсыр, гугъэр,
ЗэфIэнэ жагъуэр щыинар -
Зэрыгъэшэнырщ къысхуэнар.
Адрейм..., фемыджэ, фи гур махэм,
Хуэзэшу си псэр щIыщытам__________,
СыщедэхащIэм, псалъэу стам,
Сыщыригъусэм сэ псэгъу дахэм;
ЩыжысIэм, псалъэ псори пэжт,
Схуэгъэпэжами сымыщIэж.

XV
Татьянэ тIасэ, си псэм хуэдэ!
Уи гъусэу нэпсыр щIызогъэкI,
А гущIэгъуншэм уигъэкIуэдым,
Сыт пщIэнур - уиIэкъым зэфIэкI,
УIэщIэкIыну уIэрыхьэм;
КъыпфIэщIми нуру, убгъэдыхьэм,
Уисынщ абы, къэмыхъум кIыфI,
Уи хъуапсэр, уиIэр - сыт нэхъыфI?
КъыпфIэщIми Iэзэм къуиту хущхъуэ,
Узэфэр уэ удыгъэ гынщ,
ЖыIэзыфIэщыр пцIым и шхынщ,
Уи пщIыхьыр IэфIми, хуэщI гурыщхъуэ,
Уэ пщIэркъым натIэм къритхар,
Уплъамэ дэни, плъагъуми ар.

XVI
Гу бампIэм кърехуэкI Татьянэ,
Мэлъыхъуэ псэр здэнэщхъеин,
Жыг хадэм здэжэм, къохъу лъэданэ
Ар щинэ, зыми хуэмеин
КъыпфIощI апхуэдэм деж; и напэр
ЗэщIоплъэри, мэжий и лъапэр,
Дэгу мэхъур, зыкъеIэтыр бгъэм,
(Пытщэнкъым, дыхэхуэнщ къайгъэм)
Жэщыбгым, мазэм къыщикIухьым,
Здэплъырым, блэуэ и чэзум,
ЩыщIидзэм дахэу уэрэд бзум
Къришыну и макъамэр кIыхьу,
Татьянэ, ди хъыджэбз хьэлжейм,
ЖреIэ сабиипI мыжейм:

XVII
«Схурикъукъым жьы сэ, хуабэщ пэшыр,
Щхьэгъубжэр Iух, къэтIыс си дей»
- Сыт, Таня, къыпщыщIар? - «Созэшыр,
КъызжеIэ псысэ пасэрей».
- Сыт теухуауэ, Таня? Япэм
Куэд си щхьэм итт, куэд сщIэрт, си гуапэу
Къэхъуар жысIэнт е къэмыхъуар,
Жин фIыцIэм ихьым хэт лъыхъуар?-
СщIам щыщу сщIэжыркъым зы кIанэ,
Жьы ухъумэ, Таня, уохъу щхьэдыкъ,
Зэман къыпщысхьрэ, уещI акъмыкъ… -
«Сэ сызыхуейр аракъым, нанэ,
КъызжепIэжын, ущыщIалам,
Уэ фIыуэ плъагъу зыгуэр уиIам?»

XVIII
- Сыт жыпIэр, Таня! А зэманым
Апхуэдэ дэ зэхэдмыха,
Срихунти гуащэм си Iиманым,
Зыгуэрым сэ сыдихьэхам. -
«Уэ дауэ удэкIуа-тIэ, нанэ?»
- Тхьэ Iуэхут, си Ваняр щIалэтанэт,
ТIэкIу сынэхъыжьти, сынэхъ Iущт,
Си ныбжьри-тIэ илъэс пщыкIущт.
КъэкIуащ дэлэлыр хуэпсэлъыхъуу
Си адэм дей, псэлъащ дыдей,
Къыжьэдишыху: нобэ-пщэдей.
Сышынэрт сэ, сыгъуэгт схуэмыхъуу;
Щхьэц ухуэнар сфIаутIыпщащ,
Чылисэм сыгъыу сыдашащ.

XIX
Сыщыхашам унагъуэ хамэм...
Зэт, Таня, сызэхумыхыж… -
«Си нанэ, къысхуэгъэгъу, арамэ,
Сигу къекIуэу сыгукъыдэмыжщ:
Сыгъын къысфIощI, сынасыпыншэщ!..»
- Сэ си псэ, пэжщ, умыузыншэ!
Ди Тхьэшхуэ, дыкъегъэл дэ Iейм!
Кэсхьынщ, къызжеIэт, сыт ухуейм…
Псы зытебжа птескIэнти мащIэу,
Упщтырщ… - «Сэ къызэузыр зыщ:
ФIылъагъуныгъэ… схуэмыбзыщIщ».
Сипхъу цIыкIу, солъэIу, къуитынщ Тхьэм гъащIэ! -
Фызыжь тхьэмыщкIэм сыт хуэщIэн,
Хъыджэбз къэплъам трищIащ чристэн.

XX
«Сэ сегуэкIуащ», - аргуэру щэхуу
Фызыжьым жриIащ абы.
- Си дахэ, дауэ хъунт ар Iуэхуу,
ЩыIакъым уэр нэхъ хьэл сабыр.
ЗдыжаIэм ар, щхьэгъубжэм мазэр
КъыдэлыдыкIырт, ар и гъуазэу,
Татьянэ ищIэр игъэунэхут,
И щхьэцым къытридзэу нэху;
И шэнтым тригъэткIуа нэпс ткIуэпсхэр
Хуэмейми, ищIырт нэрылъагъу;
Щхьэц тхъуар, IэлъэщIыр уигъэлъагъут:
Фызыжь гузавэм къыжьэхэпсэрт;
Щхьэгъубжэм адэкIэ мамырт,
И закъуэу жэщым, мазэр плъырт.

XXI
Татьянэ и гур щыIэт жыжьэу,
Гузавэрт, мазэр и щыхьэтт,
Нэхъ фIэфI хъуат гъуэлъыжам фызыжьыр,
ИIам и закъуэу зы сыхьэт:
«Зэт, нанэ, къэхь къалэм, тхылъымпIэ,
ТхьэмыщкIэ, бощIыр тIомпIэ-сымпIэ,
Уезгъэзэшащи, кIуэ, щIэкIыж,
Куэд мыщIэу сэри согъуэлъыж».
Ар тхэт, Iэнэшхуэм зытригъащIэу,
Евгений и гупсысэм хэтт,
Итхари дэ тфIэхьэлэмэтт,
Дымыгъэкъуаншэмэ тэкIу мащIэу:
Татьянэ! Iуэху къыпщыхъурщ Iейр,
ФIыт пщIамэ, зыхуэптхар зыхуейр.

XXII
ЩIымахуэм хуэдэу щIыIэу, къабзэу,
Слъэгъуащ бзылъхугъэ дахэ куэд,
ЯмыщIэу псэ хьэлэлхэм я бзэр,
Уабгъэдыхьам - цIыхухъу гъэкIуэд;
Егъэлеяуэ я пагагъэр,
ХабзэщIэкъу щIэкIэхэр згъэщIагъуэрт.
ВжесIэнщи тIэ, фыхуеймэ, пэж:
Щыслъагъум ахэр, сыщIопхъуэж.
КъысфIощI, я натIэхэм тетхауэ:
Къэвгъанэ гугъэ гуэр фиIам
ЯфIэфIкъым, фи гум илъ жыфIам,
ЦIыху Iугъэщтыныр къыхахауэ.
Фригъунэгъум фэ Нева,
Сэ си пIэм фэри фиуващ.

XXIII
СыкъэзыцIыху мыкуэдым хэту,
НэгъуэщI цIыхубзи сэ слъэгъуам,
КъафIэмыIуэхуу хэт сыт пэтым,
Хэт дахьэхауэ къащытхъуам.
Сыт-тIэ слэгъуар сэ сфIэтелъыджэу?
ЯIам псэ гъусэу кIэлъымыджэу,
КъафIэмыIуэхуу IукIыжар,
Хуит ящIыр къэзыгъэзэжар
ЯхъуреягъкIэ къижыхьыну;
Макъ гуакIуэщ, епсэлъам зыр зым,
Къыщипхъуэм зи нэр, арэзым
И Iуэхур ящIэ зэрыхъунур;
ЩIасэлI ныбжьыщIэм феплъи, мес,
Къежыхь, къыпфIэщIу мызэтес.

XXIV
ИщIа Татьянэ нэхъ къуаншагъэ?
Ара-тIэ, иIэу гу хьэлэл,
ИмыщIэу зы щхьэкIи гъэпцIагъэ,
Зэрыдигъэлъэгъуар таучэл,
Итхыну зыри имыбзыщIу,
Игу илъыр занщIэу, мыфэрыщIэу;
ЖыIэзыфIэщ зыщIари ар
Тхьэм куэд зритым къритар
Ара хъунщ. И къыфIэщIыныгъэр,
Акъылыр и гурылъ пIейтейр,
ЗэрыжиIэф къудейр зыхуейр,
Псэ зэщIэплъар, и лъагъуныгъэр,
Мы пщащэм щыIэ хуэзыгъэгъу,
Гу къабзэм хуэзыщIын гущIэгъу?

XXV
ФэрыщIым и гур пIейтеиншэм,
Татьянэ есыр мафIэ бзийм,
И лъагъуныгъэ гуэныхьыншэм
Зэрихьым еплъи, ещхьщ сабийм.
ЖиIэнкъым, тщIынщи зэпыугъуэ,
ТIэтынщ и уасэр лъагъуныгъэм,
Нэхъ пэжу идгъэхуэнщи хъым,
ХэтIунщ щIыхьщIэкъум мастэ, хъум,
И гугъэм. КъызыгурымыIуэр
Игу узыу, едгъэхьынщ бэлыхь,
КъыдищIэкIынщ дэ гъейрэт кIыхь,
ТIыгъынщ нэхъ кIэщIу тхъэгъуэ IумпIэр:
ДыутIыпщмэ зытетлъхьар тезыр,
ТIэщIэкIыжыну мэхъу хьэзыр.

XXVI

НэгъуэщI къалэну хъуар къэзгъанэу,
Iуэху зэхэлъыкIэм къыхихар
Сэрамэ, зэздзэкIынщ Татьянэ
ТхылъымпIэм гушхуэу тритхар.
Сыт, урыс тхыбзэ имыщIэхэу,
Ди тхылъхэм зэикI емыджэхэу,
Къэхъуащ. Ар ди зэманым щIыгъущ:
Анэдэлъхубзэм демыгугъу.
ПщIэ хуещIыр пщащэм французыбзэм,
Сыт пщIэн, иджыри зэ, фыхуейм,
ФезгъэдэIуэнщ сэ си «еууейм»,
Урыс псалъалъэр щIэкIэщIыбзэм;
Бзэ пагэр дэ иджыри къэс
Зэхуэтхыныгъэм нэдмыгъэс.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).
 

 

Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар Хьэмыз Русланщ.
Поделиться:

Читать также: