Мамдухьрэ Сихьэмрэ

Къумыкъу Мамдухь (сэмэгумкIэ япэу щытщ) и ныбжьэгъухэм, щхьэгъусэм, Iыхьлыхэм я гъусэу.
Мейкъуапэ, 1987 гъэ

Адыгэ жылагъуэм щытепщэ хьэлхэр къэбгъэнэхуэн мурадкIэ, цIыхухэр «хьэблэ-хьэблэкIэ» бгуэшыну ухуежьэмэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэ хъууэ къыщIокI, езыхэр нэхъ цIыкIуу зэтепщIыкIыжу. Абыхэм ящыщщ «Сирием къикIыжахэр». Мы цIыху Iэсэхэм я цIыкIуи я ини лэжьакIуэшхуэхэщ, еджэныр я щIасэщ, цIыху зэхыхьамэ, гупым я нэхъ щэхущ, хьэщIэмэ - загъэхъейркъым, бысыммэ - загъэпсэхуркъым. Я макъым лъагэу зрагъэIэту зэхэпхынукъым, ауэ Iуэхур зэхэзэрыхьрэ зэгурыIуэр къэтIэсхъамэ, япэу псалъэр мыхэращ. Абы щыгъуэми, мыгупсысауэ псалъэхэркъым, замыплъыхьауи тIысхэркъым. Ауэ адрей адыгэ хьэблэхэм щу-мыгъуэту нэгъуэщI зыгуэри яIэщ «Сирием къикIыжахэм», - ар щхьэгъусэ гъэтыншынкIэ зыри зытемыкIуэ я унэгуащэхэращ. Нобэ дыщыхьэщIэ Къумыкъу Мамдухь и унагъуэр апхуэдэ зы щапхъэщ.

ЗэрызэрыцIыхуар, е хэт хъыдан жэрумэм кIуэцIылъар?

Сихьам: - Адыгэ жылэхэр псори зэхыхьэрт а зэманым, зэпэжыжьэтэкъым.
Мамдухь: - Дызыхэс хьэрыпхэр зыужьыныгъэкIэ адыгэхэм къакIэрыхуауэ апхуэдэт, зауэ-банэхэри щIэх-щIэхыурэ къэхъурт къумырысхэм я зэранкIэ. Сэ сощIэж хьэрыпхэм адыгэхэм я мэшхэм, я хадэхэм езыхэм я мэлхэр хаутIыпщхьэурэ ирагъэшхыу, абы кърикIуэу лъэныкъуитIыр мывэкIэ щызэзауэ къэхъуу зэрыщытар. Мо хабзэ зыхэмылъхэр адыгэхэм ягу техуэртэкъыми, езыхэр быдэу зэрыIыгът. Къуажэ пщыкIущым языхэзым хьэгъуэлIыгъуэ щыIэмэ, адрей къуажэ псоми къикIыурэ къакIуэрт.
Сихьам: - Джэгу зэхашэ хъумэ, иджы Абхъаз утым щащIым нэхърэ нэхъ инт. Зы къуажэм дикIмэ адрейм дыкIуэу зы жэщым джэгуитI, джэгуищ дыхэтауэ сигу къокIыж.
Мамдухь: - Си адэшхуэм и адэр Щоджэнти (Сихьам Щоджэнхэ япхъущ), нэхъыжьхэр тIэкIу зэрыгъэблагъэу апхуэдэт, нэхъыщIэхэри дызэрыцIыхурт. Алжирым сыщылажьэу Дамаск сыкъэкIуэжати, и дэлъхур аварие хъууэ и Iэр игъэузыжауэ зэхэсхащ. Я благъэ дыдэу нэгъуэщI зы щIали си ныбжьэгъути, ар сщIыгъуу щIэупщIакIуэ дыкIуащ. Абы щыгъуэ дызэрылъэгъуауэ, дызэрыцIыхуауэ щытащ.
Сихьам: - Куэд щIакъым къызэрытщIэжрэ, абы и пэкIи зэ нэкIуат ди деж (мэдыхьэшх). Сэ сыкъыщалъхуам щыгъуэ и адэ-анэр сэр щхьэкIэ къахуэгуфIэну ди деж нэкIуат, езыри илъэсибгъу фIэкIа мыхъуу ныздашат.   Иджыри къэс си дэлъху е си шыпхъу нэхъыжь щхьэкIэ нэкIуауэ къыфIэщIырт, дегупсысыжри, сэрауэ къыщIэкIащ.
Мамдухь: - Ауэ езым сыкъилъэгъуакъым, хъыдан жэрумэм кIуэцIылъти (мэдыхьэшх).

Хэкум къэкIуэжыныр  цIыхухъум и закъуэ и лIыгъэкъым
 
- КъэкIуэжын Iуэхур унэгуащэм къыбдимыщтэмэ, гугъущ. Ар цIыхухъум и закъуэ и лIыгъэкъым, - Мамдухь гъуэгу къызэрытеува щIыкIэр игу къегъэкIыж. - Абы щыгъуэм ОВИР-м пыщIа Iуэхухэр нэхъ тыншу зэфIэкIырт, иджы хуэдэу бзаджащIэхэр къежьатэкъыми, гурыщхъуэ къыпхуащIыртэкъым. «Вид на жительство» ухуейуэ лъэIу щIэплъхьэмэ, зы мазэм и кIуэцIкIэ къыпIэрыхьэрт. Япэ щIыкIэ хьэщIэу дыкъакIуэурэ зэдгъэлъэгъуащ. Илъэс гуэрым мазэ псокIэ дыщыIащ, абы щыгъуэ тхылъхэр къыдэтхщ, уни къэтщэхури дыкIуэжащ. Ар зыхуэзэр 1987 гъэрат. ИлъэсиплI нэужьым дыкъэкIуэжыпащ. Дэ дызэгурыIуэри дыкъэкIуэжащ, аращ, сыт хуэдизкIэ и пэм гугъу демыхьами, тыншу Хэкум дыщIизэгъэжар.
Сихьам и IэщIагъэкIэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэщ. Ауэ, езым зэрыжиIэмкIэ, Сирием щыIэ школ «къатищми» щылэжьащ, къищынэмыщIауэ, зэщхьэгъусэхэр Алжирым зэгъусэу илъэситIкIэ щыIащ. ПэщIэдзэ школым еханэ классым нэс предмет псомкIи щригъэджащ. ИужькIэ, ебланэ - ебгъуанэ классхэм географиемрэ тхыдэмрэ яригъэджащ. Нэхъ игу ирихьар Алжирым езым нэхърэ нэхъыжь еджакIуэхэм сурэт щIыкIэ яригъащIэу зэрыщытаращ. Франджым иIыгъа Алжирым и цIыхухэм хьэрыпыбзэ ирагъэщIэжын щхьэкIэ, хьэрып къэралхэм ирашурэ щэ бжыгъэкIэрэ лэжьакIуэ яшэрт. Аращ унагъуэщIэр Алжирым щылэжьэныр къызыхэкIар.

Къумыкъур тхакIуэ зэрыхъуар

- Си адэ-анэм Дамаск сагъэкIуауэ сыщеджэрт. Библиотекэ гъэщIэгъуэн гуэр дэтт къалэм, тхылъыжь куэд дыдэ щIэлъу. Гъэмахуэ гуэрым тхылъ мин седжэну къалэн зыхуэзгъэувыжащ, нэхъ псынщIэу щIэныгъэ зэзгъэгъуэтын щхьэкIэ. Арати, махуэ къэс сыкIуэурэ сыхьэтиплI-тхукIэ абы сыщIэст, дэфтэр сщIауэ, сызэджа тхылъхэр, ахэр нэхъыщхьэу зытеухуахэр кIэщIу абы истхэрт. Апхуэдизрэ уеджэмэ, зыгуэр уигу къэкIынкъэ? Школыр къызэрыдух къэрал экзаменыр ттыну зыдгъэхьэзыру ныбжьэгъу гуп дызэхэст. Гъэмахуэт. Шей дефэу дыщысу, абдежым зыгуэр сигу къэкIщ, тIэкIу сапыIукIуэтащ, сытIысри, рассказ стхащ. Ар газетым естри, къытрадзащ. ИтIанэ Хасэм «журнал» цIэр зэримыхьэми, къыдэкIыгъуэ гуэр иIэну хуит ящIырти, тIэкIу-тIэкIуу зыгуэрхэр къытеддзэурэ журналым хуэдгъэкIуащ. Сигури си псэри зыхуэгъэзари стхыну фIыуэ слъагъури рассказхэращ. Ауэ дахэ-дахэу сигу игъэзагъэу тхыдэмкIэ тхыгъэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, сыкъэкIуэжа нэужь тхыдэри къыхыхьащ. Тыркум щыIэ адыгэхэм я лъэпкъым теухуауэ ятхыр тырку политикэм ебакъуэмэ, къытрадзэнукъым. Хьэрыпым щыIэхэм ятхыр хьэрып политикэм ебакъуэмэ, къытрадзэнукъым. Мыбыи пащтыхь лъэхъэнэми совет лъэхъэнэми апхуэдэ къабзэт. ИужькIэ «перестройка» жыхуаIэр къэхъуащ. Урысейм  иджыпсту щыIэр демократие нэсу щымытми, хуитыныгъэ къыдет пэжыр ттхыжыну. Ар зимыгуапэ щыIэми, пэжыр птхымэ, Iумпэм ямыщIу къытрадзэнущ.

Кавказ зауэмрэ адыгэхэмрэ

- Иджы зэрыщытыр пщIэрэ? Мы Урыс-Кавказ зауэм апхуэдэу еджэ щхьэкIэ, Урыс-адыгэ зауэу щытащ. Абы щыгъуэм адыгэхэм тенджыз IуфитIым я зэхуаку дэлъ щIыр яIыгът. Шэшэнхэр иджыпсту адыгэхэм нэхърэ нэхъыбэщ - мелуаным нэсыжащ, ауэ абы щыгъуэм къэбэрдейхэм я Iыхьэ тхуанэм нэхърэ нэхъыбэ хъуртэкъым ахэр, бгыхэм ист. Грознэри нэхъ къалэ лъэрызехьэхэу Кавказым ит псори адыгэхэм я хъупIэу, я кIуапIэу, я псэупIэу щытт. Осетинхэр адыгэм и унафэм щIэтт, езыхэми ар ябзыщIкъым. Дагъыстэнхэр лъэпкъ цIыкIу куэду зэхэтт. Пэжщ, Щамили Урысейм пэщIэтащ, ауэ езы Урыс-Кавказ зауэм и процент пщIейр адыгэхэращ зытехуар. Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, къэбэрдейхэм я закъуэ куржыхэм хуэдиз хъурт. Къэбэрдей адыгэхэм Куржыр яхъумэну шуудзэ ягъэкIуэфырт. КъелъэIухэрт: зауэлIхэр къэвгъакIуэ е нэгъуэщI адыгэ къуажэ гуэр моуэ гъунапкъэм пэгъунэгъуу къэвгъэтIыси дыкъэфхъумэ, жаIэрти. Урысхэр абы щыгъуэм иджыри нэсатэкъым куржыхэм я деж. Мис апхуэдэу щытащ. Иджыпсту адыгэхэр дымащIэщи, мыпхуэдэу дыщытащ щыжыпIэкIэ, я фIэщ хъуркъым.
Адыгэхэр муслъымэн диным илъэсищэ бжыгъэкIэ итауэ жаIэ щхьэкIэ, ари пэжкъым. Адыгэхэр чристэнхэт. Чристэныгъэр адыгэ хабзэм даIыгъти, тIэкIу къэлэлауэ къыщIэкIынт я дин IыгъыкIэр. Урысхэм ар къагъэсэбэпри, зэщхьэщыжэгъу зэрыгъэхъуахэу, Мариер (Гуащэнэр), урыс пащтыхьым щишам щыщIэдзауэ илъэс щитIкIэ адыгэхэмрэ Урысеймрэ зэбгъэдэтащ, зэдэзэуащ. Урысейм адыгэхэр къихъумэрт жаIэ щхьэкIэ, абы и закъуэтэкъым. Адыгейми Урысейр ихъумэрт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тэтэрхэмрэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэмрэ япэщIэтт адыгэхэр. Кърым тэтэрыдзэ Идар Темрыкъуэ дыдэ къытемыкIуэфам Мэзкуу игъэсауэ щытащ. Абы къегъэлъагъуэ адыгэхэм къару, пщIэрэ щхьэрэ яIэу зэрыщытар.
Урыс-Кавказ зауэм и пэкIэ Урысейм адыгэхэр ныбжьэгъугъэкIэ къищтэу, чристэн диным теухуауэ Византием къригъэкIыурэ щоджэнхэр къигъакIуэу апхуэдэт. Византиер Тыркум икъута нэужь, адыгэ щоджэнхэр абыхэм я пIэ иувауэ ирагъаджэрт, адыгэ хабзэмрэ пасэрей адыгэ динымрэ чристэн диным къытекIуэрти. Урысхэм чристэн диныр къащтагъащIэти, езыхэм я щIэщыгъуэт, ауэ щыхъукIэ, адыгэхэм я деж чристэн диныр ди эрэм и япэ лIэщIыгъуэм къэсауэ щытащ. Еханэ лIэщIыгъуэм адыгэ псори чристэнт, тенджыз Iуфэм къыщыщIэдзауэ. Дагъыстэнхэрат муслъымэн диныр зыIыгъыр. Шэшэн бгыхэм кхъэуэ тетхэр яджыжащи, наIуэ зэрыхъуамкIэ, епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым нэс чристэн щIэлъхьэкIэу я хьэдэхэр ягъэтIылъыжырт. Адыгэхэр зэрычристэныр Урысейм тэмэму къыгурыIуауэ щытамэ, ди лъэпкъыр зауэ хэмыту Урысейм гуэту къэнэнут. Апхуэдэу къэнамэ, иджыпсту адыгэхэм я бжыгъэр мелуан щэщIым, плIыщIым нэсынт. Къэбэрдей адыгэхэр адыгэ псоми я Iыхьэ плIанэт. Иджыпсту Куржым сыт хуэдиз цIыху исыр? Мелуаних-блы мэхъу. Ар плIыкIэ гъэбагъуи, адыгэхэр апхуэдиз хъурт.

Сирием щекIуэкIыр

Сирием мы гъэм къикIыжахэм я гукъеуэхэр зэрыхьэлъэр ябзыщIыркъым, ауэ абыхэм куэдкIэ къакIэрыхуркъым илъэс тIощI и пэкIэ Хэкум къэкIуэжу абы зи Iыхьлы къыщызыгъэнахэр. Сихьам, унэгуащэ куэдым хуэдэу, и дыщыр Дамаск къыдэнащ, езыр щхьэгъусэм щIыгъуу къэкIуэжащ.
- Иджы нэхърэ нэхъ гугъу сыщехьа зэман къысхуихуакъым, - ибзыщIыркъым Сихьам игу зэрыхэщIыр.
Зауэм къыхэкIыурэ махуэ къэс хьэщIэ къызэрыхьэ унагъуэм адрейхэм я гукъеуэмрэ езыхэм яйхэмрэ яфIызэхэзэрыхьыжащ. Псом нэхърэ нэхъ гугъур Iуэхум щIэх кIэ игъуэтыну гугъапIи зэрыщымыIэрщ. Захуэмрэ къуаншэмрэ акъылкIэ пхузэхэгъэкIми, дыгъуасэ мамыру зэдэпсэуа цIыхухэм я зэхуаку къыдэзэрыхьа къаугъэ IэрыщIыр гум къищтэркъым.
- Зэныкъуэкъу гупхэр зэзэуэн щагъэта нэужь зэдоуэршэр, ерыскъы зэIэпах, - къытхуегъэхъыбар Сихьам хьэщIэхэм къыжраIахэр. - Унафэ къызэрыхуащIу, зэзэуэн щIадзэж. Зыгуэр къагъэуа нэужь, псэууэ къэнахэр зырызу зэрыхаукIыкIыжыр зэхыбох. Налшык щеджауэ зы щIалэ цIыкIу яукIри ягъэсыжащ зымахуэ, адыгэ къуажэ Мардж-СулътIан щыщу. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ щIалэжьар цIыхухэр ягъэшынэн къудей щхьэкIэщ. Щхьэ къэмыкIуэжрэ жыпIэнущи, псалъэм папщIэ, си дэлъхум щIалитI иIэщ, и хъыджэбзищыр унагъуэ исщ, сабий тIурытI-щырыщ якIэрыщIауэ. Зыр къыздишэмэ, адрейр къэнэнущи, и гур ныкъуэнущ. НэгъуэщI ди зы благъэ къэкIуэжыну хуейт, ауэ анэ тIорысэ зэрехьэ, езыр пенсэм кIуащ. «Си гъэтIылъыгъэхэр сухмэ, сыт унагъуэм яшхынур, дэнэ сыщылэжьэнур?» - жеIэри тегушхуэркъым. Тыншкъым зэуэ зыкъипчу укъежьэжыну. «Илъэс тIощI и пэкIэ фи гъусэу дыкъэкIуэжамэ дехъулIатэкъэ», - къыджезыIэ къахокI.
Къэралым щекIуэкIыр нэхъ зэIубзу къыдгуригъэIуэну Мамдухь делъэIуащ.
- Сирием и Iуэхур иджыпсту куу дыдэщ. ЗэпэщIэувэныгъэ ину XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм екIуэкIахэр уигу къагъэкIыж. Шэрджэс щIыналъэр а зэманым тIууэ щытт - кIахэ адыгэхэмрэ нэхъ хэIэтыкIауэ щыт къэбэрдейхэмрэ. Урысхэм ахэр яубыдыну хуейт, тенджыз хуабэхэм нэсын щхьэкIэ. Урысейр къэралыгъуэ абрагъуэ щыхъуар ахэр къаIэрыхьа нэужьщ. Ауэ сыт хуэдэ уасэкIэ? Кърым зауэм и зэманым Инджылызри Тыркури урысхэм япэщIэувэу зауэшхуэ къращIылIа хуэдэу къагъэлъэгъуа щхьэкIэ, абы щыгъуэм Урысейр якъутэну аратэкъым: мо Уэсмэн пащтыхьыгъуэм муслъымэн диныр Европэм хипщати, ар кърахужынут. Ар къизыхужыфыну щыIэр Урысейрат: урысхэмрэ къухьэпIэ къэралхэмрэ зэгъусэ хъуат Уэсмэн пащтыхьыгъуэр Европэм къихужынымкIэ. Европэ къэралхэми я жагъуэтэкъым Урысей лъэщыр дунейм къытехьэныр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ермэлыхэмрэ куржыхэмрэ чристэн къэралыгъуэм нэхъ пэгъунэгъуу щытхэти, ахэр зыхъумэфын, я динэгъу къару щыIэтэкъым, урысхэм фIэкIа. Ауэ Урысейр къарууфIащэ хъуат, и дзэхэмкIэ Истамбыл къиубыдыфынут, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и Iэр куууэ хилъхьэу щIидзати, Кърым зауэр къращIылIэри, Урысейр абдеж щалъэхъащ.
Кърым зауэр иухри, 1856 гъэм Париж мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр зэращIылIащ, абы ипкъ иткIэ Черкесиер - Шэрджэс къэралыгъуэр -щхьэхуиту псэун хуейуэ унафэ къащтащ. АрщхьэкIэ ар псалъэт, я фIэщтэкъым. Абы щыгъуэм урысхэм къратащ мы Кавказ Ищхъэрэр, Урысейм и ипщэрей гъунапкъэр мы бгы сэрей екIуэкIым къэсыну хуиту. НтIэ, зэрыпхъуакIуэ лIэщIыгъуэтэкъэ XIX лIэщIыгъуэр - дунейр зэхуагуэшырт къэрал нэхъ инхэми, урысхэм дежкIэ геостратегие мыхьэнэшхуэ иIэт Шэрджэс щIыналъэм. Зыхуейр тхылъкIэ къаIэрыхьа щхьэкIэ, «Жыгым пыс бзур удот» жыхуаIэм хуэдэт. Сытми, апхуэдэ щIыкIэу урысхэр адыгэхэм фIагъанэри, Истамбыли кърагъэщтакъым, КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми шы фIэдзапIэ щрагъэубыдакъым. Абыхэм куэд щIауэ ящIэрт КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щIыдагъэу щIэтыр, ар къагъэсэбэпу щIадзат. ИтIанэ геостратегие и лъэныкъуэкIэ, КъуэкIыпIэ Гъунэ­гъум тепщэ хуэхъум дунейр псори иубыдыфыну, дэни нэсыфыну апхуэдэу щытти, урысыр абы намыгъэсын щхьэкIэ, адыгэр ягъэунэхъуауэ аращ.
Иджы нобэ Сирием щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэ иным и плъапIэ нэхъыщхьэр Урысейм и ипщэрей Iыхьэхэр къыгуаудынращ. Лъэпкъ зэхэгъэжи тщIыну дыхуейкъым, ауэ    иджыпсту Бжьэдыгъухьэблэ и Iэшэлъашэм ис ермэлыхэр мелуаным нэсащ. Ермэлыхэм я Iэр Урысейм и жыпым илъ щхьэкIэ, я гур КъухьэпIэмкIэщ здэщыIэр, Дунейпсо ермэлы фонд яIэу къухьэпIэ къэралхэр къадоIэпыкъу. Дэ дыкъыщыкIуэжагъащIэ лъэхъэнэм адыгэхэр сыт хуэдизу гугъу ехьа, псэупIэрэ лэжьапIэрэ ямыгъуэту. Абы щыгъуэм доллар мин блыщIрэ тхурэ къратырт ермэлы унагъуэу Бжьэдыгъукъалэ куейм итIысхьэм. Зэрынэсу «вид на жительство» хуащIырт, паспорт, щIыгу къратырти, унэ ящIхэрт.
XIX лIэщIыгъуэм Урысейм адыгэхэм ятеухуауэ стратегие щыуагъэ ин ищIащ. Аргуэру адыгэхэм ядэIэпыкъуу къамышэжмэ, апхуэдэ дыдэ щыуагъэ ящIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэ инхэм адыгэу мелуан бжыгъэ хэтщ, зы лъэныкъуэкIэ. ЕтIуанэ лъэныкъуэкIэ, мы Урысейм и ипщэ куейхэм апхуэдиз ермэлы КъухьэпIэм къригъэтIысхьэным и щхьэусыгъуэр а лъэпкъыр фIыуэ зэрилъагъуракъым. Ермэлыхэр зэрычристэным щхьэкIэ урысхэм дзыхь нэхъ къыхурагъэщIурэ, ахэр зрагъэтIысхьэ щIыр тыншу гуаудын щхьэкIэщ.
 Сирием щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэм газри хэтщ. Урысейр мы дунейм газ къыщIэшыпIэ нэхъыбэ дыдэ зиIэхэм ящыщщ, абы къыкIэлъыкIуэр КъэтIэрырщ. КъэтIэрым и газыр кхъухьхэмкIэ зэбграшри, лъапIэ мэхъу, Сирием блэмыкIыу Европэм нагъэсыфынукъым. Сирием блэкIыу КъэтIэрым и газыр Европэм нэсмэ, Урысейм яхуигъэув уасэр ираудыхыфынущ. Урысейм и экономикэм ар хуабжьу зэран хуэхъунущ. Иджыпсту Европэм газ зэрырищэ уасэр и зэхуэдитIым нэс къраудыхыфынри хэлъщ. Совет Союзыр якъутэн щыхъум, Сауд Хьэрыпым щIыдагъэм и уасэр и Iыхьэ пщIанэм нэс ириудыхри, илъэситIым и кIуэцIкIэ Совет Союзым и экономикэр зэхакъутащ. Аргуэру Урысейр газым и уасэмкIэ якъутэну аращ.
 

Асад Башар текIын хуей?

- Хьэрып лъэпкъым XIX лIэщIыгъуэм щIадзэри, Европэм дэплъейхэурэ, я муслъымэныгъэри ямыгъэкIуэду, я псэукIэм фIыуэ зрагъэужьащ. Сириер, Мысырыр, Иракыр, цивилизацэ жыхуаIэр ялъэ­Iэсри, лъэщ хъуахэт. Иджы ахэр якъутэу, уахьабизмэм зыщрагъэужьыну аращ я мурадыр, щIыдагъэ нэхъыбэ зиIэ модрей бедуинхэри хуит ящIынущ. Къумырысхэр куэд щIакъым цивилизацэм зэрыхыхьэрэ. Унэ лъагэхэм щIэсу плъагъу щхьэкIэ, я гупсысэкIэр пшахъуэм хэсу шэтырым щIэсхэм ейм хуэдэщ -  илъэс щэщI нэхъыбэ хъуакъым я нэр къызэрыплъэжрэ. Ахэр къэгъэпцIэгъуафIэщ. Мис иджы бегъымбар лъапIэр щагъэпуду фильм ирагъэщIащ, абы и пэкIэ карикатурэхэр ящIри, цIыхухэр къызэщIагъэстащ. Апхуэдэу лъыр тыншу къэзыгъэутхъуэ, цIыхур къэзыгъэгубжь IуэхухэмкIэ къахуэщхьэпэнухэм трагъэплъэкъукIыурэ, я щIэныгъэми псэукIэми хамыгъахъуэу ягъэпсэуну хуейуэ аращ. Сытми, щIыдагъэр яухыху хьэрыпхэм я акъылыр яфIэкIуэдын хуейщ, КъухьэпIэм зэран хуэмыхъуу. ЗэрыфIагъэкIуэдыр дин пхэнжыр къыхапщэу, къаугъэ къызэрыкIын Iуэхухэр къаIэту-   рэщ. Псалъэм папщIэ, бзылъхугъэм дауэ зэрызихуэпэнур, и нэкIур щIихъумэн хуей хьэмэрэ хуэмей? Сыт хуэдэ фащэ щыгъын хуейр? И Iэр къыщIэщ хъуну хьэмэ псори фIыцIэкIэ щIэхъумапхъэ? Япэ къэсым хузэмыгъэзахуэ мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ цIыхур зэхэзехуэн ящI.
Хьэрып къэралхэм ящыщу Сириеращ къэнэжар дунейпсо цивилизацэм лъэщIыхьэу. Демократие и лъэныкъуэкIэ, Iулъхьэ и лъэныкъуэкIэ Iейуэ зэхэзэрыхьауэ щытщ, пэжщ, ауэ, сызэреплъымкIэ, апхуэдизу Iейми, модрейхэм къахьыну зэхэтыкIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIщ.
Языныкъуэхэм къафIощI Асад Башар текIмэ зэфIэкIауэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, икIуэтын хуейкъым ар. Ар текIмэ, граждан зауэм щIидзэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Асад зимыгъэхъейми, мо Сирием къебгъэрыкIуэ бедуинхэмрэ дин пхэнж зезыхьэхэмрэ япэувыну цIыху минищэхэр исщ.
Къыкъуэт зиIэм еплъ - Сирием ис ермэлыхэр махуэ къэс Армением мэлъэтэж. Телевиденэм къиувэри жаIащ: «Дэ зым гъусэ дыхуэхъуу, адрейм дезэуэну Iэщэ къэтщтэнукъым». Адыгэхэри апхуэдэ къабзэщ. Ауэ ермэлыхэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр зыщ: ермэлыхэр ишэжыну езы Армение дыдэм IэкъикI имыIэми, къыдэIэпыкъунухэщ. ИтIанэ ермэлыхэр зэрычристэным щхьэкIэ, дэни ирагъэблэгъэнущ, дэни щагъэтIысынущ. Адыгэхэр мы дунейм зыщыгугъын теткъым, Тхьэм фIэкIа, итIанэ - Урысейм. Мы Iуэхум и унафэ Урысейм щызыщIыпхъэр къэралым ифI къызэрыкIынум егупсысу стратегие гупсысэкIэ зиIэхэращ, армыхъумэ урыс фанатикми къызэрыгуэкI политикми хуэщIынукъым. Iуэхур Iуэху инщ.
Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ ижь-ижьыж лъандэрэ зым щекIуэкI къаугъэм адрейр хелъафэ. Мес Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэр мафIэгъэсын ящIу, урысхэр Кавказым зэрыщызауэмкIэ ялъэхъэн я гугъа щхьэкIэ, Совет Союзым зыкъиужьри Йеменми, Сомалими, Эфиопиеми нэсыфат, аращ иужькIэ а къэралышхуэр щIакъутари. ГъэщIэгъуэныр - Совет Союзыр нобэрей Урысейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къэрал лъэщт, нэхъ къэрал абрагъуэт, ауэ хамэ хэку ис адыгэхэм ятеухуауэ мащIэми-куэдми политикэ пыухыкIа щыIэт. «Хэку» («Родина») хасэр къызэрагъэпэщри, мин бжыгъэм нэсащ адыгэ щIалэу еджакIуэ къашахэр. ХьэщIэу къашэурэ, хамэ къэрал щыпсэухэмрэ хэкум исхэмрэ зэпызыщIэжар Совет Союзым и лъэхъэнэм щыIа лъэпкъ политикэращ. Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, сщIэркъым Урысейм адыгэхэм ятеухуауэ лъэпкъ политикэ яIэжу. Совет Союзым и лъэхъэнэм ХэкумкIэ къаплъэрт дэни щыIэ адыгэр, гугъэ гуэр щыIэт. Иджы щыIэкъым. Мис, квотэр духащ жари, Сирием цIыху афIэкIа кърагъэкIыжыркъым. Дауэ квотэр зэрыбухынур? Сэ Урысейм и хабзэхэр зэблэхъун хуейщ жысIэркъым, ауэ законыр щIащIар цIыхухэращи, абы цIыхугъэ гуэр хэлъу гъэзэщIэн хуейщ.

Хьэрыпыбзэр щIытхузэмыгъащIэр

ЩIэныгъэлIхэм иужьрейуэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, цIыхур дунейм къыщытехьэкIэ, бзэуэ щыIэм «я программэр» абы и акъылым хэщIыхьауэ къалъху. И хъуреягъкIэ щызэхих бзэхэм «зыкъызэIуах», адрейхэр къэмысэбэпауэ къонэ. А къэхутэныгъэм нэгъуэщIыбзэ зэгъэщIэныр хамэ дыдэу зыми и дежкIэ зэрыщымытыр къегъэлъагъуэ. Хамэ къэралыбзэ зыбжанэ еджауэ зызыбжыж цIыхум ищIэныр нобэрей дунейм Iэмалыншэу къегъэув: щэнхабзэ зэхуэмыдэхэм къыхэтэджыкI иджырей цIыхум и къэухьым щыщIэныгъэшхуэ иIэу къонэ, езым и лъэхъэнэм щыIэ щIэныгъэм лъэмыIэсмэ. Дауи, а псори егъэхын фIэкIа хуэмейуэ, уи бзэкIэ къыщыпIэрымыхьэр нэхъыбэщ. ЩIэныгъэрэ литературэкIэ къулейхэм ящыщщ Къумыкъу Мамдухь илъэсиблкIэ университетым щригъэджа хьэрыпыбзэри.
Мухьэжырхэм къэкIуэжын зэрыщIадзэрэ зыщIыпIи къишын хуэмейуэ хьэрыпыбзэ езыгъэджыфынухэр, пэщIэдзэ классхэм щылэжьаи яхэту, Хэкум щыкуэд хъуащ. Ауэ ахэр IэнатIэншэу е я IэщIагъэм темыхуэ лэжьыгъэ ягъэзащIэурэ къопсэу, мыдрей лъэныкъуэмкIэ, дызыгъэщхьэрыуэну гупсысэкIэр къытхэзыпщэну хуейхэм я Iэщэ мыубзэщхъуу а бзэр зэрыдмыщIэр къагъэсэбэп. Совет Союзым къуэкIыпIэ къэралхэр «кIуэцIрыхуауэ» зэрибжу щытам къыхэкIыу, а лъэныкъуэм щыцIэрыIуэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, адыгэхэри яхэту, я лэжьыгъэхэр зэрадзэкIакъыми, нобэми дымыцIыхуу къонэ.
- Университетым хьэрыпыбзэр зэрыщрагъэджым щыуагъэ закъуэ хэлъщ, - къыддогуашэ Мамдухь и гупсысэхэмкIэ. - Хьэрыпыбзэр «общее языкознание» жыхуаIэм епхауэ къокIуэ. КIэщIу жыпIэмэ, урысыбзэри, инджылызыбзэри, нэмыцэбзэри зы еджэкIэ хабзэм тету ядж, ауэ щыхъукIэ европей бзэхэм я грамматикэ лъабжьэр зэтехуэми, хьэрыпыбзэм ейр нэгъуэщIщ. ИтIанэ къэзыухыр егъэджакIуэ хъууэ хьэрыпыбзэ иригъэджыфыну аращ зэрагъэхьэзырыр. Апхуэдэ егъэджакIуэ иджыпсту къэралыр хуейкъым, еджапIэхэм хьэрыпыбзэ щаджыркъым. БзэщIэ щыбджкIэ, абы къигъэхъуа щэнхабзэр, ар зезыхьэ лъэпкъым и тхыдэр джын хуейщ. Хьэрыпыбзэр къапщтэмэ, хьэрыпыр зищIысыр, и гупсысэкIэр, и псэукIэр, и зэхэтыкIэр къагурыIуэфын хуэдэу, дин щэнхабзэ тIэкIуи хэту, егъэджыпхъэщ. Псыхуабэ бзэхэр щрагъэдж институтым и хьэрыпыбзэ къудамэм щIэсхэр Урысейм ейуэ хьэрып къэралхэм щылажьэ экономикэ фирмэхэм ядэлэжьэфыным хуагъэхьэзыр. Абы я Iуэхур нэхъ нахуэщ. ЕгъэджакIуэ хъунур дэнэ здэкIуэнур? ЛэжьапIэ щыIэкъым. Мыр-мор джын хуейщ жаIэу зыгъэпсахэм план хэха и гъусэу зэхалъхьауэ щытамэ хъунут. Ди студентхэр илъэситхукIэ идогъаджэ. ИлъэситхукIэ махуэ къэс сыхьэтиплI-сыхьэтих щегъакIуэ абы университетым. ЩебгъаджэкIэ, студентым куэд ебгъэщIэфынущ, бзэри хэту. Згъэунэхун щхьэкIэ, рассказхэр, романхэм щыщ пычыгъуэхэр, усэ гугъу дыдэхэр естырти, ахэр къагурыIуэ хъуат еплIанэ курсым. Мис ар егъэджакIуэр зэрыхуейм елъытауэ щымыту, план нэгъэса щIын хуейщ, абы лъэбгъэIэсыныр къалэну зыхуэбгъэувыжу. Ещанэ гъэм нэсыху хьэрыпыбзэкIэ газет еджэмэ, къыгурыIуэн хуэдэу. Ар, дауи, студент егугъуращ. Апхуэдэм ещанэ курсыр къыщиухкIэ, сыт хуэдэ тхылъи, газети, журнали, псалъалъэ иIыгъмэ, еджэфу мэхъу. Урысыбзэр зэрадж методикэм тету хьэрыпыбзэри ирагъэщIэну яухуащ. Ар хъуркъым - бзитIым я грамматикэр зэрылажьэ хабзэхэр зэтехуэркъым. Уеблэмэ адыгэбзэри урысыбзэ методикэм иракъузащи, абы зиужьыркъым икIи ихуэркъым ар а къупхъэм. Индоевропей бзэхэм езыхэм я егъэджыкIэ Iэмал яIэжщ, адыгэбзэр индоевропей бзэкъым, езым и методикэ иIэжын хуейщ. Мопхуэдиз тхыгъэрэ мопхуэдэ щэнхабзэрэ зиIэ хьэрыпыбзэр уи методикэм ибукIэкIэ изэгъэну? Бзэм и хабзэр зэрызекIуэ гъуэгум утехуэн хуейуэ аращ, армыхъумэ ар здэмыкIуэмкIэ пхуэшэнукъым.

Унэ мыхъуу, жылэ хъуа

Къумыкъу Мамдухь Сириеми Урысейми я Тха­кIуэхэм я союзхэм хэтщ. Хэкум къэкIуэжын и пэкIэ тхакIуэм КIыщокъуэ Алим и «Хъуэпсэгъуэ­ нурымрэ» IутIыж Борис и «Тыргъэтауэмрэ» хьэ­рыпыбзэкIэ зэридзэкIауэ щытащ, и рассказхэр къригъэхьурэ «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзэрт. Езыр къэкIуэжа нэужь, рассказхэр зэрыт тхылъ къыдигъэкIащ, Урысей литературэм и зы къудамэу щыт адыгэ литературэм и тхакIуэти, IэщIагъэ­кIэ зыхэтыпхъэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми­ ха­гъэ­хьащ. Нэхъ гъэщIэгъуэну Мамдухь къыде­кIуэ­кIа Iуэхухэм ящыщщ абы и фIыгъэкIэ хьэрып тха­кIуэхэмрэ адыгэ тхакIуэхэмрэ зэпыщIа зэрыхъуар:
- Сирием и ТхакIуэхэм я союзым журнал дэгъуэ къыдегъэкI мазищ къэс зэ, хамэ къэрал литературэм теухуауэ. Езыр иныфIщ, напэкIуэцI щищ хуэдиз хъууэ. Абы и зы къыдэкIыгъуэр зэрыщыту адыгэ литературэм теухуауэ тщIауэ щытащ. Совет Союзыр щыкъутэм, адыгэ тхакIуэхэми балъкъэр тхакIуэхэми зэгухьэныгъэ зырыз яIэ хъуат, къэбэрдейхэми нэхъ хуиту загъэхъеифырт. Сэ модэкIэ Сирием и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм сыхэтт, я тхьэмадэри си ныбжьэгъути, къэкIуэну зэрыхуейр жиIащ. НтIэ, Зэгухьэныгъэхэр зэпытщIэнщ жытIэри, зэлъэIэсауэ щытащ. Тхьэзэплъ Хьэсэн абы щыгъуэм УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и секретарт, республикэ къулыкъущIэхэм ящыщу Елей Лукьян, итIанэ Нало Ахьмэдхъан - ахэр ирагъэблагъэщ, къагъэхьэщIэщ, зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэри, зызэпащIауэ щытащ. Нэгумэ Шорэ и махуэшхуэр щагъэлъапIэм, модрейхэри кърагъэблагъэри Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIат.
Нобэрей адыгэ литературэм зэреплъымкIэ дыщеупщIым Мамдухь жиIащ:
- Литературэм зыщIимыужьыр къэралым щэнхабзэм щхьэкIэ къиутIыпщ мылъкумкIэ къыбгурыIуэнущ. ТхакIуэр игу къыдэжу щытхэр итхар цIыхум ялъэIэсмэщ. Пэжщ, гум Iейуэ ежэлIауэ птхын щыIэмэ, къытрадзэ-къытрамыдзэми, утыку игъуэтынущ, псым, щIыгущIагъыр къызэпхиуду, гъуэгу къызэригъуэтым хуэдэу. Ауэ мыбы зыгуэр къеджэну пIэрэ жиIэу гугъэ щымыIэмэ, тегушхуэнукъым. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, зэхуэмыхъу псори къэралым и закъуэ теплъхьэ хъунукъым. Иджыпсту ди лъэпкъым ди бзэм пщIэ хуэтщIыжрэ?     Адыгэ гупсысэкIэ, лъэпкъ гупсысэкIэ диIэ? Лъэпкъ гупсысэкIэм и гугъу щытщIкIэ, «уэхьэхьей» жытIэу Урысейм дыкъыхэжыну аракъым зи Iуэху зетхуэр. Урысей Федерацэм и Конституцэм къыдит хуитыныгъэхэр ди лъэпкъым и щэнхабзэмрэ и хабзэмрэ зэтедгъэувэжынымкIэ нэгъэсауэ къэдгъэсэбэпрэ? Ди цIыхубэр еджэрэ? Зымахуэ «АдыгэбзэкIэ хэт тхылъ еджэрэ?» - жаIэри щIэупщIати, «Сэ адыгэбзэкIэ тхылъу къыдэкIхэм седжэркъым, сызэджэр модэ европэ тхылъхэр, европэ усэхэращ», - къаритыжащ жэуап усакIуэ гуэрым. «Унэ мыхъуу, жылэ хъуа» - жеIэ адыгэм. Еджэ европэ усэхэми, ауэ, адыгэбзэкIэ газет, журнал мащIэ-куэдми къы-щыдэкIкIэ, къалэмыр зыIыгъым ищIэн хуейщ езым и лъэпкъэгъу тхакIуэхэм жаIэр, и цIыхубэм я гукъе-уэр, я гум илъхэр. Абыхэм еджэхэр нэхъыбэмэ, ди цIыхубэм я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ, я лъэпкъымрэ я тхыдэмрэ пщIэ хуащIыжмэ, ахэращ тхакIуэр зыгъэтхакIуэр. ИтIанэщ къэбэрдей литературэми зыщиужьынур. Я цIэхэр къыжысIэу зым сыщытхъуу адрейр къэзгъэнэнукъым, ауэ, уэлэхьи, нэпсыр пхуэмыубыду адыгэ усэ ятхым. Апхуэдэ дыдэу нэгъуэщI тхыгъэхэри щыIэщ. Дуней псом я пащхьэ иплъхьэ хъун ятх ди тхакIуэхэми ди усакIуэхэми. Ди цIыхубэр абы пэджэжрэ? Абы пщIэ хуащIрэ? Мис аращ упщIэ нэхъыщхьэр. Дауи, къэралым зыгуэр къыпхуищIэмэ, абыи мыхьэнэ гуэр иIэщ. Ауэ нэ-хъыщхьэр япэ щIыкIэ дэ ди лажьэр тщIэжын хуейуэ аращ.

Зыщ тIуми жытIэнур

Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ди уэршэрым Сихьам къызэрыхэуваишхуэ щыIэкъым. Ар щедудэкIым: «Зыщ тIуми жытIэнур», - жиIэри, къэтлъыхъуар къэдгъуэтыпащ.
Сабиищ - хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ - зэдэзыпIа зэщхьэгъусэхэм иджы унагъуэ ихьа япхъу Мирэ и бынхэр я нэхъыщIэщ, абыхэм я сурэтхэм хьэщIэщыр ягъэщIэращIэ. Бибарс университетым щоджэ, хъыджэбз нэхъыжь Маринэ инджылызыбзэм хуеджауэ 9-нэ школым а бзэр щрегъэдж. Мирэ унагъуэм и псэупIэм и Iэгъуэблагъэм ит рекламэ IуэхущIапIэм щолажьэ.
- Унагъуэр унагъуэ хъун щхьэкIэ, псом япэу, абы и нэхъыжьхэр зэгурыIуэу щытын хуейщ, - Сихьам къеIуатэ и унэм щIэлъ гупсэхугъуэм лъабжьэ хуэхъу гупсысэ гъэтIылъахэр. - Тхьэмадэмрэ унэгуащэмрэ я акъыл зэтехуэу, адыгэ хабзэм тету я бынхэр ягъасэмэ, - аращ нэхъыщхьэр. Дэ дызыщIапIыкIар а нэхъыжьым едэIуэнращ. Нэхъыжь щыIэмэ, абы уе-дэIуэн хуейщ! Япэ щIыкIэ уи адэ-анэм, адэ-анэм уфIэкIмэ, уи щхьэгъусэм. Унагъуэм зы хабзэ илъын хуейщ, псоми яIыгъыу.
«Сыт си щIалэгъуэм фIыуэ сыкъэплъагъукIэ?» - къыщIедзэ Сокъур Мусэрбий и усэхэм языхэзыр. Дэ а упщIэмкIэ ди тхыгъэр нэдгъэсынщ, «Зыщ тIуми жытIэнур» псалъэухамкIэ псори къыджезыIа Сихьам тщымыгъупщэжын хуэдэу.

ЮНИСЕФ-м и зэIущIэм.
Амман, 1989 гъэ

 

 

Къумыкъухэ я унагъуэр: Мирэ, Мамдухь, Бибарс, Сихьам, Маринэ.
Налшык, 1999 гъэ

ЧЭРИМ Марьянэ.
Поделиться: