Дунейм щыхъыбархэр

Нобэрэ пщэдейрэ

Бадзэуэгъуэм и 1, бэрэжьей

♦Бурятием егъэлъапIэ езым фIэфIу Урысей къэралыгъуэм щыхыхьа махуэр (1661 гъэм)
♦Зауэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэта ветеранхэм я урысей махуэщ
♦Бакудэсым и дунейпсо махуэщ
♦Армением и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Тыркум и Дзэ-тенджыз къарухэм я махуэщ
♦Канадэм и махуэщ
♦1200 гъэм
Китайм дунейм щыяпэу щащIащ нэхэр дыгъэм зэрыщахъумэ нэгъуджэ.
♦1751 гъэм дунейм щыяпэу Франджым къы­щыдэкIащ «ЩIэнгъуазэ» тхылъ.
♦1862 гъэм Москва къыщызэIуахащ Урысей къэрал библиотекэр.
♦1875 гъэм дунейпсо пощт зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1882 гъэм Петербург лэжьэн щыщIидзащ япэ телефон станцым.
♦1904 гъэм Сент-Луис (США) къыщызэIуахащ III гъэмахуэ Олимп Джэгухэр.
♦1917 гъэм Урысейр япэ дыдэу техьащ гъэмахуэ зэманым.
♦1921 гъэм Шанхайм къыщызэрагъэпэщащ Китайм и Компартыр.
♦1955 гъэм дунейм къытехьащ «Иностранная литература» литературно-художественнэ журналым и япэ номерыр.
♦1957 гъэм Москва и Театр Иным щызэхэтащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм ята иужьрей концертыр.
♦1966 гъэм СССР-м колхозхэтхэми мазэ къэс улахуэ ирату щыщIадзащ.
♦1981 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и прав­ленэм и секретару хахащ.
♦1889 гъэм къалъхуащ совет скульптор, сурэтыщI цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ художник, Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр тхуэнейрэ зыхуагъэфэща Мухинэ Верэ.
♦1911 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Маршал, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Соколов Сергей.
♦1925 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ
Лучко Кларэ.
♦1934 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джатэгъэжь Владимир.
♦1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс жылагъуэ лэжьакIуэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэть Iэдэмокъуэ Альберд.
♦1961 гъэм къалъхуащ США-м щыщ спортсмен, атлетикэ псынщIэмкIэ бгъуэнейрэ Олимп чемпион хъуа Льюис Карл.
♦1980 гъэм къалъхуащ Китайм и къалащхьэ Пекин къалэм 2008 гъэм щекIуэкIа ХХIХ гъэмахуэ Олимп Джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ чемпион щыхъуа Хъущт Аслъэнбэч.
♦1996 гъэм къалъхуащ урысей фигуристкэ, Сочэ къалэм 2014 гъэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэм я чемпионкэ Сотниковэ Аделинэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

Бадзэуэгъуэм и 2, махуэку

♦Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ. 1924 гъэм бадзэуэгъуэм къызэрагъэпэщащ спортым тетхыхь, тепсэлъыхь журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр.
♦Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ
♦Днепр псым и дунейпсо махуэщ
♦Уфологым и дунейпсо махуэщ
♦Къэзахъстаным и дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Узбекистаным и къэрал гербыр къыщащта махуэщ
♦Азербайджаным и полицэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1556 гъэм
пащтыхь Грозный Иван Астрахань щIыналъэр Урысей къэралыгъуэм хигъэхьащ икIи Астрахань хъаныгъуэр икъутэжащ.
♦1860 гъэм Владивосток къалэ-кхъухь тедзапIэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ. Иджыпсту ар УФ-м и Приморскэ крайм и къалащхьэщ.
♦1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» трестыр къызэрагъэпэщащ.
♦1975 гъэм Ростов - Владикавказ гъущI гъуэгум мафIэгухэм щызекIуэу щIадзащ.
♦1976 гъэм Вьетнам Социалист Республикэр къызэрагъэпэщащ, Ищхъэрэ, Ипщэ Вьетнамхэр зэгуагъэхьэри. И къалащхьэ Сайгон и цIэр Хошимин жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1990 гъэм къызэIуахащ КПСС-м и иужьрей, ХХVIII, съездыр. Ар бадзэуэгъуэм и 13 пщIондэ екIуэкIащ.
♦1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин.
♦1922 гъэм къалъхуащ франджы модельер цIэрыIуэ Карден Пьер.
♦1925 гъэм къалъхуащ  Африкэм хыхьэ Конгэ къэралым щыщ политик цIэрыIуэ Лумумбэ Патрис.
♦1955 гъэм къалъхуащ актрисэ, кинорежиссёр, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ Яковлевэ Александрэ.
♦1955 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэралым и Жылагъуэ палатэм хэт Гурцкая Дианэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЦIыхур зыщIэхъуэпсыр гугъэм къыхуеший.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ