Онегин Евгений

Пушкин  Александр

                       XXVII
КъыджаIэр: хуэфщI къалэн цIыхубзым,
Вгъэшынэ, евгъэщIэнум бзэ!
Хуэмейуэ пщащэр урысыбзэм
КъысфIощI «ФIым щIэкъур» къищтэм зэ.
УсакIуэхэ, фыув щыхьэту,
Хеищэ зытщIыжын дыхэту,
Ар пэжкъэ, зэ къэтхьам гуэныхь,
Худотхыр щэхуу усэ кIыхь
Зыхуэгъэзам ди лъагъуныгъэр;
БзэмыщIи щыIэщ къыщытхэкI,
Бзэ къабзэр пцIыуэ зэзыхъуэкI,
Псэм къикIыу ятхыми я гугъэр;
Апхуэдэр, ди бзэр хуей, хуэмей,
Куэд мыщIэу хъужыркъэ дыдей?
                      XXVIII
Тхьэм къысхуимыхькIэ, ажал теплъэу,
Слъагъуну гъуэжьу пырхъуэм дей
IэлъэщI динырылажьэм телъу,
Е Академик и бостей!
Сэ Iупэ цIыкIухэр гуфIэу слъагъум,
Фи фIэщ фIщы, сыт хуэдэ щыуагъэм
Сеплъыхэркъым, яхузогъэгъу,
Сыщытми урысыбзэ щIэгъу.
Мес, къохъур тхьэIухуд щIэблэщIэ,
НэгъуэщI зэман къэмыхъум вдэ:
Драгъаджэу ахэм тхэным дэ,
ЗэдгъащIэу усэ, дыжыIэщIэу.
ЖысIэнщ, къысхуэнэмэ лIыгъэжь,
Сызыхуэпэжыр лъэхъэнэжьщ.
                    XXIX
Зэмыгугъуам, мыгурыIуэгъуэм,
ПсэлъэкIэр мытэмэму, бзэм
Сахьыжу сфIощIыр си щIалэгъуэм,
ЦIыхубзхэр щысфIэфIам. Зэм-зэм
Сешынщ; зысхуэхъуэжынкъым ауэ
Я gallicisme-м сихьэхуауэ;
Ягу IэфIу телъщ, гуэныхь къэсхьам,
Феплъ Богданович зэхилъхьам.
Аращ тIэ, Iуэху къызожьэр, пэжу,
Сеплъынщ итхам ди дахэкIейм;
Сэ псалъэ стащ, иджы сыхуейм,
Абы сепцIыж хъун, сыщIегъуэжу?
Парни и тхыгъэ гуакIуэр фщIэм,
Хэтыжкъым усэ тхыныр тщIэм.
                      XXX
Нэщхъеиныгъэм, санэхуафэм
Хуэптхат уэрэд, дызэгъусам,
СынолъэIунут сеплъу уафэм,
Си ныбжьэгъужь, сыплъэIэсам:
Урыс макъамэ щIэбгъувэну,
Хамэбзэм упэщIэувэну,
Хъыджэбзым пщIыну IупщI итхар.
Ужыжьэ? Сэ сызыхуитар
Уэстынт уэ пщIэну, щхьэщэ пхуэсщIу;
Утет хъунщ бгыщхьэм, къыр нэщхъейм,
УхатхъыкIауэ щытхъур зейм,
Уи закъуэу, Фин уафэбгъур нэщIу
А къыздэпкIухьым хъу дзыхьмыщI,
Зэхэпхым хэти, сэр нэмыщI.
                      XXXI
Татьянэ и тхылъымпIэ сIыгъым,
ЗгъэлъапIэу зесхьэм, мис, соплъыж,
Мыяпэу соджэ сэ мы тхыгъэм,
Епха хъыбарыр сигу къокIыж.
Мыпхуэдэу данэ бзэ щабагъэр,
Щыхуейми, дэхэу мысакъагъэр
Къыздрихар; здыхуейм деж, жакъ,
Здыхуейми, гуакIуэу псалъэмакъ,
ЗэригъэкIыфу удихьэхыу?
КъысхуэщIэркъым. Фолъагъур сщIар,
Сэ зэдзэкIыгъэ зыфIэсщар,
Мыхъуами, стхакъым ар сыщхьэхыу:
«Фрейшиц» пшыналъэр мыхъу зэпэщ,
Еуэну хэтым пэмылъэщ.
Татьяна Онегиным хуитха тхыгъэр
Уидей нызотхыр, сыт нэхъ лейуэ
ЖысIэн иджырикI, сыт пысщэн?
Ухуитщ сыбгъэикIэнум Iейуэ,
Хэплъагъуэм стхам мыхъун хьэл-щэн.
Сигу укъинами, си псэр хейуэ
Къэнащи, къыслъысар гухэщIщ,
ГущIэгъу къысхуэпщIым, пщIынщ уи фIэщ.
Си гугъэт япэщIыкIэ щэхуу
Сигу илъыр; сфIэемыкIуу сбжар
Схъумэну, уэзмыгъащIэу ар -
СлъэкIынут, жысIэркъым щIэху-щIэхуу,
Услъагъу къудейм тхьэмахуэ къэс,
УкъэкIуэтам ди щIапIэм нэс,
Щытам зэхэсхыу жыпIэ псалъэр,
Iэмал сиIам бжесIэн зыгуэр,
Къыстеуэмэ гупсысэ уэр,
Къысхуэмыгъэсу адрей пIалъэр;
ЖаIауэ сощIэр, уцIыхумыщIщ,
Ди щIыпIэ дэгум ущезэшми,
Хьэлэлщ, емыкIу уэ къытхуумыщI,
Дигу ди псэр, батэр дымыгъэшми.
Сыт мыгъуэт къэбгъэнар дыдей,
Пхыдзауэ къуажэ ямыщIэжым?
Узмылъагъуам, сыхъунт пIейтей,
Апхуэдэу си псэр мыупщIэжу,
Схуэмыхъуу си нэм нэпс къыщIэжу?
Зэманыр кIуэнт (хэт зыщIэр ар?),
Гум идэу къысхуэзэнт сэ гъусэ,
СхуэгъэзэщIэнт жиIар щхьэгъусэм,
Тхьэм анэм и пщэм кърилъхьар.
НэгъуэщI зыгуэр!.. Зылъагъухэм уафэр
Яхэткъым псэр зыхуIусха,
Ар уэфэгу ищхьэм и унафэщ,
Ууейуэ сэ сыхэзыхам;
Си гъащIэ псор щытащ шэсыпIэу:
Дызэгъусэну ди къалэнщ;
Тхьэм къыдитащ зэрыгъуэтыпIэ,
ЖиIащ, сылIэхукIэ сыпхъумэнщ…
Ухэтт си пщIыхьхэм, узэхэсхырт,
УкъасщIэм, ухуэзгъадэрт псэм,
Уи плъэкIэ гуакIуэм сихьми сэ,
ПщIыхь мыухыжыр нэхъ къыхэсхырт.
Куэд щIауэ пIэрэт, ари пщIыхьт?
Укъэсщ щIыхьэпIэми, къэсщIащ,
Сыхъуащ плъыжь зэуэ, сыкъэщтащ,
«Уэра»? - жысIами, сфIэбэлыхьт!
Жэщ щымым укъызэпсэлъащ,
СелъэIу хъунт Тхьэм сэ а сыхьэтым,
Хуэм сщIы хъунт си гур, зыкъиIэтым,
Е псапэ сщIэну сигу илъащ.
Ухуейми, жыIэ ар пщIыхьэпIэу,
Уэракъэ, лъапIэ, напIэзыпIэу,
КIыфIыгъэ къабзэм къыхэщар?
Зыкъебгъэзыхыу си пIэщхьагъым,
Гухэлъыр хэту гумащIагъым
Уэракъэ къызэIущэщар?
У хэт уэ? МелыIыч - хъумакIуэ,
Е бзаджэу хьилэшы - гъэпцIакIуэ,
СымыщIу шэч, схузэхэгъэкI.
КъысфIэщIу пIэрэ мыхьэнэншэу
Сигу илъыр, си псэ хейр афIэкI
Къысхуэмынэну хейуэ пщIэншэу…
Зэрыхъу ирехъу! Си гъащIэр, пщтэм,
Сэ нобэ уи Iэм IэщIызолъхьэр,
Нэпс къекIуэр схуэмыувыIэу, пщIэм,
СылъаIуэм, сфIощIыр: Тхьэр къызоплъыр…
Си закъуэу жызмыIэнт мыдей,
Зыгуэр зэхэзыщIыкI щыIамэ,
Акъыл сикIынтэкъым, схуэхъуамэ;
КъысфIощIыр сыкIуэдын пщэдей.
Сыножьэр, е къызэплъи занщIэу__________,
Си гугъэ мащIэм псэ хэлъхьэж,
Е жейр пыуд, зыкъэзгъэщIэж,
Сисам уи гием, тумылъащIэу.
Соухыр! Дауэ седжэжын…
Нэхъ инщ си шынэм нэхъ укIытэр…
Уи щIыхьыр, сощIэ, бгъэпэжынщ,
Дзыхь пхуэсщIыр, щIыхьым и пэлъытэр…
                         XXXII
Татьянэ мэкIэзыз, щхьэц мыжьу,
IэщIэлъу щысщ фIэкъабылар;
Болъагъу и пощт дамыгъэм плъыжьу
Бзэгупэр тIэкIу зэрицIэлар.
Дамащхьэм и щхьэм зыхуегъэщхъыр,
ТIэкIу джанэр ехуэхащ, а щIэщхъур
Илъагъуркъым, плIэ дахэкIейм
И лыдыр хуэдэщ мазэм ейм.
Къухьэжми мазэр, нэхур хэхъуэу,
ЩIы лъэгухэм пшагъуэр къос, нэхущщ,
Псы щIыIур дыжьыныфэ хужьщ,
БжьамийкIэ джэным щIедзэр Iэхъуэм.
Гупсысэхэм жэщ псор яхьащ,
Татьянэ «хъым» изэрыхьащ.
                           XXXIII
Илъагъуркъым пщэдджыжь пшэкIэплъыр,
Ар щысщ егъэзыхауэ щхьэр,
Мыхъур иIыгъщ, тхылъымпIэм йоплъыр,
Хьэзабу пфIощI нэху къытещхьар.
Бжэр щэхуу Iуех, макъ гуэр емыжьэу,
Филипьевнэ, и щхьэц тхъуа хужьыр
Къыкъуощ, къыщIехьэр зы шей абдж.
«И пIалъэщ, си сабий, къэтэдж:
Солъагъу, си дахэ, ухьэзыри!
Сэ си жьытэдж, си къуалэбзу!
Укъэтэджаи и чэзум!
СыгуIэрти, къоузкъэ зыри?
УиIа фагъуагъэр жэщ блэкIам,
Уплъыжьщ, си гугъэмкIэ, пхэкIащ»
                            XXXIV
- Си нанэ, къысхуэпщIэн Iуэхутхьэбзэ? -
«КъызжеIэт, си псэ, згъэзэщIэнщ».
- Уэху мыгъуэ…, хъунщ, абы щIагъщIэбзэ
ЩIэмылъу…- «ЖыIэт-тIэ» - БжесIэнщ:
Къуэрылъху цIыкIу уиIэм тхыгъэ тхьэмпэ
Схуегъэхь … и щIапIэм.., О-м и дей..
А тцIыхум, дгъэхьэщIа къудейм,
ГъэIущ, итIанэ, псалъэ IэмпIэ,
Къимыпсэлъыну; жеIэ, си цIэр
КъриIуэн абы зэрыхуэмейр,
Хэт щхьа, си нэху, ущIэжьэмейр?
Щхьэдыкъ сыхъуащи, сэ соцIацIэр.
Гъунэгъуу диIэщ щIапIэ куэд,
Хэт дэнэ щыIэм, щхьэм фIокIуэд».
                          XXXV
- ГукъэкI уиIэж? - ар щысхькъым нани,
«Си хъыджэбз цIыкIу, сэ Iейуэ сыжьщ,
СыщыжькIэ, си щхьэр делэщ, Таня;
СыщыщIалам, сымыIэжьмыжьт:
ЖиIэн имыухыу зиусхьэным…»
- Зэт нанэ, зэт, щытхущIыхьэнум
Ар жыпIэжынкъэ; сызыхуейр
Нэхъ щIэхыу кIуэнырщ уи кIейпейр;
Онегин мыр хуегъэхь. - «Ар щIагъуэ?
Укъэмыгубжь, сызэгъэупщI,
Хъун хуейкъэ сэркIэ псори IупщI,
Аргуэру щхьэ ухъуа уэ фагъуэ?»
- Ар Iуэхукъым, дауэ уэ ущыт?
Уи щIалэ цIыкIур кIуамэ фIыт.
                         XXXVI
БлэкIащ зы махуэ жэуапыншэу,
Адрейми щыIэкъым хъыбар,
Татьянэ пфIощIыр мыузыншэу,
Жьытэдж хьэзыру маплъэр ар.
Мес Ольгэ и псэлъыхъу-псэлъэгъур
КъэкIуати, анэр щIэупщIащ:
«Щхьэ къыкъуэмыкIрэ уи ныбжьэгъур?
Си гугъэмкIэ, дыщыгъупщащ».
Татьянэ къэлыдащ жьэражьэу.
- КъэкIуэну нобэ къызжиIат, -
ЖиIэфыр Ленскэми арат,
- Пощт Iуэху хъунщ, сщIэркъым, сыт и лажьэм. -
Татьянэ щIэхъур занщIэу плъыжь
ИмыщIэт анэми - фызыжьт.
                         XXXVII
Зэхэуэрт пшапэр; Iэнэм цIууэ,
Псыр къигъэкъуалъэу тетт сэмвар:
Чынт шейныч пщтырым дэпыр Iууэу,
Дрихьейуэ бахъэу псы къэвар.
Щытт Ольгэ псоми яхуригъахъуэу
Шей пщтыр плъыжьыфэр; уигу хигъахъуэу,
Мэ дахэ зиIэр. КъыщIыхьащ
ЩIалэ цIыкIу, шащхьэ къыщIихьащ.
Щхьэгъубжэ нэхум бгъэдыхьауэ,
Абдж щIыIэм тIэкIу тебауэу щытт
Татьянэ, Iэпэ цIыкIукIэ пытт
Зыгуэр итхыну, игу къихьауэ;
ХьэрфитI абдж къэпщIэнтIам деж тетт:
Гурылъ дамыгъэхэр - О-т, Ее-т.
                             XXXVIII
БлокI жэщыр. Махуэм, и псэр щэIуу,
Аргуэру и нэм нэпсыр щIэтщ.
Лъэ макъ зэхехыр, занщIэу, къэIуу,
Къос шухэр, пщIантIэм щызэхэтщ!
Евгений! «Уэу!» - ищIар имыщIэу,
Татьянэ мапкIэр пэш пэIущIэм,
ЩIыхьэпIэм йолъэ, жыгхэм нос,
Мэлъатэ, чыцэ Iув къылъос,
Екъутэр, мэжджытжыг къудамэ,
Лъэмыж, удзылъэ, хьэсэ цIыкIу,
Гуэл Iуфэм щыт мэз цIыкIум ику,
ЗэплъэкIкъым, шынэуэ арамэ,
Удз хьэсэмкIэ псы цIыкIу йожэх,
Йош, тетIысхьэпIэм деж йохуэх.
                        XXXIX
«Аращ! КъэкIуащ Евгений, пэжу!
Сэ си Тхьэ, и гум сыт къэкIар?»
Псэр зыс хьэзабым, къигъэзэжу,
Хэтщ гугъэр, пщIыхьу блэмыкIар;
Ар мэкIэзыз, плъыржьэрым есыр,
Илъагъур сыт?: хъыджэбзхэм, месыр,
МэракIуэ чыцэхэм къыпах,
Зэхихыр - дэни щызэхахщ,
Зэгъусэу, унэIут Iуэху щхьэхуэу,
Зэпыч имыIэу щIаш уэрэд,
(ФIашхыну зейм мэракIуэ куэд
Iэмал ямыгъуэтын щхьэ щэхуу,
ЖытIар гушыIэ зыхэмылъщ,
Ар, фщIэмэ, «къуажэдэс акъылщ!»)
Хъыджэбзхэм я уэрэдыр
Дахэурэ, дахащэхэ,
Ныбжьэгъу цIыкIухэу, гуащэхэ,
Дывгъэджэгут_+_«a8_я_H, дахэхэ,
ДывгъэгуфIэт, си псэхэ!
Уэрэд цIыкIу къыхэвдзэркъэ,
Уэрэд цIыкIум щIэвдзэркъэ,
Уджхъурей къетшэкIыркъэ,
ЩIалэр зыIэпытшэркъэ;
ЩIалэ дэгъуэ къакIуэмэ,
Тлъагъумэ, щIалэ плъакIуэмэ,
ДыщIопхъуэж зэрызурэ,
Балий пыкIэ тедзэурэ,
Мамкъутей IэрысэкIэ,
Деуэу, санэ пыкIэкIэ:
Щхьэ ущIэдэIухьрэ уэ,
Щхьэ укIэщIэплъыхьрэ уэ,
Ди уэрэд жыIэкIэхэм,
Ди хъыджэбз джэгукIэхэм.
                         XL
КъыфIэмыIуэхуу уэрэд къэIур,
Илъагъур, нэм къыхигъэщар,
Татьянэ и гур егъэудэIур,
Мыбэуэжыфу къеуэщар;
Ежьащ и нэкIу упщIыIужыну,
Бгъэм ит плъыржьэрыр тIысыжыну,
НэкIущхьэр, ауэ, мэхъу нэхъ пщтыр,
ПIейтейщи гур, зэрыплъырстырщ …
Къутамэ лэгъупыкъу и дамэр,
Апхуэдэщ хьэндырабгъуэ жьгъейр,
ЛъэщIыхьэм щIалэ цIыкIу къуейщIейр.
ТхьэкIумэкIыхьыр мэхъур, щтамэ,
Апхуэдэ, жыжьэу зэ теплъам
Фочауэ удзым хэгъуэлъхьам.
                         XLI
Зыкъомрэ щысри ар, бауэжри,
КIуэжыну унэм, къэтэджащ,
Жыг хадэм хуэкIуэу, игъэзэжри,
Сатыр дыхьэпIэм деж, къэщтащ:
И пащхьэм къитт Евгений, къеплъу,
Шынагъуэу къыпфIэщIынт и теплъэр,
Къызэуэу щыблэр, ещхьт исам,
Ар тежыхьащ пIэ здынэсам.
Ныбжьэгъухэ, стхыжу я зэIущIэр,
ВжесIэну фэ уэрэд жьгъыру
СимыIэ нобэ сэ къару,
ИужькIэ вжесIэжынщ фымыщIэр.
Иджы сыкIуэнщ, зызгъэпсэхунщ,
Зэр мыхъуми зэм, щIэздзар сыухынщ.

ЕплIанэ Iыхьэ
La morale est dans la nature des choses.
Necker
I. II. III. IV. V. V
I

                                VII
ЦIыхубзыр, къыкIэлъыдмыжыхьым,
Нэхъ псынщIэу дэр щхьэ мэхъу пIейтей,
Хьэзыру зыхидзэн бэлыхьым,
Хъы ддзам и курыкупсэм дей.
Фэсэдыр дэркIэ пIейтеиншэщ,
ЩIэныгъэ лъагэщ, гущIэгъуншэщ,
ФIылъагъуныгъэ зыхэмытщ,
Хэмыту, тхъэгъуэ лъыхъуэу щытщ.
Апхуэдэ джэгухэр, жытIэм тIасхъэр,
Нэхъапэм куэду екIуэкIар,
СфIощI зэманыжьу къыздикIар:
Иджы лъапIэжхэкъым Ловласхэр,
Зетхьэжкъым дэ лъэдакъэ плъыжь,
Е, зыдгъэуардэу, щхьэцнэпцI хужь.
                        VIII
Езэшкъым зиIэр фэрыщIыгъэ
Зэмыщхьурэ къытригъэзэн,
Егугъуу дэ дыкъигъэгугъэу,
Куэд щIауэ тщIэр къыдигъэщIэн;
Езэшкъым зэхихын ямыдэр,
ЩIигъатхъуэу тIэкIуи ар мэшхыдэр,
ПсэукIэм хэти хуегъэIущ,
МыхъуакIэри илъэс пщыкIущ!
НэгъуэщIи щыIэщ, сыт иумыщIэм,
Пхуэмыхъуу зэи бгъэшынэн,
ТхьэрыIуэм, лъэIум хущынэн,
Тхьэмпихми тхыгъэр, зыхимыщIэу,
Нэпс щIагъэжар, хъыбар щыIар,
И псэгъухэм ялIхэм къыжраIар!
                      IX
Евгений ар дурыс и гугъэт,
ЩIалэгъуэр щригъэкIуэкIам;
И щхьэузыхьт, и щыуэныгъэт
Лъэхъэнэ гуащIэм щыхэпкIам.
Хуэхъуам хьэл, гъащIэм щигъэкIауэ,
И фIэфIыныгъэр зэфIэкIауэ,
Зы пIалъэм къыдихьэхым зыр,
Адрейм ар ихъуэжын хьэзырт;
Жьы къепщэрт и ехъулIэныгъэр,
Здэгупсысэн щигъуэтырт щIым,
ЗдэIэуэлъауэ е здэщым?
Акъылым текIуэрт псэ жаныгъэр:
Гухэхъуэ нэпцIу илъэсий
КIуэдащ, къимыIэтауэ шхий.
                         X
ЕмыгуэкIуэжт иджы цIыхубзхэм,
Зэрыхъуу къакIэлъиджэдыхьт,
ЖаIамэ «хьэуэ» - емыубзэт,
КъепцIыжхэм - фIыти, Iуэху мыкIыхьт.
ЯхуищIу наIуэ псэр - щымыуэт,
ХыфIидзэжам щхьэ - игу къемыуэт,
ЯIами, имыщIэжт, гужьгъэжь.
ФIэIуэху щымыIэу, къесагъэжьт,
Пщыхьэщхьэ вистым хуэзэу къакIуэу,
Щысыфу джэгур иухыху,
ИмыIэу ипшынын, кIэрыху,
КIуэжын-жеиныр зэхуигъакIуэу;
Къилъыхъуэу, къихьэмэ пщэдджыжь,
Ахъшэмым здытехьэн лъэужь.
                            XI
Татьянэ, ауэ, къитха тхыгъэр,
Гурылъым и бзэ хуэгъэсар,
Хъыджэбзым и щIэхъуэпсыныгъэр
Онегин и гум лъэIэсат.
КъищIэжырт Таня и нэгу гуапэр,
ТIэкIу фагъуэу е нэщхъейуэ напэр;
Хъуэпсэгъуэ, гуэныхьыншэ пщIыхь
ЗэщIэзыщтар псэр фIыт, гурыхьт.
ДакъикъэкIэ къэгумэщIами,
Псэм ищIэ хуэдэми зыхуейр,
КъыхуэгъэпцIэнут зи псэр хейр,
ФIыуэ къилъагъуу къыфIэщIами?
Иджы жыг хадэм дгъэзэжынщ,
Здэщытым тIури фысхьыжынщ.
                           XII
Щытахэщ дакъикъитIкIэ щэхуу,
Онегин пщащэм бгъэдыхьащ,
ЖиIащ: «Уи тхыгъэр сымыщIэххэу,
УщIемыгъуэжыт, къысхуахьащ;
Седжащ уигу къабзэм къиIуэтэжым,
ИIэту си пщIэр гухэлъ пэжым,
Хьэрэмыншагъэм сихьэхуащ,
Аргуэру къысхуигъэнэхуащ
СиIа гурыщIэ сымыщIэжыр;
Щхьэ, ауэ, лейуэ сыпщытхъун,
Сэ сызыхуейр умыщIэ хъун,
Ирехъу ар мащIэ, мы пхуэсщIэжыр:
Сэ сигури уэ пхузэIусхынщ,
ХеящIэу ущIэзгъэдэIунщ.
                     XIII
Си гъащIэ псор унагъуэ Iуэхуу
Сэ есхьэкIыну къыщIэкIам,
Сыщхьэгъусэну сэ гупсэхуу,
Пхъэидзэм Тхьэм къригъэкIам,
Бынунэ дахэ къызыкъуэтым
Сыдихьэхамэ и сурэтым,
Сыхуейтэкъым, ар щIы уи фIэщ,
Слъагъунуи къэшэн нэгъуэщI.
ЖысIэнщи сымыгъэщIэращIэу,
Уэ щапхъэ лъагэу узиIэнт,
Уэр нэмыщI гъусэ сымыдэнт,
КъыздиIэтыну, кIуэху си гъащIэр;
СимыIэу тетми фIы дунейм,
Сшэчынт сэ, узиIа къудейм!
                              XIV
Сыкъыхуалъхуакъым, ауэ, тхъэгъуэм,
Гулъытэр куэдрэ схуэмышэч,
Щхьэ пщIэншэ сщIын уи хьэл хъуэпсэгъуэр?,
Сысейр пхуэфащэкъым, хьэлэчщ.
Уи фIэщ хъум (сэ си шэсщ нэмысыр),
Хьэзаб пшэчынущ, укъыслъысым,
Дапхуэдэу уэ узмылъэгъуам,
Уэ сигу уримыхьыж щыхъуам,
ЩIэбдзэнущ угъыу, ауэ нэпсхэр
Нэсынукъым сигу упщIыIуам,
Сыкъигъэгубжь фIэкI макъ къэIуам;
Сыт хуэдэ вагъуэ-тIэ къытхуэпсэр,
Сыт къытхуихьынур Гименейм,
Ар ещхь-тIэ гъащIэ узыхуейм?
                           XV
Ухъуамэ бдэнт фыз ягъэфэншэ?
Зи закъуэ, гъащIэр зи гъащIей,
УгуIэу, уежьэу лIы напэншэм -
Сэ сщIэркъым щыIэмэ нэхъ Iей;
Зэшыгъуэм ихьу уи щхьэгъусэр,
Къэхъуамэ тIэкIурэ ущригъусэ,
Мыпсалъэу, хъуауэ пхуэмыфIыж,
(ЗэрищIэр уи пщIэр нэхъ Iеижщ);
Апхуэдэ, жыIэт, узылъыхъуэр?,
Уигу къабзэр, псэр зыхуIупхар,
Уи гурылъ дахэр зыхуэптхар,
Уи псалъэ тыншыр, хьэлэл пыхъуэр,
Сэра уи натIэм къритхар,
Насып щаугуэшым къыхэпхар?
                             XVI
ЗгъэщIам, си пщIыхьхэм къагъэзэжу,
Сигу-си псэр схузэрахъуэкIын?
Сэ фIыуэ услъагъунщ дэлъху пэжу,
Хэт хуэфIми шыпхъум, сефIэкIынщ.
КъэдаIуэ, умытэмакъкIэщIу,
Ехъуэж иIар, щIэлIэн къыфIэщIу,
ИмыщIэу пщащэм щIихъуэжар,
Апхуэдэу тхьэмпэ хуэлэжар
Ехъуэжыр жыгым гъатхэр къэсым,
Ар Тхьэм зэкIэлъигъакIуэ хъунщ,
Сэр нэхъ нэхъыфIи уэ плъагъунщ,
Усакъым, уи псэм щхьэр хунэсым:
Сыт пщIэнт, нэгъуэщIым ухуэзам,
ЦIыху Iейм, бзаджагъэм хуэIэзам?».

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар ХЬЭМЫЗ Русланщ.
Поделиться: