«Уз къэс Iэзэгъуэ иIэщ»

Ди псэлъэгъухэр

Бетрожь Валерэ:

ЦIыхухэр зыгъэгузавэ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къызэрыхъейм дэ псори дыщыгъуазэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей медицинэр абыхэм щапэмылъэщи щыIэщ, лъагапIэ инхэм ар нэса пэтми. КъищынэмыщIауэ, синтетикэм къыхэщIыкIа иджырей хущхъуэхэр цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщу зым еIэзэми, адрейм и зэран щекIи къохъу. Мыпхуэдэхэм дежщ удз зэмылIэужьыгъуэхэм къыщIагъэвыкIхэр, ижь-ижьыж лъандэрэ ягъэунэхуахэр, щIэгъэкъуэныфI щыхъур. Нобэ дэ ди псэлъэгъущ цIыхубэ медицинэм хуэIэзэ Бетрожь Валерэ.

Зи гугъу тщIы щIалэр къызыхуигъэщIа Iуэхум гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтым гу щылъыптэкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Бетрожьыр сыхьэткIэ, нэхъыбэжкIэ пхутепсэлъыхьыфынущ дэтхэнэ удзыр сыткIэ щхьэпэми.
Налшык къалэ дэт бэзэр нэхъыщхьэм пэгъунэгъущ Зи нэхэм фIыуэ имылъагъухэм (ныкъуэдыкъуэхэм) я республикэ зэгухьэныгъэм хухаха унэр. Бэджэнду ята абы и щIэлъэныкъуэрщ зи гугъу тщIы щIалэр щылажьэри, абы дыIуохьэ. 3-нэ къатым дыдокIуейри, Бетрожь Валерэ зыщIэс пэш зэлъыIухам икIи Iэхуитлъэхуитым дыщIохьэ. Дэ къытIуощIэ гупсэхугъуэкIэ гъэнщIа, ныбжь иIэми, бжьыфIагъэрэ зэпIэзэрытагъэрэ зи нэгум къищ Iэзэр.
Валерэ зыхищIыкIыр уогъэщIагъуэ. Удз хущхъуэ IэзэкIэхэр зригъэщIэну абы, нэхъ пасэхэм щыгъуэ, Украинэр, Урысейм и щIэлъэныкъуэр, Кавказ Ищхъэрэр, нэгъуэщI щIыналъэхэри къызэхикIухьат. И тхылъ гъуэтыгъуейхэр, къытригъэзэжурэ щIиджыкIыжхэр, щэ бжыгъэщ. Зэпымыууэ кIэлъоплъ медицинэм и зыужьыкIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым къыщыхъу-къыщыщIэхэм. НыбжьэгъугъэкIэ къыбгъэдыхьэр е сымаджэу абы и щхьэр езыхьэлIэр щIегъуэжыркъым, псэ дахэ, гу зэIуха иIэщ.
- Си дежкIэ нэхъапэр цIыхум сэбэп сыхуэхъунырщ. «Дохутыр» псалъэр къыщемыжьэми, цIыхубэ IэзакIуэхэр дунейм тетащ. Медицинэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Гиппократ зэгуэр мыпхуэдэу жиIэгъащ: «Сымаджэм сэбэп ухуэмыхъуфми, уи зэран иумыгъэкI!». Сэ а хабзэм ткIийуэ сытетщ, си деж къыIухьэхэм хущхъуэхэр ящыхузэхэслъхьэкIи сащыдэлажьэкIи. Мы Iуэхум сызэрыхэтрэ илъэс 37-м нэблэгъащи, зыри къэкIуакъым е телефонкIэ зыкъысхуигъэзакъым, уэим къысхуищIу.
- Сытхэм уи Iэзэгъуэ хэлъ, Валерэ?
- Псыбафэузыр (сахарный диабет), къарукIэгъур (слабость), лъатэ узыр, хьэкъупIэр (аллергие) зэфыкIхэм, зи уIэгъэ мыкIыжхэм, кIэтIий уз зиIэу щIыб имыкIыфхэм, зи бгыр (радикулит), лъэгуажьэ зэрытыпIэхэр, тэмакъыр, щхьэр, тхьэмбылыр, жьэжьейр, тхьэмщIыгъур,  жэщи-махуи псчэм, къыт­ригъэзэжурэ къэмэхым, зи тхьэкIумэхэм ву макъ итым, дахэ-дахэу зэхэзымыхыжым, зи щхьэцыр икIым садэIэпыкъуфынущ, бдзанэр (воспаление), цIыхухъу узыфэхэр (простатит, аденома) гъэкIуэдыжынымкIэ, Iэлуз хэмытIэсар (гангренэ) гъэтIысыжынымкIэ сэбэп сыхъуфынущ.
- Псоми зы къежьапIэ гуэр яIэщ. Уэ уи щIэдзэкIэ хъуар сыт?
- СыщыцIыкIум си адэм куэдрэ губгъуэм, мэзым сыздишэурэ удз зэмылIэужьыгъуэхэр сигъэлъагъурт, абыхэм ящыщу дэтхэнэр сыткIэ щхьэпэми къызгуригъаIуэрт. Ауэ, си гугъэр си адэшхуэ Хьэжмэт ещхь сыхъужауэщ: ар щIыпIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа IэзакIуэу щытащ. Зэхилъхьэ хущхъуэхэмкIэ сымаджэ куэд игъэхъужыфырт…
- Гъэмахуэм цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей узыфэхэм ящыщу дэтхэнэхэм я гугъу къытхуэпщIынт, Валерэ?
- Мы зэманым хьэкъупIэм (аллергием) куэд егъэгузавэ. А узыр къежьэным щхьэусыгъуэ хуэхъункIэ хъунущ жыгхэм, удзхэм къапих сабэри, кIэрыхубжьэрыхухэр щагъэскIэ къахиху кIэгъуасэри, лэч зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ялэ унэлъащIэхэри, куэд щIауэ зэтелъ тхылъхэри. ЦIыху щыIэщ хьэхэм, джэдухэм ялъэIэсмэ, хьэкъупIэр къыхуэкIуэу. А псоми, нэгъуэщI куэдми махуэ 20-м къриубыдэу дапэлъэщыфынущ, жыжьэ дымыкIуэу. Губгъуэжыхъапхъэм и зэран зэкIхэм, абы къыфхуихьынкIэ хъунум фыпэмыплъэу, япэ зыкъивгъэщрэ дэ зыкъытхуэвгъазэмэ, «аллергие» жыхуаIэри, адрей къезбжэкIа узыфэри фэркIэ шынагъуэжынукъым.
ФыкъыщIыхьэ: Ахъуэхъум и цIэкIэ щыIэ уэрамым тет 93-нэ унэм и 3-нэ къатым хэт 15-нэ пэшым, сыхьэти 10-м къыщыщIэдзауэ. Фыкъэпсалъэ: 8-938-079-66-69, 8-903-493-30-59 телефонхэмкIэ.

Епсэлъар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: