ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ

Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейм теухуа псалъэмакъыр къызэрежьэрэ куэд щIащ. Ауэ утыку Iуэху зыщIар УФ-м и Президент Путин Владимирщ - мы гъэм щIышылэм и 15-м ФедерацэмкIэ Советым хэтхэм защыхуигъэзам абы къыхилъхьащ къэралым и Закон Нэхъыщхьэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр халъхьэну къазэрыпэщытыр. Уеблэмэ, абы нэхъ зытегъэчыныхьыпхъэу Iуэхугъуэ 11 къыщигъэлъэгъуат а къэпсэлъэныгъэм.

Абыхэм ящыщт пенсэхэр Iэмал имыIэу илъэ-сым зэ индексацэ щIын зэрыхуейр, нэхъ мащIэ дыдэу къэралым щат улахуэр убзыхуауэ щытыныр, къэрал къулыкъущIэхэм хамэ къэралхэм я цIыхуу щытыну хуит мыщIыныр, УФ-м и Конституцэ судым, ФедерацэмкIэ Советым я унафэ зыхэлъхэр нэхъыбэ щIыныр, къэрал унафэр зегъэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхухэр.
А жэрдэмым адэкIи зрагъэубгъури, Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным елэжьыну гупи ­яубзыхуащ икIи иджыри къэс а Iуэхум яужь итащ. Зэх­ъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэнур нахуэу щытащ, къэ­ралым щыпсэу дэтхэнэми и Iуэху еплъыкIэр, нэхъ фIэтэмэмыр жаIэнуи Iэмал иратащ.
Къагъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр и чэзу дыдэу къалъытащ политолог куэдым - иджыри къэс къэралыр зытета Конституцэр 1993 гъэм дыгъэ­гъазэм и 12-м цIыхубэ IэIэткIэ къащтауэ щытащ икIи абы лъандэрэ куэдым зихъуэжащ, а зэманым Урысей Федерацэм иIа къэрал ухуэкIэмрэ унафэ зехьэкIэмри хэту.
Конституцэм теухуа IэIэтыр мы гъэм бадзэуэ­гъуэм и 1-м ирагъэкIуэкIыну траухуат, ауэ абы ипэ ит тхьэмахуэри къыхиубыдэу а Iуэхур къызэрагъэпэщын хуей хъуащ. Коронавирус узыфэм дуней псом зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу апхуэдэ Iэмалым хуекIуащ а Iуэхур къызэзыгъэпэщхэр - цIыхухэр Iуву зэхуэмысын, я узыншагъэм зэран хуэхъункIэ мыгузавэу Iэ яIэтыфын папщIэ. Мэкъуауэгъуэм и 25-м къыщыщIэдзауэ цIыхухэм Iэмал яIащ хэхыпIэ участкэхэм кIуэуэ я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуэну.
УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм зэкIэ ­къита хъыбарым къызэрыхэщщи, Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ - Iэ зыIэтыну хуиту ятхахэм я процент 67,97-р хэтащ абы. Закон Нэхъыщхьэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм и телъхьэщ Iэ зыIэтахэм  я процент 77,92-р, ар ядэркъым процент  21,27-м. ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм иджыпсту бжыгъэхэр зэпилъытым и мызакъуэу, апхуэдэуи ­хоплъэ IэIэтыр щекIуэкIым къэхъуа ныкъусаныгъэхэм ­ятеухуауэ къата тхьэусыхафэхэм.
Кремлым ехъулIэныгъэшхуэу къыщалъытащ IэIэтым апхуэдиз цIыху зэрыхэтари, абыхэм я нэхъыбапIэр къэралым щекIуэкIыну зэхъуэкIыныгъэхэм зэрителъхьэри.
«Шэч хэмылъу, ар текIуэныгъэшхуэ дыдэщ. ЖыпIэнурамэ, ар къэралым и Президент Путин Владимир дзыхь зэрыхуащIым и щыхьэт референдум хъуащ», - жиIащ къэралым и УнафэщIым и пресс-секретарь Песков Дмитрий.

Къалэ тIощIым «Лэжьыгъэ щIыхьым и къалэ» цIэр фIащынущ

УФ-м и Президент Путин Владимир ядиIыгъащ къэралым и къалэ тIощIым цIэ лъапIэхэр яфIэщыным теухуауэ абы зэрызыхуагъэзар.

«Къалэхэм щIыхьыцIэхэр яфIэщыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмым зэран хуэхъун лъэпощхьэпо щыIэу си гугъэкъым. Ар абыхэм зэрахуэфащэм шэч къыщIытумыхьэн щхьэусыгъуэхэр щынэрылъагъущ икIи щыгъунэжщ мыбдежым икIи абы лъабжьэ яхуохъу щыIэ федеральнэ хабзэхэр. Абы теухуа зыхуэфащэ дэфтэрхэм зэман гъунэгъу дыдэм Iэ щIэздзынщ», - жиIащ Путин Владимир «ТекIуэныгъэ» къызэгъэпэщакIуэ комитетым бадзэуэгъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Къэралым и УнафэщIым къыхигъэщащ дзэм хуэлажьэ, цIыхухэм къагъэсэбэп техникэхэр къы­щIэзыгъэкI IуэхущIапIэшхуэхэр зыдэт къалэхэм мызэ-мытIэу къэрал дамыгъэхэр зэрыхуагъэфэщар, абыхэм щылажьэ цIыхухэр я къару емыблэжу къэралым и зыужьыныгъэм зэрыхуэлэжьам и щыхьэту.
«Апхуэдэуи, дэ къэтлъытэн хуейщ «Лэжьыгъэ щIыхьым и къалэ» цIэр езыхэр къыщалъхуа, щылажьэ, фIыуэ ялъагъу къалэхэм фIрагъэщын папщIэ IэщIэдзхэр зэхуахьэсу цIыху куэд Iуэхум зэрыхэтар», - къыщIигъуащ Президентым.
А цIэр яхуэфащэу къалъытэ Новгород Ищхъэрэ, Екатеринбург, Челябинск, Самарэ, Пермь, Тагил Ищхъэрэ, Саратов, Омск, Къэзан, Новосибирск, Ярославль, Магнитогорск, Ижевск, Уфа, Томск, Ульяновск, Ивановэ, Новокузнецк, Иркутск, Боровичи къалэхэм.

Нобэ

ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ. ЦIыхубэ комиссархэм я советым ищIа унафэм ипкъ иткIэ 1936 гъэм къызэрагъэпэщащ ГАИ-р.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Алтай республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
Хакасия Республикэм и махуэщ
Беларусь Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
1700 гъэм Константинополь щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Iузэв (Азов), и Iэгъуэблагъэхэри (Таганрог, Павловск, Миус) щIыгъуу, Урысейм и щIыналъэ хъуащ.
1841 гъэм инджылыз астроном Адамс Джон хэIущIыIу ищIащ Нептун планетэр къызэригъуэтар.
1885 гъэм Бенц Карл къигупсыса автомобилыр игъэунэхуащ, абы и зэфIэкIыр зыхуэдэри цIыхухэм яригъэлъэгъуащ. Иджы ар дуней псом щыцIэрыIуэ Мерседес-Бенц автомобиль лъэщырщ.
1916 гъэм Лондон щызэхэтащ «Титаник» кхъухьыр щIыщIилъэфам и щхьэусыгъуэр щызэхагъэкI судыр. Абы наIуэ зэрыщащIамкIэ, кхъухьыр кIуэрт иIыгъын хуей хуабжьагъым фIыуэ щIригъэгъуауэ. Мыл джей абрагъуэр къыщалъэгъуам абы жьэхимыхьэн щхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалри къагъэсэбэпами, ахэр зыкIи къахуэщхьэпакъым икIи игъуэта сэкъатхэм я зэранкIэ хым щIилъэфащ.
1928 гъэм дунейм щыяпэу США-м ящэу щыщIадзащ япэ телевизорхэр. Зым доллар 75-рэ и уасэт.
1941 гъэм Сталин Иосиф совет цIыхубэм радиокIэ захуигъэзащ, Хэкур хъумэжыным къыхузэщIэтэджэнхэу къыхуриджэу.
1944 гъэм Белоруссием и къалащхьэ Минск нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ.
1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Горно-Алтай, Хакассие автономнэ областхэр Адыгэ Республикэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ, Алтай Республикэ, Хакасие Республикэ жиIэу зэхъуэкIыным теухуауэ.
1996 гъэм Ельцин Борис УФ-м и Президент къулыкъум етIуанэ пIалъэми тетыну хахыжащ.
♦Совет режиссёр, Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Эфрос Анатолий къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
♦США-м щыщ актёр, режиссёр, продюсер икIи сценарист Круз Том и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
♦Актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Серебряков Алексей и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 32-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Уахыхьэныр Iуэхукъым, уакъызэрыхэкIыжын пщIэмэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ