Хъущт Аслъэнбэч Шапсыгъым зэрыщагъэлъэпIар

1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм и гуащIэгъуэу зыщыхуагъэхьэзыр        бадзэуэгъуэ (июль) мазэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм пэмыжыжьэ Белоглинское къуажэм щыпсэу Хъущтхэ я унагъуэм дунейм къыщытехьащ пелуан теплъэ зиIэ щIалэ Iэбыдэлъэбыдэ. ЦIыхум и натIэм къритхар хуэгъэфэщэгъуейщ, ауэ Къытщхьэщытым фIэкIа зыми ищIакъым илъэс 28-рэ дэкIмэ ар дэтхэнэ зы спортсменри зыщIэхъуэпс Олимп чемпион хъуну.

ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм адыгэхэм ­къатепсыха гуауэм лъэпкъ куэдым хуэдэу дунеишхуэм щызэбгридзащ Хъущт лъэпкъри. Абыхэм ящыщ унагъуэ куэд щопсэу Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, хамэ къэрал зыбжанэм. Псоми я гъащIэр къызэрекIуэкIар зырызыххэущ, ауэ я лъабжьэр, я къежьапIэр зыщ - Шапсыгъырщ. Абы щыIэщ Хъущтхэ я къуажэ Кичмай Ин жылагъуэр. Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэм текIуэныгъэ къыщызыхьа Хъущт Аслъэнбэч ирагъэблагъэри, япэу щыхьэщIар, дауи, лъэпкъкIэ зыщыщ а щIыналъэращ.
2008 гъэм и гъэмахуэм алыдж-урым бэнэкIэм-кIэ килограмм 96-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым олимп чемпионыщIэ къызэрыхэхъуам и хъыбарым зэ­щIищтащ Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэр. Ар спортым цIыху псори - дихьэххэри, абы пэжыжьэхэри - щызэщIигъэуIуа махуэт. Абы икъукIэ щыгуфIыкIащ Сочэ къалэм и ТIуапсы районым щыпсэу Хъущтхэ я лъэпкъышхуэр.
Аслъэнбэч и ехъулIэныгъэм иригушхуа къуэш лъэпкъым къыбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн телефонкIэ ехъуэхъуащ шапсыгъ «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мажид. Зэман дэкIри, Урысей Федерацэм алыдж-урым ­бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам Адлер зыгъэсэ­ныгъэхэр щрагъэкIуэкIыу Хъущтым УФ-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и федерацэм и унафэщIхэм я гъусэу Сочэ къыщызэIуихащ бэнакIуэ цIэрыIуэ ­Карелин Александр и цIэр зезыхьэ спорт пэшыш-хуэ. 2008 гъэм и спортсмен нэхъыфIу къызэ­ралъытам и щыхьэту а махуэхэм ящыщ зым ди лъэпкъэгъум къыхуагъэфэщащ бэнэкIэмкIэ дуней псом щынэхъ лъапIэ дыдэ тыгъэр - «Зэрыбанэ дыщэ фащэр». Дыщэпс зытегъэлъэда статуэткэр абы къритащ Сочэ къалэм и унафэщIу а зэманым щыта Хьэту Жамболэт.
ТхьэмахуитIкIэ Адлер щекIуэкIыну къыкIэлъы-кIуэ зыгъэсэныгъэхэм Аслъэнбэч Франджым ­къилъэтыкIри къэкIуащ, чемпионым зэрихабзэу, гугъущэ демыхьу 2009 гъэм и дунейпсо Кубокыр къихьри. Зигъэпсэхуну зэман абы иIэтэкъым, иджы ди къэралым и командэ къыхэхам щIэгъэхуэбжьауэ зыхуегъэхьэзыр мэлыжьыхьым екIуэкIыну Европэм и чемпионатым. Спортсменхэм я махуэр IэпэдэупIэ имыIэу гуэшащ. Нэхъапэм къагъэлъэ­гъуа зэфIэкIхэм емылъытауэ абы псори тетын ­хуейщ. АрщхьэкIэ, Кичмай Ин жылэм и нэхъыжь-хэм щрагъэблагъэм хуэгъэщIэхъуакъым:
- Сыхьэт зытIущкIэ сыкъиутIыпщыфынумэ ди  тренер нэхъыщхьэм сепсэлъэнщ, - жиIащ Аслъэнбэч.
Абы и нэгум иплъагъуэрт и адэжьхэр щыпсэуа щIыпIэр зригъэлъагъуну, зригъэцIыхуну, и Iыхьлы шапсыгъхэм япсэлъылIэну зэрыщIэхъуэпсыр. АрщхьэкIэ ар зэпыпщэну икъукIэ гугъут.
- Зыгъэсэныгъэхэм я программэр БэнэкIэмкIэ федерацэм зэхегъэувэ, абы къыхэкIыу зэ­хъуэкIыныгъэ хэплъхьэнухэмкIэ Мэзкуу уечэнджэщын хуейщ. Дэ ди Iуэхум зэи цIыкIуфэкIу хэлъкъым, - игу къегъэкIыж Хъущтым и тренер Къардэн Анзор. - Ауэ Аслъэнбэч жэуаплыныгъэшхуэ зэрыхэлъыр къалъытэри, дыкъаутIыпщащ. Фи фIэщ зэрыхъун, апхуэдэхэр къыщыхъур мащIэ дыдэрэщ. УнафэщIхэм къалъытащ абы и къежьапIэри - командэм хэтхэр щыгъуазэщ бгырыс лъэпкъхэм я хабзэхэм, унагъуэ зэхущытыкIэхэм.
- Аслъэнбэч олимп медалым зэрыхуэкIуа гъуэ­гуанэр икъукIэ гугъут, - къыпещэ адэкIэ Къардэн Анзор. - Командэ къыхэхам езым ипкъ иIэжщи, абы ухэхуэныр лэжьыгъэ хьэлъэщ. Пекин дыщыкIуэнум ипэ къихуэ илъэситIым зыми шэч къытредгъэхьакъым дэ къэралым и цIэкIэ Олимп Джэгухэм дызэрыщыбэнэфынум. Аслъэнбэч и зэIущIэ псори къабзэу къихьырт, и хьэрхуэрэгъухэм зы очко закъуэ фIэкIаи яритакъым. КъищынэмыщIауэ, ар хуитакъым щыуагъэ гуэр IэщIэкIыну - апхуэдэу ущытыныр икъукIэ хьэлъэщ.
Тренерым къызэрилъытэмкIэ, Хъущтым и хьэлыфIхэм ящыщщ зы Iуэхум зытриухуэу адрейхэр лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэтэкIыфыныр.
- Алъэнбэч сытым дежи дахэу, удэзыхьэхыу мэбанэ, - жеIэ Къардэным. - Iэмал куэд ещIэри, ахэр и хьэрхуэрэгъухэм я зэфIэкIым елъытауэ ­къегъэсэбэпыф. Абы и дэтхэнэ зэIущIэри гукъинэж, псори дэзыхьэх мэхъу.
Пекин щригъэкIуэкIа япэ зэIущIитIым яужькIэ, цIыху мин 15 зыщIэс пэшым дикторым Хъущтыр къыщригъэблагъэм, псори IэгуауэшхуэкIэ абы пэджэжащ. Абы и бэнэкIэм кIэлъыплъыну зэIущIэхэм къекIуалIэрт нэгъуэщI къэралхэм я командэ къыхэхахэм я тренерхэр.
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ профессиональнэу Аслъэнбэч зигъэсэн щыщIидзар гувауэщ - илъэс 23-рэ хъууэщ. Абы и пэкIэ и ныбжь щIалэ цIыкIухэм хуэдэу къыщыхъуа къуажэм щылажьэ лъэпкъ бгырыпх бэнэкIэмкIэ секцэм зыщигъэсащ. АдэкIэ ерыщу щыпищащ еджапIэ зыщIэтIысхьа Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академием. Куэд щыгъуазэкъым Хъущтыр а спорт лIэужьыгъуэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалыр къихьауэ зэрыщытам.
Нэхъапэхэм абы, зэрыжаIэщи, уафэгум вагъуэ къыщиубыдыртэкъым - дунейпсо чемпионат, олимпиадэ жыхуэпIэхэм егупсысыххэртэкъым. Игу къызэригъэкIыжымкIэ, район чемпионатми зэи щытекIуакъым.
 Аслъэнбэч и анэр пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэщ, и адэр щIалэ цIыкIур илъэситху хъууэ дунейм ехыжащ. Унагъуэм сабиищ къыщыхъуащ: шыпхъу нэхъыжьрэ къуэш нэхъыщIэрэ иIэщ. Спортым и япэ лъэбакъуэхэр Хъущтым щрагъэчащ тренерхэу Битокъу Юрэрэ Цырхъ Анзоррэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм «технолог» IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. IэщIагъэ нэхъыщхьэ игъуэта иужькIэщ абы бэнэкIэм и зэман псори щыхухихар.
Нэхъапэм зыми ямыцIыхуу щыта Къэбэрдей-Балъ­къэрым и бэнакIуэ щIалэщIэр къэралым и командэ къыхэхам и тренерхэм ягу дыхьащ икIи я гъусэу зигъэсэну ирагъэблэгъащ. АдэкIэ абы зэхуихьэсу щIидзащ нэхъ лъапIэныгъэ дыдэ зиIэ медалхэр. Нобэ Хъущтыр дуней псомрэ Европэмрэ я чемпионщ, УФ-мрэ хамэ къэралхэмрэ я зэхьэзэхуэ зыбжанэм щытекIуащ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ.
- Аслъэнбэч Олимп медаль нэхъ лъапIэ дыдэр къызэрихьынум шэч лъэпкъ къытесхьэртэкъым, - жеIэ Къардэным. - А фIэщхъуныгъэр сэ къыздаIыгъырт командэ къыхэхам и тренерхэми - щIалэр сытым дежи текIуэныгъэм хъущIэкъурт, ар ди лэжьыгъэм щынэхъапэхэм ящыщщ. ЦIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, куэдым ар ягу ­ирохь - Аслъэнбэч цIыху зэIухащ, гу къабзэщ, пцIырэ фэрыщIагъэрэ илъагъу хъуркъым. Абы хуэдэхэм щхьэкIэ жаIэ: захуагъэм и телъхьэщ - лей къызытехьэхэм я къыщхьэщыжакIуэщ.
Пекин и дыщэ медалыр Аслъэнбэч къыхуихьащ езым фIэкIа зыми къыхуэмыгъэсэбэп бэнэкIэ Iэмал гъуэзэджэм - «бгырыпх зэдзэкIа» зыфIащам. Мы спорт лIэужьыгъуэм хэтхэр щыгъуазэщ ар ­зэбгъэхъулIэну хуабжьу зэрыгугъур. КъызэрымыкIуэ къарумрэ Iэзагъымрэ ­къищынэмыщIауэ абы папщIэ егъэлеяуэ псынщIагъ пхэлъын хуейщ, къыпщхьэщыс хьэрхуэрэгъум напIэзыпIэм укъыIэщIокI, зэщIыбоубыдэ, алэрыбгъум къытыбочри, уи щхьэмкIэ щхьэпрыбодз. Апхуэдэ Iэмалыр Аслъэнбэч хуабжьу дэзыхьэх адыгэ бгырыпх лъэпкъ бэнэкIэм куэдрэ ущрохьэлIэ.
Хъущтым и «бгырыпх зэдзэкIам» дуней псом и спортсмен цIэрыIуэ куэд ихьащ. Иужьрейхэм ящыщщ Олимпиадэм и финалым щыхигъэщIа нэмыцэ абрагъуэ Энглих.
- Псори езыр-езыру къэхъуащ, - игу къегъэкIыж Пекин и чемпионым. - И Iэр къыщишиям къысхуэмыIэтынкIэ шэч къытесхьат. АрщхьэкIэ секIуэтэкIи хъунутэкъыми, къарурэ ерыщагъыу сиIэр зэхэслъхьэри, си хьэрхуэрэгъур щхьэпрыздзащ.
… Мамайкэрэ Кичмай Инымрэ я зэхуаку километр щэщI дэлъми аращ. Мыбдежым Сочэ и нэшэкъашэхэм щыщIедзэ икIи абы къыхэкIыу гъуэгуанэр сыхьэт нэблагъэкIэ зэпыбоч. Зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэду адэкIэ макIуэ олимп чемпионым дэщIыгъухэр - Дыгъэмыс, Лоо, Вардан (убыххэр УэрдэнкIэ еджэу щытащ), Детляжкэ (ДетлIэ­къуей), Осокэ (Iуэсэкъуей), Головинкэ (Щыхьэп). Шахэ псым и аузым дыщынэсым Хъущтыр нэхъ псалъэмакъыншэ, хэгупсысыхь хъуащ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ - адэжь щIыналъэм япэу ущихьар игъащIэ псокIэ гум къонэ.
Головинкэ и деж бгымкIэ яунэтI. Хъущт Аслъэнбэчрэ Къардэн Анзоррэ яхуэзэну Кичмай Иным къыщызэхуэсат гъунэгъу жылэхэм щыпсэу шапсыгъхэр. Яхэтт абыхэм Хъущтхэ я лIыкIуэхэри - нэхъыжьхэри щIалэгъуалэри. Мы къуажэм пщIэшхуэ щызиIэ Хъущт Заур и пщIантIэм пщэдджыжьым жьыуэ Iэщ щаукIат, адыгэ шхыныгъуэ IэфIхэр щапщэфIырт. Кичмай Иным и махуэшхуэт!
Ахинтэм жылагъуэм щыпсэу ХьэщIэмызхэ я унагъуэм щызэрахьэ ХьэщIэ лъапIэхэм я тхылъым Аслъэнбэч тхыгъэ щищIащ. Шапсыгъхэм къахуэкIуэ дэтхэнэри мы щIыпIэм къыщызэтеувыIэ хабзэщ. Унагъуэм и нэхъыжь ХьэщIэмыз Хьисэ езым хьэщIэр кърегъэблагъэ. Iэмал имыIэу яхутопсэлъыхь Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм я къекIуэкIыкIам, хабзэм, зэхэтыкIэм. Унагъуэ музейм щызэхуэхьэса хьэпшыпхэр мы щIыпIэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэу шапсыгъ адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зыужьыныгъэм и щыхьэтщ. Бгырыс хабзэ уардэм, адыгагъэ нэсым теухуауэ мыбы ящымыгъупща блэкIам я пэщIэдзэ дерсхэр щат.
Адыгэ жьэгум бгъэдэсу Хъущтымрэ Къардэ­нымрэ шапсыгъ шей гуакIуэм ефэрт. Псом хуэмыдэу абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнащ ХьэщIэмызхэ я лъэпкъ жыгыр: лъэдий лъэщым къудамий къыхокI, абыхэм гъэчхэр я куэдщ…
Лъэпкъ хабзэр иджыри ткIийуэ щаIыгъ Джылахъстэнейм къикIахэм псори яфIэхьэлэмэтт. Мэ­зыдэкIэ зэщIэбла хьэгъуэлIыгъуэ ныпым сыт къикIыр? Дауэ фызышэр зэрекIуэкIыр? УпщIэхэр куэдми, жэуапхэр зэпкърыхат икIи гурыIуэгъуэт.
Урыс-кавказ зауэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр илъэс къэс щекIуэкIыр Кичмай Инырщ. Абы къыщызэIуахащ адэжь Хэкум папщIэ зи псэр зыта адыгэхэм я фэеплъ сын. Абдеж дыдэм щытщ фашизмэм пэщIэтурэ хэкIуэдахэм хуагъэувари. Аслъэнбэч куэдрэ хэплъащ къэзымыгъэзэжахэм я унэцIэхэр зытет пхъэбгъум. Абы Хъущтхэ ящыщу тIощIым нэблагъэ итт.
Куэдрэ щытащ хьэщIэхэр адэжьхэм я фэеплъ сыным и деж. Дауи, я нэгу къыщIэуващ Шахэ псым и Iуфэхэм урысыдзэр къыщитIысыкIын и пэкIэ адыгэ жылагъуэ блыщIым щIигъу абы зэрыщыпсэуар. Иджы ахэр зэрыхъужыр 3 къудейщ… Лъэпкъым игъуэта хэщIыныгъэр пхуэмыIуэтэнщ икIи къыпхуэмыпщынщ.
- Мыпхуэдэ щIыпIэхэм укъыщыхута иужькIэ псалъэхэр къомэщIэкI, - жеIэ Аслъэнбэч. - Дэ дызэрыгушхуэн тхыдэ дахэ икIи гууз диIэщ. Гуапэщ шапсыгъхэм ар зэрахъумэр, нобэрей щIэблэм зэрырагъащIэр.
Кичмай Иным и кум щызэхуэсат нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр, школакIуэхэр. Абыхэм Хъущт Аслъэнбэч ирагъэблагъэрт.
- Мыбы псори сыщалъхуа къуажэм щыхуэдэ дыдэщ, - жиIащ Аслъэнбэч, и благъэ куэдым сэлам ярихыурэ.
ЩIыпIэ еджапIэм и унафэщI Гуашэ Аслъэн Хъущтымрэ Къардэнымрэ школым щIешэ. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуну еджапIэм и теплъэми Олимп чемпионым и къуажэм дэтыр игу къегъэкIыж.
- Мыпхуэдэ дыдэ школ тIорысэ цIыкIущ сэри сыщеджар, - жеIэ Аслъэнбэч. - Ди классым еджакIуэу тху дыщIэсауэ аращ.
ХьэщIэхэр классхэм ящыщ зым щIашащ. Абы щызэхуэсат школыр зэрыщыту. Псалъэмакъ гуапэхэм, хъуэхъухэм я ужькIэ Джылахъстэнейм къикIахэм мэзыдэм къыхэщIыкIа шапсыгъ нып, еджапIэм и гербыр хэщIыхьауэ, тыгъэ хуащIащ. Дауи, абы еплъыхукIэ Кичмай Иным щыщыIа лъэхъэнэр игу къигъэкIыжынущ.
Апхуэдиз цIыху къуажэ клубым куэд щIауэ щызэхуэсатэкъым. Олимп чемпионымрэ абы и тренерымрэ Iэгуауэ инкIэ ирагъэблэгъащ. ХьэщIэхэр, дауи, жьантIэмкIэ щагъэтIысащ.
Уэздыгъэр ягъэункIыфIри, экран иным дуней псор зыщыгъуазэ теплъэгъуэхэр къиуващ. Абы адыгэ щIалэ Хъущт Аслъэнбэч и хьэрхуэрэгъу псори олимп алэрыбгъум щыхегъащIэ. Еплъхэр, езыхэр бэнэныгъэм хэту фIэкIа умыщIэну, мэгузавэ, хэти къыщолъэт, икIэм-икIэжым, псори зэрогъэкIий. Ар Аслъэнбэч финалым щытекIуауэ аращ!
- Зызумысыжынщи, си пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым Аслъэнбэч адэжь щIыналъэм апхуэдэ пщIэ лъагэ зэригъэгъуэтауэ япэ дыдэу къыщедгъэблэгъэну, - жиIащ лъэпкъым я нэхъыжь, Кубаным (Псыжьым) щIыхь зиIэ и журналист Хъущт Аслъэнбий. - Аслъэнбэч дигъэгушхуащ, дыкъызыхэкIа ди лъэпкъым, Хэкум папщIэ нэхъ пагэж дищIащ. ЕхъулIэныгъэхэр нэхъыбэжу дяпэкIи уиIэну, шынэхъыщIэ! Адэжь Хэкум къаруущIэхэр къыпхрелъхьэ!
- ДрипIейтейуэ  Аслъэнбэч  Пекин  дыщыкIэлъып-лъащ, абы папщIэ дыгузавэрт, текIуэныгъэ къи­хьыну дыщIэхъуэпсырт, - къыпещэ Тенджыз ФIыцIэ Iуфэ щыпсэу шапсыгъхэм я «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мажид. - Адыгэхэм лIы цIэрыIуэ куэд дунейм къытрагъэхьащ. Иджы абыхэм ящыщ зыщ ди чемпион телъыджэр!
Апхуэдэ псалъэхэм Аслъэнбэч Iэнкун ящIат. АрщхьэкIэ псалъэ къищтащ:
- Тхьэр арэзы къыфхухъу, апхуэдэу лъагэу сы­зэрыфIэтам, сызэрывгъэлъэпIам папщIэ, - жиIащ абы. - Олимпиадэм сыщыIэу утыку сыщихьэм и деж псом япэу сегупсысырт сыкъызыхэкIа лъэпкъыр, къуажэр, республикэр си щIыбагъ къызэрыдэтым, ахэр къызэрысщыгугъым. Аращ къару къысхэзылъхьари. АдэкIи абы сытетынущ.
Тенджыз ФIыцIэ Iуфэ щыпсэу шапсыгъхэм я деж къэкIуэну куэд щIауэ иIэ хъуэпсапIэр зригъэхъулIауэ, «Шапсыгъ» лъэпкъ ансамблым и гукъыдэжыр нэхъ иныжу къиIэтауэ зэIущIэ дахэр иухащ. Ар гукъинэж нэс ящыхъуащ абы хэта дэтхэнэ зыми.
ИужькIэ Аслъэнбэч щхьэхуэу щыхьэщIащ Хъущтхэ я деж. Дауи, къагъэуват шыгъупIастэ Iэнэ берычэт, щаIэтащ абы хъуэхъу Iэджэ, куэдым щытепсэлъыхьахэщ.
Алъандэрэ илъэсипщI дэкIащ. Абы щыгъуэм къэщIэрэщIэжа зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ зэпытщ. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъокIуэ, зэролъагъу, зэрощIэ. Иджыблагъэ, бадзэуэгъуэм и 1-м, Хъущт Аслъэнбэч и ныбжьыр илъэс плIыщI щыхъу юбилейри зэдагъэлъэпIащ. ГуфIэгъуэ куэд Алыхьым задригъэIэт!

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: